И щыхьэтщ дамыгъэ лъапIэхэр
2021-02-20
- Щомахуэ ТIыкъан Къарэмырзэ и къуэр Алъхъо (Курп Ищхъэрэ) къуажэм 1904 гъэм къыщалъхуащ
- «Гъубжэрэ уадэрэ» колхозым хэтт ар, ауэ зи гуащIэкIэ лажьэрэ шхэж цIыхубэм я гъащIэ мамырыр къызэпыудащ 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм. ТIыкъан илъэс 38-р ирихьэкIырт, унагъуэ иухуат, бын иIэт.
- Бронь хухахауэ Щомахуэр колхозым щылажьэрт, арщхьэкIэ бийр Кавказ къуршхэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, зауэ IэнатIэм ари Iухьащ (1942 гъэм и гъатхэпэм) икIи и кIэ пщIондэ дзэм хэтащ.
- 1942 гъэм и гъатхэпэм ТIыкъан хагъэхьащ 416-нэ фочауэ гупым и 43-нэ полкым. И Хэкур ихъумэу Щомахуэр хахуэу зэуащ. 1943 гъэм и жэпуэгъуэм ар уIэгъэ хъури, 1944 гъэм и мазае пщIондэ сымаджэщым щIэлъащ. Иужьым ефрейтор Щомахуэр зауэ IэнатIэм Iухьэжащ. 1135-нэ фочауэ полкым хэту, ТIыкъан зэуащ СССР-м, Чехословакием, Польшэм я щIыналъэхэр хуит къащIыжын папщIэ.
- 1945 гъэм и гъатхэм Дзэ Плъыжьым бийр хигъэщIащ. АрщхьэкIэ ТIыкъан и насып къихьакъым ТекIуэныгъэ Иныр Берлин щигъэлъэпIэну — ар мэлыжьыхьым и кум уIэгъэ хьэлъэ ящIат.
- Куэдрэ и узыншагъэм иригъэIэзэжын хуей хъуащ. 1945 гъэм и кIэм Щомахуэр дзэм къыхэкIыжащ и ныкъуэдыкъуагъэкIэ.
- Щомахуэ ТIыкъан и лъахэм къигъэзэжащ Вагъуэ Плъыжь орденыр, «И хахуагъэм папщIэ» медалитI, «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалыр и бгъэгум хэлъу. А дамыгъэхэр я щыхьэтт абы и лIыхъужьыгъэм.
- Зауэ нэужьым ар гуащIэдэкI лэжьыгъэм щыпэры-хьэжащ и къуажэжьым икIи пщIэ къыхуащIу и IэнатIэр ирихьэкIащ. ЦIыху щыпкъэу псэуа Щомахуэ ТIыкъан 1976 гъэм дунейм ехыжащ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.