Уэдыхь Албэч и ехъулIэныгъэхэр
2020-03-11
- Дызытет дунеймрэ щIыуэпсымрэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, апхуэдизу абрагъуэщ икIи къулейщи, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Илъэсхэр блокI, лIэщIыгъуэхэм захъуэж, хьэлэмэтыщэу къытщыхъуу щытахэм я пIэм телъыджэу къытфIэщI нэгъуэщIхэр къоувэ. ЦIыхум ехьэлIауэ жыпIэмэ, псори хъуфынукъым къызэрымыкIуэ зэфIэкI зиIэ, щэджащэ, ауэ, итIани, цIыху мелуанхэм ябгъэдэлъщ езыхэм фIэкIа нэгъуэщIхэм яхэмылъыфыну творческэ зэфIэкIхэр. Зи гугъу тщIы зэчиифIэхэм ящыщщ Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) и 6-нэ классым щеджэ Уэдыхь Албэч. Зи Iущагъымрэ акъылыфIагъымкIэ, бгъэдэлъ зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Албэч и ныбжьэгъухэм къахожаныкI, куэдым я дежкIи щапхъэщ.
- Къэхъун къуажэм щыщ щIалэ цIыкIур еджэным фIы дыдэу зэрыхэзагъэм, гъэсэныгъэ дахэ зэрыхэлъым я щыхьэтщ ар предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щIыпIэм щекIуэкI олимпиадэхэм жыджэру зэрыхэтыр, увыпIэфIхэри къызэрыщихьыр. Абыхэм къапокIуэ щеджэ курыт школым и унафэщIэм и Iэ щIэлъу Албэч мызэ-мытIэу къыхуагъэфэща щIыхь тхылъхэр, апхуэдэуи и адэ Аслъэнбэчрэ и анэ Марьянэрэ хуагъэхь фIыщIэ тхыгъэхэр. Ахэри фIыгъуэшхуэщ икIи уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъужщ уи бын е уи гъэсэн теухуауэ. АтIэми Албэч нэгъуэщI зэфIэкIхэри бгъэдэлъщ. Къапщтэмэ, ар хуабжьу дехьэх сурэт щIыным. Абы и IэдакъэщIэкI сурэт-хэр IэщIагъэлIхэм гунэс ящохъу.
- Апхуэдэу, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и саулыкъукIэ нэгъабэ къызэригъэпэща сурэтзэпеуэм хэтащ икIи «Хэкупсэ» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ.
- КъищынэмыщIауэ, Албэч дахэ дыдэу скрипкэ йоуэ. Нарткъалэ дэт ГъуазджэмкIэ «Лэгъупыкъу» сабий еджапIэм и гъэсэнхэм ящыщ щIалэ цIыкIур иджыблагъэ хэтащ «Утыку зэIуха» («Открытая сцена») ГъуазджэмкIэ дунейпсо зэпеуэм икIи абы и лауреат хъуащ. Уэдыхьым къратащ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъыр.
- Уэдыхь Албэч спортми дехьэх. ЩIалэ Iэчлъэчым илъэс зыбжанэ хъуауэ зыхуегъасэ тхэквондо бэнэкIэ лIэужьыгъуэм. Илъэс блэкIам и бжьыхьэм Прохладнэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Албэч ещанэ увыпIэр къыщихьащ килограмм 53-м нэмысхэм я деж. Абы къратащ «ТХЭКВОН-ДО» спорт клубым и унафэщI Ким Виктор и IэщIэ-дзыр зыщIэлъ щIыхь тхылъ.
- — Дэтхэнэ егъэджакIуэми и напщIэм телъщ и гъэсэн цIыкIухэм я ехъулIэныгъэхэр. Дэри ди школри зэрыщыту дрогушхуэ икIи дропагэ Уэдыхь Албэчи абы хуэдэ адрей ди еджакIуэфIхэми, — жаIэ щIалэ цIыкIум и класс унафэщI Грудачёвэ Александрэрэ ар адыгэбзэмкIэ езыгъаджэ Вэрыкъуэ Iэминатрэ. — Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис и фэеплъ пшыхь иджы дыдэ щедгъэкIуэкIат район библиотекэми, Албэч ящыщащ а зэхуэсым и утыкум жыджэру итахэм. Ди еджакIуэ щIалэм дохъуэхъу ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну, текIуэныгъэщIэ куэд иджыри къихьынуи дыщогугъ.
- Сабий псори Тхьэшхуэр къызэрытхуэупса хъугъуэфIыгъуэщ. Уэдыхь Албэч хуэдэхэр а хъугъуэфIыгъуэхэм къахэлыдыкI налкъутщ. А мывэ лъапIэм къыпих нурым зэи щремыщIэ адыгэ щIалэ зэчиифIэр. Апхуэдэхэращ ди къэкIуэ-нур зейри, Тхьэм иригъэфIакIуэ!
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.