ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

КIуэкIуэ Казбек «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым удз гъэгъахэр трелъхьэ

2020-02-26

  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди хэкуэгъу хэкIуэдахэм я щIыхьым пщIэшхуэ зэрыхуищIым и нэщэнэу «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым удз гъэгъахэр трилъхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэ

2020-02-26

  • Мазаем и 26, бэрэжьей
  • Кувейтыр хуит къыщащIыжа махуэщ. 1991 гъэм Иракым и дзэхэр а къэралым ирахужащ.
  • 1712 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Тулэ къыщызэIуахащ Iэщэ къыщыщIагъэкI завод. Ар Урысейм щыяпэ апхуэдэ IуэхущIапIэт. Абы зиужьурэ Тулэ къалэр къэралым Iэщэ къыщыщIагъэкI и щIыпIэ нэхъыщхьэ хъуауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Джазэ Хъусен: «Ди щIалэгъуалэр хэкупсэу къохъури, сахуэарэзыщ»

2020-02-26

  • 2009 гъэм хьэжыщI щыIа, Налшык къалэм дэс Джазэ Хъусен и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщащ Адыгэ лъэпкъым я нэхъыжьхэм я хасэ. Мазэ еплIанэ хъуауэ лажьэ зэгухьэныгъэр зыхунэсахэм нэхъыжьыр къытхутепсэлъыхьыну къытхуеблэгъащи, абы къыджиIахэм    ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

2020-02-26

ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьа сэлэт. Сурэтыр 1944 гъэм трахащ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Абы тыншыпIэ зэи къилъыхъуакъым

2020-02-26

  • А махуэр гукъинэжт Мухьэмэдрэ абы и классэгъухэмрэ я дежкIэ. Дунейр щIэращIэт, я щIалэгъуэт, курыт еджапIэри къаухати, ехьэжьауэ я гуфIэгъуэт. Школым щекIуэкIа пщыхьэщхьэр зэфIэкIа нэужь, зэры-  классу Къызбрун бжьэпэм дэкIри, хэкIуэтэху къакIухьат, я хъуэпсапIэ зэхуаIуатэу, зэчэнджэщу. Ауэ зи дахэгъуэ, зи дунейтехьэгъуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я хъуэпсапIэ псори къатекъутащ етIуанэ махуэм. Бахъсэн аузми къэсащ фашистхэр ди Хэкум къызэрытеуам теухуа хъыбарыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

И  адыгэгур  хамэ  щIыналъэм  щызыхъумэфа  КIубэ  Щэбан

2020-02-26

  • Адыгэ усакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIубэ Щэбан къызэралъхурэ илъэси 130-рэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щхьэж и зэфIэкI   иреплъыж

2020-02-26

  • Нобэ ди псэлъэгъущ Краснодар щIыналъэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъут Аскэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

КъБР-м  и  Къэрал  саугъэтыр  зыхуагъэфэща  Котляровхэ  Мариерэ  Викторрэ

2020-02-26

  • 2019 гъэм КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зратахэм ящыщщ тхакIуэ-публицистхэу, илъэс тIощIым щIигъуауэ уней тхылъ тедзапIэ зыгъэлажьэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нэрымылъагъу дунейм  и  сурэтхэр

2020-02-26

  • Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм мы махуэхэм къыщызэIуахащ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Марченкэ Владимир и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ а Iуэхур абы и ныбжьыр илъэс 60, сурэт щIыным ирилэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 40 зэрырикъум зэрыхуэгъэпсар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Зэрэгъыж  къуажэм  и  щIыпIэцIэхэм  я  лъагъуэм  тету

2020-02-26

  • Лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ щIэныгъэхэм я кандидат, фермеру лажьэ Къалмыкъ Эдуард    и «Топонимика селения Зарагиж и прилегающих территорий» тхылъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

ЛIыфI  хъунур  сабий  цIыкIу  щIыкIэ  къыбощIэ

2020-02-26

  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэм нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну сыхуейт, а къалэным зэрыпэрыувэрэ куэд мыщIами, и къулыкъур ехъулIэу езыхьэкI адыгэ щIалэ Щомахуэ Аскэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Токъмакъ  Азэмэт зыри къытекIуакъым

2020-02-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Токъмакъ Азэмэт ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ тэмэму зэхэзымых-хэм бэнэкIэ хуитымкIэ я къэралпсо чемпионатым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэкум и  хъумакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2020-02-22

  • ПщIэ зыхуэсщI дзэ къулыкъущIэхэ!
  • Хэку зауэшхуэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда къарухэм я ветеран лъапIэхэ!
  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • Мы гуфIэгъуэ махуэм дэ догъэлъапIэ частхэм, соединенэхэм зи къулыкъур щезыхьэкI, къэралым и шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ, цIыхухэм я мамыр гъащIэр зыхъумэ, хэкур фIыуэ лъагъуным пыщIа Iуэхухэр махуэ къэс пхызыгъэкI псори. ФIыщIэ хэха яхудощI икIи ди щхьэр яхудогъэщхъ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу ди Хэкум и хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зыхъумахэм. Ахэр щхьэмыгъазэу, къикIуэт ямыIэу бийм зэрыпэщIэтар ди Хэку лъапIэм хуэпэжу щытынымкIэ мыкIуэдыжын щапхъэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЗэдэIэпыкъуныр  шэсыпIэщ

2020-02-22

  • КъБР-м и Правительствэм мазаем и 20-м зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир щIышылэм и 22-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ езым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щигъэува Чайкэ Юрий. ХьэщIэ лъапIэмрэ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм щызэфIэува жылагъуэ-политикэ щытыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэуныгъэ-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Тхыдэ къулей зиIэ махуэ лъапIэ

2020-02-22

  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэр Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым илъэс къэс щагъэлъапIэ гуфIэгъуэщ. Абы и тхыдэри илъэси 100-м нэблэгъащ: 1922 гъэм щIышылэм и 27-м РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым унафэ къыдигъэкIат Дзэ Плъыжьыр къыщызэрагъэпэща махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше