Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Гъубжокъуэ Алихъан ТIалиб и къуэм и ныбжьыр нобэ илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу
2021-02-20
- Жэмтхьэлэ щыпсэу ди лъэпкъым я нэхъыжьыфI, пщIэ зыхуэсщI, дыщэм ефIэкIыу
-
зыхуэзгъадэ щымыIэ, сызэрыгушхуэ, цIыхугъэрэ адыгагъэрэ зыхэлъ, зи нэгум нурыр кърих си дэлъху гумащIэм сынохъуэхъу уи махуэ лъапIэмкIэ.
ЦIыхум и ныбжьыр щыхэкIуатэм нэхъ лъапIэу къилъытэ узыншагъэм ущымыщIэу, уи гур хэзыгъэщIын уIумыщIэу, уи гукъыдэжыр ину, уиIэ фIыгъуэр пхуэбагъуэрэ уимыIэр къохъулIэу, уи Iэнэгур берычэту, уи бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ я насыпым уи лъэр нэхъ жан ящIрэ жьыгъэр къыпщIэмыхьэу, уи гуащIэ мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм укъытщхьэщигъэт! -
Уи шыпхъу Розэ и унагъуэр.
Налшык къалэ.