АдыгэлI хахуэм и цIэр фIащ
2020-03-11
- Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм я цIэхэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ, абы хуабжьу дыщогуфIыкI, дрогушхуэ икIи дропагэ. Апхуэдэ гурыщIэхэр ди гумрэ ди псэмрэ къыщызыгъэуш Iуэхугъуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Краснодар къалэм. Абы дэт курыт школ №41-м фIащащ адыгэлI хахуэ, полковник, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм 11-нэ гвардие гупым и механизированнэ полкым и командиру щыта Шемякин (Къардэн) Михаил (Мухьэмэд) (1908 — 1977) и цIэр. Абы и саулыкъукIэ къызэрагъэпэща дауэдапщэм хэтащ ди лъахэм икIахэри.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызэIуихащ Iуэхур щекIуэкIа курыт еджапIэм и унафэщI Алютинэ Иринэ. Абы къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ зэхуэсым кърихьэлIа хьэщIэ лъапIэхэр. Абыхэм яхэтт Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм Краснодар къалэм щаIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Рыбалкэ Иван, ди лъахэгъу щэджащэ Шемякин Михаил Пётр и къуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ куэд лъандэрэ тетхыхь, тхыдэдж Пронин Владимир, Краснодар къалэм и КъухьэпIэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Зубенкэ Валерий сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Зэхуэсым щIэсхэм Iэгуауэ ин хуаIэтащ Шемякин Михаил къызыхэкIа Къардэнхэ я лIыкIуэ хьэщIэ лъапIэхэу лъэпкъ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хьэдисрэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и пашэ Iэбубэрэ. Шемякиным и цIэр зытет щIыхь пхъэбгъум деж щIыхь къэрэгъулыр а махуэм щрахьэкIащ Краснодар дэт, кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыр дзэ еджапIэм и курсантхэм.
- ЗэIущIэм хэта ныбжьыщIэхэм, зым къригъажьэм адрейм пищэурэ, къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуащIащ я еджапIэм зи цIэр фIащ цIыху щыпкъэм и гъащIэ хьэлэмэтым и къекIуэкIыкIам. Абы зэрыщыжаIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дыгулыбгъуей адыгэ къуажэм щыщ, Мухьэмэд (языныкъуэхэми ФэIизулэ жаIэ) цIэр зиIа щIалэр адыгэщ, Къардэнхэ ящыщщ. И адэ-анэр имыIэжу ар зеиншэ щыхъум, ар фIэгуэныхь хъури ипIыну къищтащ урысыдзэм хэт офицер Шемякин Пётр, и унагъуэцIэри Михаил цIэри иритри. ЛIэщIыгъуэ блэкIам екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэм къыкIэлъыкIуа граждан зауэм хэкIуэдащ Пётр. ИужькIэ Михаил гъусэ хуэхъуащ къэзакъхэм ящыщ Пилипенкэ икIи «полкым и къуэу» шуудзэм хигъэхьащ. Апхуэдэу адыгэ щIалэщIэр шууей-тIасхъэщIэх хъуащ.
- 1920 — 1922 гъэхэм къыщыщIэдзауэ Шемякиным дзэм къулыкъу щищIащ, Жуков Георгий и унафэм щIэту. Илъэс 13 фIэкIа и мыныбжьу бгырыс щIалэщIэр тIэунейрэ ягъэлъэгъуащ Бэракъ Плъыжь орденыр къратыну. Комсомолец, иужькIэ коммунист щIалэр пэрыуващ Самарэ щыIэ 37-нэ шу гупым и командир къулыкъум. ИтIанэ ар ягъэкIуащ 39-нэ Мелекевско-Русочевскэ шуудзэ полкым. Владикавказ лъэсыдзэ школыр, Кавказым ис лъэпкъхэм я шу школыр (Краснодар) ехъулIэныгъэкIэ къиухри, адыгэ щIалэм къулыкъу щищIащ Таганрог, Ставрополь, Грознэ, Каменск къалэхэм. 1941 гъэм ар япэ шуудзэ гуп хэхам и штабым и унафэщIащ, Москва и КъухьэпIэ лъэныкъуэр зыхъумахэми яхэтащ. 1945 гъэм Шемякиныр 11-нэ гвардие гупым и механизированнэ полкым и командиру щытащ. Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, Михаил Кёнигсберг (иджы Калининград) къалэм и япэ дзэ коменданту щытащ. Зэрихьа лIыгъэхэм къапэкIуэу советыдзэм и полковник Къардэнхэ я къуэм къыхуагъэфэщащ Лениным и орденыр, Бэракъ Плъыжьым и ордену 6, Вагъуэ Плъыжь ордену 2, Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр, медалхэр.
- Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Шемякиныр Краснодар щыпсэуащ, дунейм ехыжыхукIэ. Я къалэм щыщ хэкулIым и цIэр лъагэу яIэтырт зэхуэсым къыщыпсалъэхэм. Абы зэрихьа лIыгъэмрэ хэлъа хахуагъэмрэ къызыхэщыж усэхэмрэ уэрэдхэмрэ куэду щыIуащ зэхуэсым.
- Я нэгу щIэкIа псори фIыщIэ зыщIу, адыгэлI щыпкъэм и фэеплъыр зыгъэлъапIэу абы и цIэр еджапIэм фIэщыныр зи жэрдэмхэми пщIэ лей зэрыхуащIыр къигъэлъагъуэу, зэхуэсым къыщыпсэлъащ Къардэн Хьэдис. Ар апхуэдэу кIэщIу тепсэлъыхьащ Къардэн лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм.
- Школым Шемякиным и цIэр зэрыфIащым епха дауэдапщэхэр зэфIэкIа нэужь, хьэщIэ лъапIэхэр, ди лъахэгъухэри яхэту, яшащ Шемякин (Къардэн) зэщхьэгъусэхэу Михаилрэ Юлиерэ щыщIалъхьа кхъэм. Абыхэм я кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ. ИужькIэ ахэр ирагъэблэгъащ адыгэлI хахуэм къыхуагъэфэщауэ щыта къэрал дамыгъэхэр, и хьэпшыпхэр, сурэтхэр щахъумэ музейм. Абы и унафэщI Аликинэ Юлие зэрыжиIамкIэ, и мурадщ Къардэнхэ къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я плIанэпэ музейм къыщызэригъэпэщыну. Абырэ Къардэн Хьэдисрэ а IуэхумкIэ зэдэлэжьэну зэраухылIащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа хьэщIэхэр къыщрагъэжьэжым, хэгъэрейхэм жаIащ Краснодар къалэм щIыхь зиIэ и цIыхуу, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу щыта Шемякин (Къардэн) Михаил Пётр и къуэм и фэеплъыр куэдрэ зэрахъумэнур.
- КЪАРДЭН Тамбий.