МылIэ-мыпсэущ вирусхэр
2020-03-11
- ЦIыхухэр куэд щIауэ щыгъуазэщ уз зэрыцIалэ- хэм. Пасэрейхэм къахуэщIэртэкъым а узыфэ шынагъуэхэм зэрызэраубгъу щIыкIэри, къызыхэкIри, зищIысри. ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ заужьа нэужь, еджагъэшхуэхэмрэ дохутырхэмрэ къахутащ вирус, бактерие зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэр. Япэ дищынщи, къыхэдгъэщынщ вирусымрэ бактериемрэ зэрызэщымыщыр, къагъэхъей узыфэхэри, ахэр зэрагъэхъуж хущхъуэхэри зэрызэхуэмыдэр. Нобэ зи гугъу тщIынури иджыпсту дуней псор нэхъ къыхэзыгъэзыхьырщ — вирусырщ.
- Сыт-тIэ, зищIысыр вирус хъужыр, дауэ ар зэрызэпкърылъыр, сыт и хущхъуэгъуэр?
- 19-нэ лIэщIыгъуэм бактериехэр зэрыщыIэмрэ абы-хэм къагъэхъей узыфэхэмрэ щIэныгъэлIхэр тетхыхьа нэужь гурыIуэгъуэ ящыхъуащ бактериехэм нэмыщI, иджыри щхъухь налъэ гуэрхэр зэрыщыIэр, а щхъухь мыцIыхухэм къагъэхъей узыфэхэмрэ ахэр зэрагъэхъуж хущхъуэхэмрэ алъандэрэ яджахэм зэрыхуэмыдэр.
- ЛатиныбзэкIэ зэбдзэкIмэ, «вирус» псалъэм «гын», «щхъухь» къикIыу аращ. Биологие и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, ар мылIэ-мыпсэущ. Сыту жыпIэмэ, гъащIэр къызэрыунэхужа белокыр ешэкIащи. КъищынэмыщIауэ, вирусыр къызыхуигъэщIамрэ зищIысымрэ къэзыIуатэ ДНК-рэ РНК-рэ кIуэцIылъщ. Абы и лъэныкъуэкIэ псэ Iутщ. НэгъуэщIу укъеплъмэ, вирусым Iэпкълъэпкъ имыгъуэтмэ, зиужьыркъым, зыкIи зэранкъым. А налъэ цIыкIум щхъухьу кIуэцIылъыр къыщиутIыпщ-ри зыкъыщызэкъуихри лъым хыхьэмэщ. Мис итIанэ хузэфIэкIынущ цIыхур иукIыну. Абы къыхэкIыу, вирусым паразит хьэл иIэу хуагъэфащэ. КъищынэмыщIауэ, ар щопсэуф къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, Iэгъэбэгухэм, бактериехэм я пкъым.
- Вирусыр Iэпкълъэпкъым зэрынэсу тIасхъапIэ мэлъыхъуэри, абы япэу «йоуэ». Абы фIэфIщ цIыхум и иммунитетыр щIэкIамэ, узыншагъэр махэ хъуамэ.
- Вирусым и лIэужьыгъуэм елъытауэ, ар зэуэлIам и лъэр щIоху, плъыржьэрым хедзэ (Iэпкълъэпкъыр нэхъ пщтырыху, вирусыр нэхъ хьэлъэу аращ), и щIыфэр къолъэлъ, щхьэкуцIыр шын мэхъу, щIыIэ техьэгъуэм еубыд, ныбажэ, къарууншэ ещI, мышхэфу, къэжьу, и щхьэр узу къонэ. НобэкIэ абыхэм къагъэхъей узыфэу цIыхум ещIэ гриппыр, фэрэкIыр, жьэгъущIэсыр, техьэгъуэр, фэгъазэр, тэмакъ узыр, полиомиелитыр, тэмакъ шыныр, гепатитыр, хуабэузыр, сифилисыр, энцефалитыр, щIыфэкъилъэлъыр, хьэщхьэрыIуэ узыр.
- Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум зэ сэбэп къыхуэхъуа хущхъуэр етIуанэу къызэрыхуэмыщхьэпэнур. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ищхьэIуэкIэ зэрыжытIащи, вирусым информацэ зэрехьэ, ауэ щыхъукIэ къаухь иIэуи жыпIэ хъунущ. Абы къыхэкIкIэ, къызэреIэза хущхъуэм зэрыпэщIэувэнрэ, абы зэрызыщихъумэн Iэмалхэмрэ «къегупсыс», нэгъуэщI сэфэт йоувэри, хущхъуэщIэ къыхуэгупсысын хуей мэхъу. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIи, ди щIыгум зы вирус къыщыунэхуркъым, куэду щыпсэуми. АтIэ, ахэр псори хьэршымкIэ къехыу аращ.
- Дауэ вирусым зэрызыщыпхъумэфынур?
- ЗэрыжытIащи, вирусыр щыбагъуэри зыщиужьри лъыращ. Абы къыдэкIуэуи и хущхъуэ нэхъыщхьэ дыдэри — лъырщ!
- Лъыр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Абы хеубыдэ плазмэ, тромбоцит, лейкоцит, эритроцит жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри. Лъым и къалэн нэхъыщхьэр — цIыхум шхыным, псым, хьэуам къыхих къарур, къэуатыр, жьыр Iэпкълъэпкъым лъигъэIэсынырщ, вирусхэмрэ уз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ ебэнынырщ. Хущхъуэншэу зегъэкъэбзэжыф лъым. Апхуэдэу, лейкоцитхэм Iэпкълъэпкъым къеуэлIа узымрэ вирусхэмрэ «хэлIыкIа» клеткэхэр къаухъуреихьри, «йозауэ, яшх». ИужькIэ ар гъутхьэпсым хэлъу Iэпкълъэпкъым къыпкърокIыж. Апхуэдэхэм деж цIыхур плъыржьэр мэхъу. ЦIыхур есащ плъыржьэрым зэрыхидзэу, температурэр езыгъэх хущхъуэ ефэу. Ауэ ар тэмэмкъым. Температурэр дэкIуеямэ, лъыр узым ебэну аращи, градус 38 — 38,5-м нэмысауэ ебудых хъунукъым. Армыхъумэ, узыфэ зыубыдам пэщIэува, «зыкъэзыIэта» лъыр бгъэужьыхыжмэ, вирусыр текIуауэ бжы.
- Лъым и сыт хуэдэ пкъыгъуэми къалэн щхьэхуэ егъэзащIэ: эритроцитхэм кислородыр кърахьэкI, лейкоцитхэм микробхэмрэ вирусхэмрэ яукI, цIыхум лъы щIэкIмэ, тромбоцитхэр уIэгъэм деж щызэхуосри, лъыр къагъэувыIэ, плазмэм къэуатыр Iэпкълъэпкъым лъегъэIэс. ИкIэм-икIэжым дакъикъитху къэс лъыр жьэжьейхэм ягъэкъэбзэж.
- Къапщтэмэ, лъыр куэдрэ псэуркъым. Эритроцитхэр мазиплI, тромбоцитхэр махуи 10, лейкоцитхэр махуи 6 — 9 къэс мэкIуэдыж. Дэнэ-тIэ лъыр къыздикIыр апхуэдэу щыхъукIэ?! НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, лъыр къыщыунэхур къупщхьэ гъуанэхэм илъ куцIырщ. Сабий къалъхуагъащIэхэм къупщхьэу хэлъым лъы къабзэ къагъэщI, балигъым и къупщхьэшхуэхэ-ращ лъыр къыщыунэхур.
- ЦIыхур сымаджэ щыхъуам деж анализ ирагъэт. Абы папщIэ, Iэпэм, Iэблэм лъы къыхаш. Дэ а псори лейуэ къытщохъу, ауэ лъым и зэхэлъыкIэм теухуауэ дохутырым къыхуэхутэнущ сымаджэм къефыкIыр.
- ЩыIэщ хущхъуэкIэ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэм деж цIыхум и лъыр зэрыщыту яхъуэжын хуей мэхъу.
- ЦIыхум вирусыр къытемыкIуэн папщIэ, къагъэсэбэп вакцинэ зыбжанэ. Псом ящхьэжыращи — иммунитетыр гъэбыдэн, Iэтын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ узыншэм вирусыр итIысхьэркъым, зэримыубыдыфынур, зэрыпэмылъэщынур ещIэри.
- Фырэ Анфисэ.