|
Март, 2020
ЗэфIагъэкIахэмрэ къапэщытхэмрэ
2020-03-21
- УФ-м и МЧС-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и зи чэзу зэIущIэ гъатхэпэм и 17-м зэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ а къулыкъущIапIэм и Iэтащхьэ, комиссэм и унафэщI Надёжин Михаил.
-
- 2020 гъэм и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм республикэм мафIэс къыщымыгъэхъунымкIэ щылэжьыпхъэхэм я гугъу ищIащ КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс.
- — Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ хъуауэ нэхъ тегъэчыныхьауэ дытопсэлъыхь цIыраужь теплъэ зыгъуэта къуацэ-чыцэхэмрэ удзыжьхэмрэ лыгъэ зэрырадзым зэраныгъэу къишэнкIэ хъунур зыхуэдизым. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ Iуэху зылэжьхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуркъым, ди къэралым адэкIэ-мыдэкIэ щIэх-щIэхыурэ къыщыхъей мафIэсхэм къызэрагъэлъагъуэщи, — жиIащ Шаваевым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЦIыхухэр къезышэкI транспортыр уз зэрыцIалэм и къежьапIэ мыхъун папщIэ
2020-03-21
- Коронавирус уз зэрыцIалэр къэмыгъэхъун, абы земыгъэубгъун мурадкIэ Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм автомобиль транспорткIэ цIыхухэр къезы-шэкI IуэхущIапIэхэм яхуигъэхьа тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ маршрутым тет транспортыр гъэкъэбзэнымкIэ, дезинфекцэ щIынымкIэ чэнджэщхэр. Ахэр ягъэхьэзыращ транспортыр мы зэманым зэрызэрахьэн, зэрагъэкъэбзэн хуей щIыкIэм теухуауэ Роспотребнадзорым къигъэхьа тхыгъэм къыщыгъэувахэм тету.
- ЦIыхухэр къезышэкIхэм чэнджэщ ират лэжьэгъуэ зэманыр зэфIэкIа нэужь зыхуэфащэ хущхъуэхэр зыхэлъ псыкIэ автобусхэр зэщIалъэщIэну, апхуэдэу цIыхухэр ирагъэкIауэ щыщыт зэманым жьы зэпрагъэхуну, транспортым и лэжьакIуэхэм я Iэхэр антисептикхэмкIэ ялъэщIыну, мыузыншэу, пыхусыху япкърыту гу зылъатахэр гъуэгу трамыгъэувэну.
- Къалащхьэм и администрацэм и лэжьакIуэхэр щIадзауэ кIэлъоплъ а чэнджэщхэр маршрутхэм тетхэм зэрагъэзащIэм. Гъатхэпэм и 17-м абыхэм къапщытащ «Таксопарк» ООО-м зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр къызэрыщызэгъэпэщар. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр адрей IуэхущIапIэхэми щекIуэкIынущ.
-
- Налшык къалэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр
2020-03-21
- Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ XVI – XVIII лIэщIыгъуэхэм яIа зэхущытыкIэр Юдин Павел и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и нэIэ щIэту, Дзэмыхь Къасболэт и жэрдэмкIэ 2019 гъэм и кIэм къыдэкIащ «Из документальной истории Кавказа: кабардино-русские отношения XVI-XVIII вв. в работах П. Юдина» тхылъыр. зэманым къезэгъ жыпхъэм ирагъэувэжа, нэхъ пасэу ятха лэжьыгъэхэм ящыщщ ар.
- Тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Юдин Павел пащтыхьыгъуэм ищIэ псори захуэу къэзыгъэлъагъуэ тхыдэджхэм я щапхъэт. КъыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзыра профессор Дзэмыхь Къасболэт зэрыжиIэмкIэ, къэхутакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр тхыдэ лэжьыгъэхэм хэгъэхьэн щIыхуей щхьэусыгъуэхэм язщ абы иджы зыщIыпIи щумыгъуэтыжын тхыгъэхэр къызэригъэсэбэпар, псалъэм папщIэ, «Кизляр архив» дэфтэр хъумапIэм щIэлъхэр.
- «Мы тхылъым ихуа лэжьыгъэхэм уахэплъэмэ, гулъытэ зыхуэфащэщ Юдиным Къанкълыш Сунчэлейрэ Бекович-Черкасский Александррэ ятехуауэ итхахэр, — щыжеIэ Дзэмыхьым пэублэ псалъэм. — Тхыдэ щIэныгъэм къызэрыщапщытам ипкъ иткIэ, Юдиным и Iэдакъэ тхыгъэ 750-рэ къыщIэкIащ. Ахэр къытрадзэрт урысыбзэкIэ, украиныбзэкIэ, франджыбзэкIэ. КъэхутакIуэм итххэм цIыхубэр щыгъуазэу, акъылэгъу къыхуэхъуу апхуэдэт. Ар къегъэлъагъуэ тхыдэтхым 1895 гъэм Императорым и цIэр зезыхьэ щIэныгъэхэмкIэ академием улахуэ щхьэхуэ хуигъэувауэ зэрыщытам».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ИлъэсыщIэм и пэщIэдзэуи ялъытэ
2020-03-21
- «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. Ар хуагъэзащ гъатхэпэм и 20 — 21 махуэхэм. Абдежращ дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри я кIыхьагъкIэ зэхуэдэ щыхъур. КъызэралъытэмкIэ, а лъэхъэнэ кIэщIым къриубыдэу щIыуэпсым и щытыкIэм зехъуэж.
- Махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр дыкъэзыухъуреихь дунейм нэхъ сакъыу хущытыным къыхуеджэнырщ, псоми ди зэдай «унэшхуэм» — ЩIы Хъурейм — щысхьыныр ди зэхуэдэ къалэну зэрыщытыр дигу къэдгъэкIыжынырщ.
- Ди къэралым ЩIым и махуэр гъэлъэпIэн щыщIадзар 1998 гъэращ. Абы лъандэрэ Урысей Федерацэм ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм, Къэрал Думэм ЩIыуэпсыр къэгъэ- сэбэпынымрэ экологиемкIэ и комитетым, Президентым и деж щыIэ Жылагъуэ палатэм, властым и нэгъуэщI федеральнэ IуэхущIапIэхэми абы гулъытэ хэIэтыкIа хуащI икIи ар гъэ къэс цIыхубэм дагъэлъапIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Псэуащ, лъагапIэхэр и плъапIэу
2020-03-21
- ЦIыхур дунейм къыщытехьэм деж, абы и щыIэкIэ-псэукIэ хъунымрэ и гумрэ и псэмрэ зэтауэ щытыну IэщIагъэмрэ къыдалъхуу жаIэ. Языныкъуэхэри я мурадхэм хуэкIуэурэ ерыщу зэрагъэгъуэт, нэгъуэщIхэми гъащIэ псор трагъэкIуадэ, къахухэмыхыурэ. Мы тхыгъэр зытеухуа Къэрмокъуэ Чэмал (Ахърэт нэху Тхьэм кърит!) IэщIагъэ ищIынумкIэ куэдрэ чэнджэщакъым, иджыри сабийуэ и гум ирилъхьауэ щытат и адэм и лъэужьым ирикIуэну. Абы и адэ Быдэ и гъащIэ псор ирипхат Iэщым елэжьыным, ар лэгъупэжьу колхозым илъэс куэдкIэ щыIат. Дилъагъу псори зигу изубыдэу къэтэджа Чэмал а лъагъуэм теувэн мурад зэрищIам адэр щымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зимыIэт.
-
- 1930 гъэм Зеикъуэ къуажэ щалъхуа Чэмал курыт еджапIэр къиуха нэужь Налшык дэт мэкъумэш техникумым IэщIагъэ щызэригъэгъуэтри, Къызбрун дэт ветеринар участкэм лэжьэну къигъэзэжат. Мэкъумэш лэжьыгъэм щIапIыкIа щIалэм зыпэрыт IэнатIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъыщигъэлъагъуэ зэпытт.
- Чэмал куэдрэ щIэдэIуат икIи фIыуэ щыгъуазэт мэл гъэхъуным пыщIа Iуэхухэм, абыхэм я бжыгъэр хэбгъэхъуэн, хъер нэхъыбэ къапыпхын щхьэкIэ лэжьыпхъэхэм. Адэм и лъэужьым теува къуэр чэнджэщ щыщIэртэкъым, ауэ, итIанэми, Чэмал къыгурыIуэрт Iэщыр и ныбэ изу бгъашхэ-кIэ, зыщIэтыр гъущэу зепхьэкIэ Iуэ-хур зэрызэфIэмыкIынур, атIэ абыхэм кIэлъыплъын, уз къеуалIэмэ, зэрыгъэхъужыпхъэми зыщыгъэгъуэзэн зэрыхуейр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Бзылъхугъэ гуащIафIэ
2020-03-21
- Къэхъун къуажэ дэт Тхылъ хъумапIэр 1952 гъэм къызэIуахауэ щытащ. Метр зэбгъузэнатIэ 30 фIэкIа мыхъу библиотекэм тхылъ мини 2 щIэлъу къежьат ар. ИужькIэ, 1970 гъэм, къуажэм ЩэнхабзэмкIэ унэ дащIыхьри, абы ягъэIэпхъуащ. Тхылъ зыфIэфIхэмрэ зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну зи мурадхэмрэ я дежкIэ гурыфIы- гъуэшхуэт ар. Иджы абы ущеджэ хъун пэш хуитышхуэхэр иIэт, узыхуей тхылъхэр тыншу щыбгъуэтырт, езы IуэхущIапIэм щы-лажьэхэри нэжэгужэу къыпIущIэрт.
-
- Жылэр дэзыхьэха а IуэхущIа-пIэ дахэр къыщызэIуаха лъэхъэнэ лъандэрэ къуажэ библиотекэм щолажьэ Пхъэшх Светланэ. 1975 гъэм а IэнатIэм зэрыпэрыхьэрэ зы махуи хущIегъуэжакъым икIи езэшакъым. Светланэ щылажьэр ауэ тхылъ хъумапIэ къудейтэкъым а зэманым, атIэ щIалэгъуалэм я зэхуэзапIэт, зыгъэпсэхупIэт, щIэныгъэм и къигъэхъуапIэт.
- Илъэс 45-рэ ирокъу Светланэ а IэнатIэм зэрыпэрытрэ, абы щыщу илъэс 30-м нэблэгъауэ Къэхъун дэт библиотекэм и унафэщIщ. КъыщIэупщIэм тхылъ ирит къудейкIэ зэфIэкIыркъым абы и лэжьыгъэр, атIэ и гумызагъагъэмрэ и лэжьыгъэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ къигъэсэбэпу жылэдэсхэм къахуэщхьэпэ Iуэхугъуэ куэд ирегъэкIуэкI. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэм тхылъыр IэщIыб ямыщIыным, къыдэкIуэтей щIэблэр абы дегъэхьэхыным теухуауэ бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэхэр къегупсысыф.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мы махуэхэм
2020-03-21
- Гъатхэпэм и 21,
- щэбэт
-
- Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ
- Усыгъэм и дунейпсо махуэщ
- Мэзхэм я дунейпсо махуэщ
- Лъэпкъ зэхэгъэж зэращIым ебэныным и дунейпсо махуэщ
- Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ
- КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къэралхэм Анэм и махуэр щагъэлъапIэ
- 1918 гъэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ совет властыр щагъэуващ.
- 1992 гъэм Тэтэрстаным референдум щекIуэкIащ. ЩIэупщIэныгъэм хэтахэм я процент 67-м нэблагъэр и телъхьэ хъуащ дуней псом къыщалъытэ къэрал щхьэхуэ я республикэр хъуным.
- 2014 гъэм УФ-м ФедерацэмкIэ и Советыр арэзы техъуащ Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ Урысейм зэрыхыхьэжам теухуа зэгурыIуэныгъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Хэку зауэшхуэм щытекIуахэм я фэеплъ лъапIэ
2020-03-21
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу «Золотые звёзды Кабардино-Балкарии. Герои Советского Союза. Полные кавалеры ордена Славы» фIэщыгъэм щIэт плакатхэр иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ. Ахэр «Слава. Россия. Победа!» дзэ-хэкупсэ Iуэхум папщIэ «Патриот» жылагъуэ зэгухьэныгъэм иригъэщIащ.
-
- Тхылъ тедзапIэр мы Iуэхум жэуаплыныгъэ ин пылъу бгъэдыхьащ: лIыхъужьхэм я гъащIэ гъуэгуанэм иджыри зэ щIэплъыкIыжащ, ЩIыхь орденым и дамыгъэ псори зыхуагъэфэщауэ, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ зи цIэр кърамыIуэу щыта Прохладнэ къалэ щыщ Клюй Михаили хагъэхьэжащ. Апхуэдэуи абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу дзэм кIуахэр, лIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэу зауэм зэрыхэтам папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэр. Псори зэгъусэу цIыху 43-рэ мэхъу ахэр.
- Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къыщыхьыным ди республикэм уасэшхуэ щIитащ. Фронтым щыIа цIыху мин 60-м щIигъум ящыщу мин 32-м зауэ губгъуэхэм я псэр щатащ. Абыхэм я цIэр хъумэныр, я щIыхьыр Iэтыныр дэтхэнэми ди пщэрылъщ. А мурадращ фэеплъ плакатхэр зыщIахэми яIар. Ахэр ди республикэм и курыт еджапIэхэм иратынущ.
- Инэрокъуэ Данэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Махуэшхуэ спартакиадэ
2020-03-21
- Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и VIII спартакиадэм ипкъ иткIэ Налшык къалэ дэт сабий стадионым щекIуэкIащ футбол цIыкIумкIэ зэпеуэ. Ар траухуат Урысейм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэм.
- Илъэс къэс апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр ирегъэкIуэкI щIыналъэ УФСИН-м икIи я зэфIэкI щагъэлъагъуэ Управленэмрэ абы и IэнатIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм. Мы гъэм зэпеуэм командэу 8 хэтащ.
- Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ къэралкIуэцI къулыкъум и полковник Фоменкэ Андрей.
- «Зэхьэзэхуэм щытекIуащ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и командэр. Гуп къыхэхар етIуанэщ. Ещанэ увыпIэр лъысащ управленэм и аппаратым, — къет IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Зэбар Мадинэ. — ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ. Бжьыпэр зыубыда командэм хуагъэфэщащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и УИИ-м и кубок зэIэпахыр».
-
- УАРДЭ Жантинэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
1 КъБР * «Мир» канал
2020-03-21
- Блыщхьэ, гъатхэпэм и 23
- 6.00, 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.35 «IэщIагъэм и щэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 7.00 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «Гъуэгугъэлъагъуэ вагъуэ утхуэхъунщ». Совет Союзым и ЛIыхъужь Иллазаров Исай къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Налшык и курыт еджапIэ №10-м щызэхагъэува литературэ-макъамэ композицэ (12+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.20 «Сабиигъуэм и лъахэ». Сабий усакIуэ Хьэту Пётр (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 8.55 «Iущыцэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (12+)
- 9.10 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
- 17.00 «Дыгъэ-щыгъэ». ЦIыкIухэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 17.30 «Дохутыр гуапэ» (12+)
- 18.05 «Спорт майдан» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+)
- 19.30, 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
- 20.05 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 20.35 Адыгэ тхыбзэм и махуэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ОТР Общественное телевидение России
2020-03-21
- Блыщхьэ, гъатхэпэм и 23
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Мне быть, когда умру». Мечиев Кязим. Телефильмым и премьерэ (12+)
- 7.20 «Бойцы огненного фронта» (12+)
- 7.50 Чехов А. «Загадочная натура». Горькэм и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и спектакль (12+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.17 «Дыщэ микрофон». Гъуазджэм и лэжьакIуэхэм Кавказым и макъамэ дамыгъэ нэхъыщхьэр ират. Япэ Iыхьэр (12+)
- 17.00 «КъБР-м и Жылагъуэ палатэ». Лэжьыгъэр здынэсыр (12+)
- 17.20 «КъызыхуигъэщIа». КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник КIуэкIуэ Розэ (12+)
- 17.50 «КъэкIуэнур — нобэм». Эрмитажым и унафэщI Пиотровский Михаил (12+)
- 18.15 «ЛъэщапIэм». Лъэпкъ IэпщIэлъапщIэ Ерчэн Мурзэбэч (12+)
- 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Россия 24» «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-03-21
- Блыщхьэ, гъатхэпэм и 23
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 17.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24» КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 18.00 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр (12+)
-
- Гъубж, гъатхэпэм и 24
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 17.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24» Репортаж щхьэхуэ (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-03-21
- Блыщхьэ, гъатхэпэм и 23
- 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
- 11.25 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ)
- 14.25, 17.00, 20.45 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 18.30 «Зэманым и лъэужь». Къытрамыдза Iэрытх (12+)
- 19.25 «Портрет в интерьере». ЕгъэджакIуэ Бетрожь КIунэ (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъБР-м и РАДИО
2020-03-21
- Блыщхьэ, гъатхэпэм и 23
- 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
- 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.00 — «Ди зэIущIапэм» (адыгэбзэкIэ)
- 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
- 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
- 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и радио
2020-03-21
- Блыщхьэ, гъатхэпэм и 23
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
- 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
- 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
- 8.10 — 8.35 Нэхущ Мухьэмэд. «Лъагъуэ цIыкIу» (адыгэбзэкIэ)
- 8.35 — 9.00 «Зэчий щхьэзыфIэфI». Байзулла Алий (балъкъэрыбзэкIэ)
- 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
- 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуабэм»
- 15.25 — 15.50 «Театрым дыщызопсалъэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 15.50 — 16.00 Горький Максим. «Пепе» Iуэтэжыр (адыгэбзэкIэ)
- 18.25 — 18.30 «Дигу имыхуж-хэр» (балъкъэрыбзэ-кIэ)
- 18.30 — 18.35 «Псоми тедгъэкIуэдэнур дакъикъитхущ»
- 18.35 — 19.00 «ГъащIэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм» (адыгэбзэкIэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|