«ФIыцIэмрэ хужьымрэ»
2020-03-11
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Аброкъуэ Аслъэн и Iэдакъэ къыщIэкIа «ФIыцIэмрэ хужьымрэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклым и премьерэ.
- Пэшым тIысыпIэ нэщI имыIэу цIыхур къызэрекIуэлIам ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, абы узыщрихьэлIэр зи ныбжь хэкIуэта, театрыр илъэс куэд щIауэ фIыуэ зылъагъухэм я закъуэтэкъым, атIэ зи щIалэгъуэхэри щыкуэдт.
- Къыхэгъэщыпхъэщ «ФIыцIэмрэ хужьымрэ» пьесэр Аброкъуэ Аслъэн япэу и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэу зэрыщытыр. Ар езыр театрыр фIыуэ зылъагъу, зы спектакли блэзымыгъэкI театреплъ емызэшыжщ. Спектаклыр зыгъэувар (режиссёрыр) Дигорскэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Джалиев Казбекщ.
- Iуэхур къыщыхъур иджырей офисщ. Хьэлий Алиевич (ролыр зыгъэзащIэр Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Хьэщэ Къанщобийщ) IуэхущIапIэ иным и унафэщIщ, бейжьщ, ауэ, Iуэхуракъэ, пьесэм и пэщIэдзэм абы и ныбжьэгъу дохутыр Хьэсэн (Тэмазэ Лиуан) къыжреIэ узыфэ шынагъуэ къызэреузыр, абы икIэщIыпIэкIэ и благъэ гуэрым илъ къыхамыкIэмэ, мазищ фIэкIа зэримыгъэпсэунур. Ауэ, Хьэлий Алиевич благъэ гъунэгъу иIэкъым, Сэтэней-кIэ (ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Къул Марьянэ) еджэу зы хъыджэбз епIри, ари къихьауэ аращи, сэбэп хуэхъуфынукъым. Хьэлий Алиевич фыз къызэримышар, бын зэрызэримыгъэпэщар и ныбжьэгъум къыщрихъуэнкIэ, лIым жеIэ Индийскэ хытIыгу ныкъуэм фIыуэ щилъэгъуауэ щыта бзылъхугъэм и хъыбар икIи Нэ фIыцIэ ирита псалъэм хуэпэжу зэрыпсэуар. Апхуэдэу щыхъукIэ, дохутырыр къочэнджэщ, нэгъуэщI мыхъуми, и хъыджэбзыр а пIалъэм унагъуэ иригъэхьэу и гуфIэгъуэ хэплъэну.
- ЛIым и пхъур къреджэри йопса-лъэ, арщхьэкIэ хъыджэбзым жеIэ апхуэдэ мурад зэкIэ зэримыIэр, фIыуэ имылъагъум зэрыдэмыкIуэфынур. Сыт ищIэнт, лIыр абыкIэ арэзы мэхъу, ауэ Iуэхуракъэ, Хьэлий Алиевич и къуэдзэ Къазырхъанрэ (КъБР-м и цIыхубэ артисткэхэу ЖьэкIэмыхъу КIунэрэ Щэрмэт Людмилэрэ) и секретарь Анжелэрэ (Жэнэтей Марьям, Къуэшокъуэ Регинэ) абыхэм я псалъэмакъым кIэщIодэIухьри, бзаджагъэ я гум къокI. АпхуэдизкIэ я нэр къыщипхъуащ а тIуми, Хьэлий Алиевич IущIэну къэ-кIуа МутIалибкIэ зэджэ щIалэщIэм (Блашэ Имран) цыджаныфэ ираплъри, щIамыгъэхьэу щIахужыну яужь йохьэ, къаIэрыхьэр ираутIыпщыурэ щIалэр ягъэджалэ, фэбжь ирадзри, сымаджэщым ар щIохуэ. Абы хэту Къазырхъанрэ Анжелэрэ зэгуроIуэ, Хьэлий Алиевич дунейм ехыжмэ, и мылъкур зыIэщIалъхьэ- ну. Ар зэрызрагъэхъулIэну Iэмалри яд, ябзри ягъэтIылъыж. Къазырхъан и къуэ ХьэтIырэ (Къардэн Заур) къэфэнрэ ефэнрэ нэхъ гугъуехь игъащIэм зымылъэгъуа щIалэ щхьэхуэфIым, Сэтэней ирагъашэу, Хьэлий Алиевич Анжелэ кърагъэшэну.
- Я хьэгъэщагъэр къайхъулIэн папщIэ абыхэм япэщIыкIэ Хьэлий Алиевич и фIэщ ящI Сэтэней лIэным хуэдэу ХьэтIырэ фIыуэ илъагъуу, ауэ и адэм фIэлIыкIыу зыкъримыгъэщIэфауэ, Сэтэней жраIэ и адэм Анжелэ къишэну хъуэпсапIэ зэриIэр, и пхъур арэзы хъу закъуэмэ. Сытми, пцIы зэфэзэщкIэ зэадэзэпхъум я нэчыхьыр ятхыну траухуарэ ефэндыри къраджауэ, сымаджэщым яша МутIалиб зыкъещIэжри, и псэм фIыуэ илъэгъуа Сэтэней Iуэхур зыIутыр жреIэж.
- Арати, Сэтэнейрэ МутIалибрэ яужь йохьэри, Къазырхъанрэ Анжелэрэ я пцIыр къыщIагъэщ, ахэр утыкум ираубыдэ щIалэм игъусэу къэкIуа индеецхэм. Абы ирихьэлIэу, Хьэсэн гуфIэу, тхылъымпIэ гуэр иIыгъыу утыкум къолъадэри, псояжреIэ, индеец щIалэр — МутIалиб Хьэлий Алиеич зэрикъуэр, абы и фIыгъэкIэ, лIыр ажалым пэIэщIэ зэращIыфынур. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар и къуэт Хьэлий Алиевич Индийскэ хытIыгу ныкъуэм фIыуэ щилъэгъуауэ щыта бзылъхугъэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, фIыуэ зэрылъагъухэр зэрогъуэтыж, фIыр ем, хужьыр фIыцIэм токIуэри, спектаклыр еух.
- Гугъущ гупсысэ пыухыкIа мы спектаклым щхьэкIэ жыпIэну. Сыт Аброкъуэм «ФIыцIэрэ хужьрэ» спектаклымкIэ къыджиIэну зыхуеяр? «ЖыIэзыфIэщу дунейм фытемыт, фи лъагъуныгъэм фыкъыщхьэ-щыж», — жиIэну арауэ пIэрэт?.. КъекIуэкI Iуэхугъуэр гушыIэ жып-хъэм итрэ гукъыдэжыр къиIэтми, гукъеуэ сиIэу театрым сыкъыщIэкIыжащ. Сэ сыхуеят фIыуэ зэры-лъагъухэм я лъагъуныгъэр си фIэщ зыщIын псалъэ е Iуэхугъуэ пыухыкIа абдежым щыслъагъуну, фIыр ем зэрытекIуам пылъа гугъуехьхэр лIыхъужьхэм ядэзгъэвыну. Гугъуехьыншэу апхуэдэ къэхъуу къызыщыхъу щыIэмэ, иримыхьэлIауэ аращ. ИтIанэ, спектаклыр дэнэ утыку щыбгъэувми, сыт хуэдэ лъэпкъым къищтэми тыншу хуэгъэIэрыхуэнущ, сценэр зэрыгъэщIэрэщIа Iуащхьэмахуэрэ нарт лIыхъужьыvрэ я сурэтхэр хэбгъэкIмэ (а тIуми мыбдеж щагъэзэщIа къалэныр гурыIуэгъуащэкъым). Ар авторым езым хуейуэ ищIа? Си щхьэкIэ «адыгэмэ» нэхъыбэ къыкIэрихамэ, нэхъ къэсщтэнут…
- ГушыIэр фIыщ, ауэ ар гъащIэм и мыхьэнэкъым (мыбдеж — спектаклым), атIэ гъащIэр нэхъ тынш пщызыщI, языныкъуэхэм и деж къыбгурызыгъаIуэ Iэмал хьэлэмэтщ армыхъумэ, гушыIэм и хъуреягъым укъеуджэкIкIэ Iуэхур зэфIэкIыу къэслъытэркъым. Пэжщ, Аброкъуэм и япэ лэжьыгъэр утыку зэрырахьар, адыгэбзэкIэ тхэ драматург къызэрыунэхуар узыщыгуфIыкIын Iуэхугъуэщ. Дэ дыщогугъ икIи дыпоплъэ абы нэхъыбэкIэ дигъэгуфIэну.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.