|
Март, 2020
2020-03-11
-
Балъкъэрхэм кIэлъызэрахьа залымыгъэм и лей зытехьахэм я фэеплъ мемориалым деж гъатхэпэм и 8-м щекIуэкIащ ди къуэш лъэпкъыр я лъахэм щраша махуэм теухуа щыгъуэ пэкIу. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр.
- ПэкIур къызэIуахащ «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие ансамблым и артистхэм я музыкэ композицэмкIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. Абы къыхигъэщащ балъкъэрхэм къатехьа лейр зэи цIыхухэм зэращымыгъупщэнур. Ауэ, ипэкIэ кIуэтэн хуейщи, зи хэку зыгъуэты- жа лъэпкъыр адэкIэ ефIакIуэу псэуну зэрихъуэпсапIэр жиIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- ЦIыхухэр куэд щIауэ щыгъуазэщ уз зэрыцIалэ- хэм. Пасэрейхэм къахуэщIэртэкъым а узыфэ шынагъуэхэм зэрызэраубгъу щIыкIэри, къызыхэкIри, зищIысри. ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ заужьа нэужь, еджагъэшхуэхэмрэ дохутырхэмрэ къахутащ вирус, бактерие зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэр. Япэ дищынщи, къыхэдгъэщынщ вирусымрэ бактериемрэ зэрызэщымыщыр, къагъэхъей узыфэхэри, ахэр зэрагъэхъуж хущхъуэхэри зэрызэхуэмыдэр. Нобэ зи гугъу тщIынури иджыпсту дуней псор нэхъ къыхэзыгъэзыхьырщ — вирусырщ.
- Сыт-тIэ, зищIысыр вирус хъужыр, дауэ ар зэрызэпкърылъыр, сыт и хущхъуэгъуэр?
- 19-нэ лIэщIыгъуэм бактериехэр зэрыщыIэмрэ абы-хэм къагъэхъей узыфэхэмрэ щIэныгъэлIхэр тетхыхьа нэужь гурыIуэгъуэ ящыхъуащ бактериехэм нэмыщI, иджыри щхъухь налъэ гуэрхэр зэрыщыIэр, а щхъухь мыцIыхухэм къагъэхъей узыфэхэмрэ ахэр зэрагъэхъуж хущхъуэхэмрэ алъандэрэ яджахэм зэрыхуэмыдэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Хабзэ дахэ зэрыхъуащи, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
- Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и пэIущIэ пэшым «Бгырыс бзылъхугъэхэр (пасэрей сурэтхэр)» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт къыщызэIуахат. Абы щыплъагъурт лъэпкъ фащэ екIухэмкIэ хуэпа, зи псэукIэ, дуней тетыкIэ, гупсысэкIэ зэмыщхь цIыхубзхэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, абыхэм щхьэж езым и хъыбар къиIуэтэж хуэдэт. КъищынэмыщIауэ, утыку кърахьат сурэтыщI ныбжьыщIэ цIыкIухэм я анэхэм я теплъэу ящIахэр. ГъэщIэгъуэн дыдэт къэзылъхуам и гуапагъэмрэ абы и лъагъуныгъэмрэ сабийхэм зыхалъагъуэм ухэплъэну. Дауи, а цIыкIухэм ящыщ дэтхэнэри и анэр нэхъ дахэу къызэригъэлъагъуэным яужь итащ.
- Пшыхьым къекIуэлIат анэшхуэ, анэ, шыпхъу, пхъу, щхьэгъусэ къалэн мытыншхэр, ауэ щыхъукIи пщIэ лъагэ зыпылъ пщэрылъхэр зыгъэзащIэ цIыхубзхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Бзылъхугъэ фащэмрэ пыIэмрэ ехьэлIауэ къэхутэныгъэ хъарзынэхэр щыIэщ, адыгэ фащэм и сурэт щIэнгъуазэ зыбжани дунейм къытехьащ, IэщIагъэр къэбгъэщIэрэщIэжынумэ, къызэрымыкIуэу щхьэпэ хъууэ. Ауэ, адыгэжьми ижыIауэ, из хъуным залэ хуэныкъуэщи, щыщIэныгъэу хуэтлъагъункъыми, адыгэбзэкIэ зэрымытхар и дагъуэщ, жытIэнщ. Псоми къазэрыгурыIуэн бзэкIэ ятхри, а бзэм пхуимылъхьэ е пхуимыгъэтIасэ адыгэбзэ фIэщыгъэ куэд дыдэ IэщIыб хъуащ. Абы кърикIуэр аращи, ахэр мащIэ-мащIэурэ яIэщIохужри, адыгэбзэми хокIуэдыкIыж.
- КъызэкIэлъеттхых фIэщыгъэхэр бзылъхугъэ пыIэм епхащ. Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, бзылъхугъэ пыIэ щІыкIэм ехьэлIащ. Адыгэ бзылъхугъэ пыIэр зэращІымрэ тхыпхъэр зэрыхалъхьэ щIыкIэмрэ теухуауэ фIэщыгъэцIэ къекIуэкIыр (е къекIуэкIыу щытар) жылэ-жылэкIэ щызэщхьэщыкI къыхэкIми, зыкъомкIэ зэтохуэ. Мы тхыгъэм дэ пщэрылъ зыщытщІыжыркъым псалъэм и щІыб къыдэлъ щІэныгъэр шэщІауэ утыку къитхьэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- УсакIуэ, тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ щытхъуцIэу иIэр мащIэкъым, ахэр къимылэжьауи къыIэрыхьакъым. Нэгъабэ хуэфащэ дыдэу «Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, а щIыхьыр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ вагъуи Президент Путин Владимир Кремлым къыщыхилъхьащ. Зэрылъэпкъыу — хэхэси, хэкурыси — дригуфIащ, дригушхуащ, дрипэгащ а Iуэхугъуэм.
-
- СЫКЪЭЗЫЦIЫХУХЭР щыгъуазэщ 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ, иджыри сыхэхэсу, МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэм саригъэру сыкъызэрекIуэкIар. Ауэ ар адрей «гъэрыпIэхэм» яхуэмыдэу удэзыхьэхт. КъызэднэкIа тхьэмыщкIагъэр къызыхэщ, макъамэ гущIыхьэхэр къызыхэIукI усакIуэ телъыджэм и сатырхэм япхыша гупсысэхэм си гур яхузт. А гукIуэдым сыкъыхишыжырт анэм, хэкум, лъэпкъым, цIыхум хуэгъэза фIылъагъур зыпхыша, гугъэр къэзыгъэпсэуж усэ макъамэхэм. АпщIондэху зэш имыIэу лъэпкъым хуэлажьэ МэшбащIэм и лIыгъэр си нэгу къыщIэувэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- «КъигъэщIар мащIэми, хузэфIэкIар гъунэншэщ» зыхужыпIэ хъунухэм ящыщщ профессор Гъащтэ Абдул. И лэжьыгъэрэ щIэныгъэкIэ къехъулIам и гугъу умыщIми, и цIыху хэтыкIэкIэ, и хьэл-щэн екIумкIэ, и гушыIэ дахэмкIэ ар иджыри куэдрэ ягу илъынущ къэзыцIыхуу щытахэм. Абы теухуа гукъэкIыжхэм ущедаIуэкIэ, апхуэдэ цIыху телъыджэр зи гъащIэм хэтахэм уохъуапсэ икIи уи фIэщ мэхъу «ЦIыхуфIыр гъащIэмащIэщ» псалъэхэм пэж зэрыхэлъыр.
-
- Гъащтэ Абдул ХьэмотI и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм 1935 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Дагъыстэн къэрал медицинэ институтым. Ар фIы дыдэу къиухри, и лъахэм къигъэзэжащ икIи Iуащхьэмахуэ щIыналъэ сымаджэщым хирургыу лэжьэн щыщIидзащ дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэу. Абы илъэсиплIкIэ щыIауэ, Гъащтэр Налшык и Республикэ клиникэ сымаджэщым къашэжащ. 1966 гъэм Абдул щIэтIысхьащ Бакулев А. Н. и цIэр зэрихьэу гум, лъынтхуэхэм я хирургием и институту Москва дэтым и аспирантурэм. А еджапIэм 1969 гъэм и кандидат, 1980 гъэм и доктор диссертацэхэр щыпхигъэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Налшык дэт Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэм «Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ унафэ къыщащтащ.
- ТХЫЛЪЫМ ират мыхьэнэми цIыхум дунейр зэрызэригъэцIыху Iэмалхэм я зэхуаку абы щиIыгъ увыпIэми гу лъыптэу щыкIэрыхуащ Урысей Федерацэми Кавказ Ищхъэрэми. Ауэ щыхъукIэ, тхылъырщ зыхъумар зызыузэщIа цIыхупсэм икIуа гъуэгуанэр, ар лъэпкъыу щыIэр дунейпсо цIыхубэу зэрыубыдыным хуэунэтIауэ зэрыщытыр.
- ЦIыху бжыгъэшхуэ зэрымыс Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм тедзапIэ хъарзынэхэр къыщызэрагъэпэщауэ къокIуэкI. ЩIэныгъэм зегъэужьын, лъэпкъхэм ябгъэдэлъ щэнхабзэр къэрал утыкум ихьэн IуэхумкIэ я къалэныр зыхуей хуэзауэ ягъэзащIэ абыхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Си тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIам къанэ щымыIэу хуэкIуэрт пэщIэдзэ классхэм дыщезыгъэджауэ щыта бзылъхугъэ щыпкъэм и хьэлщэныр, и дуней тетыкIэр. Налшык дэт педучилищэр ехъулIэныгъэкIэ къиухыу щалъхуа Псыгуэнсу жылэм егъэджакIуэу къэзыгъэзэжа Бадзэ Жанхужь Къаплъэн и пхъур сабийхэр гъэсэным, щIэныгъэм и бжэхэр абыхэм къахузэIухыным къыхуигъэщIами ярейт. Езанэ классым щIэтIысхьагъащIэ цIыкIухэм ди пащхьэм ар япэу къызэрихьэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуами, ноби ди гум хуабэу щыдохъумэ а бзылъхугъэ щыпкъэм и фэеплъ нэхур.
-
- Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, Жанхужьхэ я унэм щIэсауэ щытащ Украинэм къикIыу ди щIыналъэм къэкIуа егъэджакIуэ гуп. Абыхэм я лэжьэкIэр, псэукIэр, жылэм пщIэрэ нэмысу щаIар зи нэгу щIэкIа хъыджэбз цIыкIур, къызэрысщыхъумкIэ, щIэныгъэ зригъэгъуэтыным хуэпабгъэ хъуа къудейкъым, атIэ езыри егъэджакIуэ IэщIагъэм дихьэхащ. Къуажэ сабийхэм ящыщ куэдым япэ егъэджакIуэ тхуэхъуа бзылъхугъэ цIыкIум еджэкIэрэ тхэкIэрэ дигъащIэ къудейтэкъым, атIэ ди гупсысэм, зэхэщIыкIым заригъэузэщIырт, къэухьым, еплъыкIэхэм заригъэужьырт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм я цIэхэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ, абы хуабжьу дыщогуфIыкI, дрогушхуэ икIи дропагэ. Апхуэдэ гурыщIэхэр ди гумрэ ди псэмрэ къыщызыгъэуш Iуэхугъуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Краснодар къалэм. Абы дэт курыт школ №41-м фIащащ адыгэлI хахуэ, полковник, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм 11-нэ гвардие гупым и механизированнэ полкым и командиру щыта Шемякин (Къардэн) Михаил (Мухьэмэд) (1908 — 1977) и цIэр. Абы и саулыкъукIэ къызэрагъэпэща дауэдапщэм хэтащ ди лъахэм икIахэри.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызэIуихащ Iуэхур щекIуэкIа курыт еджапIэм и унафэщI Алютинэ Иринэ. Абы къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ зэхуэсым кърихьэлIа хьэщIэ лъапIэхэр. Абыхэм яхэтт Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм Краснодар къалэм щаIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Рыбалкэ Иван, ди лъахэгъу щэджащэ Шемякин Михаил Пётр и къуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ куэд лъандэрэ тетхыхь, тхыдэдж Пронин Владимир, Краснодар къалэм и КъухьэпIэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Зубенкэ Валерий сымэ, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Ди анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу, абы и IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхащIэу сабийхэр къэгъэтэджыныр куэд и уасэщ. Си тхыгъэр зытеухуа Нэгумэ (Алътуд) Iэсият ящыщщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ ди щlэблэм гу хуезыгъэщIу и IэнатIэр езыхьэкIхэм.
-
- Iэсият Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. Гъэрэ щlырэ щызэхэкlагъащlэ гъатхэпэ махуэм дунейм къытехьа пщащэ цIыкIур къэхъуащ адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, бзэм, литературэм, тхыдэм дихьэхыу. Жылэм дэт курыт школым щыщIэсами Iэсият гулъытэ нэхъ зыхуищIар анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэщ. Курыт щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта пщащэр 1990 гъэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м Филологиемкlэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкlэ и къудамэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Налшык дэт курыт школ №4-м уващ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм яригъэджу. ИужькIэ лэжьыгъэм щыпищащ Дзэлыкъуэкъуажэм дэт курыт школым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- Дызытет дунеймрэ щIыуэпсымрэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, апхуэдизу абрагъуэщ икIи къулейщи, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Илъэсхэр блокI, лIэщIыгъуэхэм захъуэж, хьэлэмэтыщэу къытщыхъуу щытахэм я пIэм телъыджэу къытфIэщI нэгъуэщIхэр къоувэ. ЦIыхум ехьэлIауэ жыпIэмэ, псори хъуфынукъым къызэрымыкIуэ зэфIэкI зиIэ, щэджащэ, ауэ, итIани, цIыху мелуанхэм ябгъэдэлъщ езыхэм фIэкIа нэгъуэщIхэм яхэмылъыфыну творческэ зэфIэкIхэр. Зи гугъу тщIы зэчиифIэхэм ящыщщ Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) и 6-нэ классым щеджэ Уэдыхь Албэч. Зи Iущагъымрэ акъылыфIагъымкIэ, бгъэдэлъ зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Албэч и ныбжьэгъухэм къахожаныкI, куэдым я дежкIи щапхъэщ.
- Къэхъун къуажэм щыщ щIалэ цIыкIур еджэным фIы дыдэу зэрыхэзагъэм, гъэсэныгъэ дахэ зэрыхэлъым я щыхьэтщ ар предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щIыпIэм щекIуэкI олимпиадэхэм жыджэру зэрыхэтыр, увыпIэфIхэри къызэрыщихьыр. Абыхэм къапокIуэ щеджэ курыт школым и унафэщIэм и Iэ щIэлъу Албэч мызэ-мытIэу къыхуагъэфэща щIыхь тхылъхэр, апхуэдэуи и адэ Аслъэнбэчрэ и анэ Марьянэрэ хуагъэхь фIыщIэ тхыгъэхэр. Ахэри фIыгъуэшхуэщ икIи уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъужщ уи бын е уи гъэсэн теухуауэ. АтIэми Албэч нэгъуэщI зэфIэкIхэри бгъэдэлъщ. Къапщтэмэ, ар хуабжьу дехьэх сурэт щIыным. Абы и IэдакъэщIэкI сурэт-хэр IэщIагъэлIхэм гунэс ящохъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Аброкъуэ Аслъэн и Iэдакъэ къыщIэкIа «ФIыцIэмрэ хужьымрэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклым и премьерэ.
- Пэшым тIысыпIэ нэщI имыIэу цIыхур къызэрекIуэлIам ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, абы узыщрихьэлIэр зи ныбжь хэкIуэта, театрыр илъэс куэд щIауэ фIыуэ зылъагъухэм я закъуэтэкъым, атIэ зи щIалэгъуэхэри щыкуэдт.
- Къыхэгъэщыпхъэщ «ФIыцIэмрэ хужьымрэ» пьесэр Аброкъуэ Аслъэн япэу и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэу зэрыщытыр. Ар езыр театрыр фIыуэ зылъагъу, зы спектакли блэзымыгъэкI театреплъ емызэшыжщ. Спектаклыр зыгъэувар (режиссёрыр) Дигорскэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Джалиев Казбекщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-11
- «2020 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Тэрч районым щызэхуащIыжащ. Ар щекIуэкIащ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м.
- ЗэIущIэр къыщызэIуахым япэу псалъэ зрата Тэрч щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Варий Маринэ жиIащ зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр гъэсакIуэ нэхъыфIхэр гъэбелджылыным и мызакъуэу, абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэгъэхъуэжэныр, адэкIи утыкушхуэхэм ихьэн папщIэ тегъэгушхуэныр арауэ зэрыщытыр. Зэхьэзэхуэм хэт дэтхэнэми зыщыщ IуэхущIапIэм и цIэр фIыкIэ игъэIуну, адэкIи урысейпсо утыкум и зэфIэкI щигъэлъэгъуэн хуэдэу ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьэну ехъуэхъуащ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|