ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

АдыгэлI щыпкъэ Гъащтэ Абдул

2020-03-11

  • «КъигъэщIар мащIэми, хузэфIэкIар гъунэншэщ» зыхужыпIэ хъунухэм ящыщщ профессор Гъащтэ Абдул. И лэжьыгъэрэ щIэныгъэкIэ ­къехъулIам и гугъу умыщIми, и цIыху хэтыкIэкIэ, и хьэл-щэн екIумкIэ, и гушыIэ дахэмкIэ ар иджыри куэдрэ ягу илъынущ къэзыцIыхуу щытахэм. Абы теухуа гукъэ­кIыжхэм ущедаIуэкIэ, апхуэдэ цIыху телъыджэр зи ­гъащIэм хэтахэм уохъуапсэ икIи уи фIэщ мэхъу «ЦIыхуфIыр гъащIэмащIэщ» псалъэхэм пэж зэрыхэлъыр.
  • Гъащтэ Абдул ХьэмотI и ­къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъушы­къуей) къуажэм 1935 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Дагъыстэн къэрал медицинэ институтым. Ар фIы дыдэу къиух­ри, и лъахэм къигъэзэжащ икIи Iуа­щхьэмахуэ щIыналъэ сымаджэщым хирургыу лэ­жьэн щыщIидзащ дохутыр нэхъы­щхьэм и къуэдзэу. Абы илъэсиплIкIэ щыIауэ, Гъащтэр Налшык и Республикэ клиникэ сымаджэщым къашэжащ. 1966 гъэм Абдул щIэтIысхьащ Бакулев А. Н. и цIэр зэрихьэу гум, лъынтхуэхэм я хирургием и институту Москва дэтым и аспирантурэм. А еджапIэм 1969 гъэм и кандидат, 1980 гъэм и доктор диссертацэхэр щыпхигъэкIащ.

  • 1969 гъэм щегъэжьауэ Гъащ­тэ Абдул щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хирургие узыфэхэмкIэ и кафедрэм — ассистенту щIидзэри, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, кафедрэм и унафэщI хъуащ. Гъащтэм и Iэдакъэм къы­щIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 152-рэ, «Щхьэ лъынтхуэхэм лъыр тэмэму щыземыкIуэмэ, хирургием и Iэмалхэр къэбгъэсэбэпу абы узэреIэзэнур» зыфIища монографиер итхащ. Абдул Къэбэрдей-Балъкъэ­рым япэу щызэтриублащ ангиографиекIэ лъынтхуэ узыфэ­хэр къэхутэныр. Абы и фIыгъэкIэ ди лъахэм къыщыщIагъэкI хъуащ лъыр зыгъапцIэ сывороткэр; нэхъапэхэм хуэ­дэу, ар нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщамыщэхуу.
  • Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхахэр егъэджэнымкIи Абдул зэфIигъэкIахэр къэлъытэ­гъуейщ. Нобэ абы и гъэсэнхэм ящыщ куэдым зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр щаIэу я егъэджакIуэм хиша гъуэгуа­нэм ирокIуэ. Студентхэм фIыуэ къалъагъурт Гъащтэр, и лэжьэгъухэм я деж пщIэ щиIэт. Нэ­гъуэщIуи ухущытыфынутэкъым а цIыху щыпкъэм. Иригъаджэхэр абы зыщигъэ­шынэртэкъым, дэтхэнэми гуа­­пэу хущытт, студентым бгъэ­дэлъ щIэныгъэр гупсэхуу къихутэрт, зыгуэр къагуры­мыIуамэ, ар зэхэхауэ я пащхьэ ирилъхьэжырт. И лэжьэгъу­хэрати, псоми я чэнджэ­щэ­гъут, дэтхэнэми дэIэпы­къурт, езым ищI операцэ хьэлъэхэм кIэлъигъэплъурэ, абыхэм щIэ куэд къаригъащIэрт, сытым дежи и щIэныгъэм, Iэзагъэм хигъахъуэу апхуэдэти, абыхэмкIи ядэгуа­шэрт. Абдул и фIыгъэкIэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, доктор хъуахэр куэдщ. И лэжьэгъуу щытахэми и гъэсэнхэми профессор гуащIафIэр ящы­гъупщакъым. Абы и щы­хьэтщ гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ медицинэ щIэ­ныгъэхэм я доктор япэ дыдэу ди республикэм ­щыхъуа Гъащтэм и фэеплъу щIэныгъэ-практикэ кон­фе­­ренц­хэр илъэс зэмылIэу­жьыгъуэхэм зэрырагъэ­кIуэ­кIар.
  • Сымаджэхэми езым и бгъэ­дыхьэкIэ щхьэхуэ къахуи­гъуэтыжырт а цIыху телъы­джэм. Псом япэрауэ, узым зэщIиубыда цIыхум фIэщ­хъуныгъэ иритыжырт, сытым дежи нэхъыфIым хуэплъэу, ­гъащIэр фIыуэ ялъагъуу зэрыщытыным къыхуриджэрт.
  • Медицинэр IэщIагъэу къыхихами, нэгъуэщI унэтIыныгъэ куэдми Гъащтэ Абдул хъар­зынэу хищIыкIырт. Ар фIы дыдэу щыгъуазэт математикэм, тхыдэм, литературэм. Сыт хуэдэ Iуэху утепсэлъыхьми, уэршэрэгъу гъэщIэгъуэн къып­хуэхъуфынут. Егъэлеяуэ гу­рыхуэт. Абы гукIэ ищIэрт Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Некрасов Николай, Есенин Сергей, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ, нэгъуэщI куэдми я усэхэр, я тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэр.
  • Гъащтэ Абдул и ныбжьэгъу­хэм ягу къинащ гушыIэ дахэ зыхэлъ, хъыбар жыIэжынкIэ зыхуэдэ щымыIэ цIыху нэжэгужэу. «Ар сытым дежи и псалъэм тебгъуэтэжырт. И ныбжьэгъухэм къызэрытхущытыр щIэныгъэлIым хуэдэутэкъым, атIэ цIыху къызэрыгуэкIыут. Iуэху гуэркIэ абы убгъэдыхьауэ зэи укъигъэщIэхъунутэкъым, уи гузэвэгъуэми уи гуфIэгъуэми къыпкъуэувэу апхуэдэт. ЖыпIэнурамэ, цIыхугъэшхуэ хэлът», — жаIэ абыхэм.
  • И унагъуэм, благъэ-Iыхь­лыхэм я дежкIэ ар жьауэшхуэт. «Сыт хуэдэ гугъуехь къытлъыкъуэкIами, абы хэкIыпIэ гуэр къызыхуимыгъуэтыф щы­Iэтэкъым. Дэтхэнэми гуапэу, гущIэгъулыуэ хущытт», — ап­хуэдэущ ягу къызэринар адыгэлI щыпкъэр.
  • Унагъуэ дахи иIэт Абдул. И щхьэгъусэ Александрэрэ абы­рэ щIалэрэ хъыджэбзрэ зэдапIащ. Я къуэ Аслъэн адэм и ­лъагъуэм ирикIуэжащ, и IэщIагъэкIэ дохутырщ, япхъу Аурикэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщIщ.
  • Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм, иригъэджахэм, къы­­дэлэжьахэм зыхалъхьэ щы­­мыIэу фIыуэ ялъэгъуа цIыхур, шэч хэмылъу, гуимы­хужщ.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.