ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2020

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэтынымкIэ оперативнэ штабым и япэ зэIущIэр

2020-03-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус уз зэрыцIалэр къыщымыгъэхъунымрэ абы зэрызиуб­гъум щыкIэлъыплъынымкIэ оперативнэ штабым и япэ зэIущIэм республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­щыжиIащ: «Иджыпсту уз зэрыцIалэр къэмыгъэ­хъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр тэмэму йокIуэкI икIи гужьеигъуэ щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ дытеплъэкъукI хъунукъым ди республикэм и цIыхухэр а узым щыхъумэнымкIэ зэфIагъэкIхэм. Иджыпсту зэ­теува щытыкIэр къилъытэу, оперативнэ штабым зэ­щIэгъэуIуауэ, зэгурыIуэу, жану лэжьэну и къалэнщ».
  • Уз зэрыцIалэм зыщыхъумэнымкIэ штабым хагъэ­хьащ КъБР-м и Правительствэм социальнэ IэнатIэ­хэм пэрыт и лэжьакIуэхэр, кIэлъыплъакIуэ, хабзэхъумэ ор­ганхэм я унафэщIхэр. Абыхэм ящыщу зэIущIэм къы­щыпсэлъахэу Роспотребнадзорым и унафэщI Пагуэ Жыраслъэнрэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ зэрыжаIамкIэ, республикэм щыщу зыми коронавирус уз зэрыцIалэр къеуэлIакъым, ауэ апхуэдэ сымаджэхэр къыкъуэкIмэ, медицинэ Iуэ­хущIапIэхэр абыхэм зэреIэзэнум хуэхьэзырщ.
  • ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ унафэ зыбжанэ къащтащ. Адэ-анэхэр мы Iуэхум зэрытегузэвыхьым къыхэкIыу гъатхэпэм и 17-м щегъэжьауэ курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ цIыкIухэр мыкIуэми хъуну ягъэуващ. Апхуэдэу социальнэ IуэхущIапIэхэм (интернатхэм, цIыхухэм я узыншагъэр щызэтрагъэувэж центрхэм) щыIэхэм лъы­гъуэзэн папщIэ кIэлъыкIуэхэр нэхъ мащIэ ящIынущ.
  • Оперативнэ штабым гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ чэнджэщ ярет цIыху куэд къызрихьэлIэ зэхыхьэхэр, спорт, щэнхабзэ, зэш­тегъэу Iуэхухэр зэкIэ ирамыгъэкIуэкIыну.
  • Коронавирус уз зэрыцIалэм пыщIа сыт хуэдэ Iуэхуми теухуауэ цIыхухэр оперативнэ штабым псалъэ хъунущ мы телефонхэмкIэ: (8662) 40-15-65, 42-26-78.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нэхъ шынагъуэ дыдэхэм хабжэркъым

2020-03-19

  • Иужьрей махуэхэм дуней псом хъыбар нэхъыщхьэу щызекIуэр коронавирусым теухуащ. Псалъэмакъхэм цIыхухэр гу­жьеигъуэм хадзащи, медицинэ нэкIуIупхъуэхэр, узыфэ зэрыцIалэхэр къе­зыхьэкI микробхэр цIыхум и щIыфэм лъэмыIэ-сын папщIэ Iэхэр зэралъэщIхэр, щIэх-щIэхыурэ хьэп­шыпхэр зэрагъэкъабзэхэр зэпэу­быда зэрыхъуам къищынэмыщIауэ, ­еры­с­­къыхэри, гъэтIылъыгъэ ящIу, зэтращахуэ.
  • Iуэхум и пэжыпIэр къэпщIэнуи тыншкъым, еплъыкIэ зэхуэмыдэ куэд щыIэщи. Нэхъыщхьэращи, шыIэныгъэр тфIэ­мы­кIуэдмэ, гужьеигъуэм зедмыгъэубыдмэ, щытыкIэм нэхъ дыпэщIэтыфынущ.
  • Сыт коронавирусым щхьэкIэ дохутырхэм жаIэр? Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгурыIуэныгъэм къызэригъэлъэ­гъуамкIэ, коронавирусым къэрали 150-м ущрохьэлIэ. Дохутырхэм я нэхъыбэм къыхагъэщ абы псынщIэу зэрызиубгъур, ауэ ар узыфэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм зэрыха­мыбжэр. Абы иубыдахэм я процент 80-м зэрысымаджэр къатехьэлъэу щыткъым, еIэзэкIэ щхьэхуи хуейкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ Пщэдейрэ

2020-03-19

  • Гъатхэпэм и 19,
  • махуэку
  • Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэм и дунейпсо махуэщ
  • Урысей Федерацэм и псыщIагъырыкIуэ кхъухь­хэм къулыкъу щы­зы­щIэхэм я махуэщ. 1906 гъэм пащ­тыхь Николай ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ Балтие тенджы­зым и псыщIагъырыкIуэ къа­рухэр къызэ­гъэ­пэщы­ным теухуауэ.
  • 1474 гъэм Iэмэп­сы­мэщIэхэр къэзыгупсысахэм, къэху­тэ­ныгъэщIэхэр езыгъэкIуэкIахэм яхуэгъэза хабзэщIэ Венецием къы­щащтащ — авторым и хуитыныгъэхэр хъу­мэным хуэунэтIауэ дунейм япэ къытехьа законщ ар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХэкулI, зауэлI, егъэджакIуэ

2020-03-19

  • Зеикъуэ (ХьэтІохъущыкъуей Ипщэ) ­къуажэ дэт курыт еджапІэ №2-м иджыблагъэ щызэхэтащ Къэбэрдей-­Балъкъэр АССР-м щІыхь зиІэ и егъэджакІуэ, гъэсакІуэ, ущиякІуэ, адыгэлІ щыпкъэ Шафий Хьэчим и фэеплъ пшыхь.
  • Къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэ­си 100 ирикъу Шафийр и Іыхьлыхэми, ­къуа­жэдэсхэми, къыдэлажьэу щытахэми, иригъэджахэми ягу къыщІагъэкІыжын щхьэу­сыгъуэ дахэ куэд щыІэщ. Сабийр ­игъасэу, иущийуэ зэрыщытам и мыза­къуэу, адыгагъэшхуэ зэрихьэу, щІэми жьыми ядэгъуэгурыкІуэфу псэуащ, къы­хуэны­къуэм ялъэІэсу, и псалъэ ІущхэмкІэ щхьэпэ яхуэхъуу, и щІэныгъэмкІэ ядэ­гуашэу дунейм тетащ ар.
  • Шафий Хьэчим и цІэр зыфІащыжа еджапІэм щызэхэта фэеплъ пшыхьым ­кърихьэлІат Бахъсэн щІыналъэм и Іэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, егъэджэныгъэмкІэ ІуэхущІапІэм и уна­фэщІ Абрэдж Тамарэ, Зеикъуэ къуажэ администрацэм и Іэтащхьэ Къэрмокъуэ ­Гъумар, щІыналъэм ит курыт еджапІэхэм я унафэщІхэр, егъэджакІуэхэр, къуажэ­дэсхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къардэн лъэпкъым и къежьапIэр

2020-03-19

  • Дунейм зы лъэпкъи теткъым, езым и къэхъукIэ имыIэжу. А Iуэхухэм щатепсэлъыхькIэ, языныкъуэхэм зыщымыгъуазэр хуэгъэфэщакIэ щыжаIи къохъу.
  • Апхуэдэу пэжыр зи лъабжьэу щымыт хъыбар куэд къытхужаIэ сыкъызыхэкIа Къардэн лъэпкъми. ЖаIэм и мызакъуэу, тхылъхэм иратхэ, газетхэм къытохуэ, радиокIи къап­сэлъ: Къардэнхэ алыдж лъэпкъыу е «Къардэн» псалъэм къикIыр урысым «дьякон» жыхуиIэр арауэ. Ауэ ахэр жыжьэуи екIуалIэркъым Къардэнхэ дунейм къызэрытехьам теухуауэ адыгэ IуэрыIуатэм хэт хъыбархэми езы Къардэнхэ къаIуэтэжхэми. Къардэнхэ алыджхэм къахэкIауэ жаIэми, абы теухуа дэфтэр гуэри щыIэкъым, атIэми «къардэн» псалъэм иIауэ щыта мыхьэнэр иджы «жыр» жы­хуэтIэ псалъэм и мыхьэнэрщ. Къэбэрдей адыгэхэм диIа «Дрей-дрей» уэрэдыжьым «…Къардэныжьыр фочыкум къикIа шэуэ щхьэмыгъазэщ, зимыгъазэу мэзым щIокI» псалъэхэр хэтщ, ди лъэпкъым и цIэм иIэ мы­хьэнэм щыхьэт хуэпщI хъуну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэныгъэлI щэджащэ, тхакIуэ зэчиифIэ Хъупсырокъуэ Хъызыр

2020-03-19

  • Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я ­литературэр къэзыхута, зыджа, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэ зэчиифIэ ­Хъупсырокъуэ Хъызыр Хьэжбэчыр и къуэр езыр къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэсым, Кавказ Ищхъэрэм къыщымынэу, къэрал ­псоми щыцIэрыIуэщ.
  • Хъызырщ адыгэ филологием и лъэны­къуэгъазэщIэр — адыгэ литературэхэр зэ­гъусэу, зыуэ къэхутэным япэу иужь ихьар. Абы и лэжьыгъэхэм лъабжьэ хуэхъуащ адыгейхэм, къэбэрдейхэм, шэрджэсхэм зы псэкупсэ щIэин зэраIэр, зэлъэпкъэгъуу зэрыщытыр къигъэлъэгъуащ.
  • Псалъэм папщIэ, «Некоторые вопросы раз­вития адыгских литератур» (Черкесск, 1964 гъэ), «Пути развития адыгских литератур» (Черкесск, 1968 гъэ) монографиехэм а лъэныкъуэгъазэм   и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  • Хъупсырокъуэм и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ­уасэшхуэ хуащIащ критикхэм, ахэр тегъэщIапIэ ящI Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгум и къэхутакIуэхэм. Хъызыр нэгъуэщI и лэжьыгъэхэм ящыщу къытеувыIэпхъэщ КIыщокъуэ Алим и творческэ гъащIэм триухуа «Восхождение» ­монографиемрэ «Жизнь и литература» (2002 гъэ) фIэщыгъэцIэ зиIэ, Москва къыщыдэкIа, щIэ­ныгъэ тхыгъэхэр здыщызэхуэхьэса тхы­лъымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

АдыгэлI нэсым и щапхъэ Актёр цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Кукэнэ Мурат и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу

2020-03-19

  • Кукэнэ Мурат 1950 гъэм мазаем и 12-м Адыгэ Республикэм и Тохъутэмы­къуей жылэм, Кукэнэ Рашидрэ Зулихърэ я уна­гъуэм, къыщалъхуащ. Актёр хъуну щIалэм и адэ Рашид колхозым и председателу, иужькIэ ерыскъы комбинатым и унафэщIу щытащ. И анэ Зулихъ медицинэ колледжыр къиуха нэужь, сымаджэщым щы­лэжьащ. Мурат сабий са­дым щритым, и къуэм пэ­гъунэгъун папщIэ, абы уващ. Зулихъ сабий куэд игъэ­сащ, иджы ахэр адэшхуэ-анэшхуэ хъуами, фIыуэ къызэралъагъур наIуэу «тётя Зое»-кIэ къо­джэхэр. Рашиди Зулихъи Хэку зауэшхуэм ипэм ­къы­щыщIэдзауэ и кIэм нэсы­хукIэ хэтащ, я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ да­мыгъэ лъапIэхэр къыхуа­гъэфэщащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, и къуэм и ехъу­лIэныгъэхэм адэр ­хэп­лъэну иухатэкъым — ар пасэу дунейм ехыжащ.
  • Актёр IэщIагъэратэ­-къым Рашид и къуэ закъуэр зыхуигъэхьэзырыр. Ауэ сабийр куэд еджэрти, абы щызыхищIэхэр и нэгумкIэ къигъэлъэгъуэныр зыхилъ­хьэ щыIэтэкъым. Тохъутэ­мыкъуей къуажэм дэт к­у- рыт еджапIэм щеджэрт Мурат, апхуэдэуи музыкэ щIэныгъэми зыхигъэгъуазэрт. Ар и ныбжьэгъухэм нобэми  я нэгу щIэтщ нотэ папкэш-хуэ, Чайковскэм и сурэт тету, иIыгъыу уэрамым ирикIуэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ усыгъэм и дыгъэ

2020-03-19

  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Новэ-Хьэмидей къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэ литературэм и классик, лъэпкъ усыгъэм и лъа­гъуэр пхызыша ЩоджэнцIыкIу Алий къызэ­ралъ­хурэ мы гъэм илъэси 120-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ «Адыгэ усыгъэм и дыгъэ» фIэщыгъэр иIэу зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ.

  • IуэхущIапIэм яхуеблэгъат Кэнжэ ­къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къанкъул Ислъам, киномрэ теат­рымрэ я джэгуакIуэ Що­джэн Алим, Тэрч районым егъэджэ­ныгъэмкIэ и управленэм, щIы­налъэм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэ­хэр.
  • Махуэшхуэм и щIыхькIэ ягъэхьэзыра программэм тету хьэщIэхэр япэщIыкIэ ирагъэплъащ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ теухуауэ ­пэ­IущIэ пэшым къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и циркым и лъагъуэхэш

2020-03-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу цирк студие къыщызэзыгъэпэщауэ щыта Якуэкъутэ Владимир (1944 — 2017) теухуа тхылъ гъэщIэгъуэн Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ.
  • Владимир зыцIыхуу щытахэм ­къы­зэраIуэтэжымкIэ, ар пщIэ лъагэ зи­Iэу, цIыхугъэ ин зыхэлъу, циркыр къызэрымыкIуэу фIыуэ зылъагъуу щытащ.
  • 1965 гъэм Якуэкъутэр щIэтIысхьащ Цирк, эстрадэ гъуазджэхэмкIэ ­Москва дэт училищэм. Ар къиухыу Налшык къигъэзэжа иужькIэ къы­зэригъэпэщащ цирк гупжьей, 1984 гъэм абы студие цIэр фIащыжат. Абдежым Владимир  и зэфIэкIхэр къыщынэ­Iуащ: хузэфIэкIащ  езым циркыр фIыуэ зэрилъагъум хуэдэу и гъэсэн цIыкIухэр дригъэхьэхын,  абы  и IэфIыр захригъэщIэн. Якуэкъутэм ­къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр циркым щылэжьэн артистхэр игъэ­хьэзырыныратэкъым, атIэ ныбжьы­щIэ­хэм я Iэпкълъэпкъым зригъэу­жьынырт,  ахэр «къызэкIуэ­цIи­­хы­нырт», Iэпкълъэпкъым дэкIуэу, абы­хэм  я  псэри, хьэлри ипсы­хьы­нырт.
  • Пасэу дунейм ехыжащ Владимир. «Сердце отданное цирку» фIэщыгъэм щIэт тхылъыр къыдэгъэкIыныр зи жэрдэмыр и щхьэгъусэ Мариещ. Абы щызэхуэхьэсащ Якуэкъутэм и гъэсэну щытахэм я гукъэкIыжхэмрэ су­рэтхэмрэ, и дерс щхьэпэхэр, ар цIы­ху­хэм ягу къызэринэжар, и Iэужь дахэхэр. НэгъуэщI куэди къыщывгъуэ­тынущ абы. Илъэсым и пэщIэдзэм дунейм ехыжа актёр, режиссёр цIэ­рыIуэ Теувэжыкъуэ Владимир и гукъэкIыжхэми уащрохьэлIэ абы.
  • Экземпляр 500 хъууэ, екIуу зыхуей хуэгъэзауэ къыдагъэкIа тхылъыр ­куэ­дым гъэщIэгъуэн зэращыхъуным шэч хэлъкъым.
  • Инэрокъуэ  Данэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

СурэтитI– теплъэгъуитI

2020-03-19

 

  • Китайм къыщежьа коронавирус уз зэрыцIалэм псынщIэ дыдэу дунейм зыщеубгъу. Абыхэм ящыщщ цIыхухэр зыплъыхьакIуэ куэду здэкIуэ Италиери. Уз шынагъуэм ­гъащIэм и лъэныкъуэ псори зэредзэкI. Псалъэм папщIэ, а къэралым и щыхьэр Рим Щихъ Пётр и цIэкIэ щыIэ утыкум нэхъапэм зыплъыхьакIуэхэр уэру дэту щытащ мы сурэтым зэрыщыплъагъум хуэдэу. Иджы цIыху гужьеяхэр нэхъапэм дэзыхьэха утыкур нэщIщ, и теплъэри фаджэ хъуащ. А псори зи Iэужьыр   коронавирусырщ.
  •                                            ЦIыхухэр  щыпэкIу  утыкум  и  сурэтыр тезыхар 
  • Къарей Элинэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Горбачёвым и щыуагъэхэр

2020-03-19

  • Гъатхэпэр тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэмкIэ къулейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар егъэщIылIащ тпэжыжьэу щы­мыт блэкIа илъэсхэми. Псалъэм папщIэ, гъатхэпэ мазэм хиубыда политикэ къэхъугъэ тIуащIэ диIэщ зыми тщымыгъупщэжауэ.
  • 1985 гъэм гъатхэпэм и 11-м Горбачёв Михаил Сергей и къуэр КПСС-м и ЦК-м и Сек­ретарь нэхъыщхьэу хахащ, иужькIэ, 1990 гъэм гъатхэ­пэм и 15-м, ардыдэр Совет Союзым и Президенту къы­щIидзыжащ.
  • Зыр гуауэщ, адрейр ды­хьэшхэнщ. Ауэ ахэр сыт хуэ­дэми зэхигъэкIын хуейщ ­дэтхэнэми. А зэманым екIуэ­кIахэр телъыджэщ. 1985 гъэм и гъатхэм Партым и ЦК-м и Политбюром хэтхэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зиIэ Громыкэ Андрей къыхилъ­хьащ Горбачёв Михаил партым и унафэщI нэхъыщхьэу хахыну. Абы къигъэлъэ­гъуащ зэхъуэкIыныгъэ язы­ныкъуэхэм фIым уазэрыхуимышэр. Пэжщ, Горбачёв щIа­лэт (абы щыгъуэм и ныбжьыр илъэс 50-м зэрыщIигъуа щыIэтэкъым), жы­джэрт, тхылъымпIэхэр имы­Iыгъыу къэпсалъэрт, кIэщIу жыпIэмэ, еш ищIэртэкъым. И щхьэгъусэр щIыгъуу къикIухьынуи фIэфIт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Европэ зэхьэзэхуэм макIуэ

2020-03-19

  • ТхэквондомкIэ Урысейм и чемпионатрэ зэхьэ­зэ­хуэрэ иджыблагъэ Сочэ къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ я ныбжьым елъытауэ гупитхуу зэщхьэщыха, къэралым и щIыналъэ 38-м къикIа спортсмен 1100-м щIигъу.

  • «Массоги» лIэужьыгъуэм щызэуа Багъэтыр Ми­ленэ и хьэрхуэрэгъухэм зы Iэмали яритакъым икIи килограмм 30-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медалыр къыщихьащ.
  • Хъуэд Анжеликэ, килограмм 40-м нэблагъэхэм я гупым хэтар, финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм къыщыхагъэщIащ икIи къылъысар ещанэ увыпIэрщ.
  • Иджыри зы домбеякъ медаль Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам къыхуихьащ Теммоевэ Айданэ.
  • Спортсменхэр ягъасэ Кан Юрий, Бэлагъы Iэдииху, Ри Кьенг Иль, Ри Чоль Джун сымэ.
  • Зэхьэзэхуэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэм пап­щIэ Багъэтыр Миленэ ирагъэблэгъащ мэлыжьыхьым и 20 — 26-хэм Прагэ щекIуэкIыну Евпропэм и чемпионатым.
  • МЭЗКУУ  Къан.

Зыхыхьэхэр: Хэха