ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бэдынокъуэрэ иныжь нэ закъуэмрэ

2021-02-20

  • Бэдынокъуэ щакIуэ ежьауэ, мэз бжэн къыпэщIэхуащ. Шабзэр зэIуи­дзэщ, еуэри бжэныр къриудащ. «Зэ­Iысхынщ», — жери щыбгъэдыхьэм, бжэныр къыщылъэтыжри мэзым хыхьэжащ. КIэлъыуэри къриудыжащ бжэныр. Щыбгъэдыхьэм, къыщылъэтыжри щIэпхъуэжащ. Еща­нэуи кIэлъыуащ, къриуда щхьэ­кIэ, щыбгъэдыхьэм, бжэныр къыщы­лъэ­тыжри, мэзым хыхьэжащ.
  • — Мыр сыт гъэщIэгъуэн! — жиIащ Бэдынокъуэ. — Щэ сытехуати, щэми сIэщIэкIащ. ЗдэкIуэр зэзгъэщIэнщ, — жери мэзым хыхьэжа бжэным и ужь иуващ Бэдынокъуэ.

  • Бжэным и лъэужьыр ихуурэ, Бэдынокъуэ унэ ирихьэлIащ.
  • — Еблагъэ, Бэдынокъуэ! — жери унэм щIалэ къикIащ, унэм иришэри, Iэнэ къыхуигъэуващ, Iэнэм здыбгъэдэсым, бжэным и гугъу хуищIащ бысым щIалэм.
  • — Ар си бжэнщ, — къыжриIащ щIалэм. — ЩакIуэ укъызэрежьар сщIэрти, бжэныр нэзутIыпщри укъыкIэлъызгъэкIуащ. Губгъэн къысхуэпщIынкъым, уэр фIэкIа сызыщыгугъын слъагъуркъым — уи хъыбар зэхэсхауэ, уи лIыгъэм сыщыгъуазэщ. Си Iуэху зытетыр мыращ. Зэшибл ды­хъурти, щакIуэ дежьэгъащ. Къуэ кIыфI гуэр дыщыдыхьэм, иныжь нэ закъуэ дрихьэлIащ: къуэ кIуэцIым дэувауэ, мывэр лъапэкIэ зэредзэ, йоIэдэкъауэри, уэгум ирехуэ.
  • ДгъэщIагъуэри, дыбгъэдыхьащ иныжь нэ закъуэм. «ХьэщIэ сиIи! — жери къытхуеплъэкIащ иныжь нэ за­къуэр. — БгъуэнщIагъым фы­щIыхьи, лэгъупыIэмпIэ ­зэфIэвдзэ, — къыджиIащ, — си мэл хъушэм фыхэплъи, зы гъэлъэхъу фукI, сэ си джэгун зэфIэкIмэ, сынэкIуэжынщ». БгъуэнщIагъым дыщIыхьащ зэши­блыр, мафIэ тщIащ, лэгъупыIэмпIэ зэфIэддзащ, мэл хъушэм дыхыхьэри, зы гъэлъэхъу къэдубыдащ, дукIри лыр хэтлъхьауэ, иныжь нэ закъуэр къэсыжащ, мэл хъушэр къихужри. Мэл хъушэри зэшиблри бгъуэнщIагъым дыщIихуэри, абрэмывэ Iуигъэ­лъэдэжащ, лыр щывэм, ­деплъу­рэ ишхри, мафIэм ­бгъэдэгъуэлъхьэжащ.
  • Жэщибл-махуиблкIэ жея нэужь, къызэщыужри бгъуэнщIагъыр къи­Iэбэрэбыхьащ, ди шынэхъыжьыр къыIэрыхьэри, бгым щидзащ.
  • — Нартхэ си гур фхуэплъырти, фыкъызихьэлIащ: фи лъапсэр згъэ­гъущынщ, — жиIащ иныжь нэ за­къуэм, бгым махуэ къэс зы щидзурэ си шынэхъыжьихыр IэщIэукIащ. Си чэзур къэсауэ, мэл хъушэр хъуакIуэ ихун хуей хъуати, хъушэм хэт ажэм и жьакIэр субыдри и ныбэгум зыщIэзгъэзэгъащ, бгъуэнщIагъым сыкъы­фIыщIэкIри сыкъэкIуэжащ. Аращ къысщыщIар, силъ сщIэжынущи, гъу­сэ къысхуэхъу.
  • — Сыпхуэхъунщ, — жиIащ Бэдыно­къуэ. — Гъуэгум щыгъуазэ сыщI за­къуэ. АдэкIэ зэрыхъури тлъагъунщ.
  • Гъусэ зэхуэхъури ежьащ. Къуэ кIыфIым дыхьа нэужь, Бэдынокъуэ и гъусэм жриIащ:
  • — Уэ къуэ кIуэцIым къыщыспэплъэ, сэ бгъуэнщIагъым сихьэнщ.
  • АбыкIэ зэгурыIуэри, Бэдынокъуэ иныжь нэ закъуэм и бгъуэнщIагъымкIэ иунэтIащ. Абрэмывэр Iуигъэжауэ, иныжь нэ закъуэр бгъуэнщIагъым къыщIэплъырти, къаплъэри Бэдынокъуэ къилъэгъуащ.
  • — Сыту фIыт укъызэрыкIуар — пщафIэ усхуэхъунщ, — жиIащ иныжь нэ закъуэм.
  • — Узэрыхуей сыпхуэхъунщ, — жиIащ Бэдынокъуэ.
  • — Си мэл хъушэм хыхьи, зы гъэ­лъэхъу къыхэш, укIи схуэгъавэ.
  • — Хъунщ, — жери Бэдынокъуэ зы гъэлъэхъу иукIащ, лыр игъавэри, шхэуэ тIысыжащ. Иныжь нэ закъуэр къыщетIысылIэм, Бэдынокъуэ IуигъэкIуэтыжащ:
  • — ПщафIи, шхэж. Гъэлъэхъур сэ схурикъун къудейщ, — жери.
  • Тэджри, иныжь нэ закъуэм зы мэл иукIащ.
  • Махуэ къэс мэл зырыз яшхыурэ, иныжь нэ закъуэм и мэл хъушэр ­яухащ.
  • — Иджы сыт тщIэнур? — еупщIащ Бэдынокъуэ иныжь нэ закъуэм.
  • — ХэтIэхэсэ дыджэгунщ, — жиIащ иныжь нэ закъуэм.
  • — Хъунщ, уэ къыщIэдзэ, — жиIащ Бэдынокъуэ.
  • Иныжь нэ закъуэм ­Бэдынокъуэ зэщIиубыдэри, и лъэкIэным нэс щIым хихуащ. ЕтIуанэ Iэбэгъуэр Бэдынокъуэ ейти, иныжь нэ закъуэр иIэтри, и лъэгуажьэм нэс щIым хихуащ. Зэрыубыдыжри, иныжь нэ закъуэр и бгым нэс хихуащ, ещанэу щызэрыубыдым, иныжь нэ закъуэм и пщэм нэсащ, Бэдынокъуэ и бгым фIэкIакъым.
  • КъеIа щхьэкIэ, иныжь нэ закъуэм зыкъыхухэчыжакъым. Бэдынокъуэ и джатэр кърихащ.
  • — Сыт пщIэнур? — къэпыхьащ иныжь нэ закъуэр.
  • — Уи щхьэр фIэсхынущ, — жиIащ Бэдынокъуэ.
  • — СыщыпIуплъэм укъэсщIат сызэ­ры­пIэщIэкIуэдэжынур…
  • Бэдынокъуэ иныжьым и щхьэр фIих­ри, бгым щидзащ:
  • — НокIуэ! — жери.
  • Щхьэр къахьри, Бэдынокъуэрэ ­зилъ ищIэжа щIалэмрэ къуэм къыдэ­кIыжащ.