ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2020

КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэувар утыку кърашэ

2020-03-17

  • УФ-м и Суд Нэхъыщхьэм и Уна­фэщIым и япэ къуэдзэ Серков Пётр УФ-м и Президентым 2020 гъэм мазаем и 20-м къыдигъэкIа УказымкIэ ­КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу игъэува Багъэтыр Олег и лэжьэгъухэм я пащхьэ къришащ.
  • Мы Iуэхум кърихьэлIат КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В., КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., ­КъБР-м къегъэщIылIа генеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Т. Э., кассацэ, апелляцэ суд зыбжанэм я унафэщIхэр, Ингуш Республикэм, Къэ­рэшей-Шэрджэс Республикэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм, Шэшэн Республикэм я Суд Нэхъыщхьэхэм, ­КъБР-м и Конституцэ Судым, КъБР-м и Арбитраж Судым я унафэщIхэр, хабзэхъумэ органхэм я щIыналъэ управленэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
  • КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и Уна­фэщIу щIэуэ ягъэувар къызэхуэсахэм щаригъэцIыхум, Серков Пётр жиIащ ар зыпэрыува лэжьыгъэм зэрыхуэIэкIуэ­лъакIуэр, щIэныгъэ нэс зэриIэр.
  • КIуэкIуэ К. В. КъБР-м и Суд Нэхъы­щхьэм и УнафэщIым и къулыкъум пэрыувам ехъуэхъуащ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэнатIэр тэмэму ирихьэкIыну, къыпэщыт къалэнхэм ехъулIэну, къыхуагъэфэща дзыхьыр нэгъэсауэ ­къигъэпэжыну.
  • «Я лэжьыгъэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр хэмылъми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и судыщIэхэм къапэщыт къалэнхэр тэмэму зэрырахьэкIынур ди фIэщ мэхъу. Ар куэдкIэ елъытащ дэтхэнэри нэфI-ней хэмыту и IэнатIэм зэрыбгъэдэтым, хабзэм и мардэхэм ткIийуэ зэрытетым, гущIэгъурэ цIыхугъэрэ зэрыхэлъым», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
  • А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Серков Пётр щхьэхуэу хуэзэри епсэлъащ. КъБР-м и Iэтащхьэм УФ-м и Суд Нэхъыщхьэм и унафэщIхэм я гулъытэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ икIи судыщIэхэм республикэм и унафэщI­-хэр хабзэ лъабжьэ быдэм тету ядэлэ­жьэну зэрыхьэзырыр къыхигъэщхьэхукIащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэр даIыгъ

2020-03-17

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэпэм и 12-м зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы депутатхэр щыхэплъащ «Къэрал унафэр зэрызэрагъакIуэ Iуэхугъуэ щхьэ­хуэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ» Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэм и IуэхукIэ УФ-м и Законым.

  • ЗэIущIэм псом япэу щыхахащ Бахъсэн районым и суд IуэхущIапIэ №5-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и ­къулыкъум Молей Расул, Дзэлы­къуэ районым и суд IуэхущIапIэ №3-м — Щэрдан Чэрим.
  • ИужькIэ зэIущIэм Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къыщаIэтар къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КIуэкIуэ К. В. КъБР-м Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ ирегъэкIуэкI

2020-03-17

  • Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
  • ЗэIущIэм щыхэплъащ республикэм жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ хабзэмрэ къыщызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ властым и республикэ, муниципальнэ органхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.
  • КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ щIыпIэ унафэр зезы­гъакIуэ органхэр цIыхухэм зэпымыууэ зэрапыщIар, ахэр зыхуэныкъуэхэм нэгъэсауэ зэрыщыгъуазэр икIи щIэпхъаджащIэхэм я мурадхэр къызэпыудыным и лъэныкъуэкIэ профилактикэ Iуэхухэр нэхъ тэмэму зэрыдагъэкIыфынур. Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэу къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ террорым пэщIэтынымкIэ муниципальнэ комиссэхэм я лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн зэрыхуейм.
  • А псоми къадэкIуэу жылагъуэхэм я Iэтащхьэхэм къапэщыт къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ цIыхухэм я правовой зэхэщIыкIыр къэIэтыныр, щIалэгъуалэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуныр. Куэд елъытащ цIыхухэр лэжьапIэкIэ къы­зэрызэгъэпэщам, абыхэм я псэукIэм.
  • ЗэIущIэм къыщагъэлъэгъуа Iуэхухэм ятеухуа докладхэр ящIащ КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ З. Къ., КъБР-м щыIэ МВД-м и полицэм и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Р. Хь., ­Бахъсэн, Май, Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж районхэм, Налшык, Прохладнэ къалэ округхэм я щIыналъэ администрацэхэм я ­Iэтащхьэхэр.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэбзэм и гъащIэм къыпызыщэну Iэмалхэр

2020-03-17

  • Гъатхэпэм и 14-м, Адыгэ тхыбзэм и махуэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ Налшык щекIуэкIащ.

  • Абы хэтащ Тырку, Иордание, Сирие къэралыгъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр респуб­ликэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр. Израилымрэ Европэмрэ видео­зэпыщIэныгъэкIэ лэжьыгъэм хэтащ (коронавирусым и зэранкIэ щыпсэу къэралхэм кърагъэкIакъым).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2020-03-17

  • Гъатхэпэм и 17,
  • гъубж
  • Адыгэ Республикэм и парламентаризмэм и махуэщ
  • 1770 гъэм Ингушыр Урысей къэралыгъуэм хагъэ­хьащ.
  • 1805 гъэм Дельпоццэ Иван Къэбэрдейм пристав нэхъыщхьэу къагъэкIуащ.
  • 1845 гъэм хьэфэтегъэкI къызэригупсысам, ар зэри­щIам щыхьэт техъуэ тхылъ инджылыз щIэныгъэлI Перри Стивен къратащ.
  • 1918 гъэм къызэIуахащ Тэрч щIыналъэм ис лъэпкъхэм я II съездыр.
  • 1960 гъэм дынейм щыяпэу Японием и тыкуэнхэм къы­щIалъхьащ щхъуэкIэплъы­кIэу тхэ фломастерхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Анэдэлъхубзэр зи гупсэхэр

2020-03-17

  • Бэрбэч ХьэтІутІэ и цІэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекІуэкІащ хамэщІ къикІыу Хэкужьым еджакІуэ къэкІуа  адыгэ  щІалэгъуалэм  я   пшыхь гъэщІэгъуэн. Адыгэ тхыбзэм и ма­-хуэм ирихьэлІэу къызэрагъэпэща ­концертым и утыкур зыгъэбжьыфІахэм я адэжьхэм я бзэм шэщІауэ иримыпсэлъэфми, зэрыхэкупсэм, зы­щыщ лъэпкъым гукІэ зэрыхуэгъэзам узыІэпишэрт.

  • «Тыркум, Сирием, Иорданием къикІауэ ди университетым щІэныгъэрэ ІэщІагъэрэ щызэрагъэгъуэту адыгэ еджакІуэ 60-м нэблагъэ щІэсщ, — жеІэ ЦІыпІынэ Аслъэн и цІэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэмкІэ центрым и унафэщІ, ­филологие щІэныгъэхэм я кандидат Езауэ Мадинэ. — Адыгэбзэр зэзыгъэщІэну хуей ди лъэпкъэгъу щІалэгъуалэм ­папщІэ Центрым къыщызэдгъэпэщауэ курс щхьэхуэхэр диІэщ. Еджэным къы­дэхуэу щахущІыхьэ зэманым ирагъэхьэлІэри, бзэр зэрагъэщІэну цІыху 28-рэ къокІуэ. Абыхэм ядолажьэ ­ады­гэбзэмрэ литературэмкІэ кафед-рэм и егъэджакІуэхэр. Иджыпсту дыкъыздэсам и гугъу пщІымэ, еджэкІэрэ тхэкІэрэ зымыщІэ абыхэм яхэткъым, ауэ, нэхъ дызыщыгуфІыкІыр аращи, ахэр  адыгэбзэкІэ  я  ныбжьэгъухэм  еп­сэ­лъылІэну, бзэр ягъэшэрыуэну иужь итщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къармэхьэблэ къикIахэр япэ йощ

2020-03-17

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIа­лэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, ХьэтIохъущо­къуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр я дэIэпыкъуэгъуу ирагъэ­кIуэкI республикэпсо адыгэбзэ зэпеуэм и финал Iыхьэр иджыблагъэ зэхэтащ. КъыжыIапхъэщ проектым ЩIалэ­гъуалэ IуэхухэмкIэ щыIэ къэрал агентствэм къызэригъэ­пэща зэхьэзэхуэм и гулъыти зэригъуэтар.
  • Иужьрей джэгум щызэрихьэлIат Къармэхьэблэ къуа­жэм Къамбий Мухьэб и цIэр зэрихьэу дэт школ №1-м ще­джэхэмрэ Инарыкъуей жы­лэм дэт ку­рыт еджапIэм щIэс­хэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Театрым къыхуигъэщIа Юсупов Хьэмид

2020-03-17

  • Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и актёр, илъэс 55-рэ хъуауэ гъуазджэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ Юсупов Хьэмид и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ.
  • Щэнхабзэм зэрыхуэлажьэ зэманыр къызэщIэпкъуэжмэ, Юсупов Хьэмид роль нэхъыщхьэу 50-м щIигъу къехъулIащ. Щепкин Михаил и цIэр зезыхьэ училищэм щыщIэсам къыщыщIэдзауэ, абы лIыхъужь нэ­хъы­щхьэхэм я ролхэр дзыхь къыхуа­щIырт. Къэбгъэлъагъуэмэ, Шекспир Уильям и тхыгъэм къытращIыкIа «Отелло» спектаклыр диплом лэжьыгъэу щагъэувым, лIыхъужь нэхъы­щхьэм и роль гугъур абы къызэрылъагъэсар гъэщIэгъуэнкъым.
  • Езы Хьэмид зэрыжиIэмкIэ, училищэм и япэ курсхэм зэрыщIэсрэ а ролым щIэхъуэпсырт, и ныбжькIи, сценэм щиIэ зэфIэкIымкIи ар хуэмы­фащэу къилъытэжми. «Отелло» ­спектаклыр диплом лэжьыгъэу ягъэу­­вы­ным Хьэмид и фIыгъэ мымащIи хэлъщ. Япэрауэ, Шекспир и пьесэр балъкъэрыбзэкIэ щыIэтэкъым. Юсуповыр Кулиев Къайсын елъэIуащ тхыгъэр балъкъэрыбзэм къригъэзэгъэну икIи къигъэщIэхъуакъым. УсакIуэ цIэрыIуэм ар фIы дыдэу къехъулIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БаIуэ нэхърэ-бащIэ

2020-03-17

  • Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, ды­гъуа­сэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар — илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъу­саныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щы­щIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ — ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ ­игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.

  • Пэжщ, лэжьыгъэ щхьэхуэ гуэрхэри утыку къыщрахьаи щыIэщ, арщхьэкIэ а еплъыкIэхэм къызэщIау­быдэр залэт, языныкъуэхэри псалъэухам щыхэбухуанэкIэ, хэмызагъэу къыхэпкIыжырт. Термин зы­къомри урысыбзэм къызэрыщагъэсэбэпым хуэдэу, къызэрыгуэкIыу зэрадзэкIа къудейт («калькэ»). Ап­хуэ­дэу Iуэхум убгъэдыхьэмэ, езы «термин» псалъэм и купщIэм изагъэртэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Удзыфэхэм» я унафэщI УнащIэ Джем

2020-03-17

  • Хамэ щIыпIэ цIэрыIуэ ­щыхъуа адыгэхэм язщ Германием и жылагъуэ лэ­жьакIуэ цIэрыIуэ, «Удзы­фэхэм я парт» зэгухьэныгъэм ­щы­­па­­шэ Оздемир (УнащIэ) Джем.
  • ДЖЕМ и адэ Абдулыхь ­Къайсэр вилайетым къыщыхъуа къэбэрдей адыгэщ, и анэр — тыркущ. XX лIэщIы­гъуэм и 60 гъэхэм Тыркум иIэпхъукIыу ФРГ-м щытIысахэм ящыщщ щIалэм и адэ-анэр. Езыр къыщыхъуар Германиерщ, нэмыцэбзэкIэ, тыр­кубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ хуиту мэпсалъэ. Егъэ­джэныгъэмрэ журналистикэмрэ ­епха IэщIагъэ зригъэгъуэта нэужь, ар и IэщIагъитIми ­ирилэжьащ, Тыркум икIауэ нэмыцэхэм яхэсхэм ятеухуауэ тхылъ зыбжанэ итхащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КIуэкIуэ Джэмалдин ягу къыщагъэкIыж

2020-03-17

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зе­зыхьэ Лъэпкъ къэрал библиоте­кэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ ­фIы­уэ зылъагъухэм ­папщIэ къы­щызэ­рагъэпэща «Гум и макъ» клу­бым хэтхэм я зэхыхьэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ КъБР-м щIэ­ныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ, филологие щIэ­ныгъэхэм я доктор КIуэкIуэ Джэмалдин къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум. ЗэIущIэр и жэрдэмщ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэ.

  • Фэеплъ зэхыхьэр щекIуэкI пэ­шым щагъэуващ «Бескорыстное служение науке» тхылъ дапхъэр. Абы хагъэхьащ КIуэкIуэ Джэмалдин и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр. Зэхы­хьэм хэтхэм гъэщIэгъуэн ящы­хъуащ 1966 гъэм КIуэкIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Кабардинские географические названия» лэ­жьы­гъэр. Дауи, щIэ­щы­гъуэщ ущалъхуа щIыналъэм и фIэщыгъэцIэхэр: щIыпIэцIэхэр, цIэ-унэцIэхэр, лъэп­къыцIэхэр, мифологием, уэгум ит пкъыгъуэхэм, къэхъукъа­щIэ­хэм зэреджэхэр. Абы­хэм къызэ­щIаубыдэ лъэпкъым и къе­кIуэ­кIы­кIам, и хабзэм, и щэнхабзэм я нагъыщэ куэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛIыхъужьхэм ятеухуа напэкIуэцIыщIэхэр

2020-03-17

  • «Герои 115-й кавалерийской диви­- зии» фIэщыгъэ иIэу дунейм къы­те­хьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ветеранхэу милицэм и полковник Шипилов Валерийрэ къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Щоджэм Залымджэрийрэ къы­дагъэкIа томитI хъу тхылъыщIэр.

  • Тхылъхэр хухэхащ Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэж­ьа­кIуэхэу Хэкур нэмыцэ-фашист зэрып- х­ъуакIуэхэм ящыхъумэным зи гуащIэ хэ­зылъхьахэм, апхуэдэуи правительствэм и дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм.
  • НапэкIуэцI 720-рэ хъу къыдэкIыгъуэм къы­зэIуех тхыдэм и зы напэкIуэцI гъэщIэгъуэн. Ар теухуащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыпсэухэр, 115-нэ шу дивизэм хэту, зэрапхъуакIуэхэм зэрапэщIэтам, топсэлъыхь абы и лIыхъужьхэу ди Хэкум и ­хуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ зыхъу-махэм.
  • УЭРДОКЪУЭ  Женя.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ещанэ увыпIэм ирогуфIэ

2020-03-17

  • Иджыблагъэ Черкесск къалэм ще­кIуэкIащ Урысей гвардием и Кавказ ­Ищ­хъэрэ щIыналъэ округым дзюдомкIэ и зэпеуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыб­гъэ­­дэкIыу абы хэта полицэм и лейтенант Мэш Рустам ещанэ увыпIэр къыщихьащ а зэхьэзэхуэм.

  • Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и спортсмен нэхъ лъэрызехьэ дыдэу 90-м щIигъу зыхэта зэпеуэм ди щIалэм къы­щыхуа­гъэфэща саугъэ­тымрэ домбеякъ медалымрэ къритыжащ Урысей гвардием КИФЩI-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, генерал-лейтенант Майстренкэ Владимир.
  • «Си насып къикIащ — Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и ныпым сыщIэту зэпеуэшхуэм сыхэтащ. Ар щIыхьышхуэщ», — жиIащ Мэш Рус­там, зэIущIэм къы­щып­салъэм.
  • Фырэ  Анфисэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэралым и чемпионатым къыщыхожаныкI

2020-03-17

  • Чебоксары къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ самбэмкIэ Урысейм и чемпионат. Зэхьэзэхуэм и медалхэм щIэбэнащ щIыналъэ 70-м икIа спортсмен 600-м щIигъу.

  • Зи хьэлъагъыр килограмм 74-м нэблагъэхэм я гу­пым щыбэна КъБР-м щыIэ УФСИН-м и лэжьакIуэ Къущ­хьэ Андемыркъан чемпионатым и домбеякъ медалыр къихьащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомрэ самбэкIэ и школым и гъэсэн Къамбий Аслъэни зэхьэзэхуэм ещанэ ­увы­пIэр къыщихьащ. Зи хьэлъагъыр килограмми 100-м щIигъу спортсменыр Мэзкуу къалэм и цIэкIэ утыку къохьэ.
  • КЪЭХЪУН  Бэч.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Емкъуж Мухьэмэд и гъэсэным и текIуэныгъэ

2020-03-17

  • Тюмень къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 61-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъу щIалэ, хъыджэбз цIыкIуу 500-м щIигъу.

  • Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм алэрыбгъум къытехьащ ­килограмм 66-м нэблагъэхэм я гупым щыбанэ Мисиров Исмэхьил. ЗэкIэлъхьэужьу текIуэныгъиплI къэзыхьа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменыр финал зэIущIэм щебэнащ Краснодар крайм къикIа Бурмистров ­Александр. И хьэрхуэрэгъум еплIанэ дагъуэ къыхуащIа нэужь, судьяхэм Мисировыр текIуауэ къалъытащ.
  • Спортсменыр егъасэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Ем­къуж Мухьэмэд.
  • ЖЫЛАСЭ  Замир.

Зыхыхьэхэр: Хэха