ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2021

Мазаем и 23-р Хэкум и хъумакIуэм и махуэщ

2021-02-20

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м къыхудохуэ сом мелуан 870-рэ

2021-02-20

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва къалэм щыIэу хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьы­ныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Хуснуллин Марат видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету мазаем и 18-м иригъэкIуэкIам.
  • ЗэIущIэм щыхэплъащ инвестицэ проектыщIэхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм, инфраструктурэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм. Абы хыхьэу тепсэлъыхьащ щIыпIэхэр унэхэр ухуэным хуэгъэхьэзырыным ехьэлIа Iуэхухэм, а мурадхэм хуэунэтIауэ къащта щIыхуэхэр зэрыщхьэщах Iэмалхэм. Зи гугъу ящIар УФ-м и Правительствэр 2020 гъэм жэпуэгъуэм арэзы зыте­хъуа лэжьэкIэщIэрщ. Абы щIыналъэхэм      Iэмал къарет къатехуа бюджет щIыхуэхэр щхьэщахынымкIэ.
  • ЩIыхуэр зэрыщхьэщахым и фIыгъэкIэ хуит къэхъу ахъшэр щIыналъэхэм къыхуагъэсэбэп хъунущ инвестицэ проектыщIэхэр хэпщэным. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ щIыкIэкIэ къахудэхуэнущ сом мелуан 870-рэ, ахэри ­щIыналъэм къыхуэнэжынущ. А мылъкур республикэм  инвестицэ проектхэр щыгъэзэ­щIэным щытрагъэкIуэдэну я мурадщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

2021-02-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и ­хъумакIуэм и махуэмкIэ!
  • Нобэрей махуэшхуэм дэ Iэтауэ догъэлъапIэ зи гъащIэр дзэм къулыкъу щыщIэным тезыухуахэр, Хэкум гурэ псэкIэ хуэпэжхэр, къэралым щыпсэухэм я шына­гъуэншагъэмрэ зэIузэпэщ псэукIэмрэ къызэзыгъэпэщхэр. Дэ дрогушхуэ урысей армэмрэ флотымрэ лIыхъужьыгъэкIэ псыхьа я тхыдэм, дыщалъхуа щIыналъэм и хуитыныгъэмрэ ар зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIалэгъуалэр яущийуэ

2021-02-20

  • Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм и пэ къихуэу дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэ­рым Зауэм, лэжьыгъэм, Iэщэ­кIэ ЗэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я вете­­ран­хэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шы­хъуэбахъуэ Мухьэмэд.
  • — Мухьэмэд, Хэкум и ХъумакIуэм и махуэр къэралым хэIэтыкIауэ зэрыщыдгъэлъапIэм уэ дауэ уеплърэ?
  • — ИпэжыпIэкIи, мы махуэр ди къэралым гулъытэ хэха зыщыхуащIхэм ящыщщ. Ар ину, Iэтауэ щIэдгъэлъапIэм и щхьэусыгъуэр инэхъыбэм къыдгурыIуэу къыщIэкIынущ. Сыту жыпIэмэ, дапхуэдэу мыхъуами, къэралым мамыр щытыкIэр щытепщэу, жылагъуэм хуэщхьэпэн IэщIагъэхэм зыщаужьу, еджэхэм я щIэныгъэм нэхъри щыхагъахъуэу къекIуэкIын щхьэкIэ, а псоми къащхьэщыжыфын цIыхухэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, дахуэныкъуэщ. Зи гугъу тщIыр Хэкум и хъумакIуэхэращ. Ахэр димыIэмэ, псэуныгъэм щыщу къедбжэкIахэр зэпIэзэрыт щытыкIэм итынкIэ дыгугъэныр щхьэгъэпцIэжщ. Нэхъ тегъэчыныхьауэ жытIэмэ, къэралыр зыхъумэхэр димыIатэмэ, адрей IэщIагъэхэми, IуэхущIафэу къетхьэжьэхэми заузэщIынутэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

И щыхьэтщ дамыгъэ лъапIэхэр

2021-02-20

  • Щомахуэ ТIыкъан Къа­рэмырзэ и къуэр Алъхъо (Курп Ищхъэрэ) къуажэм 1904 гъэм къыщалъхуащ
  • «Гъубжэрэ уадэрэ» кол­хо­зым хэтт ар, ауэ зи гуа­щIэкIэ лажьэрэ шхэж цIы­хубэм я гъащIэ мамырыр къы­зэпыудащ 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм. ТIыкъан илъэс 38-р ирихьэкIырт, унагъуэ иухуат, бын иIэт.
  • Бронь хухахауэ Щомахуэр колхозым щы­лажьэрт, арщ­хьэкIэ бийр Кавказ къурш­хэм гъунэгъу къыщыхуэ­хъум, зауэ IэнатIэм ари Iу­хьащ (1942 гъэм и гъатхэпэм) икIи и кIэ пщIондэ дзэм хэтащ.
  • 1942 гъэм и гъатхэпэм ТIыкъан хагъэхьащ 416-нэ фочауэ гупым и 43-нэ полкым. И Хэкур ихъумэу Щомахуэр хахуэу зэуащ. 1943 гъэм и жэпуэгъуэм ар уIэгъэ хъури, 1944 гъэм и мазае пщIондэ сымаджэщым щIэлъащ. Иужьым ефрейтор Щомахуэр зауэ IэнатIэм Iухьэжащ. 1135-нэ фочауэ полкым хэту, ТIыкъан зэ­уащ СССР-м, Чехослова­кием, Польшэм я щIы­налъэхэр хуит къащIы­жын папщIэ.
  • 1945 гъэм и гъатхэм Дзэ Плъыжьым бийр хигъэ­щIащ. АрщхьэкIэ ТIыкъан и насып къихьакъым Те­кIуэ­ныгъэ Иныр Берлин щигъэ­лъэпIэну — ар мэлы­жьы­хьым и кум уIэгъэ хьэлъэ ящIат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер Мухьэмэд и къуэр

2021-02-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм хэщIыны­гъэш­хуэ игъуэтащ. Куэдрэ сымэджауэ дунейм ехыжащ КъБР-м и цIыхубэ ­уса­кIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэ усакIуэ къы­зэ­ры­мыкIуэ, жылагъуэ лэжьа­кIуэ Тхьэгъэзит Зубер Му­хьэмэд и къуэр.
  • Тхьэгъэзит Зубер 1934 гъэм фокIадэм и 23-м Тэрч къалэм къыщалъхуащ. 1960 гъэм КъБКъУ-м и тхы­дэ-филологие факуль­тетыр къиуха нэужь «Советская молодежь» республикэ ­газетым щы­лэ­жьащ. 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ ­«Iуащ­хьэмахуэ» журналым и къудамэм и унафэщIу щытащ, иужькIэ редактор нэхъыщхьэ къулыкъур къы­хуагъэфэщащ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм жэуап зыхь и секретаруи лэжьащ. 1974 гъэм Тхьэгъэзитыр ягъэуващ Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщIу, 1987 гъэм КъБР-м и Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и Iэтащхьэу ­хахащ.
  • Тхьэгъэзит З. М. и творчествэмкIэ пасэу наIуэ ­къищIащ и егъэджа­кIуэ­хэм, ущиякIуэхэм — Що­джэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал сымэ — яхуэфэщэн щIэблэу зэрыщытыр. А усакIуэ ­щэджащэхэм, апхуэдэуи урыс усакIуэ-классикхэм я дерсхэр фIыуэ зригъащIэщ, лъэпкъ IуэрыIуатэр къи­гъэсэбэпурэ и щIэныгъэм хигъахъуэри, Зубер Мухьэмэд и къуэм езым и усыгъэ зэчийр зыхуиунэ­тIынур тэмэму иубзы­хужащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2021-02-20

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ ­театрым, Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я союзым и щIыналъэ къу­дамэм, Балъкъэр лъэпкъым и «Алан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Заман», «Адыгэ псалъэ» газетхэм я лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуауэ хъыбар фагъащIэ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIыхь зиIэ  я артист Юсупов Хьэмид Алий и къуэр дунейм зэрехыжамкIэ икIи абы и уна­гъуэм, и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх…

2021-02-20

  • Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр ­къы­хуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умы­щIэжыну и нэгур ­къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэ­зыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъы­зэкъуихыу зыгуэрым  ху­пы­гуфIыкIыфыр-къым. Бабэ и  гум щыщIэм, ар гухэ зы­щIым, гунэдж къезы­мытым ­псори щы­гъуазэщ, арагъэнщ абы лейуэ зыри къы­щIы­дэмыгушыIэр, зэзэ­мызэ и хьэ­лъэр къыщагъэп­сынщIэн щхьэ­­кIэ, псэлъакIуэ-уэршэракIуэ гъу­­нэгъу фызхэр къы­хуекIуэкIми, щIагъуэу гужьдэгъэкI  щIамыщIыр.
  • Сытым  хуэдэу унагъуэ дахэт ­Бабэ и унагъуэр. Зы щхьэгъусэ иIэти, тхьэ узэрелъэIунт — лэжьа­кIуэт, и Iэм дыщэ къыпощ, жы­хуаIэм ещхьт, сытми хуэIэпщIэлъапщIэт. Къуитху зэдагъуэтати, дыщэ бынкIэ къеджэу я цIэр къуажэ кIыхьым дэлът. Ауэ Бабэ и насыпыр зэуэ къекъутэхащ. Илъэс пщыкIутI фIэкIа бгъэдэмы­сауэ уз бзаджэ къеуэлIам пэмылъэщу щхьэгъусэр щхьэщыукIуриикIащ. Хьэдагъэр иухатэкъым щIалэхэм ­я курыт Хьэбан хуабэ узым щыIэ­щIихам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ

2021-02-20

  • Мы гъэм илъэс 22-рэ мэхъури дунейм и щIыпIэ куэдым щагъэлъапIэ Анэ­дэлъ­хубзэм и махуэшхуэр. Къэхъугъэу Тхьэм къигъэщIахэм я нэхъыщхьэхэм халъытэ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ ­къозыгъащIэу щыIэр абыхэм  я анэ­дэлъ­хубзэрщ. Ар бзэ къудейкъым — ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дэтхэнэми ар зыщремыгъэгъупщэ!

2021-02-20

  • Бзэр  цIыхухэр зэрызэгурыIуэ Iэмал къудейкъым, атIэ ар зей лъэп­къыр зыхъумэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. Аращ ди блэкIари ди нобэри къэ­зыгъэлъагъуэр, ди тхы­дэр, хабзэр, щэнхабзэр къэ­кIуэну щIэблэхэм яхуэ­зыхъумэри, абы сыт щыгъуи  гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ.
  • Дэтхэнэ бзэри зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ ­хъу­гъуэфIыгъуэ инщ, ­къэ­хъугъэ лъапIэщ. Ар ­щымыIэжыным къихь гу­зэ­вэгъуэр куэдкIэ нэхъ зы­хэ­щIэ­гъуэщ, псалъэм пап­щIэ, щIыуэпсым и къэ­кIыгъэ е псэущхьэ лъэп­къы­гъуэ  гуэр  кIуэ­дыжыным нэхърэ. Бзэр щымыIэжмэ, дунейм токIуэдыкIыж илъэ­сищэ бжыгъэкIэ лъэпкъ щхьэхуэм иухуа и хабзэр, щэнхабзэр, езы лъэпкъри адрейхэм яхошыпсыхьыж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ лъэп­къыш­хуэхэм я бзэм лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэри анэдэлъхубзэри утыкум ирегъэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэлъэщI щIыху цIыкIу

2021-02-20

  • («Синий платочек».
  • Слова Якова Гольденберга (Галицкого),
  • музыка Ежи Петерсбурского, 1940 г.)
  • Си гум къокIыж: сыщебгъажьэм
  • ПлIэм дэлъ IэлъэщIыр пфIехуэхт.
  • Псалъэ къызэптырт
  • IэлъэщI щIыху цIыкIур
  • Пхъумэну къэзгъэзэжыху.
  • Иджы, си нэху,
  • Ар сымылъагъуми, къэпщтэху,
  • Абы си гъащIэр,
  • Зэрыдза тIуащIэу,
  • КъыпкIэрипхащ сыбэуэху.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъэкIыгъэцIэхэр

2021-02-20

  • Бжэндэхъупэж — Василёк синий. Удз лIэужьыгъуэщ. Зы гъэкIэ е гъитIкIэ къокI. ЗанщIэу докIей, и пкъым сантиметр 30 — 60 и лъагагъщ, цы щабэ тетщ, къудамэ къытокIэ. И тхьэмпэхэр бгъузэщ, сантиметри 5 — 10 я кIыхьагъщ. Къудамэ щхьэкIэхэм гъэгъа къащхъуэхэр, щхьэ цIыкIуу зэхэту, гъэмахуэм къапедзэ. КъэкIыгъэм лъабжьэ ищIхэр инкъым, псыгъуэщ. Сэхураным ещхь и жылэ цIыкIухэр гъэмахуэкIэм, бжьыхьэм мэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зиш яужь къинэм си мылъкур ейщ

2021-02-20

  • Я адэр щылIэм, и къуи­тIым уэсят къахуищIащ:
  • — Фи шитIыр къызэдэвгъажи, зиш яужь ­къи­нэм си мылъкур ейщ, — жиIэ­ри.
  • Адэр лIэри щIалъхьэжащ, мылъкур зыгуэрым лъысын хуейтэкъэ?
  • Адэм и уэсятыр ягъэ­зэщIэну я шы зырызым шэсри губгъуэм дэкIащ.
  • Зэбгъуроувэри, яшхэр ирагъэлъ. Дэтхэнэри ­хуейщ и шыр иужь къи­нэнуи, къыжьэдакъуэж.
  • Апхуэдэу, щхьэж и шыр иужь къыхуимыгъа­нэу куэдрэ пылъауэ, шыхэми тхъурымбэр ­къай­тIэтIэхыу зэхау­кIауэ, зы шу гуэр блэкIыу ар илъэ­гъуащ. Апхуэдэу щIащIымкIэ ­щеуп­щIым, Iуэхур зыIутыр къыжра­Iащ.
  • — ФишхэмкIэ фызэхъуа­жи фыкъызэдэжэ, делэ­жьитI, — жиIэри, шур блэ­кIащ.
  • КъардэнгъущI
  • Зырамыку.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бэдынокъуэрэ иныжь нэ закъуэмрэ

2021-02-20

  • Бэдынокъуэ щакIуэ ежьауэ, мэз бжэн къыпэщIэхуащ. Шабзэр зэIуи­дзэщ, еуэри бжэныр къриудащ. «Зэ­Iысхынщ», — жери щыбгъэдыхьэм, бжэныр къыщылъэтыжри мэзым хыхьэжащ. КIэлъыуэри къриудыжащ бжэныр. Щыбгъэдыхьэм, къыщылъэтыжри щIэпхъуэжащ. Еща­нэуи кIэлъыуащ, къриуда щхьэ­кIэ, щыбгъэдыхьэм, бжэныр къыщы­лъэ­тыжри, мэзым хыхьэжащ.
  • — Мыр сыт гъэщIэгъуэн! — жиIащ Бэдынокъуэ. — Щэ сытехуати, щэми сIэщIэкIащ. ЗдэкIуэр зэзгъэщIэнщ, — жери мэзым хыхьэжа бжэным и ужь иуващ Бэдынокъуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Гъубжокъуэ Алихъан ТIалиб и къуэм и ныбжьыр нобэ илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу

2021-02-20

  • Жэмтхьэлэ щыпсэу ди лъэпкъым я нэхъыжьыфI, пщIэ зы­­хуэсщI, дыщэм ефIэ­кIыу
  • зыхуэзгъадэ щымыIэ, сызэрыгу­шхуэ, цIыхугъэрэ адыгагъэрэ зыхэлъ, зи нэгум нурыр кърих си дэлъху гумащIэм сынохъуэхъу уи махуэ ­лъапIэмкIэ.
    ЦIыхум и ныбжьыр щыхэкIуатэм нэхъ лъа­пIэу къилъытэ узыншагъэм ущымыщIэу, уи гур хэзыгъэщIын уIумыщIэу, уи гукъыдэжыр ину, уиIэ фIыгъуэр пхуэбагъуэрэ уимыIэр къохъулIэу, уи Iэнэгур берычэту, уи бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ я насыпым уи лъэр нэхъ жан ящIрэ жьыгъэр къыпщIэмыхьэу, уи гуащIэ мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм укъытщхьэщигъэт!
  • Уи шыпхъу Розэ и унагъуэр.
    Налшык къалэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше