ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Си хъыджэбзыр нэзыкІуэщ, къан хьэлыуэхэр хузоубэ»

2020-03-11

  • Бзылъхугъэ фащэмрэ пыIэмрэ ехьэлIауэ къэхутэныгъэ хъарзынэхэр щыIэщ, адыгэ фащэм и сурэт щIэн­гъуазэ зыбжани дунейм къытехьащ, IэщIагъэр къэбгъэщIэрэщIэжынумэ, къызэрымыкIуэу щхьэпэ хъууэ. Ауэ, адыгэжьми ижыIауэ, из хъуным залэ хуэныкъуэщи, щыщIэныгъэу хуэтлъагъункъыми, адыгэбзэкIэ зэрымытхар и дагъуэщ, жытIэнщ. Псоми къазэрыгурыIуэн бзэкIэ ятхри, а бзэм пхуимылъхьэ е пхуимыгъэтIасэ адыгэбзэ фIэщыгъэ куэд дыдэ IэщIыб хъуащ. Абы кърикIуэр аращи, ахэр мащIэ-мащIэурэ яIэщIохужри, адыгэбзэми хокIуэдыкIыж.
  • КъызэкIэлъеттхых фIэ­щыгъэхэр бзылъхугъэ пыIэм епхащ. Нэхъ пыу­хыкIауэ жыпIэмэ, бзылъхугъэ пыIэ щІыкIэм ехьэлIащ. Адыгэ бзылъхугъэ пыIэр зэращІымрэ тхыпхъэр зэ­рыхалъхьэ щIыкIэмрэ теухуауэ фIэщыгъэцIэ къе­кIуэкIыр (е къекIуэкIыу щытар) жылэ-жылэкIэ щы­зэ­щхьэщыкI къыхэкIми, зыкъомкIэ зэтохуэ. Мы тхыгъэм дэ пщэрылъ зыщыт­щІыжыркъым псалъэм и щІыб къыдэлъ щІэныгъэр шэщІауэ утыку къитхьэну.

  • ДызыхущІэкъур, абыхэм я мыхьэнэр техуэрабгъуу ­къэ­т­Іуатэу, яхуэфащэ увы­пІэр лъэпкъ щІэныгъэм щегъэгъуэтыжынырщ. Шэч хэлъкъым, нэхъыбэжи зэры­щыІэм, акъыл зэхэ­дзэкІэ ахэр зэдгъэуІужмэ, щхьэпэ зыпылъ лэжьыгъэшхуи къэІэта зэрыхъунум. Мы фIэщыгъэцIэхэм я нэхъы­бэр къызыпытхар ди нэхъыжьхэращ, дакІуэ-бза­кІуэу зи гъащІэр къэзы­хьа нанэхэращ.
  • Аращи…
  • Гущэм хэлъ сабийр зды­щІиупскІэм, дзапэ уэрэду анэшхуэм щэху цІыкІуурэ жеІэ:
  • «Жей, си дыгъэ шыр,
  • Жей, си дуней нэху,
  • Си хъыджэбзыр
  •  нэзыкІуэщ,
  • Къан хьэлыуэхэр
  •  хузоубэ,
  • Дыщэ пыІэхэр
  •  натІащІэщ,
  • Езы цІыкІур
  •  щІэращІэщ», — жери…
  • Къан хьэлыуэкІэ хъуапсэу нанэм зи гугъу ищІыр щІиупскІэ хъыджэбз цІыкІур къэхъумэ, ІэщІагъэ иІэу, ищІэм пщІэ къыхуащІу цІыху къищІыкІынырщ. ЦІыкІу щІыкІэ зыщІигъэдэІу, зыхуигъэхъуапсэ Іэ­щІа­гъэм арыххэуи щІэныгъэшхуэ къуэлъщ. Хъы­джэбз цІыкІухэм мастэ­рэ ­Іуданэрэ зэфІалъхьэу зы­щрагъэса меданым щегъэжьауэ цІыхубзым хуэгъэзауэ сыт хуэдэ ІэщІагъэми зыр нэхъапэщи, зыр нэхъ иужькІэщ, жыхуэпІэн къыхэмыкІыу дэтхэнэми курыхыу хуаущийрт, хуа­гъасэрт. Зи ныбжьыр илъэсибгъу-пщІым ит хъыджэбз цІыкІухэм пыІэ щІыкІэр ирагъэлъагъуу, Іэм и мыза­къуэу псэри храгъалъхьэу ІэщІагъэ иратырт. ПыІэ щІыным хуэІэижь хъу хъыджэбз цІыкІухэм НЭ­ЗЫКІУЭКІЭ еджэрт, ягъэгушхуэу, яІэту зы цІэ дахэ иратырт. ИщІыну къудеймэ, ИЗЫГУЖЬ КЪРЕМЫНЭ жаІэрти, пыІэ щІын Іуэхум ехьэлІауэ зыхуэныкъуэ псомкІи къызэрагъэпэщу щытащ.
  • ПыIэр щащIкIэ, ПЫIЭ ­КЪУПХЪЭ жаIэрти, пыIэм и пкъыр ткIийуэ зыIыгъыну пкъыгъуэ быдэ гуэрым ­фIалъхьэрт. Къупхъэм щэ­кIыр (е ЩАГЪЭ БГЪУТIЭР) фIамылъхьэ щIыкІэ ДЭЖ жаIэрти, фIыуэ къуа щынафэ гъэтIысар фIалъхьэрт е кърашэкIырт. Мэлыфэр къабыл ящIыртэкъым, зэрызэIыкIыр и щхьэусы­гъуэу. Дэжым и гущIыIум щэкIыр кърашэкIырти, фэм и фIыпIэмрэ щэкIым и лэмрэ зэтемыщэтыжын хуэдэу зэтрагъэтIысхьэрт. Ар IуданэкIэ зэ щхьэкIэ зэрагъэубыдырт, абы зэ­реджэри IУЛIЭНТ. Бешкъэзакъхьэблэхэм ГЪЭIУ­ЛIЭ, Къалэдэсхэм IУЛIЭНЭ жаIэ. ЗэраIулI фэмрэ щэ­кIымрэ зэтегъэзэгъэгъуей хъуамэ (ар къызыхэкIыр щэкIыр пIащIэрэ тежу щытмэт), IУЛIЭНЭ ТIУАЩIЭКIЭ ирикIуэрт.
  • ПыIэм и лъагагъкIэ къе­хым ПЫIЭ ДЖАБЭКIЭ йоджэ, пыIащхьэм щхьэкІэ ПЫIЭ ЩЫГУ жаІэ. ПыIэ щыгум и лъабжьэкIэ щы­Iэм, пыIэ кIуэцIымкIэ гъэзам, ПЫIЭ КIАЩIЭЩ зэ­реджэр. ПыIэ джабэмрэ пыIащхьэмрэ мастэ-Iуда­нэкIэ щызэрагъэкIум деж ПЫIЭ ДЭНЫКIУЭМ ИРИКIУАЩ, жаIэ. «ДэныкIуэ» псалъэм мыхьэнитI иIэщ. Япэ мыхьэнэмкIэ щыгу нэзымрэ джабэмрэ я зэпыхьэпIэм апхуэдэу йоджэ. ЕтIуанэ мыхьэнэмкIэ щыгу нэзымрэ джабэмрэ щызэраIулIкIэ, Iуданэр зэрыхагъэзагъэ Iуданэ хэлъхьэкIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ. ДэныкIуэм деж Iуданэр щабэу халъхьэ. Зэгъ хъуамэ, КIУРЫЖЭР ХАЛЪХЬЭ (е КIУЭРЫЖЭР ХАЛЪХЬЭ). Щыгумрэ джабэмрэ дэныкIуэкIэ зэрагъэзэгъа нэужь, IуданэкIэ щызэраIулIым дежщ КIУ­РЫЖЭР ХАЛЪХЬЭ щыжаIэр, Iуданэр зэпэмы­жы­жьэу, мастэ иугъуэ къэс зэгуэсу щыхалъхьэм деж КIУРЫЖЭУ ИРОКIУЭЖ жаIэ. КIурыжэр апхуэдизкIэ Iэзэу халъхьэрти, зэзэмызэ ПЫIЭ УАГЪЭМ щыхагъэ­зэрыхь къэхъурт. Уагъэр ­Iуданэу зэхэша кIапсэ псыгъуэщ. КIурыжэ имыIэу пыIэ джабэм телъ щэкIыр джафэу щыгум хуэкIуэмэ, ГУАЩЭУНЭ ТЕЛЪХЬЭ жаIэ. Ауэ мыр зэзэмызэ дыдэщ щащIу щытар.
  • ПыIэм ПЫIЭ КХЪУАКIЭ хуащIынумэ, кхъуакIэр щхьэхуэу пызыщIыхьхэри щыIэт, кIурыжэм хэлъу зыщIхэри щыIэт. КIурыжэм щыхэлъым деж IУЛАНЭУ ХЭЩIЫХЬАЩ жаIэ. Кхъуа­кIэр къоблэблэх, жаIэу зэхэпхынущ, ауэ ар захуэкъым, адыгэбзэжькIэ ­КХЪУАКIЭУ КЪЕХЬЭХАР псэлъа­фэращ тэрэзыр. КхъуакIэу кърахьэхыр бзылъхугъэр къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ и теплъэкIи, и щIыкIэкIи, и ­бжыгъэкIи зэхуэдэтэкъым. КхъуакIэм и бжыгъэкIэ зэпэбж-зэпэмыбжу щытам теухуауэ къыщIэупщIа щы­Iэщи, абы и жэуапым сыщыгъуазэкъым, жаIэIауэ зэхэсхакъым.
  • Щыгу нэзымрэ джабэмрэ дэныкIуэкIэ ирикIуэу, джабэми къыдекIуэкI щэкIыу къупхъэм хуэфIу ешэкIами дэныкIуэкIэ ирикIуа нэужь, пыIэр и КIАЩIЭКIЭ КЪА­IЭТЫР, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пыIэ кIуэцIыр къыдрагъэзей. И IуплъапIэмкIэ пыIэм зэрырикIуа дэныкIуэр къыхахыжри, уеплъмэ, дахэу къэлъэгъуэн папщIэ, и кIащIэмкIэ IуданэкIэ ирокIуэ, абы зэреджэри КIЫУ­БЫДЩ е ЧЫУБЫДЩ. Чы псыгъуабзэ цIыкIу пыIэ кIащIэ джабэм дадзри, ар IуданэкIэ пыIэ кIащIэм ирагъэубыдурэ ирокIуэр. Абы дыгъэр нэхъ ткIий ещI. «КIыубыд» псалъэм хэт кIы Iыхьэр чы-м къытекIауэ къыщIэкIынущ, ауэ, къэпсэ­лъыкIэм ипкъ иткIэ, «кIыу­быдым» хуэкIуауэ. Хьэзыр щыхъукIэ, пыIэр зыщIым пыIэ кIуэцIым и IэштIымитIыр ирелъхьэри, еудыны­щIэ, аращ ХЬЭКЪЭУЭЖ жыхуаIэри. ПыIэр щаудыныщIэм деж «Хэт зи хьэкъэуэжыр, хэт зи къангъэшхэгъуэр?» жаIэ, гушы­Iэурэ. ПЫIЭУДЫНЫЩIЭМ щынэскIэ, псы иракIутырт, щхьэуз къыхэмыкIын щхьэ­кIэ, жаIэрти. Псы иракIутми кIэлъыхъуахъуэрт, и узи и бзаджи дэкIуэдыну, жаIэу­рэ. ПЫIЭМ ЕХЪУЭХЪУРКЪЫМ, ХЪУЭХЪУИ ТЕХУЭРКЪЫМ, жаIэ.
  • ИужькIэ ПЫIЭ ЛЪАПСЭР ЯГЪЭТIЫС. ПыIэ лъапсэ ­хъури пыIэм и кIащIэмрэ и джабэмрэ я зэтелъыпIэращ. Ахэр щызэтрагъэ­тIысхьэращ пыIэ лъапсэр ягъэтIысу щыжаIэри. Лъа­псэм деж мастэ-Iуданэ псыгъуабзэкIэ ирокIуэ, абы зэреджэр ПЩЫГЪАГЪЩ. Бешкъэзакъхьэблэхэм НАТIЭУНЭ жаIэ, Щоджэнхьэблэ къикIыжахэми ар зэрацIыхур ЩОДЖЭНХЭ Я ПЩАБГЪЭУЩ, Къалэдэс­хэм ГУЭТIИСЭ жаIэ. Хьэ­тIохъущыкъуейхэр гуэтIисэ­кIэ зэджэр пыIэ лъапсэм ­зэ­рырикIуа пщыгъагъым иратыж кIэIунэращ. Ар апхуэдизкIэ быдэт икIи хэщIыхьати, хэтIысхьэпарэ къыхэмыщу апхуэдэт.
  • ПыIэ кхъуакIэхэм ПЫIЭ ЗЭРЫГЪАЖЭХЭР хуа­щIырт. КхъуакIэр щхьэж зэрыхуейуэ пыIэ щыгум къыдехыу кърахьэха нэужь, пыIэр зейр хъыджэбздэсмэ, дыжьын е дыщэ ­Iуданэхэм къыхэщIыкIа ТЕЩIЫХЬ хуищIыжырт, хуэхъурейныкъуэу. Щыгумрэ джабэмрэ зэраIулIа нэу­жьым, щыгумкIэ кIуэуэ зэрыгъажэ цIыкIухэр хуа­щIырт. Адыгэ бзылъхугъэ пыIэхэм куэду хэлъщ ар. Ар щыгум и хъуреягъкIэ къыдекIуэкIыу тращIыхьырт. Хьэзыр хъуа нэужь ЗЭРЫГЪАЖЭ ТЕПХЪЭХЭР ХУА­ЩIАЩ, жаIэрт. Зэрыгъа­жэхэр Iэмалыншэу дыщэ е дыжьын Iуданэхэм къыхащIыкIырт.
  • ПыIэ щыгум трагъэ­тIыс­хьэнуIамэ, ПЫIЭУТ хуа­щIыр, щагъэ бгъузитIыр зэблэдзарэ ПЫIЭ ЩЫГУ КIУХЬЫМ еуалIэу. Зэры­гъажэхэр зыхуащIа пыIэм и щыгу нэзым аращ зэреджэр адыгэбзэкIэ. Щагъэхэм я зэблэдзыпIэм, е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пыIэутым, ТIЫ­СЫН тращIыхь, мо къыхэIэ­тыкIауэ пIэрэ жыпIэну зы лъагапIэ мащIэ, — абы БЗУУ­ЩХЬЭРИ, КЪАН МАЗЭРИ, ГУАЩЭХЬЭЛЫУЭРИ, нэ­гъуэщIхэри тебгъэзагъэ мэхъу. ПыIэр зыщIыр мыбы къэсамэ, КЪАН ХЬЭЛЫУЭ ХУАУБЭ. Нэхъапэхэм дэ купщIэ укъэбза хагъэ­тIыс­хьэу щытащ, кхъуакIэу ­кърахьэхам и пэбжу. Иужь­кIэ, Хэку зауэшхуэм ипэ ­къихуэ илъэсхэм пщIондэ, санащхьэ гъэгъуахэр трагъэтIысхьэу хуежьащ. Нобэ хьэлыуэ щаубэкIэ, хагъэ­тIысхьэр чыщмыщщ.
  • ИУЖЬРЕЙ ДЫН жаIэрти, и зэфIыхьэгъуэм деж хъыджэбзым пыIэр и адэ шыпхъум е адэшхуэ шы­пхъум иригъэлъагъурти, абыи зы мастэнэ дэнэ дежми кърыригъэхырт. Дыным щхьэкIэ IЕИЖЬИ, НЭТЕ­МЫГЪАХУЭ ДЫНИ жызыIэ щыIэщ. МащIэ дыдэу ПХЭН­ЖЫРЫКIУЭУ ДЭКIЫРТ пыIэ щыгу нэзым и зы щIыпIэ гуэрым деж. Нэхъыбэу яцIыхури иужь­рей псалъитIрагъэнущ.
  • Зы пыIэ цIыкIум къещIэкIа мыпхуэдиз фIэщыгъэмрэ жыIэгъуэмрэ псэу­-ну яхуэфащэщ. Абы шэч хэлъкъым. IэщIагъэр къы­щы­щIэ­­рэщIэжкIэ, адыгэ бзылъху­гъэ пыIэм зэрепсалъэу щыта бзэри щIэкIуэ­дын щыIэкъым. Адыгэ анэм къыдэщIыр IэпэIэсагъэм и закъуэкъым, адыгэбзэри къыдалъху.
  • ТАБЫЩ  Мурат.
  • Зеикъуэ  къуажэ