ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м къыхудохуэ сом мелуан 870-рэ

2021-02-20

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва къалэм щыIэу хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьы­ныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Хуснуллин Марат видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету мазаем и 18-м иригъэкIуэкIам.
  • ЗэIущIэм щыхэплъащ инвестицэ проектыщIэхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм, инфраструктурэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм. Абы хыхьэу тепсэлъыхьащ щIыпIэхэр унэхэр ухуэным хуэгъэхьэзырыным ехьэлIа Iуэхухэм, а мурадхэм хуэунэтIауэ къащта щIыхуэхэр зэрыщхьэщах Iэмалхэм. Зи гугъу ящIар УФ-м и Правительствэр 2020 гъэм жэпуэгъуэм арэзы зыте­хъуа лэжьэкIэщIэрщ. Абы щIыналъэхэм      Iэмал къарет къатехуа бюджет щIыхуэхэр щхьэщахынымкIэ.
  • ЩIыхуэр зэрыщхьэщахым и фIыгъэкIэ хуит къэхъу ахъшэр щIыналъэхэм къыхуагъэсэбэп хъунущ инвестицэ проектыщIэхэр хэпщэным. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ щIыкIэкIэ къахудэхуэнущ сом мелуан 870-рэ, ахэри ­щIыналъэм къыхуэнэжынущ. А мылъкур республикэм  инвестицэ проектхэр щыгъэзэ­щIэным щытрагъэкIуэдэну я мурадщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.