ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2021

Нэжэтрэ Маринэрэ

2021-02-20

  • Хэкурыс адыгэмрэ хэхэс адыгэмрэ зэпызыщIэ унагъуэщIэ къэунэхуащ. Тыркум къыщыхъуа адыгэ щIалэ Щоджэн Нэжэтрэ Хэкум къыщалъхуа Алътуд Маринэрэ. Хабзэ зыщIэ, бзэр зыIурылъ, адыгэгу зиIэ цIыху гуа­питIым гугъэ уагъэщI лъэпкъым лъэ быдэкIэ къыхэувэн унагъуэ хъуну! УнагъуэщIэр Тыркум, Истамбыл що­псэу. Хэкум щызэтеува адыгагъэмрэ хэхэс адыгэхэм ­Хэкужьым зэгуэр здраха хабзэжьымрэ зэбгъэдэкIуа­тэмэ, дахэ къищIыкIынущ. Тхьэм махуэ ищI!

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДжэдыкIэрэ бжьынрэ зыдэлъ хьэлывэ

2021-02-20

  • ДжэдыкIэр ирагъэвыкI, цIыкIу-цIыкIуу яупщIатэ, хъурейуэ упщIэта бжьын цIынэ, шыгъу щабэ, шыбжий сыр, бурш, джэдгын, шатэ халъхьэри, джэдыкIэр ямыпIытIын щхьэкIэ хуэсакъыурэ зэIащIэ. ИтIанэ пщагъэ зыхэлъ тхьэвыр пIащIэу яху, далъхьэнур тралъхьэ. Тхьэв кIапэр хъурейуи, плIимэуи, мазэ ныкъуэм ещхьуи зэтебгъапщIэ хъунущ. Тхъу зыщыхуа тебэм зэтегъэпщIапIэр къыдэгъэзеяуэ иралъхьэри, хьэзыр хъуху, дакъикъэ 18 — 20-кIэ, хьэкулъэкIэ ягъажьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псапэ блэжьмэ, уи гур изщ

2021-02-20

  • Уи Iэгу икIыр псапэщи, уи жып илъыр сабэщ.
  • ПIэхэнэу къэнам гъащIэр и мыгъуэщи, ажалым къелам и щIэщыгъуэщ.
  • Щхьэж ди дуней тетыкIэр гъуазэщи, цIыхум я къытхущытыкIэр ди дуней тетыкIэм зэрыщыгъуазэщ.
  • Тхьэвыр къыщагъэтэджынум халъхьэ хабзэщ кIытэ. Бын гъэса къэбгъэтэджынумэ, хабзэм щIыгъу укIытэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2021-02-20

Урысей Армэмрэ Флотымрэ зыщыгугъ ныбжьыщIэхэр Утыку Плъыжьым итщ. Мэзкуу, 2020 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 24

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псалъэзэблэдз

2021-02-20

  • ЕкIуэкIыу: 5. Удз дэжей лъэпкъыгъуэ. 7. Пхъэм къыхэщIыкIа кумбыгъэ ин, псылъэ. 10. Мэжджытым хэт … джапIэ. 11. Ди республикэм и гъунапкъэм щыIэ ­къуажэ. 12. НапIэ­зыпIэ. 13. Шым и щхьэц. 14. МахуэцIэ. 15. ФадэмкIэ ебгъэлеймэ, апхуэдэу уохъу. 19. Тэрч ­районым хиу­быдэ къуажэ цIыкIу. 20. Цы плъыжьыфэ куэду зытет, хущхъуэ­гъуэу къагъэсэбэп къэкIыгъэ. 22. Танкым ит Iэщэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха