ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуигъэщIа Бадзэ Жанхужь цIыкIу
2020-03-11
- Си тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIам къанэ щымыIэу хуэкIуэрт пэщIэдзэ классхэм дыщезыгъэджауэ щыта бзылъхугъэ щыпкъэм и хьэлщэныр, и дуней тетыкIэр. Налшык дэт педучилищэр ехъулIэныгъэкIэ къиухыу щалъхуа Псыгуэнсу жылэм егъэджакIуэу къэзыгъэзэжа Бадзэ Жанхужь Къаплъэн и пхъур сабийхэр гъэсэным, щIэныгъэм и бжэхэр абыхэм къахузэIухыным къыхуигъэщIами ярейт. Езанэ классым щIэтIысхьагъащIэ цIыкIухэм ди пащхьэм ар япэу къызэрихьэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуами, ноби ди гум хуабэу щыдохъумэ а бзылъхугъэ щыпкъэм и фэеплъ нэхур.
- Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, Жанхужьхэ я унэм щIэсауэ щытащ Украинэм къикIыу ди щIыналъэм къэкIуа егъэджакIуэ гуп. Абыхэм я лэжьэкIэр, псэукIэр, жылэм пщIэрэ нэмысу щаIар зи нэгу щIэкIа хъыджэбз цIыкIур, къызэрысщыхъумкIэ, щIэныгъэ зригъэгъуэтыным хуэпабгъэ хъуа къудейкъым, атIэ езыри егъэджакIуэ IэщIагъэм дихьэхащ. Къуажэ сабийхэм ящыщ куэдым япэ егъэджакIуэ тхуэхъуа бзылъхугъэ цIыкIум еджэкIэрэ тхэкIэрэ дигъащIэ къудейтэкъым, атIэ ди гупсысэм, зэхэщIыкIым заригъэузэщIырт, къэухьым, еплъыкIэхэм заригъэужьырт.
- Жанхужь цIыкIу (арат абы гъафIэбзэу дызэреджэр и нэ щIыбагъкIэ) дапщэщи елIалIэрт, дысабийми, гъащIэм и зэхэлъыкIэр къызэрыдгуригъэIуэным, нобэ къатщтэ хьэлхэм ящыщ куэд дуней теты-кIэ хабзэ зэрытхуэхъунур фIыуэ къыгурыIуэу. Школым къыщыдбгъэдилъхьэ щIэныгъэм ди егъэджакIуэ Iущым, гъэсакIуэ щыпкъэм хиухуанэрт гъащIэм епха ущиехэр, балигъыпIэ диувэмэ, ди гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэрэ диIэжыным дыхуишэу. «Зи егъэджакIуэм емыфIэкIыж гъэсэн фымыхъу», — жиIэрейт Жанхужь цIыкIу. Ди егъэджакIуэм нэхърэ нэхъыфI щымыIэу къэзылъытэ дэ а псалъэхэр ди щхьэ хуэтхьыныр ди гущхьэ къридзэртэкъым абы щыгъуэ. Леонардо да Винчи жиIэгъауэ щыта а псэлъафэм и мыхьэнэр сэ нэсу къыщызгурыIуар Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмкIэ университетым, а лъэхъэнэм Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэу щытам (иджы РУДН) и студент сыхъуа нэужьщ. Дунейпсо цIэрыIуагъ зиIа да Винчи еджагъэшхуэм, къэхутакIуэм, узэщIакIуэм и псалъэхэр дэ, сабийхэм, ди деж япэу къэзыхьэсар ди Хэкум и къуажэ пхыдзахэм щыпсэу ди Жанхужь цIыкIуу зэрыщытри хуабжьу згъэщIэгъуауэ, уеблэмэ сригушхуауэ щытащ. «Абы щыгъуэ зи гугъу ищIар сэрмырауэ пIэрэ?» — щыжысIи къохъу. ИпэжыпIэкIэ, игъащIэкIэ уриеджакIуэу, уи гупсысэрэ еплъыкIэрэ уимыIэжу укъэзылъагъу егъэджакIуэми ар жагъуэ щыхъунущ.
- И гъэсэнхэм Жанхужь къызэрытхущытыр и бын дыдэу къилъытэут. Тхьэр абы къыхуэупсатэкъым езым ипкъ къикIа сабийкIэ, арауэ пIэрэт (абы и закъуэкъым, дауи!) Жанхужь цIыкIу щысхьрабгъу лъэпкъ имыIэу и псэ хуабагъэмкIэ къыддэгуашэу щIыщытар? Ар дэ къызэрытхущытыр егъэджакIуэр иригъаджэм зэрыхущытын хуейм куэдкIэ ебэкIырт — Жанхужь дэ къыттеубгъуат, хуабжьу къытхуэсакъырт, школым екIуалIэ сабий псоми дахигъэфIыкIынут дбгъэдэлъ щIэныгъэкIи тхэлъ гъэсэныгъэкIи. ЖыпIэнурамэ, гъащIэм и IэфIыпIэ, и фIыгъуэ псори дэ къытхуигъэфащэрт а бзылъхугъэ щэджащэм. ЦIыхум лIэщIыгъуэкIэрэ зэхуихьэса щIэин лъапIэр щIэблэм къытхипщэну хущIэ-къурт ар, ауэ щыхъукIи жылагъуэм и «узыфэхэм», абы мыхъумыщIагъэу щызекIуэхэм пэIэщIэ дызэрищIынми хуэсакъыу.
- Абы лъандэрэ зэман кIыхь дэкIыжами, нобэ согупсысэри къысхуэгубзыгъыжыркъым Жанхужь зы щыуагъэ е мыхъумыщIагъэ гуэр дэтлъэгъуауэ, апхуэдизу ар цIыху зэпIэзэрытт, Iэдэбт, щэныфIэт икIи щыпкъэти. Ди сабий акъылыр гупсысэ дахэхэм хуэзыгъэуш егъэджакIуэм езым бгъэдэлъ щIэныгъэр къыдбгъэдилъхьэ къудейтэкъым, атIэ дэтхэнэ зыри дыкъилъытэрт жьыбгъэ лъэщым, къабзэм зэщIигъэплъа икIи куэдрэ мыужьыхыу, нуру блэну пхъэдзакIэмафIэ лъэщу. Дэри дыхущIэкъурт ди егъэджакIуэм хуэфащэу дыкъызэрыщIэкIыным.
- Зи IэнатIэр хьэлэлу, гурэ псэкIэ езыхьэкIхэм ящыщт ди егъэджакIуэр. Ар хуабжьу елIалIэрт зэрыригъаджэ программэр, планхэр зэпэщу, къызыхуэтыншэу убзыхуным. Щылажьэ школым и унафэщI Гъуэгунокъуэ Къэралбийрэ абы егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ КIасэ СуIэдинрэ я жыIэм, я нэIэм щIэт Жанхужь абыхэм я ущиехэр екIуу зыхилъхьэрт, и дерсхэми творческэ Iэзагъ хэлъу къыщигъэсэбэпырт. Зи гъащIэ псор сабийхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным тыхь хуэзыщIа егъэджакIуэ Iэзэм иту щыта дерс зэIухахэр, классщIыб лэжьыгъэхэр нэгъэсат, купщIафIэт, куэдым щапхъэ яхуэхъурт. Жылэдэс адэ-анэхэри хущIэкъурт апхуэдэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм я бынхэр IэщIалъхьэну. Абыхэм хьэкъыу пхыкIауэ ящIэрт я сабийхэр фIым зэрыхуишэнур, лъэпкъ гъэсэныгъэ зэрахилъхьэнур, еджэным, щIэныгъэ къэугъуеиным хуэпабгъэу къызэригъэтэджынур. Ауэ щыхъукIи, къэхъуакъым Жанхужь еджакIуэхэм я пщIэр щриудыхаи, яхуэмыфащэ щарипэсаи, абыхэм щещхьэфэуаи. Лъагъуныгъэ нэхурэ псэ хуабагъэрэ къызыпкърыкI цIыху гуапэм и щыпкъагъымкIэ, хьэл-щэн дахэмкIэ ихьэхурт къыдэлажьэхэри, иригъаджэхэри, адэ-анэхэри. Апхуэдэт ди Жанхужь цIыкIу!
- Бадзэ Жанхужь Аруан районым, республикэм мызэ-мытIэу къыщалъытащ илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу. И лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу къыхуагъэфэщащ егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, профсоюзхэм я обкомым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд. Абы къыфIащауэ щытащ «РСФСР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэри. Апхуэдэ къэрал, жылагъуэ гулъытэ лъагэр Бадзэм хуэфащэ дыдэт. Ар Жанхужь къихьат зэфIих и лэжьыгъэ купщIафIэмкIэ, и къалэнхэр жэуаплыныгъэ ин зыхищIэу зэригъэзащIэмкIэ.
- Дэтхэнэ егъэджакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и лъэужьым ирикIуэ гъэсэнхэм къахэкIыным. Апхуэдэ фIыгъуэкIи Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщащ ди Жанхужь цIыкIу. Абы дригъэджахэм къытхэтщ и лъагъуэм теувахэр, щIэныгъэм и лъагапIэхэм нэсахэр. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, ди классым щIэсахэу, иджы егъэджакIуэ хъуахэу ШкIэжь Любэ, ШащIэ Зэружан, Дзыгъур Таисэ, Быж Светланэ сымэ, сэри сащIыгъуу. Абы къысхилъхьа хьэлхэм ящыщщ щIэм и лъыхъуакIуэу, си мурадым ерыщу сыхуэкIуэу сызэрыщытыр. Жанхужь и фIыгъэ хэлъу къызолъытэ филолог («псалъэр фIыуэ зылъагъу») IэщIагъэр зэрызэзгъэгъуэтами, тхылъ мин бжыгъэхэр зыщIэлъ библиотекэ къулей зэрызэзгъэпэщыфами, адыгэбзэм хуэдэу сыхуэшэрыуэу урысыбзэри франджыбзэри зэрысщIэми, тэрмэш лэжьыгъэм сызэрыхуэIэижьми. Зэгуэр, дызэхуэзауэ си хъыбархэр щыхуэсIуэтам, ар хуабжьу щыгуфIыкIат зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ цIыху къызэрысхэкIам, хамэ щIыпIэхэу Бенинрэ Ганэрэ я зэхуаку дэлъ Того къэрал цIыкIум (Африкэ), Франджым, Бельгием урысыбзэмрэ литературэмрэ щезгъэджу, си щхьэм и мызакъуэу, ди къэралми хуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд зэрызэфIэсхам.
- НэхъыжьыфIу, унэтIакIуэ Iэзэу ялъытэр, псом япэрауэ, адэ-анэращ, абыхэм кIэщIу къакIэлъокIуэ гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъу егъэджакIуэфIыр, гъэсакIуэфIыр. Апхуэдэуи щIэблэ нэскIэ дызэджэ хъунур ар гъуэгу захуэ, пэж тедгъэувэфа ди бынхэм я закъуэкъым — апхуэдэщ ди еджакIуэфIхэр, ди гъэсэн щыпкъэхэр. КъызэрымыкIуэ егъэджакIуэу диIа ди Жанхужь цIыкIу фIы дыдэу хищIыкIырт и IэщIагъэм, фIыуэ илъагъурт иригъэдж предметхэри ахэр зригъэдж ныбжьыщIэхэри. Ар дэ гурэ псэкIэ зыхыдигъэщIэфырт зи гъащIэр куэдым щапхъэ тхуэхъуа ди унэтIакIуэм.
- Сэ сыкъапщтэмэ, анэ быдзышэм щIыгъуу си Iэпкълъэпкъым къыхыхьа псоми хуэдэу, Жанхужь цIыкIу къызбгъэдилъхьа ущиехэри си псэр пытыху сщIыгъунущ — гъуэгугъэлъагъуэу, дунейгъэнэхуу.
- СЕМЭН Iэмырхъан,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.