ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIЫГЪЭ НАПЭ

2020-03-11

  • УсакIуэ, тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ щытхъуцIэу иIэр мащIэкъым, ахэр къимылэжьауи къы­Iэрыхьакъым. Нэгъабэ хуэфащэ дыдэу «Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, а щIыхьыр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ вагъуи Президент Путин Владимир Кремлым къыщыхилъхьащ. Зэрылъэпкъыу — хэхэси, хэкурыси — дригуфIащ, дригушхуащ, дрипэгащ а Iуэхугъуэм.
  • СЫКЪЭЗЫЦIЫХУХЭР щыгъуазэщ 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ, иджыри сы­хэхэсу, МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэм саригъэру сыкъызэрекIуэкIар. Ауэ ар ­адрей «гъэрыпIэхэм» яхуэмыдэу удэзыхьэхт. КъызэднэкIа тхьэмыщкIагъэр къызыхэщ, макъамэ гущIыхьэхэр къызыхэIукI усакIуэ телъыджэм и сатырхэм япхыша гупсысэхэм си гур ­яхузт. А гукIуэдым сыкъыхишыжырт анэм, хэкум, лъэпкъым, цIыхум хуэгъэза фIылъагъур зыпхыша, гугъэр къэзыгъэпсэуж усэ макъамэхэм. АпщIондэху зэш имыIэу лъэпкъым хуэлажьэ МэшбащIэм и лIыгъэр си ­нэгу къыщIэувэрт.

  • Дэ лъэпкъ Iуэхум дыкъыхуэуша къудейщ. Адэжь лъахэр ди пщIыхьэпIэм хэмыкIыу дыпсэу щхьэкIэ, хэкурысхэм хэхэсхэм яхуэгъэзауэ ягу илъым дыщигъэгумащIэ лъэхъэнэщ дызэрытыр. Ауэ Исхьэкъ къытлъигъэIэс усэхэм дызэрамыгъэмысэм гу лъыдотэ, ­дигухэри къыдрашей.
  • Уи лъэпкъымрэ уи щIыналъэмрэ ухуэусэ къудейкIэ дунейпсо усакIуэ ухъуфын? МэшбащIэм и сатырхэм яхэлъ гупсысэм дэтхэнэ лъэпкъым щыщ цIыхуми и гур зэщIищтэнущ. Абы и щыхьэтщ, псалъэм папщIэ, «Фыкъыздэшэс» усэр. Исхьэкъ и сатырхэм къахохуэ и хэкум папщIэ и псэ хэзылъхьахэм ятеухуахэри. Абыхэм я гугъу пщIыуэ тхылъышхуэ птхыми, я гум щыщIэр МэшбащIэм къызэре­хъулIэм хуэдэу къыпхуэIуэтэнукъым. УсакIуэм ди фIэщ ещIыф хэкур хэт ­папщIи лIыгъэ напэу зэрыщытыр:
  • Уи хэщIапIэм хуэдэу лъапIэ
  • ЛIыгъэ напэу сыт щыIэн?
  • Анэшыгъэр пхуэхъуу плъапIэ
  • Уи щIыналъэ мыщIыIэн.
  • КъызэрымыкIуэщ МэшбащIэм хэ­хэсхэм зэрызахуигъазэ псалъэхэри. Абы и лъэпкъэгъур зыщыпсэу хэгъэгур Iумпэм ищIу аракъым, езым и гур ­хэкумкIэ къызэремыIэм щхьэкIэ, хуэгузавэу аркъудейщ:
  • Жэщыр щыфIыцIэу, махуэр
  •  щыпшагъуэу
  • ЖысIэмэ, пэжкъым — пцIыр сыту
  •  сщIыну?
  • ИтIани, сщIэркъым ущыгъуэщауэ
  • Зыгуэрым и щIым узэрисынур.
  • Апхуэдэ усэхэм дыкъыщеджэкIэ, ди адэжь и лъапсэ дгъэзэжмэ, бысым зэрыщыдиIэр ди гум щыдгъафIэу апхуэдэт.
  • ГуфIэр псынэпсу, уэсэпсу дыгъэр
  • Къолъадэ нэгум, къолъадэ нэгум.
  • Дядэжьхэм я щIырщ дэ зэдихэкур —
  • Сэлам алейкум! Сэлам алейкум!
  • МэшбащIэм къохъулIэ лей къыдэзыхахэм псалъэ мащIэ дыдэкIэ, итIанэми, щхьэтечауэ ящIар къагуригъэIуэжын. УсакIуэр зымыгъэгумащIэ Iуэхугъуи, зыхуэмыгумащIэ цIыхуи, лъэпкъи щыIэкъым. «Сызэджахэм мыракъэ псом нэхърэ нэхъ дахэр?», — жозыгъэIэ усэхэр Исхьэкъ и куэд дыдэщ. Абы къыхэкIыу, уащыхэдэкIэ, Iэнкун умыхъун плъэкIынукъым.
  • КъызэщIэкъуауэ жыпIэмэ, адыгэ тхакIуэшхуэм и усэхэми и тхыгъэхэми гъащIэрщ яхэлъыр, фIы щIэнырщ, лIыгъэрщ къызыхуриджэр. Анэ­дэлъху­бзэр мыпхуэдэу зыгъэбзэрабзэм пщIэ хуумыщIыныр плъэкIынукъым.
  • ЦIыхум ищIэ псори хьэзыру бгъэдэлъу дунейм къытехьэркъым. Зыхуэза цIыхухэми, зэджа гъэсэпэ­тхыдэми, нэIуасэ къыхуэхъуа ныб­жьэгъухэми япсыхь абы и дуней теты­кIэр. ИтIанэ езыми псалъэ гуэрхэр нэхъыбэрэ къыфIыдэкIуейуэ мэхъу. Сэри сигу къыпылъадэри апхуэдэ псалъэ зыбжанэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хы Iуфэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм хуэгъэзауэ зэхэслъхьауэ щытащ. Абы щыщ пычыгъуэмкIэ си тхыгъэр сыухыну сыхуейт:
  • Уэ сыкъэзылъхуа си лъэпкъ гупсэ!
  • Уэ уи лэгъу иджыри бауэу,
  • Иджыри лъэбыдэ-псэбыдэу,
  • Къэнэжа лъэпкъыр кIуэдкъым.
  • БэгъащIэ лъэпкъхэм я нэгум
  • ЩIэкIри мащIэкъым.
  • Мис, уэри гъуэгу гъэщIэгъуэн,
  • Гъуэгуанэ хьэлъэ къэпкIуащ.
  • ЦIыху лъэпкъым тыгъэ хуэпщIащ
  • Уи хабзэ, уи нэщэнэ дахэхэр.
  • МЭШХУЭФI Нэждэт.
  • Мейкъуапэ къалэ