ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-06-27

  • ЖыIэгъуэхэр
  • Гъуджэ иплъэ псоми залъагъужыркъым
  • Акъылыншэ тхьэмыщкIэщи, ныбжьэгъуншэ къулейсызщ.
  • Ахъшэ зи куэдым дыгъур щошынэ.
  • Бзэгу зыхуахьри бзэгузехьэм къыкIэрыхуркъым.
  • Губзыгъэр и акъылкIэ йогупсысри, делэм нэгъуэщIым жаIэм трещIыхь.
  • Гужьгъэжьыр яжьэкIэ щIэхъума дэп Iэтэщ.

  • ГупкIэм упысыныр тыншщ, зи гупкIэ уисым и уэрэд пщIэмэ.
  • Гурыщхъуэм дамэ темытми, укърехьэкI.
  • Гупсысэм псалъэншэу уэрэд уегъэус. ГуфIэгъуэрэ гуIэгъуэрэ зы кIапсэ кIыхьщ — зэпыупщIыгъуейщ.
  • Гухэхъуэм уигъэщIыр гухэщIым птрехыж.
  • Гъатхэм жеяр щIымахуэм къегъэудж.
  • Гъуэгу пэж тет и къэгъэшыпIэри захуэщ.
  • Гъуэгу мыгъуэ техьэнур вакъэ хуэныкъуэкъым.
  • Гъуджэ иплъэ псоми залъагъужыркъым.
  • Гъунэ иплъамэ, хьэсэкуми унэсынщ.
  • Данэм хэсу псэуами, кърашэкIыр чэсейфэхущ.
  • Дахэ зыхэзагъэми хуэсакъыпхъэщ.
  • Дэгу и нэ жанщи, нэфыр тхьэкIумафIэщ.
  • Делэ и пыIэ акъылымэ щыуркъым.
  • ДогъэлъапIэ жаIэурэ куэд ягъэсэхъу.
  • Дуней тетыкIэ зыщIэри абы хуиту трагъэткъым.
  • КIэрэф  Хьэсэнбий.
  • Пшыналъэ цIыкIухэр
  • Дакъикъэ къэси гъащIэ зырызщ
  • «Усысейщ!» — жиIащ щIалэгъуэ гъуэгу техьэм.
  • «Срыуейщ, — къитыжащ жэуап гъуэгу дыщытехьэм, — зы дакъикъэм гъащIэ псо хэплъагъуэу щытмэ. Сэ си гъащIэр дакъикъэ защIэу зэхэлъщ, дакъикъэ къэси гъащIэ зырызщ. Апхуэдиз гъащIэр уэ уи закъуэ дауэ пхуэIыгъыну? ЦIыхуу щыIэм сэ ар яхуэзгуэшыну сыхуейщ. Сэ сыщIэпсэур гъащIэ уахътыншэ сыхъуу гъащIэм сыхыхьэжынырщ».
  • ИкIи ежьэж, икIи къэгъэзэж
  • «ДызэпокIыж», — жысIэри, сэ сыIукIыжащ. Уэ ар уи фIэщ хъури, нэпс куэд щIэбгъэкIащ. «Сэ уэрыншэу схуэхькъым», — бжесIэри къэзгъэзэжащ. Уэ ар уи фIэщ хъури, угуфIэурэ нэпс куэд щIэбгъэкIащ. Сэ иджыри семыжьэжу хъуркъым. Уэ пхуэшэчыну умыгъыу? Сэ аргуэру къэзгъэзэжмэ, пхуэубыдыну гуфIэ нэпсыр?
  • «Хъунщ, си псэ, икIи ежьэж, икIи къэгъэзэж. Ауэ ущежьэжкIи IэплIэ къысхуэщI, къыщыбгъэзэжами, IэплIэ къысхуэщI, итIанэ зэи сыгъынкъым, сэ сщIэнущ уежьэхункIэ къызэрыбгъэзэжынур».
  • Си дыгъэ шыр
  • Хьэуэ! Хьэуэ! Сэ зэи къэсшэнукъым. Сыхэвмыгъэзыхь! Зэи къэсшэнукъым, си дыгъэ шырым си Iэпэр имыубыдауэ. Сыт апхуэдизрэ ар щIыдэсыр? Сэ иджы си къэшэгъуэщ, абы и ишэгъуэщ. Ауэ дызэхуэзэмэ, зы псалъи зэжетIэркъым. Ар мэшынэ, зыгуэр къызжиIэмэ, сэ къызгурымыIуэу сежьэжын фIэщIу, апхуэдизкIэ фIыуэ сыкъелъагъури. Сэри зыри жесIэркъым, жесIа нэужь къысщыдыхьэшхыу щIэпхъуэжын си гугъэу… Ей, си дыгъэ шыр, уэрэ сэрэ ди гур зэгъусэу зы гъущI хъар идгъэгъэтIысхьэ, цIыхунэхэм ягъэIэсэнщи, зэщыгуфIыкIыжу къитхыжынщ.
  • Тхьэзэплъ  Хьэсэн.
  • ПСЫIУЩIЭ
  • (ГукъэкIыж)
  • Гъэмахуэр сыт щыгъуи сабийхэм я IутIыжщ. Зэкъуэшхэм (сэ, си къуэш нэхъыщIэ Вовэ, Мэздэгу щыщ ди анэ шыпхъу Марие и къуэ Шурик, Николай сымэ) ар щIэщыгъуэу щыдгъакIуэрт ди адэшхуэ-анэшхуэр щыпсэу Раздольнэ къуажэм. Нэхъыжь дыдэм илъэситху и ныбжьт, нэхъыщIэр илъэсищ хъуа къудейт.
  • Ди зэманыр зэрыдмыгъэнщI щыIэжтэкъым — номин шырхэм ещхьу, жыгыщхьэхэм дыпыст, мэкъу Iэтэхэм дыдэпщейрт, гъуэрыгъуапщкIуэр нэхъыфI дыдэу тлъагъу ди джэгукIэт. Зыми хузэфIэкIыртэкъым дигъэбэяуну.
  • Зы махуэ гуэрым гу лъыттащ унащхьэм ныкъуэкъутэу хэлъ щхьэгъубжэмкIэ бжьэхэр щIэлъатэурэ къызэрыщIэлъэтыжым. Куэдрэ дыгупсысакъым, мурад тщIащ фор щагъэпщкIур къэтхутэну.
  • Шурикрэ сэрэ мэкъуэщым пхъэ пкIэлъей къитлъэфри, унэ блыным едупсеящ. Абы дызэрыдэпщеяр зыми къамыщIэн щхьэкIэ, Вовэрэ Николайрэ пщIантIэм щыджэгуну къыдэднэри, нэхъыжьитIыр унащхьэм дыкIуащ. Безынэр бэджыхъым щIихъумауэ плIанэпэ нэхъ кIыфIым къыщыдгъуэтащ. Ар ятIэкIэ хъурейуэ зэгъэпцIат, гъуанэ цIыкIу куэдыкIейхэр иIэу. Нэхъ гъунэгъуIуэ зыщыхуэтщIым, бжьэхэри абы ису къэтлъэгъуащ. АрщхьэкIэ фор къызэрыдгъуэтам ди нэр къыщхьэригъапхъуэри, зыдмыIэжьэу блыным ятIэ хъурей зырыз къыкIэрытчащ, абы кърикIуэнум иджыри дыщымыгъуазэу. Безынэм зэуэ хьэдзыгъуанэхэм зыкърапхъуэтри,  ди щIыфэ пцIанэхэм къеуэу хуежьащ. Нанэ дегуэпэкIыу зыщыдгъэтхъуну дызэрыхуеяри асыхьэтым тщыгъупщат.
  • ДыкIийуэ «абгъуэхэр» хыфIыдодзэжри, пкIэлъей дэкIуеипIэр зэрыщытри дымыщIэжу унащхьэ лъагэм дыкъопкIэж. ЩIым дыркъуэншэу дыкъызэрыщыхутар дауэми иджыри къызгурыIуэркъым, ауэ а дакъикъэм псори зырикIт дэ ди дежкIэ, дыкъезыхуэкI хьэдзыгъуанэхэм дакъызэрыIэщIэкIынырт нэхъыщхьэр.
  • Дызэхихри, ди анэшхуэр гужьеяуэ къэжащ дыкъригъэлыну. КъытщыщIар къыщыгурыIуэм, сэ папцIэрэ мастэрэ абы къищтэри, ди щIыфэ псом хэуа хьэдзыгъуанэ шэрэзхэр къытхухихыжу къыдбгъэдэсащ. «УIэгъэхэм» форэ тхъуцIынэрэ зэхэлъу къытхущихуэурэ махуитIым и кIуэцIым ди анэшхуэм дигъэхъужащ, дэри а къэхъугъэр зыIэщIэдгъэхужри, дызэрыкъуейщIеин нэгъуэщI Iуэхухэм дылъыхъуэу дежьэжащ.
  • Тэрчыпсыр ди анэшхуэмрэ адэшхуэмрэ я лъапсэм метри 100 хуэдэкIэ пэжыжьэт, абы ди закъуэу дагъакIуэртэкъыми, зафIэдгъэпщкIуурэ кIуэсэн щIэддзащ. ТфIэфIт псыIущIэм дыдэпщейурэ псы елъэм деж къыщызэтрихьэ бдзэжьейхэм деплъу дыщысыну. Псы уэрым а бдзэжьей тхьэмыщкIэхэр щIиIубэрти, зэми къыдрихьеижырт, языныкъуэхэми лъэныкъуабэу телъу къигъанэрт. ТфIэгуэныхьи хъурт ахэр, зыкъащIэжыну хунэмысу аргуэру псы хьэлъэм ириудыжырти.
  • Зы бдзэжьейм, нэхъ мыхъуми, а псыIущIэ щIагъым къыщIэкIыну щыхузэфIэкIым, зы фIыгъуэшхуэ къыдэуэлIам хуэдэу, «Ура!» жытIэурэ, IэплIэхэр зэтшэкIырт. Ауэ бдзэжьей псоми ар къехъулIэртэкъым. Абы щхьэкIэ махуэ къэс, шэджагъуэхуэкIуэ хъуа нэужь, зы сыхьэт хуэдизкIэ псыIущIэр зэхуащIырт, псы дэжыпIэ закъуэ фIэкIа къэмынэу. А «лъагъуэмкIэ» бдзэжьейхэр исыкIырти, Тэрчыпсым и къежьапIэмкIэ яунэтIырт.
  • Псыежэхыр чэнж щыхъу щIыпIэхэм деж бдзэжьейм IэкIэ ущещэ хъурт. АрщхьэкIэ ди зэрыгъэкIий макъым бдзэжьейр игъэгужьейрти, къэдубыдами, зиудыныщIэурэ зыкъытIэпыщIиудыжырт. Хьэлъэу пшахъуэм хэхуэу ехуэхырти, псыкIантIэм хэпкIэжырт.
  • Бдзэжьей сещэурэ зэгуэрым псыежэх лъащIэм граждан зауэ лъандэрэ щIэлъ топ улъиям сыжьэхэуэри, си Iэ сэмэгур зыщIэзгъэжыжащ. Нэхъ гъунэгъу дыдэу Винограднэ къуажэрат амбулаторэ здэщыIэри, абы сашэри къызагъэIэзащ.
  • Ари дерс тхуэмыхъуу, махуэ къэс ди лIыгъэм хэдгъахъуэурэ бдзэжьей дещэрт. Псыежэхрэ гуэлрэ хуиту зымылъэгъуа щIалэ цIыкIуитIым (сэрэ Вовэрэ) ар ди нэгузыужьыпIэ нэхъыщхьэу жыпIэ хъунут.
  • Бысым къуажэ щIалэжь цIыкIухэм нэхъри дытрагъэгушхуэрт. Езыхэм псыIущIэр къыщызэIуахкIэ толъкъуным зрагъэхьэхыурэ джэгурти, абы шынагъуэ зэрыпымылъыр ди фIэщ ящIыну хэтт. АрщхьэкIэ дэ апхуэдэ дыдэу иджыри дыхахуэтэкъым, ауэ дызэрышынэри къедгъэщIэну дыхуейтэкъым.
  • Щхьэусыгъуэ гуэрхэр къэдгупсысурэ апхуэдэу тхьэмахуитIыр дгъэкIуащ. Раздольнэ жылэм дэс щIалэ цIыкIухэмрэ дэрэ нэхъ дызэхыхьэ хъуащ. Зы махуэ гуэрым дызэрызехьэу псым дыхэтурэ, ныбжьэгъу къытхуэхъуагъащIэхэм дытрагъэхьэулеикIри, тIэщIагъэхуащ мыгувэу псышхуэ къызэрехынур. Псы уэрыр дыпэмыплъауэ напIэзыпIэм къыкъуэури, дыкъыхэкIыну дыкъеIами, зыри тхулъэмыкIыу дызэлъэкъуауэурэ дрихьэхащ. Iэрпхъуэр дыхъуами, куэд дэмыкIыу къыдгурыIуащ дызэримытхьэлэр икIи псым дыздихьымкIэ зредгъэхьэхащ. Къамылыщхьэ унэхэм, хадэ щхъуантIэхэмрэ хъуакIуэу губгъуэм ит бжэнхэмрэ, нэгъуэщI хьэлэмэт куэдми дыдихьэхыу деплъурэ псым дытелъащ. Апхуэдэу Къызлар нэс (Раздольнэ къуажэм адэкIэ къыщыс жылэм) псым дынихьэсащ. Абдеж псыежэхыр чэнж щыхъужырти, псыкIантIэ цIыкIуурэ щызэбгрыжырт.
  • А махуэм тхузэфIэкIам дрипагэу, ди щхьэр Iэтауэ дыщыхьэщIэ къуажэм къэдгъэзэжащ, абы къыщытпэплъэрт ди анэшхуэмрэ адэшхуэмрэ…
  • КIэрашэ  Михаил.
  • Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
  • Серебряков-Даутокъуэ Лиуан. 1932 гъэ

  • Серебряков Хьэжмурат (Виктор).

  • Кавказ шуудзэ дивизэм и офицерхэу Абдурэхьмэн Хьэбыж, Серебряков-Даутокъуэ Заурбэч, Чхеидзе Константин сымэ. 1919 гъэ

  • Къуажэхьхэр
  • Унэм  IэфIыкIэ къэзыхь
  • Жьырытэджу пасэу
  •  къаджэ,
  • Сабий цIыкIухэм
  •  яхуэбзаджэ.
  • Жэщыр хъуамэ, лъэтэрей,
  • Жейуэ хэлъхэм щыхьэрей.
  • КIэ бэлацэ дыгъуэрей,
  • Ди джэдкъазхэм
  •  теуэрей.
  • Iуданэ зи куэду
  • Зы масти зимыIэ.
  • Удз гъэгъахэм телъэтыхь,
  • Унэм IэфIыкIэ къэзыхь.
  • Зызыгъэпщ пщэ пцIанэ.
  • ЖЭУАПХЭР:
  • Адакъэ. Аргъуей. Бажэ. Бэдж. Бжьэ. Гуэгуш.
  • Зэхэзылъхьар
  • Щоджэн  Леонидщ.
  • Псалъэжьхэр
  • Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд
  • ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.
  • Зы гъэр тIэу къакIуэркъым.
  • И гуащIэ хьэпIацIэм яхуехъумэ.
  • МастэкIэ Iэшэщ, шатэкIэ бзаджэщ.
  • Гуащэтешэрэ пэт унэ епхъэнкI.
  • Набдзэ ищI фIэщIурэ нэр ирищIащ.
  • УэфIрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.
  • ХамэIэр Iэгъэзагъэ щхьэкIэ — гугъэзагъэкъым.
  • Бзум худрапхъей я унэ щIэлъкъым.
  • Жьы къыщIэпщэркъым, псы къыщIэуэркъым.
  • Лэгъупыр нэкIэ къегъавэ.
  • Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
  • Абрэмывэ пэт зы пIэм илъкъым.
  • Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.
  • Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым.
  • ГушыIэхэр
  • Ди  хьэтыр  къилъагъуну девгъэлъэIу
  • Экзамен тыгъуэщ. ЩIалищ зопсалъэ.
  • — Уа, тхыдэмкIэ хэт дызэлъэIунур мы Аслъэнбий и къуэм щхьэкIэ?
  • — Хьэмид.
  • — СочиненэмкIэ?
  • — Мурат.
  • — ЛитературэмкIэ-щэ?
  • — Хьэлимэт.
  • — Ахэр хъарзынэтэм, уэлэхьи, ауэ нэмыцэбзэр дауэ?
  • — Уэлэхьи, уи хьэтыр къэзылъагъун абыхэм яхэту сымыщIэ сэ.
  • — Школым щиджа?
  • — И аттестатым 4 итщ.
  • — КхъыIэ-тIэ, а зымкIэ ди хьэтыр къилъагъуну езы щIалэ цIыкIум девгъэлъэIу.
  • Мелуан  уэттын  уи  гугъэ?
  • Лекцэ зытхух къеджауэ сом 13 фIэкIа зыхуамытха лIыр директорым хуотхьэусыхэ.
  • — Уа, сыту мащIэ мы къызэфтыр.
  •  — НтIэ, тхьэмахуитIым мелуан уэттын уи гугъэ?
  •  — Хьэуэ, ардыдэри сыт, ауэ мелуанымрэ сом 13-мрэ яку зыгуэр дэлъ си гугъэщ, зиунагъуэрэ.
  • Шыд Хьэсэнбий.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Былымым  и  бзэгу гъэва-гъэжьэжам кIэртIоф  щIэлъу
  • Зи фэр зытемылъыж бзэгу гъэвар зэпэплIимэу, г 15-20 хъууэ, яупщIатэ, тебэм ит тхъу къэплъам халъхьэри, зэIащIэурэ ягъажьэ, тхъуэплъ хъуху. МафIэр ягъэункIыфIыжри, бзэгу гъэжьам хакIутэ г 10 — 12 хъу тыкъыр цIыкIуурэ дагъэкIэ ягъэжьа кIэртIоф. Хуэсакъыурэ, кIэртIофыр ямыпIытIурэ, зэIащIэ. ШатэкIэ щIа бжьыныху шыпс текIауэ, пщтыру Iэнэм тепщэчкIэ трагъэувэ. ПIастэ, щIакхъуэ дашх. Къэуатщ, витаминкIэ къулейщ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): бзэгу гъэвауэ — г 200, тхъууэ — г 40, кIэртIоф гъэжьауэ — г 150-рэ, шатэу — г 100, бжьыныху укъэбзауэ — г 15, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Тыркум щыIэ адыгэхэм я мырамысэ
  • Нартыху хьэжыгъэр ткIыбжь мыхъуу куэдрэ щылъкъым. Тырку адыгэхэм ящIэращ: нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар пхъэбгъум пIащIэу тракIутэри дыгъэкIэ ягъэгъущ, гъуабжафэ къытеуэху. Апхуэдэу пщIымэ, нартыху хьэжыгъэр зэмыкIуэкIыу куэдрэ щылъщ.
  • Мырамысэр зэращIыращ: шыуаным псы щIыIэ иракIэ, шыгъу хадзэри, хьэкум трагъэувэ. Къэвэн щIимыдзэ щIыкIэ нартыху хьэжыгъэр хакIутэ икIи бэлагъкIэ зэIащIэурэ хьэзыр хъуху ягъажьэ. Хьэзыр хъуа мырамысэр шыуан джабэм къыкIэрыщэту, и теплъэкIи гъуатIафэу щытщ. Мыдрей мырамысэхэм ещхьу яшх хуабэуи щIыIэуи. Мыпхуэдэ мырамысэр жэщитI-махуитIкIэ зэIыхьэркъым.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): нартыху хьэжыгъэу — г 550-рэ, псыуэ — г 120-рэ, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
  • тхылъым къитхыжащ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 5. IэпапIэ фIыцIэхэр зыхэс къэзылъэтыхь цIыв хъурей цIыкIу. 6. Губгъуэм хьэлъэ щызезышэ гуп, чырэ. 9. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 10. Къэпща, къэушырыба. 11. Дэлъхум и щхьэгъусэ. 12. Шатэ, тхъуцIынэ гъэвэжам и щхьэм къытрещIэ. 13. Ди зэманым щIагъуэу зэрамыхьэж цIыхухъу щыгъын хуабэ, уаеми уэлбанэми ущихъумэу. 15. Нарт фызыжь Уэрсэрыжь и фIыгъэкIэ Лъэпщ ищIа Iэмэпсымэ. 17. Iэщ егъэзыпIэ. 19. ЦIыхубзхэм зыкIэралъхьэ, зэрызагъэщIэращIэ хьэпшып цIыкIу. 21. Нарт лIыхъужь. 22. Къуаншагъэ зылэжьу суд пащхьэм ихуа, уэчылыр къызыщхьэщыж цIыху. 23. … джэлам ущIэмынакIэ. 24. Шы къэпщIэнтIам къыщхьэщех. 25. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 28. Таурыхъхэм зэрыхэтымкIэ, псэущхьэ хьилэшы. 29. Узижагъуэм и нэм … ущIоуэ. 31. ХадэхэкI. 32. Нэхъ пасэм адыгэлIым зыми пимыщIу щыта псэущхьэ. 33. Iэщхьэ зымыпыт щыгъын. 34. Пщэ гъум. 35. Купкъ зэрылъ пхъэщхьэмыщхьэ плъыжь цIыкIу. 36. Нэхъапэм адыгэм я унащхьэр абыкIэ ягъэбыдэрт. 38. Къуажэ «транспорт». 41. Зи … изым щIакхъуэр цIынэу къыщохъу. 42. … еуэнымкIэ адыгэ щIалэм бжьыпэр иубыдащ. 43. ПIащIэу гъэгъуа пхъэщхьэмыщхьэ.
  • Къехыу: 1. Лы лей зытелъ цIыху. 2. Лъакъуэм ищI лъэужь. 3. Сэхуран гъэлыгъуа зыщэм ишыхьа тхылъымпIэ. 4. ЩIалэ IэмыкIуэлъэмыкIуэр и ныбжьэгъухэм … къащI, къыщыдыхьэшх зэпытт. 5. Мэлыхъуэхэм я гъусэ пэж хьэшхуэ. 7. Паркым … къыщысхуэхъуа щIалэр ныбжьэгъуфIу къыщIэкIащ. 8. … мыплъэмэ, нэр плъэркъым. 14. Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта адыгэ усакIуэшхуэ. 16. Пщы зэрыхьэ … мэхъу. 18. ХадэхэкIыр Iисраф зыщI дзыгъуэшхуэ. 20. ГъущI пIащIэ: абы къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр нэхъапэм адыгэм зэрахьэрт. 22. НапIэзыпIэ. 26. Цы пхъашэ зытет удз лъагэ. 27. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ, Абхъаз республикэм и цIыхубэ артист. Къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 85-рэ ирокъу (и цIэр). 29. Гукъеуэ зиIэр псалъалэщи, … зиIэр тIэхъуалэщ. 30. Джыдэм нэгъуэщIу зэреджэ. 37. ХадэхэкI. 38. УнэлъащIэм щыщ. 39. Нартыху хъумапIэ. 40. Джабэм къех шыгум … имыщIамэ, щхьэпридзат. 41. Зи нэхэр зэблэплъ.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 20-м ди газетым тета
  • псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 6. Пщэдэлъ. 7. Къандур. 8. Кумб. 9. Пхъужь. 10. Сэх. 11. ДжэдуукIэ. 12. Псыжь. 15. Къамэ. 17. Нэгэгъу. 19. Менлы. 20. Щауэжь. 21. ПщIащэ. 24. Пэу. 25. Бэдж. 29. Хьэсэгъу. 32. Мастэ. 33. КIэрэхъ. 34. Махъшэ. 35. Псей. 36. Йорк. 37. Хьэнтхъупс. 40. Ибэ. 42. Хукхъуэ. 44. Пхъы. 45. КъыфIокIэ. 46. БажэкIэ.
  • Къехыу: 1. Пщэхъу. 2. Шэрэдж. 3. Гъымбу. 4. Вабдзэ. 5. Шухьэ. 13. Самэ. 14. Жьынду. 15. Къэуал. 16. Мажьэ. 17. Нып. 18. Гъущэ. 22. ЩIыунэ. 23. Щыблэ. 26. Мэсей. 27. Шэрий. 28. Имыс. 29. Хьэм. 30. ГъукIэ. 31. Пхъэр. 37. ХьэмкIэ. 38. Тахътэ. 39. Сэкъат. 41. Бжыхь. 43. КхъуакIэ.