Дэтхэнэми ар зыщремыгъэгъупщэ!
2021-02-20
- Бзэр цIыхухэр зэрызэгурыIуэ Iэмал къудейкъым, атIэ ар зей лъэпкъыр зыхъумэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. Аращ ди блэкIари ди нобэри къэзыгъэлъагъуэр, ди тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэри, абы сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ.
- Дэтхэнэ бзэри зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъугъуэфIыгъуэ инщ, къэхъугъэ лъапIэщ. Ар щымыIэжыным къихь гузэвэгъуэр куэдкIэ нэхъ зыхэщIэгъуэщ, псалъэм папщIэ, щIыуэпсым и къэкIыгъэ е псэущхьэ лъэпкъыгъуэ гуэр кIуэдыжыным нэхърэ. Бзэр щымыIэжмэ, дунейм токIуэдыкIыж илъэсищэ бжыгъэкIэ лъэпкъ щхьэхуэм иухуа и хабзэр, щэнхабзэр, езы лъэпкъри адрейхэм яхошыпсыхьыж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ лъэпкъышхуэхэм я бзэм лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэри анэдэлъхубзэри утыкум ирегъэкI.
- Дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ бзэ щIэныгъэлI Краусс иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, Аляскэм щыпсэу лъэпкъ 20-м я анэдэлъхубзэхэм ящыщу 2 къудейщ абыхэм я школхэм щаджыр, Урысей Федерацэм и ищхъэрэ щIыналъэхэм щызекIуэ анэдэлъхубзэ 30-м щIигъум ящыщу щIэблэм яджыр 14-щ. США-мрэ Канадэмрэ щыпсэухэм яIурылъ анэдэлъхубзи 187-м щыщу 149-р мэкIуэдыж, Австрием и бзэхэм я процент 90-р къэкIуэну зэманым «лIэжынущ». ЩытыкIэ шынагъуэм итщ ди къэралым и бзэхэм я процент 60-ри.
- Лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэми, ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэтщ. Абы и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ.
- Апхуэдэ гузэвэгъуэ адыгэбзэм къылъэмыIэсын папщIэ, абы хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ хуэт-щIын хуейщ. Анэдэлъхубзэр кIуэдыжыныр щхьэусыгъуэ куэдым къыхокI, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ар унагъуэхэм зэрыщыземыкIуэр. Адыгэ адэ-анэхэм ящыщ куэд я бынхэм анэдэлъхубзэкIэ епсалъэркъым, ар школым щрамыгъэджынуи хущIокъу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ щапхъэхэр нобэ дэнэкIи щыгъунэжщ. Нэхъыжьхэм адыгэбзэр Iумпэм ящIу зылъагъу щIэблэм зэи пщIэ хуищIынукъым и бзэм, ар анэдэлъхуу, лъэпкъым и щыIэныгъэр зэлъыта Iэмэпсымэу щыт пэтми.
- Дауи, бзэхэр нэхъ лъэрымыхь зэрыхъум иIэщ нэгъуэщI социальнэ, экономикэ, политикэ щхьэусыгъуэхэри, арщхьэкIэ ди къэралым дэ зыри зэран къыщытхуэхъуркъым ди бзэмкIэ дыпсэлъэжыну, ар ди унагъуэхэм щызедгъэкIуэну. Къэралым, жылагъуэм щекIуэкI социально-политикэ зэхъуэкIыныгъэм емылъытауэ, дэтхэнэ лъэпкъми и къалэнщ езым и анэдэлъхубзэр ихъумэжыну, абы зригъэужьыну, ар къэкIуэну щIэблэхэм я деж нихьэсыну. Къапщтэмэ, бзэр хъумэныр къэралым иригъэкIуэкI политикэ унэтIыныгъэхэм я нэхъыщхьэщ. Абы иIэ мыхьэнэр пасэ дыдэу къагурыIуащ хамэ къэрал зыбжанэм. Псалъэм папщIэ, Франджым щолажьэ Франджыбзэм зегъэужьынымкIэ совет, абы и пашэри къэралым и президентырщ. Инджылызым щыIэ апхуэдэ советым и унафэщIыр а къэралым и пащтыхь гуащэрщ. Апхуэдэу Iуэхур щыгъэуващ Германиеми. Ахэр я бзэр хъумэным, абы зегъэужьыным щелэжьыр я щIыналъэхэм я закъуэкъым, атIэ а бзэхэр щадж адрей хамэ щIыпIэхэми гулъытэ хэха щыхуащI. Къэбгъэлъагъуэмэ, Британ Советым хамэ къэрал 80-м щIигъум илъэс къэс егъакIуэ бзэ щIэныгъэлI мини 2,5-м щIигъу, а щIыналъэхэм инджылызыбзэм нэхъри зыщегъэужьын мурадкIэ. Гёте и цIэр зэрихьэу Германием щыIэ институтым къэрал 70-м щегъэлажьэ и къудамэхэу 140-м щIигъу. Апхуэдэу абыхэм я анэдэлъхубзэхэм я лъабжьэхэр лъэныкъуэ псом-кIи щIагъэбыдэ.
- Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, иужьрей илъэсхэм абыи щокIуэкI анэдэлъхубзэхэр хъумэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр: Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстаным, Осетие Ищхъэрэ — Аланием къыщащтащ бзэхэм ятеухуа къэрал хабзэхэр, программэ щхьэхуэхэр. Абыхэм япкъ иткIэ, лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэхэр, урысыбзэм хуэдэу, къэралыбзэу къалъытэ, абыхэмкIэ Iуэху ирызэрахьэнуи Iэмал яIэщ. «Урысей Федерацэм и цIыхухэм хуитыныгъэ яIэщ я анэдэлъхубзэмкIэ, апхуэдэуи, егъэджэныгъэ IэнатIэм иIэ Iэмалхэм елъытауэ, нэгъуэщI бзэхэмкIи щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну», — итщ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и Хабзэм. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, фIы дыдэщ уи бзэмкIэ уеджэну хуитыныгъэ узэриIэр, арщхьэкIэ ухэдэну хабзэм Iэмал къыузэритыр анэдэлъхубзэр хъумэным, ар лэжьэным зэран хуэхъункIэ шынагъуэ щыIэщ.
- Бзэхэр республикэхэм щыхъумэным епха Iуэхухэр зи пщэрылъхэр а щIыпIэ-хэм я правительствэхэрщ, арщхьэкIэ, наIуэ зэрыхъущи, ахэр зэфIэхыныр гугъуущ зэрекIуэкIыр. Нэхъыбэ дыдэу жылагъуэм къыщагъэсэбэпри Iуэхухэр зэрызэрахьэри урысыбзэрщ. Абы къыхэкIыу къэралыбзэу къалъытэ анэдэлъхубзэхэм къалъысыр етIуанэ увыпIэрщ.
- Дауи, урысыбзэр УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр, щэнхабзэр, щIэныгъэр хэзыгъахъуэ Iэмалщ икIи ар зыкIи зэ-ран хуэхъуркъым лъэпкъыбзэхэм я зыужьыныгъэм. Уеблэмэ, иужьрей зэманым цIыхухэм къалъыхъуэ урысыбзэм къикIыу я бзэхэм къыхыхьа псалъэхэр я анэдэлъхубзэхэмкIэ къызэраIуэтэн щIыкIэхэр. Мыбдежми Iуэхум сакъыу бгъэдыхьэн хуейщ. Псалъэр, предметым и фIэщыгъэр анэдэлъхубзэм кърагъэзэ-гъэн мурадкIэ, языныкъуэхэм ирагъэлей икIи бзэр зыкIи зыхуэмыныкъуэ псалъэхэр къагъэщI. Адыгэбзэм хэзэгъахэм икIи зэхъуэкIын хуэмейхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, депутат, план, автобус, шофёр, завод, зачет, автор, концерт, очерк, турист, метр, орден, нэгъуэщI псалъэхэри. Инджылызыб-зэм, испаныбзэм, нэмыцэбзэм, франджыбзэм, нэгъуэщI хамэбзэхэми къахэкIыурэ урысыбзэм къищта псалъэ куэд иужьрей зэманым ди бзэм къыхохьэ. А щытыкIэр къэзышахэм ящыщщ компью-тер технологиехэм, Интернетым зыужьыныгъэ зэрагъуэтар.
- Ахэр фIы хьэмэрэ Iей анэдэлъхубзэхэм я деж-кIэ? Зы лъэныкъуэкIэ, апхуэдэ псалъэщIэхэм лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэр иджырей мардэхэм хуэкIуэу, нэхъ Iэрыхуэ ящI. Зэманым декIуу къагъэсэбэп бзэрщ къэкIуэнур зейр. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, хамэ псалъэхэмкIэ анэдэлъхубзэр «зэIыха» мэхъури, абы и лъэпкъ нэщэнэхэм ящыщ куэд мэкIуэд. Абы къыхэкIыу ди бзэм къыхыхьэну «къеIэ» дэтхэнэ хамэ псалъэми набдзэ-губдзаплъэу хущытын хуейщ, ар бзэм къищтэн-къимыщтэным и Iуэхур зезыхуэ гуп хэхаи лэжьэн хуейщ.
- Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэ ди адыгэбзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным, и къарумрэ зэ- фIэкIымрэ адэкIи хэгъэхъуэным адыгэу зызылъытэж дэтхэнэри хущIэкъупхъэщ. ИтIанэщ бзэр гъащIэ кIыхь, ди лъэпкъри лъэщ щыхъунур.
- ТАУ Хьэзешэ,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор.
- 2017 гъэ.