ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэмалыщIэхэр къегъэсэбэп

2020-03-11

  • Ди анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу, абы и IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхащIэу сабийхэр  къэгъэтэ­джыныр куэд и уасэщ. Си тхыгъэр зытеухуа Нэгумэ (Алътуд) Iэсият ящыщщ адыгэбзэмрэ литерату­рэм­рэ ди щlэблэм гу хуезыгъэщIу и IэнатIэр езы­хьэкIхэм.
  • Iэсият Дзэлыкъуэ райо­ным хыхьэ Сэрмакъ къуа­жэм къыщалъхуащ. Гъэрэ щlырэ щызэхэкlагъащlэ гъат­хэпэ махуэм дунейм къы­техьа пщащэ цIыкIур къэ­хъуащ адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, бзэм, литературэм, тхы­дэм дихьэхыу. Жылэм дэт курыт школым щыщIэсами Iэсият гулъытэ нэхъ зыхуи­щIар анэ­дэлъхубзэмрэ ли­терату­рэм­рэщ. Курыт щIэ­ныгъэ зэзыгъэгъуэта пщащэр ­1990 ­гъэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м Филологиемкlэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкlэ и къудамэм. Ар ехъу­лIэныгъэкIэ къиухри, Налшык дэт курыт школ ­№4-м уващ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ны­бжьы­щIэ­хэм яригъэджу. ИужькIэ лэжьыгъэм щыпищащ Дзэ­лы­къуэкъуажэм дэт курыт школым.

  • — ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм екIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр, дауи, егъэджэныгъэ IэнатIэми нэсат. АрщхьэкIэ зи IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэзыха егъэджакIуэ куэд щылажьэрт ди школым. Ахэр зыкъомкIэ щапхъэ тхуэ­хъуауэ щытащ балигъ гъащIэм хыхьагъащIэ ныбжьыщIэхэм. Фlыкlэ сигу ­къинэжахэм ящыщщ Сэрмакъ дэт курыт школым и уна­фэщIу щыта Лыджыдэ Хьэ­лым, адыгэбзэмрэ литературэмкlэ дезыгъэджахэу Куэцэ Риммэ, Быгуэ Марьям, ди класс унафэщl Лыджыдэ Iэсият сымэ. А псоми ефIэкIыу къысщохъу илъэс 46-кlэ школым адыгэ­бзэмрэ литературэмрэ ще­зыгъэджа си анэ Алътуд Нинэ. Аращ зи фIыгъэр си IэщIагъэр къызэрыхэсхари, — игу къегъэкlыж Iэсият. — Ди насып къикIри, университет­ми егъэджакlуэфlхэр щы­­диlащ. Апхуэдэхэт профессорхэу, филологие щlэныгъэхэм я докторхэу Апажэ Мухьэмэд, Тау Хьэзешэ, Хьэкlуащэ Андрей, Нало Ахьмэдхъан, Кlуэкlуэ Джэмалдин сымэ, гупым ди унафэщIу щыта Къамбэчокъуэ Iэдэм. А еджагъэ­шхуэ­хэм я фIыгъэщ, нобэ ехъу­лIэныгъэ гуэрхэр зыIэрыдгъэхьамэ.
  • ЕгъэджакIуэ Iэзэм бгъэ­дэлъ зэфIэкIхэм гу лъатэри, Нэгумэр ягъэувауэ щытащ школым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а къалэнри къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ илъэс зыбжанэкIэ.
  • Сабийхэр къыдэхьэхы­нымкlэ методикэ lэмал гъэ­щlэ­гъуэн куэд къигъэсэбэпу дерсхэр зэхегъэувэ Iэсият. Абы лэжьыгъэм къыщегъэсэбэп иджырей хъыбар­егъащIэ технологием и фIыгъэкIэ наIуэ къэхъу Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэр. Школым щадж предметхэм, дунейм щызекIуэ бзэхэм яку зэпыщIэныгъэ зэрыдэлъри и урокхэм къыщегъэлъагъуэ Нэгумэм. Абы къызэрилъы­тэмкIэ, дэтхэнэ цIыхуми ­бзэ нэхъыбэ ищIэхукIэ, и зэхэщIыкIыр нэхъ куу мэхъу, и къаухьым нэхъри зеубгъу.
  • Нэгумэм и лэжьыгъэфl­хэм къыпэкlуащ щlыхь тхылъ, ­диплом куэд. Iэсият псом нэхърэ нэхъыщхьэу ­къилъытэр ири­гъаджэ сабий цlыкlухэр ­гъуэгуанэ дахэ ­тегъэувэнырщ.
  • Зи lуэхущlaфэхэр дахэ егъэджакlуэм и мурад псо­-ри къехъулlэну, узыншагъэрэ насыпрэ и куэду псэуну ди гуапэщ.
  • ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.