ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэм зэрызахуигъазэр

2020-03-07

  • ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ!
  • Мы гъэм илъэс 76-рэ ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм къыщыхъуа нэхъ гузэвэгъуэшхуэхэм ящыщ зыр. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ ирагъэкIри, Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ягъэкIуауэ щытащ. Ялэжьа апхуэдэ хабзэншагъэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ипэ къихуэу балъкъэр лъэпкъым сыхуэгузэвэну сыхуейщ апхуэдэ гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэр, хэщIыныгъэ инхэр зэригъуэтам къыдэкIуэу. Балъкъэр лъэпкъым щIыгъуу, а гузэвэгъуэр я гум къоуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми. Псоми ди зэхуэдэ тхыдэм а и напэкIуэцIыр зыщыдгъэгъупщэну дэ дыхуиткъым.
  • Гузэвэгъуэ хьэлъэхэмрэ гуауэхэмрэ балъкъэрхэр къы­зэфIагъэщIакъым. Къэралым ис адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу, ахэр Хэку зауэшхуэм и фронтхэм лIыхъужьыгъэ яхэлъу адэкIи щызэуащ, щхьэмыгъазэу тылым щылэ­жьащ, зауэ нэужьым цIыхубэ хозяйствэр зэтегъэувэ­жы­нымрэ абы зегъэужьынымрэ зэфIэкIышхуэ ирахьэлIащ. Илъэс пщыкIущ дэкIауэ къагъэзэжри, балъкъэрхэр гъащIэщIэ ухуэным жыджэру пэрыувэжащ. ЗэфIэкIрэ тегушхуэныгъэрэ яхэлъу абыхэм нобэ ехъулIэныгъэ инхэр къыщагъэлъагъуэ социальнэ, экономикэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм зегъэужьыным.
  • Балъкъэр лъэпкъым, зэрыщыту Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъ псоми я къэкIуэнур зэрыдахэр, республикэм и ефIэкIуэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ я шэсыпIэу щыт ди зэкъуэтыныгъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ мыкъутэжыну зэрыбыдэр си фIэщ мэхъу.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Яшэрт, здашэр ямыщIэу

2020-03-07

  • Илъэс 76-рэ и пэкIэ 1944 гъэм и гъатхэр тхыдэм къыхэнащ советыдзэхэм Хэку зауэшхуэм и IэнатIэ псоми къыщахьа ехъулIэныгъэ инхэмкIэ. Ди зауэлIхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжат Совет Союзым щыщу иубыда щIыналъэхэм я нэхъыбэр. Псоми къагурыIуат текIуэныгъэр зэрымыжыжьэжыр. Ауэ ар икIи уващ игъащIэ лъандэрэ ди гъусэу къэгъуэгурыкIуэ балъ­къэрхэр щыпсэу щIыналъэм щраша зэману. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ящIами, абы лъабжьэ гуэри иIэтэкъым, бийм къызэримыгъэзэжынур белджылы къэ­хъуауэ зэрыщытам къыхэкIыу. Нацистхэм ядэлэжьа, лей зезыхьа яхэтами, зэдэщIэкIыу лъэпкъ псор бзаджащIэу къыщIебгъэдзыныр цIыхугъэм къемызэгъ егъэ­леиныгъэт. АрщхьэкIэ псори ябзри ядыжакIэт.
  • Гъатхэпэ мазэм зэрыщIидзэу балъкъэр къуажэхэм дыхьащ ди зауэлIхэр зэрыс «студебеккерхэр». ЖаIащ я узыншагъэмрэ къарумрэ зэфIагъэувэжын, жьы къабзэ­кIэ ягъэбэуэн папщIэ ахэр къашауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ Iуэрытхым зэхуешэс

2020-03-07

  • Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу иджы илъэс етIуанэ хъуауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэрегъэпэщ адыгэ Iуэрытхыр (диктантыр).

  • Дыгъуасэ ар щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэмрэ. Iуэрытхым хэтащ зи лъэпкъыбзэм хуэфащэ пщIэ хуэзыщIхэр, зи зэфIэкI зыгъэунэхужыну гукъыдэж зиIэхэр, IэщIагъэ, къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэр. Псалъэм къыдэ­кIуэу жыпIэмэ, КъБКъУ-м диктант щызытхахэм яхэтт профессорхэр, егъэджакIуэхэр, журналистхэр, актёрхэр, режиссёрхэр, студентхэр, еджакIуэхэр, адэ-анэхэр.
  • Абы кърихьэлIахэм къызэрыхагъэщащи, апхуэдэу зэуIуу Iуэрытх тхыным лъэпкъым иджыри зэ зыхригъэщIэнущ ди бзэм и лъапIагъыр, ар хъумэным, зегъэужьыным хуэтщI гулъытэр, анэдэлъхубзэм иIэ мыхьэнэр.
  • Лъэпкъым и бзэр и псэщ жаIэ. Зи анэдэлъ­хубзэм и фIагъыр зыгъэлъэгъуэф, зи Iэза­-гъыр утыку къизыхьэф куэд къызэрызэхуэсар гуапэт. Апхуэдэуи адыгэ Iуэрытхыр гъатхэпэм и 6-м щекIуэкIащ Мейкъуапэ, Черкесск, Ставрополь, Мэздэгу, Москва, хамэ къэрал зыбжанэм.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Балъкъэрхэр зыпсыхьа гущIэгъуншэ илъэсхэр

2020-03-07

  • 1944 ГЪЭМ и гъатхэпэм и 8-р балъкъэр лъэпкъым и махуэ мыгъуэщ. А  махуэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и уна­фэкIэ балъкъэрхэр залымыгъэкIэ хэкум ирашри, Къыргъызым, Къэзахъстаным яшауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэху гуауэр зэфIэгъэкIыным къы­хашат генералитху, къэ­рал шынагъуэншагъэм и комиссаритI, цIыху мин 21-рэ зыхэт НКВД — НКГБ-м и гупышхуэ. Ар зраутIыпщар ягъэIэпхъуэ цIыху мин 38-рт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы сэлэт е зы офицер цIыхубзитIым е сабиитIым хуэзэрт. А сэлэтхэм я нэхъыбэр хэтат къэрэшейхэр, къалмыкъхэр, шэ­шэнхэр, ингушхэр щыдашми. Балъкъэрхэр я хэкум игъэкIын Iуэхур и пщэ дэлъхьат генерал-майор Пияшев И., абы и къуэдзэт генерал-майор Сладкевич М., щIыпIэ наркомхэу Бзиавэ К., Филатов С. сымэ, а псоми я щхьэ къытетыжыр СССР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и нарком Берие Лаврентийт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛъэIу жэуапыншэ

2020-03-07

  • КИНО къагъэлъэгъуа нэужь,  къуажэ клубым къыщIэкIыжахэм Шэхьидэт яхэту щилъагъум, Мурадин абы бгъэ­дыхьэри, «Унэзгъэсыжынщ, хъунумэ», — жриIащ. «ФIыщIэ пхузощI ар уигу къы-зэрыкIам щхьэкIэ», — къыпыгуфIыкIащ хъыджэбзыр. Шэхьидэтхэ я унэр нэхъ къуа­жапщэт.
  • ФIыуэ зэрылъагъухэм зэжраIэн ягъуэтынтэкъэ?! Iэджэм топсэлъыхь, мыпхуэдэуи зэраухылIэ: «ЦIыхубзхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу къуажэ Советым докIуэри, ди нэчыхьыр идогъэтх».
  • АдэкIэ Iуэхухэр къызэрекIуэкIар Мурадин мыпхуэдэу къеIуэтэж: «Зэхуэдгъэува пIалъэр къыщысым, сыпIейтейуэ, ди къэкIуэнум сегупсысу жэщым сыздыхэлъым, хьэ банэ, цIыхубз, сабий гъы  макъхэр, автомашинэ зэщIэвууэхэр зэхызохри, уэрамым с­ыдохьэ. Солъагъу унагъуэ гуэрхэм я хьэп­шыпхэр автомашинэхэм зэрыралъхьэр, сэлэт зыбжани, фочхэр яIыгъыу, гъунэгъуу зэрыщытыр.
  • Гузэвэгъуэм срехужьэри, Джаппуевхэ я деж сынос. Абыхэм я пщIантIэми дэтт «Студебеккер» хьэлъэзешэр. Шэхьидэтрэ и адэ-анэмрэ я хьэпшыпхэр зэщыджэу гъуэгыу автомашинэм ирагъэзагъэрт. «Сыт къэ­хъуар?», — жысIэу сащыбгъэдыхьэм, Шэ­хьидэт и нэпсхэр къелъэлъэхыу къызбгъэдохьэри, зэкIэлъегъэпIащIэ:
  • — Балъкъэрхэр дыдаш мыгъуэ, Мурадин!
  • — Ар захуагъэкъым, — жызоIэ, си макъыр Iэтауэ. — Сэлихь Дзэ Плъыжьым офицеру къулыкъу щещIэ!
  • Сэлэтхэм захузогъазэри соупщI: «Зыгуэрхэр зэхэвмыгъэзэрыхьауэ пIэрэ?» Модрейхэм си псалъэр я тхьэкIумэм ихьэркъым, «Дэ ди къалэн догъэзащIэ, зэран умыхъуу, зыIуегъэх!» — къызжаIэ. Джаппуев Мустэфа и бынунэр щыдашым, емыкIу сыкъэвмыщI, си нэпсхэр къысфIыщIэжащ».
  • Мыгувэу Джаппуевхэ я унагъуэм и цIэкIэ лъэIу тхылъ Сталиным хуагъэхьащ, Сэлихь лIыгъэ зэрихьэу зауэм зэрыщыIэр, орден лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар, офицер цIэр зэригъэпэжыр, абы и унагъуэр щIыпIэ жыжьэм зэрагъэкIуар зэрыкъуаншагъэр иту. ЛъэIу тхылъыр жэуапыншэ хъуащ.
  • Балъкъэрхэр я хэкум зэрырашрэ мазитI нэхъ дэмыкIыу, Мурадин къыIэрохьэ конвертышхуэ, пIейтейуэ къепхъуатэ, зэпеплъыхь. ГурыIуэгъуэт ар Шэхьидэт къызэ­риутIыпщар. Конвертыр зэтреудри, и цIы­хугъэ хъэтI дахэкIэ тха тхылъымпIэ напэшхуэм щIоджыкI.
  • Шэхьидэт къитхырт Къыргъызым зэрашар, хъарзынэу зэрыпсэур, Фрунзе къалэм пэгъунэгъуу щыIэ совхозым, бжьэхуц щагъэкIым, зэрыщылажьэр. ЗэфIимыгъэIуэхущэ хуэдэурэ, щIалэм къриIуэкIырт агроном нэхъыщхьэ Огъуз къыкIэрыхъыжьэу зэ­рыщIидзар, ауэ псэлъыхъу зэриIэри жриIэн хуей зэрыхъуар.
  • Мурадин и гум ежэлIащ а псалъэхэр, хъыджэбзыр IэщIэкIыпэнкIэ зэрыхъунур къыщищIэм, куэдрэ мыгупсысэу, гъуэгуанэ жыжьэм теуващ. Совхозым зэрынэсу, Мурадин лэжьыгъэ къыхуагъуэтащ: шыгу зэщIэщIа къратри, совхозым и пщафIэхэм ирагъэбыдылIащ. Арат щIалэр зыхуеиххэр: щIэх-щIэхыурэ илъагъурт и Шэхьидэт.
  • Мазэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу, Мурадин егъэджакIуэу зэрылэжьар къащIэри, сов­хозым къыщызэIуаха интернатыщIэм и унафэщIу ягъэуващ. ПсынщIэ дыдэуи Шэхьидэт а интернатым гъэсакIуэу игъэуващ.
  • Хрущёв Никитэ и хьэмтетыгъуэ зэманыр къэсащ икIи залымыгъэкIэ зи лъахэр зрагъэбгынауэ щыта лъэпкъхэр хуит хъужащ. Зэгъусэу я адэжь щIыналъэм къихьэжащ Щоджэн Мурадинрэ Джаппуевэ Шэхьи­дэтрэ. Я нэчыхьыр ирагъэтхри, бгырыс лъэпкъхэм зэрахабзэу, абыхэм хьэгъуэлIыгъуэшхуэ ­хуащIащ.
  • ЯХЭГУАУЭ  Берд.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ пщащэм и хахуагъэ

2020-03-07

  • Урыс-Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэхэм загъэ­хьэзырырт ТIуапсэ быдапIэр зэхакъутэну.
  • Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэбэр­дыкъуэ Мыхьэмэт. А зэман хьэлъэр нысашэм, хьэ­гъуэ­лIыгъуэм темыгъэпсыхьами, Хьэнифэ арэзы хъуат­ и насыпыр Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр щызэлъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм и гуащIэрэ и зэфIэкIрэ ирипхыну. Хъыджэбзым зэхихат Мыхьэмэт сымэ ягъэ­хьэзыр теуэныгъэм и хъыбар. Арати, а зэманым къекIуэ­кIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм и топ къуентхъыу къыхуишэмэ, абыкIэ арэзыуэ. Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэрти, апхуэдэ уасэм еувэлIащ…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-03-07

АдыгэлIрэ адыгэшрэ.
Сурэтыр Щомахуэ Владимир трихащ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Гъатхэмрэ хъыджэбзымрэ

2020-03-07

  • Жьыбгъэм уафэр
  • КIуэху еукъэбз…
  • Жьыуэ къэхъеяуэ,
  • Гъатхэ губгъуэм
  • Итщ хъыджэбз,
  • И ишэгъуэ хъуауэ.
  • Пщащэм и нэ,
  • И псэм хуехь
  • Гъатхэм и дахагъэр.
  • Гъатхэм и нэ,
  • И псэм хуехь
  • Пщащэм и дахагъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нысэ къызэрыхахыр

2020-03-07

  • ЛIым и къуэ нэхъыщIэм къригъэшэну мурад ищIащ. Зэманыр бжьыхьэт. И щхьэгъусэми емыупщIу, езым Iуэхур зэфIигъэкIмэ, нэхъ къищтащ. Хъарбыз бэгъуа къехъулIати, выгум тажджэ иригъэувэщ, хъарбызыр из ищIри, я гъунэгъу къуажэм кIуащ:
  • — Хъарбыз пхъэнкIийкIэ сохъуэж, жылэ махуэ хъун, хъарбыз пхъэнкIийкIэ со­хъуэж, — жиIэурэ кIийуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхьэм зы щIыпIэм щызэхуишэса?

2020-03-07

  • Ижь-ижьыж лъандэрэ къэрал зэмылIэужьыгъуэ­хэм ящыщ къэхутакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр ягъэщIа­гъуэу адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьащ. Ахэр тепсэ­лъы­хьащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэм, и акъыл жаным, ар нэхъри гуакIуэ зыщI зэрихьэ хабзэ гъэщIэ­гъуэнхэм.
  • X лIэщIыгъуэм адыгэ хэкум щыIа хьэрып географ-къэхутакIуэ Абдул-Хьэ­сэн Алий аль-Массуди итхыгъащ: «Хэгъэгуу дэ дыздэщыIахэм, къеттхэ­кIа лъэпкъхэм зыри яхэткъым адыгэхэм хуэдэу зи щIыфэр хужьрэ зи бзылъхугъэхэр дахэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гуэгушыхъужьым зегъэшэж

2020-03-07

  • Дизыкъуажэ щыцIыкIум машинэ исхэм ехъуапсэрти, куэдрэ жиIэрт: «Ин сыхъумэ, шофёру седжэнущ». Ар зэхэзыха гъунэгъу цIыхубзыр къыщыдыхьэшхащ:
  • Тхьэ уэ шофёр ухъумэ, мо ди гуэгу­шыхъужьри шофёр хъунмэ!
  • Зэман дэкIащ. Дизыкъуажэ школыр ­къиухри, шофёру еджащ.
  • Зэгуэрым ар, машинэкIэ къалэм къикIыжу, къэувыIэпIэ гуэрым и деж и гъунэгъу цIыхубзыр тету къыхуэзащ.
  • — Сыздэшэж! — и Iэ-и лъэр ищIу гъуэгум къытелъэдащ ар.
  • — Фи гуэгушыхъужьым зегъэшэж! — жиIэри Дизыкъуажэ къыблэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-03-07


  • ЕкIуэкIыу: 1. Джэдкъаз. 4. Мэл кIуэцIфэцIым къыхащIыкI адыгэ шхыныгъуэ. 5. Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ … Алим. 7. Ди гъунэгъум Iэщ … иIэщ. 8. Совет Союзым хиубыдэу щыта къалэ-лIыхъужь. 10. Си адэшхуэм … гъэщIэгъуэн куэд ещIэ. 12. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 14. … пыIэ. 15. ЩIым гъуэ куу къыщизытхъу, хьэпIацIэхэр, хьэмбылухэр зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 16. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам къыхах дагъэ. 18. Шым и кIуэкIэ. 19. Пасэрей зауэлI пыIэ. 21. Хьэцэпэцэ щаIуэкIэ гъупщым нэхърэ нэхъ щабэу къыщIокI. 24. Хьэпщхупщ шынагъуэ. 26. Мажьэ зэи хуей мыхъу цIы­хухъу. 27. ГъукIэм и Iэмэпсымэ. 28. КIыщокъуэ Алим и роман «Нал …».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха