Къремыхъу афэкIа апхуэдэ
2020-03-11
- Балъкъэрхэм кIэлъызэрахьа залымыгъэм и лей зытехьахэм я фэеплъ мемориалым деж гъатхэпэм и 8-м щекIуэкIащ ди къуэш лъэпкъыр я лъахэм щраша махуэм теухуа щыгъуэ пэкIу. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр.
- ПэкIур къызэIуахащ «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие ансамблым и артистхэм я музыкэ композицэмкIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. Абы къыхигъэщащ балъкъэрхэм къатехьа лейр зэи цIыхухэм зэращымыгъупщэнур. Ауэ, ипэкIэ кIуэтэн хуейщи, зи хэку зыгъуэты- жа лъэпкъыр адэкIэ ефIакIуэу псэуну зэрихъуэпсапIэр жиIащ.
- Афганистаным щызэуа, генерал-лейтенанту дзэм къыхэкIыжа Аттоев Борис тепсэлъыхьащ балъкъэр цIыхубзхэм я фэм куэд зэрыдэхуам, ахэр бэшэчу зэрыщытам. Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм я унагъуэхэр ямыгъуэтыжу, ахэр къалъыхъуэжу щытыкIэ гугъу зэритам и гугъу ищIа нэужь, къытеувыIащ балъкъэр лъэпкъыр хамэ щIыпIэ къыщыхутами, еш ямыщIэу здаша щIыналъэм зэрыщылэжьам. Абы и щыхьэту и гугъу ищIащ «Ижевск» кооперативым и унафэщIа, Социалист Лэжьыгъэхэм и ЛIыхъужь, Къэзахъстан ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта Жангуразов Ибрэхьим.
- Фэеплъ пэкIум къыщыпсэлъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- — Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэпыщIэныгъэ быдэ яIэщ. Абы и щыхьэтщ зы щIыналъэ дызэрыщызэдэпсэур, ди хабзэкIи динкIи зэпыщIауэ лIэщIыгъуэкIэрэ дыкъызэрекIуэкIыр. ЛъэпкъитIым я зэныбжьэгъугъэм, я зэгурыIуэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ сыт хуэдэ лъэпощхьэпори зэгъусэу къызэнэкIынымкIэ. Тхьэшхуэм солъэIу мыпхуэдэ нэщхъеягъуэ зы лъэпкъми и натIэ афIэкIа мыхъужыну.
- Балъкъэр лъэпкъым кIэлъызэрахьа залымыгъэм ихьахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа нэужь, КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий кърихьэлIахэм дыуэ яригъэ-щIащ. къызэхуэсахэм фэеплъ сыным удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- НафIэдз Мухьэмэд.