|
Март, 2020
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым хэтхэр къэщтэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
2020-03-12
- 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым хэтхэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
- 2. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
- «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа Указ №152-УГ-м;
- «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа Указ №152-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м къыдигъэкIа №30-УГ-м.
- 3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
- и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
- Налшык къалэ
- 2020 гъэм мазаем и 27-м
- №15-УГ
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым хэтхэр къэщтэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
2020-03-12
-
-
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
- 2020 гъэм мазаем и 27-м къыдигъэкIа Указ
- №15-УГ-мкIэ къищтащ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр
- щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым хэтхэр
-
- КIуэкIуэ К. В. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр (зэзыгъэуIу зэхуэсым и тхьэмадэщ)
- Тату Къ. Б. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарыр (зэзыгъэуIу зэхуэсым и тхьэмадэм и къуэдзэщ)
- Ахъуэхъу Т. Б. — Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
- Бауаев А. Къ. — Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
- Беппаев С. У. — Балъкъэр лъэпкъым я «Алан» Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
- Берд Хь. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
- Багъэтыр О. З. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд Нэхъыщхьэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэралым щыпашэхэм хабжэ
2020-03-12
- УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьыгъэр къэпщытэным хуэгъэзауэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къарикIуахэр наIуэ къащIыжащ. Абыхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иригъэфIэкIуащ зэфIих Iуэхугъуэхэм я фIагъыр IупщI зыщI бжыгъэхэр, апхуэдэуи нэхъыфIу къалъытэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я гупми зыщигъэбыдащ.
- «LiftUp» Iэмэпсымэр и дэIэпыкъуэгъуу министерствэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ КъБКъУ-м 2018 — 2019 гъэхэм къриубыдэу ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр зэрызригъэгъуэтар. ЗэфIах лэжьыгъэхэм къахь сэбэпынагъым елъытауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр гупи 10-у гуэшащи, ди университетыр 4-нэ гупым хэтщ, иригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ езым хуэдэу лъэрызехьэхэм ехьэехуэу. Къэпщытэныгъэхэм къызэщIаубыдэ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, къэхутэныгъэ, хамэ къэралхэм ядэлэжьэныгъэ, финанс, экономикэ, улахуэм и инагъ, щIыналъэр зыхуеину IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырын, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи еджапIэхэм зэфIагъэкIхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Нобэрэ Пщэдейрэ
2020-03-12
- Гъатхэпэм и 12,
- махуэку
-
- Зэныбжьэгъу къэралхэм я зэгухьэныгъэм и махуэщ
- Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- 1896 гъэм Санкт-Петербург и университетым ирагъэхри, дунейм щыяпэу радиограммэ хуаутIыпщащ а къалэм дэт Химие институтым щагъэува приёмникым. Абы папщIэ къагъэсэбэпащ физик цIэрыIуэ Попов Александр къигупсыса Iэмэпсымэр.
- 1918 гъэм Совет правительствэм и унафэкIэ, Москва къэралым и къалащхьэ хъужащ. Гъатхэпэм и 11-м къулыкъущIэхэр Петроград кърагъэIэпхъукIакIэт.
- 1922 гъэм Куржым, Армением, Азербайджаным КавказщIыб Социалист Федеративнэ Совет Республикэ (ЗСФСР) къызэрагъэпэщащ, Совет Союзым хыхьэу.
- 1940 гъэм совет-финн зауэр иухащ. Абы теухуауэ СССР-мрэ Финляндиемрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ Выборг къалэмрэ Карелие КъухьэпIэ щIыналъэмрэ Совет Союзым ей хъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадз
2020-03-12
- КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм и актовэ пэшым щекIуэкIащ Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъ-къэр къудамэм и правленэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къызэднэкIа илъэсым кърикIуахэмрэ, 2020 гъэм къапэщыт къалэныщIэхэмрэ.
- Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэмрэ Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и управленэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теу-хуа зэгурыIуэныгъэ зэIущIэм Iэ щыщIадзащ Управленэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей-рэ КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимуррэ.
- — Дэ куэд щIауэ дызэпыщIащ. Урысей гвардием и IэщIагъэлIхэр жыджэру хэтщ едгъэкIуэкI Iуэхухэм, икIи ди зэхущытыкIэр официальнэу щIэдгъэбыдэну дызэгурыIуащ. ТхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым ди зэдэлэжьэныгъэм сэбэп кърикIуэн папщIэ,- жиIащ Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и правленэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Илъэси 100 ирокъу
2020-03-12
- Илъэс къэс гъатхэпэм и 12-м ди къэралым щагъэлъапIэ Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм (УИС) и лэжьакIуэм и махуэр. Ар абы щIытрагъэхуам и щхьэусыгъуэ иIэжщ. Урысей император Александр II 1879 гъэм а махуэм Iэ щIидзауэ щытащ лъэхъуэщ депар-тамент къызэгъэпэщыным теухуа унафэм, Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ зыуэ щыт къэрал IэнатIэм лъабжьэ хуэхъуам.
- Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и тхыдэм зыужьыныгъэ, зэхъуэкIыныгъэ гъуэгуанэшхуэ къызэпичащ, и теплъэри ихъуэжащ. Иужьрей илъэсхэм гулъытэ хуащI Урысей Федерацэм и пенитенциар системэм зиужьыным. Ар кърикIуащ Урысей къэралым къэралыгъуэ хуитыныгъэ гъуэгуанэр къызэрыхихам.
- Абы нэхъри утрегъэгушхуэ УИС-м зегъэужьыным. Къыхэдгъэщынщи, 2020 гъэм илъэси 141-рэ ирокъу Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ. Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм илъэси 100 гъуэгуанэ къикIуащ.
- Къэралым и уголовнэ-суд политикэр нэхъыбэу хуокIуэ административнэ тезырхэм икIи абы къегъэлъагъуэ тезырыр щапшыныж колониехэмрэ лъэхъуэщхэмрэ пэкIуэ IуэхущапIэхэри лэжьэныр. Къапщтэмэ, апхуэдэхэм хуэкIуащ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэхэмрэ ягъэтIысахэр гъуэгу захуэм щытрагъэувэж центрхэмрэ, ягъэлажьэу тезырыр щрахьэкIыу. Псори зэхэту Урысей Федерацэм къыщызэрагъэпэщащ апхуэдэ центру 15-рэ щIыпIэ 67-рэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
НасыпыфIэщ жыхуаIэр аракъэ!
2020-03-12
- Гъатхэпэм и 8-м и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и лэжьакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къаскъул Мусэбий. Ар ящыщщ зи сабиигъуэр зауэ нэужь илъэс гугъухэм хиубыдахэм — . Абыхэм куэду къахэкIащ зи адэжь щIыналъэм и зыужьыныгъэм хьэлэлу хуэлэжьа, ноби зи зэфIэкI хуэзыщIэ цIыху цIэрыIуэ куэд: еджагъэшхуэхэр, тхакIуэхэр, артистхэр, дохутырхэр, егъэджакIуэхэр.
-
- Мусэбий и адэ-анэм бынибгъу зэдапIащ. Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэу къикIыжа адэмрэ абы и щхьэгъусэмрэ я закъуэкIэ бынунэр зыхуей хуэгъэза хъунутэкъыми, нэхъ къыдэкIуэтейхэр губгъуэм лэжьакIуэ дэкIырт, нэхъыщIэхэми зэрыс я лъапсэм къалэн зырызыххэ щылъагъэсырт. Мусэбии тыншакъым — школым къыщыдэхуэ е къыщаутIыпщ зэманым хузэфIэкIыр ищIэу колхоз губгъуэм итт. Сыт хуэдизу гугъу ехьми, щIалэщIэм а псор щыгъупщэжырт, трактор е комбайн илъэгъуа нэужь, абыхэм гъунэгъу захуищIыным, ирилэжьэным пищI зэрыщымыIэм къыхэкIыу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Хахуэу зауэм хэта си адэ Данил
2020-03-12
-
Хужьокъуэ Данил (1914 — 1975)
Ди къэралми хамэ щIыпIэ куэдми мы гъэм щыдогъэлъапIэ 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. Совет цIыхубэм а фIыгъуэ иныр къахуэзыхьахэм ящыщщ си адэ Хужьокъуэ Данил Хьисэ и къуэр. Ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм, дунейпсо мамырыгъэм и псэ емыблэжу щIэбэна совет зауэлIхэм яхэту, ари бийм пэщIэувауэ щытащ.
-
- Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм 1914 гъэм къыщалъхуащ си адэ Данил. Хэку зауэшхуэр щыщIидзам щыгъуэ, абы илъэситI хъуауэ дзэм къулыкъу щищIэрт къэралым и къухьэпIэ гъунапкъэхэм. Адыгэ щIалэр хуэIэкIуэлъакIуэт зауэ хуэIухуэщIэхэм. Ди адэм къулыкъу щищIэ 86-нэ топгъауэ полкыр дапщэщи халъытэрт зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ ди гъунапкъэхъумэхэм. Минск областым хиубыдэ Заславль къалэм къикIри, фашистхэр къыщыттеуа пщэдджыжьым 86-нэ полкыр бийм пэщIэуващ. Къарухэр зэхуэдэтэкъым, итIани, ди зауэлIхэм мызэ-мытIэу «Iуадзащ» биидзэр къызэбгъэрыкIуа гъунапкъэм. 1-нэ батареем и топгъауэ Iэзэ Данил и ныбжьэгъухэм я гъусэу псэемыблэжу щIэбэнырт Хэкум и зы щIы IэгупIэми. Ди зауэлIхэм ящыщ дэтхэнэри хьэзырт фIыуэ ялъагъу къэралыр: Хэкур, щалъхуа щIыналъэр, я унагъуэхэр нэмыцэдзэ ерум щахъумэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-12
- ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Хэкум и къежьапIэр» Iуэхум ипкъ иткIэ, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным теухуа зэIущIэ.
-
- Налшык къалэм дэт школ-интернат №1-м щызэхэта зэхуэсыр къызэIуихащ Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Лыкъуэжь Маринэ.
- — Хэкур зэрыпхъуакIуэхэм щызыхъума, щIэблэм мамырыгъэр тыгъэ къытхуэзыщIа ди ветеранхэм псалъэ гуапэкIэ захуэзгъэзэну сыхуейт. Фэ лIыгъэрэ хахуагъэу а зауэм щывгъэлъэгъуар ди щапхъэу дыкъогъуэгурыкIуэ. Ар зэи тщымыгъупщэу ди гум илъынущ, къытщIэхъуэ щIэблэри щIэтпIыкIынущ зауэ хъыбархэм, — жиIащ Лыкъуэжьым.
- Школ-интернатым и гъэсакIуэхэм хьэщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща концертыр нэжэгужэу екIуэкIащ.
-
- Фырэ Анфисэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-12
- Путин Владимир къыхилъхьащ губернаторхэм, сенаторхэм, депутатхэм, апхуэдэу правительствэм хэтхэм гражданствэ тIуащIэ яIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралитIым я паспортхэр яIыгъ зэрымыхъунур КонституцэкIэ щIагъэбыдэну. А жэрдэмым занщIэу куэд щыпэджэжащ прессэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм.
- ФедерацэмкIэ Советым и унафэщI Матвиенкэ Валентинэ занщIэу жиIащ гражданствэ тIуащIэр зыпаубыдхэр нэхъыбэн хуейуэ. «НэгъуэщI къэралым и цIыхум и паспортымрэ абы щыпсэуну хуит зыщI тхылъымрэ къыщыIах щыIэщ дипломатхэми». Ищхьэ палатэм Къэрал ухуэныгъэмрэ законодательствэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Крашенников Павели ар деIыгъ: «Сэ къэспщытакъым депутатхэм гражданствэ тIуащIэ яIэрэ ямыIэрэ, ауэ абы мардэ хуэгъэувыпхъэщ. ЦIыхухэм щIыналъэхэм щыжаIэ: ди дежи апхуэдэ хабзэ щыIэн хуейщ. Гражданствэ тIуащIэ яIэ хъунукъым прокурорхэми, дипломатхэми, хеящIэ-хэми».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэгурыIуэныгъэхэр
2020-03-12
- Федотов Александр и фэеплъу боксым и «А» классымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Якутск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 22-м къикIа спортсмен 80.
-
- Зи хьэлъагъыр килограмм 56-м нэблагъэхэм я пэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу езыгъэкIуэкIа ди лъэпкъэгъу Борсэ Алан финалым щыхигъэщIащ Къалмыкъым икIа Илзитинов Богдан икIи дыщэ медалыр къихьащ.
-
- Жыласэ Замир.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-03-12
- Мазаем и 20 — 24-хэм Босниемрэ Герцоговинэмрэ щекIуэкIащ боксымкIэ Европэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту абы щыIащ Бахъсэн щIыналъэм щыщ полицей-спортсмен, къэралкIуэцIыдзэм и лейтенант нэхъыщIэ Мэзыхьэ Резуан.
- Зи хьэлъагъыр килограмм 81-м нэблагъэхэм я гупым и финал ныкъуэ зэIущIэм Мэзыхьэр къыщыхигъэщIащ иужькIэ зэхьэзэхуэм щытекIуа Нидерландхэм щыщ Каспарян Артём икIи домбеякъ медалыр къылъысащ.
- Спортсменыр егъасэ Энеев Кязим.
- КЪЭХЪУН Бэч.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Паспорт пIыгъ?
2020-03-12
- Гъатхэпэм и 1-м къыщыщIэдзауэ украинхэр Урысейм къакIуэ хъуркъым, нэгъуэщI къэралхэм я щIыналъэхэм ихьэну хуит зыщI паспортхэр ямыIыгъыу.
-
- Иджыри къэс Урысейм къакIуэ хъурт паспорт къызэрыгуэкIыр е къызэралъхуамкIэ щыхьэт тхылъыр гъунапкъэхэм щагъэлъагъуэурэ. ЛъэныкъуитIым зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм апхуэдэ Iэмал яритырт. АрщхьэкIэ 2015 гъэм Киев урысейхэм апхуэдэ хабзэр къахуидэжакъым, нэгъуэщI мардэхэри игъэуващ. Иджы езым и цIыхухэми ялъэIэсащ. Гъатхэпэм и 1-р къэмысу УФ-м и щIыналъэм къыщыхута украинхэр — а къэралым и гъунапкъэхъумэ IэнатIэм къитахэм ятепщIыхьмэ, апхуэдэхэм я бжыгъэр мелуанибл мэхъу — я хэкум кIуэж хъунущ япэрей дэфтэрхэмкIэ. Арщхьэ-кIэ иджы ахэр Москва, Санкт-Петербург, нэгъуэщI урысей къалэхэм къэкIуэн папщIэ паспортыщIэ яIэн хуейщ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
|