|
Март, 2020
Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури!
2020-03-14
Зыхыхьэхэр: Хэха
Лъэпкъ тхыбзэм и махуэр «Адыгэ IуэрытхкIэ» ягъэлъапIэ
2020-03-14
Ди лъэпкъэгъуу дунейм тетым Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ гъатхэпэм и 14-м. Абы ирихьэлIэу ДАХ-м и жэрдэмкIэ ди лъэпкъэгъухэр зэуIуу зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIащ «Адыгэ Iуэрытх». Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ДАХ-м хэт хасэхэм.
-
- «АДЫГЭ Iуэрытхыр» нэгъабэ япэу ирагъэжьа Iуэхугъуэщ. Дигу къэдгъэкIыжынщи, илъэс ипэ КъБР-м мы Iуэхугъуэм хэтыну жэрдэм зыщIам я бжыгъэр цIыху минитIым щынэсырт. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрамыгугъауэ, 2020 гъэми ахэр жыджэру хэтащ Iуэрытхым. Псом хуэмыдэу цIыхушхуэ къекIуэлIащ КъБР-м а Iуэхугъуэм щыхухаха щIыпIэу КъБКъУ-мрэ Лъэпкъ библиотекэм и пэш хуитышхуэмрэ. АдыгэбзэмкIэ яхузэфIэкIыр къахутэну жэрдэм зыщIахэм яхэтт жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, газетхэм, радиом, телевиденэм я журналистхэр, нэгъуэщI куэди.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Шэрджэс хэхэсхэм я щэнхабзэ гъащIэр
2020-03-14
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм «Адыгэ хэхэсхэр: щэнхабзэ гъащIэм и теплъэгъуэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.
-
- «ПАНОРАМЭ» жыпхъэм итщ дызытепсэлъыхь тхылъыр. Абы къикIыр тхыгъэхэм нэхърэ, сурэтхэм яубыд увыпIэр зэрынэхъ инырщ. Ар къыдэзыгъэкIахэм мураду зэхуагъэувыжат ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэр наIуэ къащIыну, ДАХ-м абыхэм ядригъэкIуэкI Iуэхухэр къагъэнэIуэну, ар я щхьэусыгъуэу щэнхабзэм зыщызыубгъуа, я ехъулIэныгъэфIхэмкIэ зыщыпсэу къэралхэми зэрыдунейуи цIэрыIуэ щыхъуа адыгэхэр Урысейм щыпсэухэм ирагъэцIыхуну.
- «Гуми псэми къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI, Кавказым зэрыпэжыжьэм хуэдэу, ди лъэпкъ хабзэхэр хуэсакъыпэу зыхъумэжхэм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм лъэкI къигъанэркъым абыхэм зэрапыщIа ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ищIын, зэгъусэу зэфIахыпхъэ IуэхуфIхэр къыдихын, жэрдэмыщIэхэм япэрыхьэн папщIэ», — щыжеIэ тхылъым и пэублэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ДяпэкIи дызэкъуэтыну догугъэ
2020-03-14
- Ди газетыр япэ дыдэу къыщыдэкIар 2005 гъэм и дыгъэгъазэращ. Мазэм зэ дунейм къытехьэу къежьащи, апхуэдэуи макIуэ. «Жьынэпсыр» къыщыдэдмыгъэкIыфи къэхъуащ, атIэми илъэс 15 хъуауэ долажьэ. Тыркум щыпсэу адыгэ диаспорэм анэдэлъхубзэкIэ нэгъуэщI газет диIэкъым.
-
- «Жьынэпсым» зиужь зэпытщ. НапэкIуэцIиплIу къыдэдгъэкIащ газетыр 2016 гъэм и мэкъуауэгъуэ пщIондэ, иужькIэ ар напэкIуэцI 12, итIанэ 20 хъуащ. Иужырей мазэхэм напэкIуэцI 24-уэ дунейм къытохьэ, япэ, иужь напэкIуэцIхэр щхъуэкIэплъыкIэщ. Газетыр къыдэдгъэкIыу дыщыхуежьагъащIэм абы епха хэщIапIэ диIакъым, щIыпIэ гуэрхэм дыщызэхуэсрэ делэжьу арат. Иджы КIэдыкIуей жылэм редакцэм унэ щыдиIэщ.
- Ди корреспондентхэм я гугъу пщIымэ, абы хэхауэ хуеджа IэщIагъэлI къытхэткъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI
2020-03-14
- «Ди бзэр ди псэщ» — жаIэ адыгэхэм. Тхыбзэри аращ. Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, дыдейм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэзэджэ КIыщокъуэ Алим адыгэбзэр дэтхэнэ ди цIыхуми и гъуэгу къежьапIэу, ди лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэцIыху дамэу, адыгэр дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ, ди напщIэм телъ лъапIэныгъэу къыщIилъытар.
-
- ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 160-м щIигъуащ адыгэхэм тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Абы и щIэдзапIэу ялъытэ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыщыдигъэкIа зэманыр: 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-р. Ар и тегъэщIапIэу, ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм — 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и лэжьыгъэм хагъэхъуащ Бырсейм и ужь ита щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Бещтокъуэ Хьэбас
2020-03-14
- * * *
- Бзэр тIэщIэкIмэ,
- дылъэпкъкъым.
- Акъыл ин ухуэмей
- КъыбгурыIуэу а тIэкIур
- Утетыну дунейм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мы махуэхэм
2020-03-14
- Гъатхэпэм и 14,
- щэбэт
-
- Адыгэбзэм и махуэщ. 1853 гъэм къыдэкIащ Бырсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
- Псыежэххэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- 2004 гъэм Урысей Федерацэм президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ. Абы ипкъ иткIэ етIуанэ пIалъэкIэ а къулыкъум теувэжащ Путин Владимир.
- 1913 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, Куржымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гулиа Георгий.
- 1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
- 1976 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градус 16 — 18, жэщым градуси 7 — 8 щыхъунущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Бзэм и къару лъэщыр
2020-03-14
- Ди щIыналъэм цIэрыIуэ щыхъуа «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм жылагъуэм щиIэ мыхьэнэм куэд щыгъуазэщ. Лъэпкъ зыужьыныгъэм хуэгъэпса а проектыр 1999 гъэм къыхилъхьауэ щытащ «Адыгэ псалъэ» газетым. Зэпеуэр жыджэру къыдаІыгъащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щІэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм, нэгъуэщІ къэрал ІуэхущІапІэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр белджылы къэщIауэ гъэгушхуэныр зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
- Бзэращ лъэпкъым и псэр. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, абы и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм заужьыныр, цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр зэлъытар бзэм и къарурщ. А псори къалъытащ зэпеуэр къыхэзылъхьахэм икIи абыхэм ятещIыхьауэ яубзыхуащ и къалэн нэхъыщхьэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Адыгабзэр орэжъынч!
2020-03-14
- Адыгеим икъэлэ гупчэ просветительскэ Iофтхьабзэу «Адыгэ диктант» зыфиIорэр ятIонэрэу щыкIуагъ. Адыгабзэмрэ тхыбзэмрэ я Мафэ ипэгъокIэу адыгабзэкIэ Дунэе диктантыр гъэтхапэм и 6-м атхыгъ.Iофтхьабзэм ипшъэрылъ шъхьаIэр лъэпкъыбзэм икъызэтегъэнэжьын, нахьыбэмэ зэрагъашIэ ашIоигъо хъуныр ары.
- АЩ КIЭЩАКIО фэхъугъэх «Адыгэ Хасэр — Щэрджэс парламентыр», АР-м гъэсэныгъэмрэ шIэныгъэмрэкIэ и Министерствэ ыкIи Адыгэ къэралыгъо университетым адыгэ филологиемкIэ икафедрэ. Диктантыр чIыпIищмэ ащатхын амал яIагъ. Хабзэ зэрэхъугъэу, гупчэ шъхьаIэр Адыгэ къэралыгъо университетым ищIэныгъэ тхылъеджапI, адрэхэр — апшъэрэ еджапIэм иконференц-залхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ТОКЪМАКЪ Йылмаз: Анэдэлъхубзэр къахуэмыщхьэпэу щыжаIэм деж си жагъуэ мэхъу
2020-03-14
- Къайсэр къалэм и Пынарбашы куейм хыхьэ Бешкъэзакъхьэблэ (Хилмие) къуажэм къыщалъхуа, илъэс 21-рэ лъандэрэ егъэджакIуэу лажьэ Токъмакъ Йылмаз депсэлъылIащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэбзэр и унагъуэм щызригъэщIащ. Ар щылажьэ Къайсэр къалэм и Талас щIыпIэм дэт курыт еджапIэм 2019 — 2020 гъэ еджэгъуэ дызэрытым еджакIуэхэм я бжыгъэр мащIэ зэрыщыхъуам щхьэкIэ, адыгэбзэ класс къыщызэIуахыфакъыми, а Iуэхур къохьэлъэкI Токъмакъым.
- — Йылмаз, сыту пIэрэ адыгэ унагъуэхэм я бынхэм анэдэлъхубзэр ирагъэджыну щIыхуэмейр?
- — Ди бзэр яджыным я бынхэр хуэмыныкъуэну къэзылъытэ унагъуэ къыщыхэкI мэхъу. Адэ-анэм япэ ирагъэщ тыркубзэ, математикэ, жылагъуэ щIэныгъэхэр, инджылызыбзэр, диныр, хабзэр. «Сэ сщIэрт си анэдэлъхубзэр, нобэ къэсыхуи зэи къысхуэщхьэпакъым ар», — жызыIэ адэ-анэ диIэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Дерсыр къыщызэхъулIэр…»
2020-03-14
-
Иужьрей илъэсхэм икъукIэ узытегузэвыхьын щытыкIэм иуващ лъэпкъыбзэхэр. Апхуэдэщ адыгэбзэри. Хьэуэ, жытIэркъым ар кIуэдыжу… Абы дынэмысыну догугъэ. Ауэ, пцIыр сыткIэ щхьэпэ, гугъэм къинэмыщIауэ, бзэм, тхыбзэм адэкIэ я щыIэным, зыужьыныгъэм хуэунэтIа Iуэхугъуэхэр икIэщIыпIэкIэ щызэфIэхын хуей пIалъэщ. Абы хуэгъэпсащ бзэм телажьэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэри, лэжьыгъэри.
-
- Адыгэбзэр щIэблэм IэпымыхунымкIэ хэт къалэн пажэр зыхьыр, хэт ар зи IуэхущIафэр? «Шэч хэлъкъым, еджапIэращ, егъэджакIуэращ», — жытIэнущ нэхъыбэм. А гупсысэм зебгъэукъуэдиймэ, нэгъуэщIми ухуэкIуэнущ — псом я щхьэжыр унагъуэращ. Абы бзэр щыземыкIуэмэ, егъэджакIуэм и къару закъуэр мащIэщ. НыбжьыщIэм и анэдэлъхубзэр игъэIурыщIэфу, абы иритхэфу къэтэджыным, адэкIи и бзэм иригупсысэфу, къызыхэкIа жылагъуэм, лъэпкъым гу, псэ, лъы, къуэпс зэпыщIэныгъэ диIыгъыфу къэтэджынми чэнджэщ къытепхьэжынущ итIанэ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сыт Тыркум щыпсэу адыгэхэр зыгъэгушхуэр?
2020-03-14
- Дунейм тет лъэпкъыбзэхэм ящыщу нэхъ пасэрейхэм халъытэ адыгэбзэр Тыркум и университетхэм ящыщу тIум щаджыр — Эрджиесымрэ (къуэкIыпIэ псэлъэкIэр и лъабжьэу), Дузджэ университетымрэ (къухьэпIэ псэлъэкIэр и лъабжьэу).
-
- Эрджиес университетым, Тыркум и университет нэхъ инхэм ящыщу Къайсэр къалэ дэтым, адыгэбзэмрэ щэнхабзэмкIэ и къудамэр 2013 гъэм къызэIуахауэ щытащ. Щхьэусыгъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэм къахэкIыу, илъэс зыбжанэкIэ ар лэжьакъым, ауэ 2018 гъэм Хэкум егъэджакIуэхэр кърашри япэрей курсми студентхэр къащтащ — нэрыбгэ 30-м щIигъуу. 2019 — 2020 гъэ еджэгъуэми апхуэдэ дыдэу Эрджиес университетым и адыгэбзэ къудамэм студентхэр къищтауэ, курситIыр зэдоджэ.
- Япэ курсым и дисциплинэхэм хохьэ: бзэщIэныгъэр, еджэныр, тхэныр, щIэдэIукIыныр, псэлъэныр, адыгэ щэнхабзэр. ЕтIуанэ курсым щегъэжьауэ къыхохьэ нэгъуэщI дерсхэри: адыгэбзэ практикумыр, адыгэ диалектологиер, адыгэ литературэр, урысыбзэр, Кавказым и тхыдэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ КъБР-м щІыхь зиІэ и егъэджакІуэ Шафий Хьэчим къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу
2020-03-14
- ЩыІэщ цІыху хужыпІэ хъуну дахэм гъунэ имыІэу къыпщыхъуу, ухэщыпыхьэпэрэ псалъэ къыхэхахэр хузэІупщэми, иримыкъуну къыпфІэщІу. Псэуху пщІэрэ щхьэрэ иІэу, дунейм ехыжа нэужьи, я ужьым гуапэ кІэлъыжаІэу, ящыгъумыпщэу цІыхум я гум къинэжахэрагъэнущ «кхъэм лІаи щІэлъщ, псэуи щІэлъщ» щІыжиІар адыгэм. Зи гугъу тщІыну Шафий Хьэчим апхуэдэ цІыхущ. И фэеплъыр яІэщІэмыхуауэ зифІ яІуатэхэм ящыщщ ар. Хьэчим теухуауэ тхыгъэхэр зэкъым-тІэукъым газетхэм къызэрытехуар. Мы тхыгъэр щыдгъэхьэзырым, дэ ди мурадащ нобэр къыздэсым цІыхухэр зыщымыгъуазэ гуэрхэр наІуэ къэтщІыну, а цІыху щэджащэр нэхъыфІыжу къывэдгъэцІыхун папщІэ. Хьэчим и гъащІэм и мызакъуэу, дэ дриплъэжыну дыхущІэкъуащ абы и хьэлым, и щэным, дуней тетыкІэу иІам и лъабжьэми дыхуеплъэкІыну.
-
- КъежьапІэ
-
- ЗэраІуэтэжымкІэ, нэщІикІыжыр ягъэлъапIэу къуажэр мэжджытым щызэхэтт, зэи ямылъэгъуа щІалэ бжьыфІэ нэфІэгуфІитІыр къащыхыхьам. Жэмыхьэтым фІэхъус ирахыу етІысэха щхьэкІэ, псом и гу зылъата щІалитІыр, иужькІэ къызэрыщІэкІамкІэ, зэкъуэшитІыр, жыжьэ къызэрикІыр, гулъытэ хэха яхуэщІын зэрыхуейр жэмыхьэт ефэндым къыгурыІуащ. ЩІэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Щоджэн ХьэтІохъущыкъуэ-ефэндыжьыр набдзэгубдзаплъэт, куэдым хищІыкІырт, къыдэкІыу абы-хэм къащыхуэкІуэм, жылэр зэрыщыту зэщІэтэджащ, жаІэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Дыжьын къабзийр» зи тыгъэ Хур Мадинэ
2020-03-14
- Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ ЕплIанэ урысейпсо зэпеуэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ абы и федеральнэ IуэхущIапIэм Лъэпкъ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и институтымрэ къызэрагъэпэщым, ди республикэм къыбгъэдэкIыу хэтахэм ящыщщ Налшык дэт курыт школ №26-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Хур Мадинэ.
- Зи IэнатIэм игури и псэри хэзылъхьэ бзылъхугъэ цIыкIум и цIэр ипэкIи фIыкIэ къэIуащ. Ар мызэ-мытIэу пэрыт щыхъуащ «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, и Iуэху зехьэкIэ пэрытым и щыхьэту къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- Мадинэ Урыху (Къуэгъуэлъкъуей) къуажэм къыщалъхуащ, абы дэт курыт школри ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм зэрысабийрэ щIэхъуэпсырт ар, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ яхуэлэжьэныр и гуращэт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Гулъытэ хэха зыхуэфащэхэр
2020-03-14
-
Дузджэ университетым и адыгэбзэ къудамэр япэу къэзыуха еджакIуэхэм ящыщу Тащчы (Тхьэпс) Яасин интернеткIэ дыдэуэршэращ. Адыгэбзэ егъэджэн икIи егъэщIэнымкIэ щIэуэ техникэхэм толэжьыхь ар. Bzefit.com сайтымкIэ дерсхэр ярет, анэдэлъхубзэр зэзыгъащIэхэм, Iуэхум ехьэлIа псори езым игъэхьэзырурэ. Абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
-
- — Яасин, уэ сыт хуэдэ щIыкIэкIэ зэбгъэщIа адыгэбзэр, абы дэнэ ущыхуеджа?
- — 2014 — 2019 гъэхэм Дузджэ университетым и адыгэбзэ къудамэм сыщеджащ. Абы сызэрыщIэса илъэситхум адыгэбзи, урысыбзи щызэзгъэщIащ, инджылызыбзэми сыхуеджащ. Сэ армырами къэбэрдей диалектыр къызгурыIуэрт, ауэ сыпсэлъэфыртэкъым. 2014 гъэм сызыщIэтIысхьа адыгэбзэ къудамэм кIахэ диалектыр щызэзгъащIэу щIэздзащ. Абы сыхуеджэху, си къэбэрдей диалектри хэкIуэтащ. Иджыпсту диалектитIри зэран имыIэу къызопсэлъыф икIи дерси сотыф.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|