ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2020

Къэралым и цIыхухэр узыфэм щыхъума хъуным хуэунэтIа унафэ

2020-03-26

  • Гъатхэпэм и 30-м къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 5 пщIондэ къэралым мылэжьэгъуэу щыщытынущ. Апхуэдэ унафэ ищIащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир.
  • ТелевиденэмкIэ цIыхубэм защыхуи­гъазэм ар хэIущIыIу ищIащ къэралым и Президентым. Зэрымылажьэм щхьэкIэ цIыхухэм я лэжьапщIэри яубыдынукъым.
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ, гъатхэпэм и 28 зыгъэпсэхугъуэ махуэм щегъэжьауэ мэлы­жьыхьым и 5 тхьэмахуэ махуэри къыхиу­быдэу цIыхухэр дэсынущ. Апхуэдэ унафэм и лъабжьэр коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъурщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къумыкъу I. М. теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2020-03-26

  • 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес Мухьэмэд и къуэм а къулыкъур щхьэ­щыхын.
  • 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр ягъэувыхукIэ абы и къалэнхэр игъэзэщIэну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Биту Аслъэн Хьэсэн и къуэм.
  • 3. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • Iэтащхьэ                           КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм гъатхэпэм и 23-м
  • №21-УГ

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2020-03-26

  • Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуащIа хэлъхьэныгъэшхуэм икIи илъэс куэд ­хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ щIыхь цIэхэр яфIэщын:
  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист»
  • Зеущэ Iэуес Амдэж и къуэм — Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм «ЩэнхабзэмкIэ къалэм и уардэунэ» муниципальнэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэм,

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус уз зэрыцIалэр къыщымыгъэхъунымрэ абы зэрызиубгъум щыкIэлъыплъынымкIэ и Оперативнэ штабым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2020-03-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
  • 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус уз зэрыцIалэр къыщымыгъэхъунымрэ абы зэрызиубгъум щыкIэлъыплъынымкIэ и Оперативнэ штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 13-м къыдигъэкIа Унафэ №29-РГ-мкIэ къищтам, зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэн, абы мы къыкIэлъыкIуэхэр хэгъэхьауэ:
  • Лыхь А. Ч. — Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ ­къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
  • Хабаров Н. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурорыр (зэгурыIуауэ)
  • 2. Мы Унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

 

         Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

         Iэтащхьэ                                              КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2020 гъэм гъатхэпэм и 23-м

№33-РГ

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм Зэрызахуэдгъазэр

2020-03-26

  • Коронавирус уз зэрыцIалэм дунейми Урысейми зэрызыщиубгъур, абы къыхэкIыу щыIэ хъуа щытыкIэр, 2019-nCoV узыфэр цIыху нэхъыбэм къапкърыхьауэ зэрыщытыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм а узыфэм теухуауэ цIыхухэм зэрызахуигъэзам къыщыгъэлъэгъуахэр къэлъытауэ, КъБР-м щыпсэу псоми дыныволъэIу: шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэр уэим фымыщI, абыхэм я нэхъыщхьэр цIыху зэхуэсыпIэхэм фымыкIуэнырщ, къабзагъэм и хабзэхэм фытетынырщ.
  • Фи Iыхьлы, ныбжьэгъу, цIыхугъэ куэд зэвгъэблагъэ зэхыхьэхэр щытыкIэр тэмэм хъужыхукIэ зэхэвмышэну зыфхудогъазэ. ХьэгъуэлIыгъуэхэр, цIыхур къыщалъхуа махуэхэр, юбилейхэр гъэлъэпIэныр, сэдэкъэхэр щIыныр, нэгъуэщI дауэдапщэхэр егъэкIуэкIыныр ди хэкуэгъу куэдым я узыншагъэм зэран хуэхъуныр зыхуэIуа щыIэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ Пщэдейрэ

2020-03-26

  • Гъатхэпэм и 26,
  • махуэку
  • Къэмэх узыфэр зыпкъ­рытхэм я дунейпсо махуэщ
  • 1872 гъэм Урысейм япэ ­пощт карточкэр къыщыдэ­кIащ.
  • 1903 гъэм Iэщэ щащIу Златоуст дэт заводым и рабочэ зыкъэзыIэтахэр пащтыхьы­дзэм зэтриукIат.
  • 1941 гъэм Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр ягъэуващ. ИужькIэ абы Къэрал саугъэткIэ еджэ хъуащ.
  • 1944 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым советыдзэхэр, Хэкур хуит къащIыжурэ, СССР-м и къэрал гъунапкъэм, Прут псым деж хуэзэм, нэсащ.
  • 1956 гъэм Москва областым хыхьэ Дубнэ къалэм Iэ щытрадзащ ядернэ къэху­тэныгъэхэмкIэ институт зэгуэт къызэгъэпэ­щыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. А зэгухьэныгъэм хыхьат къэрал 18.
  • 1989 гъэм СССР-м щыяпэу къэралым щекIуэкIащ зы депутат мандатым цIыху зыбжанэ щыщIэбэна хэхы­ныгъэхэр.
  • 1995 гъэм Шенген зэгурыIуэныгъэм къару игъуэтащ. Абы ипкъ иткIэ паспорт, таможеннэ кIэлъы­плъы­ныгъэхэм хэмыту зэ­кIэлъыкIуэну хуит хъуащ Бель­гием, Германием, Франджым, Люксембургым, Нидерландхэм, Испанием, Португалием щыпсэу­хэр.
  • 1996 гъэм Дунейпсо валютэ фондым Урысейм къритащ доллар меларди 6,9-рэ хъу щIыхуэр. МВФ-м и тхы­дэм къриубыдэу ята ахъшэ щIыхуэ нэхъыбэ дыдэу къалъытэр аращ.
  • 2000 гъэм, Ельцин Борис и къулыкъум зэрытекIам къы­хэкIыу, Урысей Федерацэм щекIуэкIащ зи мычэзу президент хэхыныгъэхэр. Абы щытекIуауэ щытащ Путин Владимир.
  • 2003 гъэм Марсым тенджыз щта къыщагъуэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КЪУИИКЪУЭ Налбий Абазэхэхэм я анэ (Іуэтэж)

2020-03-26

  • Лъэпкъ философиемрэ дуней лъагъукІэмрэ я щІэщыгъуапІэм теІунщІэу тхыгъэ купщІафІэхэр адыгэ литературэм къыхуэзыгъэна тхакІуэхэм ящыщщ бжьэ­дыгъу щІалэ Къуиикъуэ Налбий. Абы и Іэдакъэ къыщІэкІащ усэ, повесть, роман  куэд, и зэфІэкІыр щигъэлъэгъуащ драматургием, курыт еджапІэхэм Адыгэ хабзэр зэрыщаджын тхылъи зэхилъхьащ. Налбий ­зэдзэкІакІуэ хъарзынэуи щытащ. Абы адыгэбзэкІэ къигъэп­сэлъащ Шекспир Уильям, Гольдони Карло, Мольер, Гоголь Николай, Чехов Антон сымэ, н.къ. И ­гъащІэм и иужьрей илъэсхэм Къуиикъуэм адыгэ тхыдэм щІэх-щІэхыурэ зыхуригъэзэкІ, нэхъ зыгъэпІейтей, лъэпкъым и щхьэ кърикІуа Іуэхугъуэхэр къызы­хэкІам и щхьэусыгъуэхэм я лъыхъуакІуэ хъуат.
  • Налбий и цІэр ­нэхъ жыжьэ зыгъэІуар тхыдэр тегъэщІапІэ зы­хуищІа тхыгъэ­хэращ. Абыхэм ящыщщ «Псым ихь Іуащхьэ», «Къущхьэ ябгэ», «Бэчкъан и шыр», «Закъуэныгъэм и мэз» повестхэр, «Щы­мы­Іэж­хэм я санэбжьэ» романыр, «Лъэпщ», «ХьэщІэ», «Хьэна­хъуэ», «Аба­зэхэхэм я анэ» Іуэ­тэжхэр.
  • Лъэпкъым и гущІэм нэплъысу абы и щэхухэм я тІасхъэр ­къы­­­зэрилъэгъуам и мызакъуэу, а псор псалъэ къыхэщыпыкІа ­за­щІэкІэ зэрызэІуищам гущІа­гъ­щІэлъыбзэкІэ ягъафІэу къа­хуэ­мы­Іуатэ куэд сэтей къригъэщІыфащ, пэжымкІэ гъуазэ, гъащІэмкІэ дерс хъууэ. Тхыдэм и дурэшым къыкъуихыж теплъэгъуэхэр Къуиикъуэм къызэригъэпсэу бзэр къызэрымыкІуэу шэрыуэщ, псэм зыхещІэ.
  • Абы и щапхъэщ «Абазэхэхэм я анэ» Іуэтэжыр, лъэпкъ литературэм и фІыпІэм халъытэ тхыгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГъукIакъуэ Идар гъатхэпэм и 25-р къыщалъхуа махуэщ, илъэс 25 -рэ ирикъуащ

2020-03-26

  • ГъукIакъуэ Идар

    ФIыуэ тлъагъу, куэдкIэ дызыщыгугъ, ба­лигъ гъащIэм и уэ­ры­пIэм лъэ быдэкIэ щыува ди щIалэр дэзыхьэх продюсер IэщIагъэм щы­­хуеджащ Прагэ и университетым. Идар адыгэбзэр дунейм и дэнэ щIыпIи щызэхахыным,  лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм  хэгъэгъуэ­зэ­ным щIэ­хъуэпс щIалэщ. Ар «Черкес-FM» ра­дио­стан­цым и гъэ­зэщIакIуэ уна­фэщIщ.

  • Зи псэр къабзэ, Хэкур, лъэпкъыр фIыуэ зы­лъагъу Идар, узын­шагъэ, дэрэжэгъуэ мы­кIуэщI уиIэу, нэхъыжь­хэм я ­жьауэм ущIэту, нэхъыщIэм уращапхъэу, пщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэ лъэпкъылIщ къыпхужаIэу, уи IэщIагъэм и хъер плъа­гъуу, уи пщIэр лъагэу Тхьэм уигъэпсэу. Узыхуэпабгъэ лъагапIэхэм унэ­сыну, уи щэнымрэ акъылымрэ санэхуа­фэр хуаIэту, цIы­хугъэр къыбдэбагъуэу, уи гум ­щыбгъафIэ мурадхэр къохъулIэу, уи адэ-анэр, уи нэ­хъыжь­хэр, къыбдалъхуахэр уэркIэ гушхуэу, уи гур щызрэ уна­сыпыфIэу, беягъэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ дахэ зэпыпчыну ди гуапэщ. фIыгъуэу щыIэм я нэхъ лъа­пIэр къохъулIэну дынохъуэхъу!
  • Уи ныбжьэгъухэмрэ Iыхьлыхэмрэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Арщыдан къуажэм щыщ, Налшык щыпсэу Бозий Джамболэт Алим и къуэр гъатхэпэм и 25-р къыщалъхуа махуэщ, илъэсибгъу ирикъуащ

2020-03-26

  • Бозий Жамболэт


    Ди щIалэ гъэфIэным уи уафэр къащхъуэрэ уи щIылъэр щхъуантIэу, уи пщIэр лъагэрэ уи псэр къабзэу балигъ ­гъащIэм ухэувэну, уи щэ­нымрэ акъылымрэ псалъэ дахэ куэд хужа­Iэу, цIыхугъэр къыбдэ­ба­гъуэу адыгэлI нэс къыпхэщIыкIыну ди ­хъуэпсапIэщ. Уи нэхъыжьхэр, уи адэ-анэр уэркIэ гушхуэу,  уи ­гъа­­щIэ гъуэгур дахэрэ зэ­Iухауэ,  ехъу­­лIэныгъэ уиIэу упсэуну, Тхьэр фIыгъуэу щыIэмкIэ къыпхуэупсэну дыно­хъуэхъу.

  •  Раисэ, Розэ, Аузед, Къэрэшей, Мухьэмэд.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхухъу бгырыпх лъапIэ

2020-03-26

  • Налшык къалэм и полицейхэм къыщIагъэщащ хьэпшып щащэ тыкуэнхэм сом 247100-рэ и уасэ бгырыпхрэ джэдыгурэ къыщы­зы­дыгъуахэр.
  • Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ  управленэм зыхуэзыгъэза, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым зэрыжиIамкIэ, Налшык дэт сату центрхэм ящыщ зым мы гъэм мазаем и 25-м щIадыгъукIащ сом 87100-рэ и уасэ цIыхухъу бгырыпх.
  • УМВД-м и лэжьакIуэхэм яубзыхуащ шэч зыхуащIыр. Ар илъэс 36-рэ зи ныбжь, Шэджэм щIыналъэм щыпсэу цIыхухъурщ. Абы илэ­жьам­кIэ зиумысыжащ. Иды-гъуар къытра­хыжащ.
  • Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ илэ­жьауэ иджыри яубыдащ Шэджэм щIыналъэм щыпсэу зы цIыхухъу.
  • Полицэм зыхуэзыгъэза цIыхубзым зэрыжиIамкIэ, тыкуэным щIа­дыгъукIат сом 160000-рэ и уасэ норкэ джэдыгу.
  • Налшык къалэ УМВД-м и къудамэ №2-м и лэ­жьакIуэхэм яубзы­хуащ а щIэпхъаджагъэм пыщIа, илъэс 53-рэ зи ныбжь шэджэмдэсыр. ЦIыхухъум илэжьамкIэ ­зиу­- мысыжащ. Ар щаубыдам джэдыгур ища­кIэт.
  • Уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям ипкъ иткIэ (дыгъуэн).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIыналъэ зэпеуэхэр къапоплъэ

2020-03-26

  • Налшык щекIуэкIащ ­гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр щагъэкIуэдыжкIэ къегъэлакIуэ лэжьыгъэхэр зэ­­­рызэфIахым теухуа зэ­хьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Урысей МЧС-р илъэс 30 щрикъум.

  • Зэпеуэм хэтащ мафIэ­сыш­хуэхэр гъэункIы­фIы­ным хуэгъэпса мафIэс-къегъэлакIуэ часть хэхам, ПСЧ №2-м, ПСЧ №23-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэ­сым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIапIэм, Налшык къалэ администрацэм и къэлъы­хъуа­кIуэ-къегъэлакIуэ гу­пым я командэхэр.
  • Гуп къэс хэтащ ма­фIэ­с­гъэун­кIыфI-къегъэлакIуэу 4, гъуэгу-транспорт ­къэ­­хъу­­­ къащIэхэм я лъэужь­хэр гъэ­кIуэдыжын лэжьы­гъэ­­­хэр ира­гъэкIуэкIыну хуит зыщI аттестатхэр зиIэхэр.
  • Автомобиль зэжьэхэуэ къэхъуа хуэдэти, автомашинэм и бжэр Iуатхъын, абы исхэр къихауэ япэ ­медицинэ дэIэпыкъуныгъэ иратын, ДэIэпыкъуэгъу псын­щIэр къэса нэужь, абы иралъхьэн хуейт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха