Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
2021-02-20
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
- Нобэрей махуэшхуэм дэ Iэтауэ догъэлъапIэ зи гъащIэр дзэм къулыкъу щыщIэным тезыухуахэр, Хэкум гурэ псэкIэ хуэпэжхэр, къэралым щыпсэухэм я шынагъуэншагъэмрэ зэIузэпэщ псэукIэмрэ къызэзыгъэпэщхэр. Дэ дрогушхуэ урысей армэмрэ флотымрэ лIыхъужьыгъэкIэ псыхьа я тхыдэм, дыщалъхуа щIыналъэм и хуитыныгъэмрэ ар зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ.
- ПщIэшхуэ, фIыщIэ мыухыж яхудощI Хэку зауэшхуэм хэтахэм. Хэкур нобэ зыхъумэхэми абыхэм къакIэлъыкIуэну щIэблэми ди нэхъыжьхэм къулыкъу щащIэм къагъэлъэгъуа хахуагъэр, я псэ зэремыблэжар сыт щыгъуи щытынущ хэкупсэм и хьэл-щэн нэсым, тхьэрыIуэм, дзэ къулыкъум хуэпэжыным я щапхъэу.
- ЛIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа ди тхыдэм пщIэ зэрыхуэтщIыр, къэралыгъуэм и лъэщагъыр зэрыдгъэбыдэр, Урысейм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр, ахэр зэкъуэту къэкIуэнум зэрыхуэлажьэр ди Хэку инымрэ дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэIузэпэщыгъэм, зыужьыныгъэм и лъабжьэу адэкIи зэрыщытынум шэч къытесхьэркъым.
- Псоми ехъулIэныгъэ, узыншагъэ быдэ фиIэну, мамыру, зэIузэпэщу фыпсэуну сынывохъуэхъу.