ГъэсакIуэ нэхъыфIхэр къыхах
2020-03-11
- «2020 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Тэрч районым щызэхуащIыжащ. Ар щекIуэкIащ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м.
- ЗэIущIэр къыщызэIуахым япэу псалъэ зрата Тэрч щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Варий Маринэ жиIащ зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр гъэсакIуэ нэхъыфIхэр гъэбелджылыным и мызакъуэу, абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэгъэхъуэжэныр, адэкIи утыкушхуэхэм ихьэн папщIэ тегъэгушхуэныр арауэ зэрыщытыр. Зэхьэзэхуэм хэт дэтхэнэми зыщыщ IуэхущIапIэм и цIэр фIыкIэ игъэIуну, адэкIи урысейпсо утыкум и зэфIэкI щигъэлъэгъуэн хуэдэу ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьэну ехъуэхъуащ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтт.
- Япэм хиубыдэрт гъэсакIуэхэм я творческэ лэжьыгъэм щыгъуазэ ухуэзыщI гъэлъэгъуэныгъэр утыку ихьэныр, сабийхэм зэрадэлажьэу къагъэсэбэп Iэмалхэм, я ехъулIэныгъэхэм щытепсэлъыхьыныр. КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэм Iэ-мал хэхахэр къагъэсэбэпурэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр наIуэ щащI дерсхэр ирагъэкIуэкIын хуейт.
- КIэух Iыхьэм хэтащ сабий гъэсапIэхэм я лэжьакIуэу 7. Абыхэм хьэщIэхэр щIэсу зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэмыса цIыкIухэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр наIуэ къыщащI дерс кIэщIхэр ирагъэкIуэкIащ.
- Я зэфIэкIхэр нэсу къахутэн папщIэ, Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ екIуэкIа зэпеуэм пашэ щыхъуащ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м къегъэщIылIауэ лажьэ сабий садым и психолог-гъэсакIуэ Гадельшин Алибэч. Лауреат хъуахэщ Тэрч къалэ дэт лицей №1-м и сабий IыгъыпIэм и лэжьакIуэ ХьэтIыхъу Аксанэ, Тэрч къалэ и курыт школ №3-м и сабий садым и гъэсакIуэ Ечзэч Иринэ, Тамбовскэ къуажэм щыIэ сабий садым и лэжьакIуэ Багъэтыр Аринэ, Красноармейскэ къуажэм дэт сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэ Белгъэр Наталье, Ново-Балкарие къуажэм и сабий гъэсакIуэм и лэжьакIуэ Геляевэ Людмилэ, Урожайнэ къуажэм дэт сабий садым и гъэсакIуэ Хъущт Иринэ сымэ.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.