Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIыжыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2020-03-28
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Гъэ къэс гъатхэпэм и 28-м дэ догъэлъапIэ гуфIэгъуэ пIалъэ хьэлэмэтыр — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Тхыдэм и пэжымрэ захуагъэмрэ зэтегъэувэжыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэшыгъэм и фIыгъуэ мыкIуэдыжым я дамыгъэу щыт а гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу