|
Март, 2020
2020-03-24
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
-
- Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу. Щэнхабзэ — тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымкIэ жэуап зыпылъ лэжьыгъэр вгъэзащIэурэ, фэ цIыхухэм я зэхэщIыкIым, гъэсэныгъэм зегъэужьынымкIэ, ди республикэм и щэнхабзэ къулеягъым зегъэужьынымкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдизу Iуэхушхуэ зэфIывогъэкI. Фи лэ-жьыгъэм и фIыщIэкIэ щIэблэхэм я зэпыщIэныгъэхэр йофIакIуэ, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ мэхъу.
- Фи IэщIагъэм фызэрыхуэIэкIуэлъакIуэмрэ егугъуныгъэ зэрывбгъэдэлъымрэ сэбэп мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр къэрал псом хэIущIыIу щыщIынымкIэ, творческэ гупхэм я зэфIэкIри ди лъэпкъхэм я щэнхабзэм и зэфIэкIыр Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм щыгъэIуным толажьэ.
- ФIыщIэ фхузощI фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, щэнхабзэм псэемыблэжу фызэрыхуэлажьэм, фи творческэ ерыщагъымрэ зэфIэкIымрэ папщIэ. Фи IэщIагъэмрэ зэчиймрэ ди лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, республикэм ис лъэпкъхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр, ди цIыхубэм я зэхэщIыкIымрэ гупсысэхэмрэ гъэбыдэным дяпэкIи зэрытелэжьэнум шэч къытесхьэркъым.
- Узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ, творческэ тегушхуэныгъэ фиIэну дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьыным хуэунэтIа фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр къыщыфхьыну си гуапэу сынывохъуэхъу.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-24
- «Фэеплъым и жыг хадэ» зыфIаща дунейпсо Iуэхур къызэрагъэпэщащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум.
- Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта лIыхъужьхэм я щIыхькIэ жыг зырыз хэсэныр къыхалъхьащ «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ ТекIуэныгъэм и дзэзешэхэм я фэеплъыр хъумэнымкIэ фондымрэ.
- КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, я мурадыр зэхьэлIар цIыхухэр зэкъуагъэувэным и закъуэкъым, атIэ лIыгъэ зезыхьахэм я фэеплъыр хъумэнырщ. «Жыг мелуан 27-р я фэеплъ хъунущ зауэм хэкIуэда цIыху мелуан 27-м», — жеIэ «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Амельченковэ Ольгэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-24
- Гъатхэпэм и 24,
- гъубж
-
- Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ. Нэмыцэ микробиолог Кох Роберт 1882 гъэм хэIущIыIу ищIащ жьэн узыр къэзышэ бактериер къызэрихутар. Зы илъэс дэкIри, абы къихутащ талор къызыхэкIыр. И лэжьыгъэ телъыджэхэм папщIэ 1905 гъэм Кох къратауэ щытащ Нобель и саугъэтыр.
- Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я штурман IэнатIэм и махуэщ
- Пакистаным щагъэлъапIэ я къэралыгъуэм и махуэр
- 1753 гъэм Урысей империем цIыхум и хьэкумыр укIкIэ ящIэну зэрыхуимытым теухуа унафэ къыщащтащ.
- 1801 гъэм Урысейм и император Павел Езанэр Санкт-Петербург щиIэ Михайловскэ уардэунэм щаукIауэ нэху къекIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-24
- «Урысейр зэфІэкІхэм я лъахэщ» зи фІэщыгъэ президент проектым ипкъ иткІэ иджыблагъэ «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм и бжьыгъуэ зэфІэхьыр екІуэкІащ, абы нэса цІыху щэщІри нахуэ хъуащ. «Финансхэмрэ технологиехэмрэ» жыхуиІэ унэтІыныгъэмкІэ зэхэта зэхьэзэхуэм къыхэжаныкІахэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икІаи яхэтщ. Проектым и унафэщІ Комиссаров Алексей зэрыжиІэмкІэ, абыхэм ящыщу бжьыпэ убыдыгъуэм нэсынур цІыхуипщІ къудейщ.
-
- — Іуэху къетхьэжьар, — жеІэ Комиссаровым, — дэркІэ щІэщыгъуэу щытми, дызыщыгугъа куэд нахуэ ищІащ. Финанс ІуэхухэмкІэ щІэныгъэфІ зыбгъэдэлъу къэралым исыр зэуІу тхуэщІащ, апхуэдэуи технологиещІэхэм щыгъуазэхэр, нобэрей дунейм къыщыхъу зэхъуэкІыныгъэхэм зи зэфІэкІкІэ къэмылэнджэжу хэувэфынухэр утыку къитшэфащ. Ди гуапэ мэхъу Урысейм и щІыналъэхэм я нэхъыбэр зэпеуэм къызэрыхыхьар. Абы дэркІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ.
- «Финансхэмрэ технологиехэмрэ» унэтІыныгъэмкІэ екІуэкІа зэпеуэм къигъэувырт цифровизацэкІэ зэджэ Іуэхугъуэр банк Іуэхутхьэбзэхэм хэпща хъуным и Іэмалхэр убзыхуныр, цІыхубэм ар ялъэгъэІэсыныр, зэхегъэщІыкІыныр. Зэпеуэм хэтахэм я нэхъыбэр къэрал зехьэкІэ Іэмалхэм щыгъуазэ цІыхущ, технологие къэунэхухэм япкъ иткІэ зызыхъуэж дунейм пашэ щыхъуну зэфІэкІ зыбгъэдэлъхэщ. Абыхэм яхэтащ банкхэм, финансхэм, информациемрэ технологиемрэ, энергетикэм, узыншагъэр хъумэным икІи егъэфІэкІуэным, щІэныгъэм, мэкъумэшым епха ІуэхущІапІэхэм я лэжьакІуэхэр.
- Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкІа адыгэ щІалэр «ОТП Банк» АО-м и унафэщІ Тау Анзорщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щекІуэкІа «ЛъагапІэщІэхэр» проектым жыджэру хэтащ ар, абы щытекІуа цІыху 50-м языхэзщ.
- Шурдым Динарэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Илъэсым и егъэджакІуэ нэхъыфІхэр къыхах
2020-03-24
Зыхыхьэхэр: Хэха
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр Налшык щызэхуос
2020-03-24
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Израилымрэ Европэм хыхьэ къэралхэмрэ я Хасэхэм я тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьейррэ ДыщэкI Эртанрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIура-шын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьым и советым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
ТхылъыщIэм и «лъэтеувэр» Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэIуех.
- ЗэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ 2020 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр; Шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэр; анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ДАХ-м и лэжьыгъэр зи пщэ дэлъ гупым я IуэхущIафэхэр; «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гупсэщ» проектыр зэрекIуэкIар; «Панорама культурной жизни черкесской диаспоры» тхылъыщIэр къызэрыдэкIар; Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ щрикъу махуэр зэрекIуэкIынум зыхуэгъэхьэзырыныр; хэхэс адыгэхэм я щIалэгъуалэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыным и Iуэхур; ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупыр 2020 гъэм зэлэжьыну Iуэхугъуэхэр убзыхуныр, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Псым и махуэ
2020-03-24
- ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа и зэхыхьэм гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу щагъэуващ.
- ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм иужьрей лъэхъэнэм хуабжьу щытопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейм щысхьын, хуэсакъын зэрыхуейм. Абы ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ «Псым и махуэ» зыфIащари.
- ТкIуаткIуэ телъыджэр псэхэлъхьэжу зэрыщытым дэтхэнэ зыри дыщыгъуазэщ. АрщхьэкIэ, абы езым къилэжьыж хуэфащэ гулъытэ хуэтщIыжыфу пIэрэ?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Я лъахэгъухэм къагъэхьа тхыгъэхэр
2020-03-24
- Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм и библиотекэм щрагъэкIуэкIащ «Письма огненных лет» зэхыхьэр. Ар я жэрдэмщ Бахъсэн щIыналъэм и централизованнэ библиотечнэ системэмрэ республикэм и лъахэхутэ музеймрэ, Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэр щIыгъуу.
-
- ЗэIущIэм хыхьэу къуажэдэс щIалэгъуалэм папщIэ зэхуахьэсащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм къагъэхьа письмохэм траха сурэтхэр.
- «Сабийхэм Iэмал яIащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я письмо телъыджэхэм — къэхъуа Iуэхугъуэхэм, гурыгъу-гурыщIэхэр щызэхуэхьэсахэм — зыхагъэгъуэзэну. Тхыгъэхэм щызэхуэхьэсащ тхыдэм и пэжыр, ныбжьыщIэхэр зыкIэлъыплъыну, зэджэну, зэIусэну Iэмал яIахэр, езы зауэлIхэм ятха тхыдэм. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, дэтхэнэ унагъуэми зауэм фэеплъ къыщигъэнащи, ди къэралым ар зыщигъэгъупщэ хъунукъым. Хэку зауэшхуэм и зэманым щыIа тхыгъэхэр — лIыхъужьыгъэм, лIыгъэм, хэкупсагъэм я тхылъщ», — жиIащ Бахъсэн район ЦБС-м и унафэщI Нэгъуей Радимэ.
- Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну икIи яфIэфIу едэIуащ, еплъащ икIи еджащ выставкэм хагъэхьа письмохэм. ПIалъэ кIэщIми, сабийхэм блэкIа зэманым зыхагъэгъуэзащ, зауэ псалъэм и дыджагъыр зыхащIэу.
-
- ЧЫЛАР Аринэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Рэмэдан мазэр къоблагъэ
2020-03-24
- Муслъымэн псоми ди зэхуэдэ мазэ лъапIэ Рэмэданыр къоблагъэ. КъищынэмыщIауэ, гуэныхьыр щытхуагъэгъу БэрэIэт жэщ лъапIэри гъунэгъущ. Ар мэлыжьыхьым и 7-м тохуэ.
-
- Сыт бэрэIэт жэщыр зи щIысыр?
-
- ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуам) и хьэдисым къыщыкIуащ: «Шэхьбан мазэм и кум щыIэ бэрэIэт жэщыр вгъакIуэ Алыхьым фыхуэпщылIу, махуэм нэщI фIыгъ. Дыгъэр щыкъухьэжым щегъэжьауэ, а жэщ лъапIэр икIыхукIэ Тхьэм и гущIэгъур зэпыунукъым. А жэщым Алыхьым жиIэнущ: «Къыфхэт фэ тобэ къэзыхьыж? Сэ абы и тобэр къабыл сщIынущ. Къыфхэт лъаIуэ? И лъэIур хуэсщIэнущ. Къыфхэт сымаджэ? И узыр щхьэщысхынущ». Мис апхуэдэу щытынущ нэху щыху».
- НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Шэхьбан мазэм и кум Алыхьыр хоплъэ цIыхухэм я Iуэху зыIутым. Псоми я гуэныхьыр яхуегъэгъу, тхьэнэпцIхэм яхуэпщылIхэмрэ зымыгъэгъухэмрэ къищынэмыщIа».
- Аращи, а жэщ лъапIэр Тхьэм дыхуэпщылIу дгъакIуэмэ, ди насыпщ. Дигуми ди псэми къабгъэдэкIыу Алыхьым делъэIумэ, дыхуэпщылIмэ, ди лъэIур къабыл зэрыхъунум шэч хэлъкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЛIыкIуэхэм я гъащIэр
2020-03-24
- (гъэкIэщIауэ)
- Тхьэр арэзы зыхуэхъун Хьуд и ужькIэ, Алыхьым цIыхубэм ЛIыкIуэу къахуигъэкIуат Сэлихь (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр).
- Сэлихь къызыхуигъэкIуа гупым я псэупIэхэр яухуат жьыбгъэм зэтримыкъутэфын хуэдэу быдэу, Хьуд и жыIэм емыдэIуа гупыр жьыбгъэшхуэ къыкъуэуам ихьыжати. Ахэр бгъуэнщIагъым зэрыщыпсэум, абы хэлъ бжэхэр зэрыхьэлъэм щхьэкIэ я гугъэт жьыбгъи, псыи, зыри зэран къахуэмыхъуфыну. АрщхьэкIэ, Алыхьым и къарум пэлъэщын щыIэ?!
- Шэч хэмылъу, Сэлихь къызыхуигъэкIуа гупым Алыхьыр къахуэупсат мылъкушхуэкIэ, абыхэм я куэдт бгыхэри, псыхъуэхэри, къэкIыгъэхэри, псэущхьэхэри.
- Мылъкум зи щхьэр игъэунэза гупыр техьащ гъуэгу мыгъуэу нэхъапэм Хьуд и гупыр зытетам. Абыхэм ящыгъупщащ Алыхьыр икIи хуэпщылIу щIадзащ тхьэнэпцIхэм. Апхуэдэу щыхъум, абыхэм Алыхьым яхуигъэкIуащ Сэлихь ЛIыкIуэр, Алыхьым и закъуэныгъэмрэ и арэзыщIыныгъэмрэ къыхуриджэнхэу. ЛIыкIуэм а къалэныр игъэзэщIащ еш имыIэу. Алыхьым и закъуэныгъэм ахэр ЛIыкIуэм къыхуриджащ илъэс 70-кIэ. АрщхьэкIэ, абыхэм зыри зэхахыну хуеякъым, уеблэмэ, ЛIыкIуэр яукIыну мурад ящIащ. Апхуэдэу щыхъум, Сэлихь зы бгъуэнщIагъ гуэрым деж защыщигъэпщкIуащ джаур бзаджащIэхэм. Ар абдеж щыжеящ илъэс 40-кIэ. Къэушыжу гупым щахыхьэжам, и къалэным адэкIи щыпищащ. ЛIыкIуэм цIыхухэр Алыхьым и закъуэныгъэм къыхуриджэхукIэ, бзаджащIэхэр зыхуэпщылI тхьэнэпцIхэм ящыщ зы къутэрт. Алыхьыр зэрыгубжьам ипкъ иткIэ, а гупым я бзылъхугъэхэри мылъхуэж хъуащ, уеблэмэ, къэкIыгъэхэри щымыIэж хъуащ. А псори я нэгу щIэкI пэтми, джаурхэм Iиман къахьыртэкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
2020-03-24
- 1. Iэ сэмэгумкIэ ушхэныр хьэрэм?
Сыт хуэдэ упщIэм и жэуапри КъурIэнымрэ хьэдисхэмрэ къыщыдгъуэтынущ. Мы упщIэм теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ мыпхуэдэу: «Фи Iэ ижьымкIэ фышхэ, псы фыщефэкIи, Iэ ижьымкIэ фефэ! Сыт щхьэкIэ жыфIэмэ, шейтIаныр зэрышхэри, псы зэрефэри Iэ сэмэгуращ». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «Мэжджытым фыщыщIыхьэкIэ, лъакъуэ ижьымкIэ фыщIыхьи, сэмэгумкIэ фыкъыщIэкIыж».
Аращи, Iэ сэмэгумкIэ ушхэнри псы уефэнри хьэрэмкъым, ауэ фIыкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Хьэдис лъапIэхэр
2020-03-24
- Алыхьым нэхъ лъагъугъуей дыдэхэм яхебжэ пцIыупсхэр. Хьэдисым къыщыкIуащ: «ПцIыупсхэм яхебжэ зэхихар зыIуэтэжхэри».
-
- * * *
- Алыхьым фIыуэ илъагъуркъым дэуэн зыфIэфI цIыхухэр.
-
- * * *
- ЛIыкIуэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуам) жиIащ: «Фи Iуэхур къывэхъулIэну фыхуеймэ, фи мурадхэр хэIущIыIу фымыщI. Шэч хэмылъу, фыгъуэ зимыIэ щыIэкъым».
-
- * * *
- Тхьэр арэзы зыхуэхъуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Сэри согушыIэ, ауэ сыщыгушыIэм дежи, пэж фIэкIа жысIэркъым».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Тхьэмбылыфэу зэщIоблэ
2020-03-24
- Ираным и къалэ Шираз дэт «Насир ал-Мулк» мэжджытышхуэр 1888 гъэм яухуащ. Ар адрей мэжджытхэм къащхьэщокI и кIуэцIыр мывэ зэмыфэгъухэмкIэ къызэрыращIыкIамкIэ. Абы «Мэжджыт тхьэмбылыфэкIэ» йоджэ. Дыгъэ къыщепсым деж мэжджытым и кIуэцIыр тхьэмбылыфэу зэщIоблэ, и теплъэ гъуэзэджэр псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ.
- Мэжджытыр яухуащ илъэсипщIым къриубыдэу. Ар апхуэдизу ин дыдэкъым, ауэ нэхъ дахэ дыдэу дунейм тетхэм ящыщщ. Пщэдджыжь нэмэзыр а мэжджытым зэ щызыщIам зэи щыгъупщэнукъым абы и теплъэ дахэр. Абы халъхьа абдж, мывэ зэмыфэгъухэм дыгъэ бзийр щыхыхьэжкIэ, ихъуреягъыр зэщIолыдэ. Мэжджыт пщIантIэм дащIыхьащ бассейн, абы бдзэжьей щагъашхэ. Мэжджытым и теплъэр зрагъэлъагъун къудей щхьэкIэ, дуней псом къикIыу туристхэр къокIуэ мы къалэм.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мэлыжьыхьым и нэмэз щIыгъуэхэр
2020-03-24
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Мусулъымэнхэм я IуэхущIапIпэм къыдитащ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Куэдым къела унэ лъапIэ
2020-03-24
- Хъыбарышхуэ иIэщ Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Ислъэмей къуажэм 1910 гъэм дащIыхьауэ щыта, цIыху щитIым нэблагъэ зыщIэхуэ мэжджытым. Кавказ Ищхъэрэм мэжджыт япэу дащIыхьар аращ. Ар иригъэщIауэ щытащ а къуажэм щыпсэуа Бещтокъуэ Iэсхьэд.
-
- Мы къуажэм дэсащ Iэсхьэд хуэдэу Алыхьым псэ хьэлэлу хуэлэжьа цIыху куэд: Лъэкъуэщо ХьэцIыкIу, Шыгъэлыгъуэ Хьэчим, Къардэн Чэрим, Къылъшыкъуэ Iэлисэхь, Шэшэн Хьузер, Пыхь Къасым, Бэрэздж Мыхьмуд, Мэремыкъуэ Iэлисэхь, ХьэцIыкIу Машэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
- 1937 гъэм динырылажьэхэр лъэужьыншэу ягъэкIуэду, мэжджытхэр щIым щыщ ящIу щIадзащ.
- ИщхьэкIэ къезбжэкIахэм ящыщу Къардэн Чэрим къыщалъхуар Псыхъурей къуажэрат. Абы и унэм щыщ зы пэш хихауэ, сабийхэр ислъам диным щыхуригъаджэрт. А зэманым ар шэ къэуэжти, ди адэр дашри, Сыбыр щагъэтIысащ. Ауэ щыхъукIи и суди ящIакъым, илъэс 15-кIи щысащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|