ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэлъэщI щIыху цIыкIу

2021-02-20

  • («Синий платочек».
  • Слова Якова Гольденберга (Галицкого),
  • музыка Ежи Петерсбурского, 1940 г.)
  • Си гум къокIыж: сыщебгъажьэм
  • ПлIэм дэлъ IэлъэщIыр пфIехуэхт.
  • Псалъэ къызэптырт
  • IэлъэщI щIыху цIыкIур
  • Пхъумэну къэзгъэзэжыху.
  • Иджы, си нэху,
  • Ар сымылъагъуми, къэпщтэху,
  • Абы си гъащIэр,
  • Зэрыдза тIуащIэу,
  • КъыпкIэрипхащ сыбэуэху.

  • А уи пощт-щимэр къыщыкIуэм,
  • СигукIэ уи макъ зэхызох.
  • Хьэрф зэкIэлъыкIуэм
  • IэлъэщI щIыху цIыкIур,
  • ЩIыхуу хэтхауэ, къызох.
  • Си пщIыхь ухэтщ,
  • ЖэщкIэ солъагъу уи сурэт,
  • Жэщ зызыуфэм,
  • Уи нитI щIыхуфэр
  • Нэхуу сэ си нэм къыщIэтщ.
  • IэлъэщI цIыкIу дапщэ фэеплъу
  • Зауэм щыдэкIхэм ята?
  • Ахэм я щIыхькIэ
  • Шэхэр мэлъалъэ,
  • Нэдгъэзэжынщ дытекIуау.
  • Дэ дилъ тщIэжынщ,
  • Ди лъапIэхэ, дынэкIуэжынщ.
  • IэлъэщI щIыху цIыкIуу
  • Щэхуу схуэпхъумэр
  • Сэ си IэкIэ уэ птеслъхьэжынщ.
  • IэлъэщI щIыху цIыкIуу
  • Щэхуу схуэпхъумэр
  • Сэ си IэкIэ уэ птеслъхьэжынщ.
  • Бийм игъэсащ и
  • адэжь  унэр
  • («Враги сожгли родную хату».
  • Слова Михаила Исаковского,
  • музыка Матвея Блантера, 1945 г.)
  • Бийм игъэсащ и адэжь унэр,
  • Зэрыунагъуэу иукIащ.
  • Иджы ар дэнэ здэкIуэжынур? —
  • Сэлэтыр зауэм къикIыжащ.
  • КIуащ гъуэгущхьитIыр щызэхэкIым,
  • Гуауэшхуэр хыхьэпауэ игу,
  • Къыщигъуэтащ абы губгъуэшхуэм
  • ЗэщIэкIэжауэ Iуащхьэ цIыкIу.
  • Щхьэщытщ щхьэгъусэм и кхъэ мащэм,
  • ЛIы нэпс IэщIэкIри, къежэхащ.
  • ЖеIэр:  «КъыщIэкI, си унэгуащэ,
  • Плъагъурэ, уи деж сыкъэкIуэжащ.
  • Къэбгъэхьэзыркъэ хьэщIэшхыныр,
  • Iэнэшхуэр псынщIэу къэузэд.
  • Ди адэ-анэм къехъуэхъуну,
  • КъэкIуэнкъэ нобэ хьэщIэ куэд».
  • Зыри сэлэтым къепсэлъэжкъым,
  • Кхъащхьэ удз сысым фIэкI нэгъуэщI.
  • Къыхощ гухэщIыр жьыбгъэ макъым,
  • Нэр здынэплъысыр губгъуэ нэщIщ.
  • ХитIащ пIэщхьагъым деж сэх мывэ,
  • ЗэрыхъукIэ кхъэр зэлъыIуихащ.
  • Сэлэт къэлътмакъыр игъэуври,
  • Шагъыр хужь гуащIэр къырихащ.
  • «Сумыгъэкъуаншэ уэ, Прасковье,
  • Фысхуэхъумакъым, си дуней.
  • Псэууэ къэнахэм фыщыдахым,
  • Сыкъэсыфакъым сэ фи дей.
  • ГуфIэгъуэ махуэу мы фадэбжьэр
  • КъыздэтIэтыну сэ сыхуейт.
  • Ажалым схуIуихат ди куэбжэр,
  • Си къэсыжыгъуэр си махуейт».
  • Ар жиIэу, йофэ фадэ гуащIэм
  • Урыс сэлэтыр, бийм текIуар,
  • Нэрыгъыу, щымысхьыжу гъащIэм,
  • Лъэс защIэу илъэсиплIкIэ кIуар.
  • ИмыщIэ зэрылIыхъужь дыдэр,
  • Нэпс ткIуэпсхэр тоткIуэ и къэптал.
  • И бгъэгум хэлъщ, пэлыду дыгъэм,
  • Будапешт къалэм и медаль.
  • И бгъэгум хэлъщ, пэлыду дыгъэм,
  • Будапешт къалэм и медаль.
  • Катюшэ
  • («Катюша».
  • Слова Михаила Исаковского,
  • музыка Матвея Блантера, 1938 г.)
  • Къэгъэгъахэщ мыIэрыси кхъужьи,
  • Пшагъуэ  Iувхэр псым  къыщхьэщыхьащ.
  • Пщащэ закъуэ къыпхуолъагъур жыжьэу:
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.
  • Къытехьащи, щIедзэ и уэрэдым,
  • ЩIалэ хахуэм щхьэкIэ иусам, —
  • Зи письмохэр хуэсакъыу ихъумэу,
  • Гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуам.
  • Лъатэ, лъатэ, си уэрэдыр лъатэ,
  • Дыгъэ гъуэгукIэ си псэр схунэхьэс,
  • Ди къэрал гъунапкъэхэр здахъумэм,
  • ЗауэлI щIалэм мыр схулъэгъэlэс:
  • Къыппежьэнщ Катюшэ, къэбгъэзэжмэ,
  • И гурылъхэр уэ къыбжиIэжынщ.
  • Уи IэнатIэр быдэу пхуэгъэпэжмэ,
  • Псалъэ ттахэр сэ схуэгъэпэжынщ.
  • Уи IэнатIэр быдэу пхуэгъэпэжмэ,
  • Псалъэ ттахэр сэ схуэгъэпэжынщ.
  • Къэгъэгъахэщ мыIэрыси кхъужьи,
  • Пшагъуэ Iувхэр  псым  къыщхьэщыхьащ.
  • Хэт мо нэпкъым къыщылъагъуэр жыжьэу?
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.
  • Хэт мо нэпкъым къыщылъагъуэр жыжьэу?
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.
  • ЗэзыдзэкIар
  • Хьэмыз  Русланщ.
  • Москва къалэ