ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэ

2020-03-11

  • Налшык дэт Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэм «Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ унафэ къыщащтащ.

  • ТХЫЛЪЫМ ират мыхьэнэми цIыхум дунейр зэрызэригъэцIыху Iэмалхэм я зэхуаку абы щиIыгъ увыпIэми гу лъыптэу щыкIэры­хуащ Урысей Федерацэми Кавказ Ищхъэрэми. Ауэ щыхъукIэ, тхылъырщ зыхъумар зызыузэщIа цIыхупсэм икIуа ­гъуэгуанэр, ар лъэпкъыу щыIэр дунейпсо цIыхубэу зэрыубы­дыным хуэу­нэтIауэ зэрыщытыр.
  • ЦIыху бжыгъэшхуэ зэрымыс Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм тедзапIэ хъарзынэхэр къыщызэрагъэпэщауэ къокIуэкI. ЩIэ­ныгъэм зегъэужьын, лъэпкъхэм ябгъэдэлъ щэнхабзэр къэрал утыкум ихьэн IуэхумкIэ я къалэныр зыхуей хуэзауэ ягъэзащIэ абыхэм.

  • БгъущI гъэхэм екIуэкIа зэхъуэ­кIыныгъэхэр тхылъ еджэнми те­дзэнми IейкIэ къызэрыхэIэбам псори щыгъуазэщ. Къалэ уэрам­хэм тхылъ щащэ тыкуэнхэр ­тебзэхыкIащ. Тхылъ хъумапIэ унейхэр зэрагъэпэщу, ныб­жьэгъу­хэм тхылъ тыгъэ хуащIу щыщыта зэманыр щыIэжкъым.
  • ИтIани, тхылъыщIэхэм я гъэ­лъэ­гъуэныгъэхэм щыболъагъу ныбжь зэхуэмыдэхэм ит цIыхухэм щIэныгъэ къызэралъыхъуэр, тхы­лъыфIхэм зэрыщIэупщIэр. И чэзу къэсауэ долъытэ Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ тхылъ тедза­кIуэхэм я жэрдэмхэр зэрагъэуIуу, зэгъусэу УФ-м и щэнхабзэ утыкум зэрихьэну щIыкIэр яубзыхуну.
  •  Апхуэдэ гупыж ищIащ «Серло» Шэшэн тхылъ тедзапIэм и унафэщI Матаев Анзор. Абы и жэрдэмыр Налшык щыщ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ, дагъыстэн тедзапIэхэм я унафэ­щIхэу Гаджиев Марат, Магомедов Рабадан, Кураховэ Хадижат, Ниналов Саид, «Ир» осетин те­дзапIэм и унафэщIхэу Таутиев Казбек, Техов Тамерлан сымэ даIыгъащ.
  • Налшык щекIуэкIа зэIущIэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ тхылъ тедзапIэхэм я унафэщIхэр зэгурыIуащ Кавказ Ищхъэрэр туризм и лъэныкъуэкIэ узыIэ­пы­зышэ ящIыным, лъэпкъ щэнхабзэ гъэщIэгъуэнхэр зэры­щызе­кIуэр къагъэлъэгъуэным, щIы­пIэм фэфI кърырагъэп­лъыным къару трагъэкIуэдэну. Псалъэм папщIэ, кавказ республикэ къэс тепсэлъыхь лъахэхутэ гъуэгугъэлъагъуэхэр, «Кавказ лъэпкъхэм я хабзэхэр» и фIэщыгъэу брошюрэ зыбжанэ, апхуэдэцIэ зезыхьэ альбомхэр, «Кавказ Ищхъэрэр революцэм и пэкIэ» зыфIаща сурэткIэ гъэщIэ­рэщIа тхылъ гуп къыдагъэкIыну я мурадщ.
  • Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэм Мэхъэчкъалэ ще­кIуэкIыну «Тарки-Тау» бжьыхьэ тхылъ бэзэрым урысейпсо гулъытэ къызэрыришэлIэным елIэлIэну зегъэхьэзыр. Гупыж ящIащ щIыналъэм и унафэщIхэр зыдагъэIэпыкъуу, микроавтобус зыIэ­рагъэхьэу, Дагъыстэн, Шэ­шэн, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм къыщыдагъэкIа тхылъхэр Кавказ Ищхъэрэ псом щызэбгрырагъэшыну.
  • Зэгухьэныгъэм Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, зэры-Кавказу къызэщIиубыдэну и мурадщ, сыту жыпIэмэ, ди щIыналъэм къыщыдагъэкI тхылъхэм Кавказ АдрыщIми къыщыщIэупщIэ щы­Iэщ.
  • КОТЛЯРОВ  Виктор.