2020-06-27
- Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин М. В. Iэ щIидзащ 2020, 2021 — 2022 гъэхэм цIыхухэр зэфэну псыкIэ къызэгъэпэщыным хыхьэ объектхэр зэгъэпэщыжыным, ахэр егъэфIэкIуэным хухаха субсидиехэр зэрытрагуашэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа унафэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2020-06-27
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Шэрэдж щIыналъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м щызэхэтащ мегаватти 10 зи лъэщагъ Балъкъэр Ипщэ ГЭС мыиныр лажьэу утIыпщы-ным теухуа зэIущIэ. ГуфIэгъуэ зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «РусГидро» компанием и Правленэм и унафэщI — и генеральнэ директор Шульгинов Николай (ВКС мардэм тету), «РусГидро»-м и генеральнэ директорым ухуэныгъэмкIэ и къуэдзэ Карпухин Николай, КъБР-м и Правительствэм, «РусГидро»-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм, Шэрэдж щIыналъэм и администрацэм я унафэщIхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2020-06-27
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм «Зи щхьэ хущыт жылагъуэ мониторинг» зэгухьэныгъэр и гъусэу видеоконференц жыпхъэм иту иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуа IэIэтым ехьэлIауэ зэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм