ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2020-06-27

  • Джихьадыр зищIысыр
  • Ди газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрылъэIуам ипкъ иткIэ, нэхъ ипэIуэкIэ дызытепсэлъыхьауэ щыта, «Джихьадым» теухуа тхыгъэм иджыри зэ къытыдогъэзэж.
  • Нобэ ар нэхъ гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ.

  • Джихьад псалъэр хьэрыпыбзэм щыщщ. Абы и мыхьэнэр «къару ехьэлIэн» жиIэу аращ. «Алыхьым папщIэ джихьад» (Джихьад фи сэбилиллахь) жиIэмэ, и мыхьэнэр «къарууэ уиIэр къэгъэсэбэп, Алыхьым и закъуэныгъэм зебгъэубгъун папщIэ» жиIэу аращ. Ауэ щыхъукIи, абы къикIыркъым Iэщэ къапщтэу утыку уихьэн хуейуэ. Ар ислъам диным игъэхьэрэмащ. КъурIэн лъапIэми хьэдисми къыщыкIуащ диным залымыгъэ зэрыхэмылъыр. Дэ ди къалэныр Алыхьым и псалъэм зедгъэубгъунращ, ауэ щыхъукIи, цIыхур езыр хуитщ а къыхуеджэныгъэхэм едэIуэнуми емыдэIуэнуми.
  • ЦIыхубэр ислъам диным къыхураджэ-ну хуитыныгъэ зиIэр ислъам динымкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъхэращ, апхуэмыдэмэ, цIыхур щIэх дыдэу бгъэунэхъуфынущ.
  • Джихьадым ехьэлIауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуа Iэятхэмрэ хьэдисхэмрэ я мыхьэнэр нэхъ IупщIу зэпкърыхауэ и къалэмыпэ къыщIэкIащ Рэмэдан БутIи (жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ).
  • Рэмэдан БутIи дуней псом щыцIэрыIуэщ. Абы къиухащ Мысырым щыIэ «Аль Азхьэр» дунейпсо ислъам университетыр. ИужькIэ Дамаск дэт къэрал университетым ислъам динымкIэ и факультетым и декану лэжьащ. Дуней псом щыцIэрыIуэ Оксфорд университетым и Совет нэхъыщхьэм хэтащ, дин щIэныгъэлIхэм я зэгухьэныгъэм и Президенту щытащ.
  • Джихьадыр зыбжанэу зэхедз. Псом япэр Алыхьым и цIэр Iэтыныр, Абы и закъуэныгъэм къыхуеджэнырщ, ислъам диныр хъумэнырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ислъам диным къыхуеджэнращ. Ауэ щыхъукIи, ислъам динымкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэмылъым абы къыхуриджэныр Тхьэм игъэхьэрэмащ. Абы теухуауэ КъурIэным Iэятхэр къыщыкIуащ диным хэмылъ хэзылъхьэми, хэлъыр хэзыхми жыхьэнмэр къызэрилэжьынум теухуауэ.
  • Джихьадыр ялэжь псалъэкIи, лэжьыгъэкIи, лIыгъэкIи (ужьрейуэ лIыгъэкIэ жыхуиIэр нэгъуэщI зыри хэкIыпIэ щыщымыIэм дежщ къыщагъэсэбэпыр).
  • ПсалъэкIэ джихьадыр
  • ПсалъэкIэ джихьадым и мыхьэнэр ислъам диным къыхуеджэнращ. Абы къыхуезыджэну хуитыныгъэ зиIэр абы- кIэ щIэныгъэ нэс зыбгъэдэлъращ. Ислъам дин щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтам и къалэн нэхъыщхьэщ и щIэныгъэмкIэ адрей- хэм ядэгуэшэныр, армырамэ, Алыхьым и пащхьэ жэуап щихьынущ. Абы щы- гъуэми, зыщигъэгъупщэ хъунукъым Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуар: «Диным залымыгъэ хэлъкъым» жыхуиIэ Iэятыр. (Бэкъэрэ сурэм и 256-нэ Iэятыр).
  • ЛIыкIуэ лъапIэми и хьэдисхэм къыщыкIуащ диным залымыгъэ зэрыхэмылъыр. Езы Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) цIыхубэр ислъам диным къыщыхуриджэм зэи зыми залымыгъэ ярихакъым, атIэ, Алыхьым къалэн къызэрыщищIам тету, дахэ защIэкIэ, езым и щапхъэ защIэкIэ ислъам диным къригъэхьэу щытауэ аращ. Абы теухуауэ щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Мэчэм дэту здэкIуэм, ар IущIащ хьэлъэ зыIыгъ фызыжьым. Абы иIыгъ хьэлъэр къыIихауэ хуихьырт ЛIыкIуэ лъапIэм. Гъуэгуанэ къапэщылъыр кIыхьт. Фызыжьыр хуабжьу псэлъэрейт. ЖиIэри зыт: ЛIыкIуэ лъапIэр иубу арат. «Абдулахь и къуэ Мухьэмэд къыщыунэхуам дыунэхъуат! Угъурлыкъым ар! — жиIэрт. Ауэ щыхъукIи, ЛIыкIуэ лъапIэм зы псалъи жриIакъым фызыжьым. Хьэлъэр и унэм хуихьыжщ, и бжэIупэм деж хуигъэувыжри, псалъэ дахэ жриIауэ къыщыIукIыжым, фызыжьыр къыкIэлъыджащ.
  • — Уа, щIалэ ухэт уэ? Уи цIэри хэт?
  • — Си цIэр Мухьэмэдщ. Абдулахь срикъуэщ, — щабэу жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм.
  • Бегъымбарым хэлъ шыIэныгъэмрэ абы и зэпIэзэрытагъымрэ зи нэгу щIэкIа фызыжьым илъэгъуар апхуэдизкIэ и гум хыхьати, «Iэшхьэду Iэннэ лаIилахьэIилэлахь, Мухьэмэд расулулахь» (Сэ щыхьэт сытохъуэ Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI Тхьэ зэрыщымыIэм, Мухьэмэд Алыхьым зэрилIыкIуэм) псалъэхэр жиIащ. Мис апхуэдэурэщ ЛIыкIуэ лъапIэр цIыхубэм къазэрыдекIуэкIыу щытар.
  • ЛэжьыгъэкIэ джихьадыр
  • Ар ислъам диным зиубгъун папщIэ гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу пхузэфIэкIыр блэжьынращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, дин щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну гъуэгуанэ техьахэм, е ислъам диным зегъэубгъуным телажьэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэныр.
  • ЛIыгъэкIэ джихьадыр
  • ЛIыгъэкIэ джихьад жыхуэтIэр тIууэ егуэш:
  • Япэр: Муслъымэнхэм я щIыпIэ къи- хьэу къатеуэну (муслъымэнхэр зэтраукIэну) мурад зэращIам ущыгъуазэмэ (ауэ абы зы шэч лъэпкъ хэмылъу ущыгъуэзэн хуейщ) абы упэщIигъэувэ-нущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, узэриукIынум зы шэч хэмылъу щытмэ, уэ зумыгъэукIын, муслъымэныр иумыгъэукIын папщIэ, бийм упэщIигъэувэнущ. Абы щыгъуэми, узыпэщIэувэ хъунур узыукIыну къыппэщIэуваращ. Бийм езым уиукIыну къомыбгъэрыкIуэмэ, абы сыт хуэдэ дин зэрихьэми, уэ япэ уищу ар букIыну хуитыныгъэ уиIэкъым. Ар Алыхьым игъэхьэрэмащ. Бийр муслъымэным и щIыпIэм иджыри къимыхьамэ, ауэ абы хуэхьэзыру къебгъэрыкIуэмэ, абы пэщIэувэн хуейщ, ар уи щIыпIэ къибгъэхьэу зауэ иумыгъэублэн папщIэ, икIи абы пэщIэувэ хъунур зауэлIхэращ.
  • ЕтIуанэр: Бийр муслъымэным и щIыпIэ къихьауэ лей зэрихьэу, цIыхур зэтриукIэмэ, мис итIанэ псори лейзехьэм пэщIэувэу я щхьэр яхъумэжын хуейщ. Ауэ щыхъукIи, бийр япэ къищу зауэн щIимыдзэмэ, муслъымэныр япэ ищу зауэ иублэну хуиткъым. КъурIэнымрэ хьэдисхэм-рэ къызэрыщыкIуар бийр япэу къыптеуэмэ, упэщIэувэнращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи Iэр едзыхауэ уеплъу бийм зумыгъэукIынращ, уи щхьэр пхъумэжынращ. Унэхъуащ езыр япэ ищу Iэщэ къэзыщтэ муслъымэныр.
  • КъурIэным дыкъызыхуриджэр мамырыгъэщ, зэгурыIуэныгъэщ. КъурIэным къыщыкIуакъым «утыку ихьи, лъы гъа-жэ», — жиIэу, ауэ цIыху укIыныр, лъы гъэжэныр зэрыхьэрэмыр къыщыкIуащ КъурIэн лъапIэм.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Индонезием и къалащхьэ Джакартэ дащIыхьа «Истикълал» мэжджытышхуэр 1961 гъэм кърагъажьэри, илъэс 17-м къриубыдэу ящIащ. Ар дуней псом щынэхъ дахэхэм, щынэхъ инхэм хабжэ. Абы цIыху 120000-м зэуэ нэмэз щащIыфынущ. Ар щаухуэнум щыгъуэ дунейм архитектор нэхъ лъэщ дыдэу тетхэм я лэжьыгъэхэм хэплъэри, псом хуэмыдэу ягу ирихьу къыхахар Фредерик Силабан и проектращ.

  • Уаз
  • Лей зытехьам фыщышынэ
  • «Уа, муслъымэнхэ! ЦIыхум лей евмых, и гур хэвмыгъэщI. Лей зытехьэу зи гур хэщIар къызэлъэIумэ, лейзехьэм кIуэдыр къыхуэзгъэкIуэнущ. Фымылэжь Алыхьыр зыгъэгубжьын Iуэхугъуэ, шэч хэлъкъым Абы (Алыхьым) лей зэримыгъэгъум». («Фэджыр» сурэм и 6 — 8-нэ Iэятхэр)
  • Лей зылъыса цIыхум и лъэIум нэхърэ нэхъ шынагъуэ зэрыщымыIэм и щыхьэтщ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуа мы Iэятыр. Лей зезыхьэм Алыхьыр зэригъэгубжьым теухуауэ зы хъыбар цIыкIу гъэкIэщIауэ фи пащхьэ нитлъхьэнщ.
  • НэхъапэIуэкIэ къыдэкIа «Ислъамым и нурым» тетащ Нэмруз бзаджащIэм и гъащIэр къызэрекIуэкIамрэ и кIуэдыжыкIа хъуамрэ теухуа тхыгъэхэр.
  • Нэмруз хуэдэу бзаджащIэу нэгъуэщI зэкъуэшитIи дунейм тетащ Iэдил и къуэхэу Шэддадрэ Шэдидрэ. А тIум дуней псор зэхуэдитIу ягуэшат, псори я лъэгущIэтт, зыщагъэшынэрт, зыхуагъэпщылIырт. Дин щIэныгъэлIхэм я тхылъым къызэрыщыкIуамкIэ, абыхэм лейуэ цIыхухэм ирахыу щытар псалъэ къудейкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ.
  • ЗэкъуэшитIым я нэхъыщIэ Шэдид лIа нэужь, щIэиныр Шэддад къыхуэнащ. Абы лIыгъэкIэ иубыдат къэралхэри, къалэхэри, къуажэхэри. Ар куэдрэ псэуащ, фыз зыбжани иIащ, быну иIари нэхъыбэжт.
  • ШынагъэкIэ зыхуей псори зэрызыIэригъэхьэм щхьэкIэ игугъэрт езым сытри лъэкIыу, уеблэмэ, Алыхьым и къарум пэщIэувэну хэтт. АрщхьэкIэ, Алыхьыр пIащIэркъым.
  • Шэддад бзаджащIэм фIэфIт ипэкIэ щыIа лIыкIуэхэм къахуеха тхылъхэм жэнэтым теухуауэ ит тхыгъэхэм щыгъуазэ зищIыну.
  • Зы махуэ гуэрым джаурым мурад ищIащ Алыхьым жэнэт къызэригъэщIам хуэдэу, езыми щIым жэнэт щытрищIыхьыну. И мурадыр зригъэхъулIэн папщIэ абы зэхуишэсащ инженер, архитектор нэхъ лъэщ дыдэу щыIэхэр. Псоми уна-фэ яхуищIащ дунейр къызэхакIухьу, псыкIи, къэкIыгъэкIи гъэнщIауэ, щIым нэхъ щIыпIэфI дыдэу иIэр къыхахыну. Псори зэгурыIуэри, Йемен жэнэт щаухуэну мурад ящIащ.
  • Апхуэдэу щыхъум, дуней псом дыщэуи дыжьынуи телъыр зэщIащыпэу щIадзащ, Iэлъыным, тхьэгъум деж щегъэжьауэ, уасэ зиIэ псори цIыхум къытрахырти, зэхагъавэрт. Дыщэрэ дыжьынкIэ гъэжа чырбышкIэ къаухъуреихьащ къалэр.
  • Сымаджэу хэлъ хъыджэбз зеиншэ цIыкIум и тхьэкIумэм дыщэ тхьэгъу илъу щилъагъум, Шэддад пхъуэри, сабийм и тхьэгъуитIыр къритхъащ.
  • АпхуэдизкIэ ар и гум щIыхьати, сабий зеиншэм и Iэ цIыкIуитIыр ишийри, Алыхьым елъэIуащ: «ЯIэлыхь, Шэддад и нэ къызыхуикI къалэр иумыгъэлъагъуну сынолъэIу!». Зи гур хэщIу Алыхьым зыхуэзыгъэза сабийм и лъэIуращ Шэддад техуар. Ауэ абы пIалъэ иIэти, ар къэсын хуейт.
  • Илъэс щищкIэ елэжьхэри, къалэр и кIэм нагъэсащ. Апхуэдэу къалэ дахэ зэи дунейм тетатэкъым — налкъутналмэсымрэ дыщэ-дыжьынымрэ къыхэщIыкIа унэшхуэхэр дэнэкIи щыплъагъурт. КъэкIыгъэу щумыгъуэтын щыIэтэкъым. АрщхьэкIэ, Алыхьым къигъэщIа жэнэтым хуэдэ ар зэрымыхъунур абыхэм къагурыIуэртэкъым.
  • Мис апхуэдэу къызыхуэтыншэу къалэр яухуа нэужь, Шэддад хъыбар ирагъэщIащ. Абы и фызхэри, и бынхэри гъусэ ищIри, дыщэкIэ зэщIэузэда махъшэхэм тетIысхьэхэри, гъуэгуанэ техьащ, щIым тращIыхьа жэнэтым щыпсэуну мурадышхуэхэр иIэу. АрщхьэкIэ, лей зылъысам и лъэIур къабыл зэрыхъур КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащи, абы фIэкIыпIэ иIэкъым. Шэддат зи гур хигъэщIа сабийм и лъэIур къабыл ищIат ДыкъэзыгъэщIам.
  • Уафэр губжьауэ зэщIэгъуагъуэщ, щыблэ уэри, къалэм зыунэтIа Шэддади абы и гупми зэшэзэпIэу я псэхэр щыблэм хиудащ. Илъэс щищкIэ иригъэухуа къалэм щыпсэун дэнэ къэна, илъэгъуагъэххэкъым.
  • Аращ лей зэфхам, зи гур хэвгъэщIам фыщышынэн щIыхуейр. Апхуэдэхэм я лъэIур къабыл зэрыхъум фIэкIыпIэ лъэпкъи иIэкъым. Ар Алыхьым и псалъэщ.
  • Хъыбар щхьэпэ
  • ДэркIэ хъер зыхэлъхэр
  • КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ: «Фэ ффIэмыфI куэд фэркIэ хъер хэлъу Дэ къэдгъэщIащ».
  • Мы Iэят лъапIэм и мыхьэнэм теухуауэ мы хъыбар щхьэпэр фи пащхьэ нитлъхьэнщ.
  • Дауд лIыкIуэ лъапIэм и зэманым псэуащ АлыхьымкIэ фIэщхъуныгъэ зиIэ зы бзылъхугъэ гуэр. А цIыхубзыр хуабжьу гугъу ехьырт. Къулейсызт, и щхьэгъусэри имыIэжу, быныр и закъуэ ипIырт. МаститI къудейрэ, цIы тIэкIурэ иIэти, мыжейуэ, нэху щыху цым зыгуэрхэр къыхищIыкIырти, махуэм ар бэзэрым щищэрт. Са-тум къыщIиха ахъшэ мащIэм къыщIэкIыр сабийм я шхын тIэкIурэ, жэщым зэрылэжьэн цы къудейрэт. Дапхуэдэу гугъу емыхьми, Алыхьым фIыщIэ хуищIурэ, быныр зэщIипIэрт.
  • Зы махуэ гуэрым цIыхубзыр Iейуэ ешауэ здэкIуэжым, сабийхэм яригъэшхын ерыскъы тIэкIумрэ жэщым зэрылэжьэну къищэхуа цы тIэкIумрэ зэрылъ къэлътмакъ и дамэм телъыр къыщхьэщылъэта бгъэм трихри, лъэтэжащ. Фызыр гуIэжащ мэжалIэу къыпэплъэ быным яригъэшхыным щхьэкIэ. АрщхьэкIэ, сытыт и Iэмалыр, уэгум ит бгъэм улъэщIыхьэнт?
  • Бзылъхугъэр Iейуэ гъыуэ здэкIуэжым, Дауд лIыкIуэ лъапIэм IущIащ.
  • — Мыр сыт, щхьэ угърэ? — щIэупщIащ лIыкIуэр.
  • — Дауэ сымыгъынрэ, ЛIыкIуэ лъапIэ? Нобэ си быным езгъэшхын дзэкъэ- гъуэ сиIэкъым, ныжэбэ сызэрылэжьэни сиIэжкъым. Си мастэ-Iуданэ- ри сабийхэм я шхын тIэкIури бгъэм ирихьэжьащ, — гъыурэ жэуап итащ фызым. АдэкIи къыпищащ — Алыхьым илъагъуртэкъэ си Iуэху зыIутыр? Щхьэ ап- хуэдэу къызищIа? Иджы къызжеIэ, Дауд, Алыхьым гущIэгъу хэлъ хьэмэрэ лей зэрихьэрэ? — щIэупщIащ цIыхубзыр.
  • ЛIыкIуэм хуабжьу игу щIыхьащ ипэкIэ зэи Iиманыншэ мыхъуа бзылъхугъэм и псалъэхэр.
  • ЛIыкIуэм бзылъхугъэм жэуап иритыну пэтрэ, цIыхухъу гуп къабгъэдыхьащ абыхэм. Дауд лIыкIуэм гуапэу сэлам кърахри, и пащхьэм дыщэ зэрылъ къэлътмакъыр кърагъэуващ.
  • — Хэт фыхъуну? Мы дыщэ къомри сыт зищIысыр? — щIэупщIащ лIыкIуэр.
  • КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр сату зыщI гупу арат.
  • — Дэ дунейр къызэхыдокIухь, сату дощI. Зы къэралым къыщытщэхур адрей къэралым щыдощэж. Хым дытету къэткIухьу аращ. Нобэ хым дыщIилъэфэным зымащIэ дыдэщ иIэжар. АпхуэдизкIэ жьыбгъэшхуэ къыкъуэуати, ди чэтэныр зэфIитхъащ. Гузэвэгъуэшхуэр ди псэм телъу псори Алыхьым делъэIуащ гущIэгъу къытхуищIыну. ИкIи нузыр тщIащ дыпсэууэ щIым дыкъытехьэжмэ, сатууэ тщIар Алыхьым папщIэ сэдэкъэуэ ттыну. Абы хэту ди щхьэщыгум къилъэта бгъэм къыIэпыхури, ди къухьым къихуащ ерыскъы тIэкIурэ, мастэ-Iуданэрэ зэрылъ къэлътмакъ цIыкIур. Алыхьышхуэм фIыщIэ хуэтщIурэ, а мастэ-IуданэмкIэ ди чэтэныр ддыжащ. Мис апхуэдэ щIыкIэ-кIэ чэтэныр зыхуей хуэдгъэзэжри, хым дыщIимылъафэу дыкъелащ. Мы дыщэхэр сату тщIаращи, ди псэхэр къезыгъэла Алыхьым папщIэ сэдэкъэуэ ттынущ, уэ зыхуэбгъэфащэм Iэрыгъэхьэ, лIыкIуэ лъапIэ, — жаIащ гупым.
  • ЛIыкIуэр бзылъхугъэм еплъри, дакъикъэ зыбжа-нэ ипэкIэ кърита упщIэ дыдэр езым иритыжащ: «КъызжеIэт, иджы, Алыхьым гущIэгъу хэлъ хьэмэрэ лей зэрихьэрэ?» — жиIэри. ЛIыкIуэм дыщэхэр цIыхубзым иритащ.
  • Аращи, дэ тфIэмыфIу дыщIэтхьэусыхэ куэд дэркIэ хъер хэлъу Алыхьым къигъэщIащ, дэ абы дыщымыгъуазэми.
  • Абы зыщыбгъэпщкIуфынукъым
  • Алыхьым къытхуигъэфэща гъащIэр и кIэм щынэсам деж, дэнэ дыщымыIами, дыкъигъуэтынущ ХьэзрэIил (псэр хэзых мелыIычращ).
  • Алыхьым Iэмыр хуещI ХьэзрэIил мелыIыч лъапIэм, «Мыпхуэдэ си пщылIым и псэр мыпхуэдэ щIыпIэм деж щыхэх!» — жеIэри. А унафэм фIэкIыпIэ лъэпкъ иIэкъым. Мы хъыбар кIэщI цIыкIури абы теухуащ:
  • Дызэрыщыгъуазэщи, Алыхьым и лIыкIуэ псоми телъыджэ гуэрхэр къадигъэхъуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Мусэ лIыкIуэ лъапIэм хыр тIууэ хузэгуэкIри, и дзэр зэпришат, Хьисэ лIыкIуэ лъапIэм Алыхь IэмыркIэ лIам псэ къыIуигъэкIэжырт, Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) къыдэхъуа телъыджэхэри икъукIэ куэдщ.
  • Сулеймэн бегъымбарым и жыIэм щIэт ищIат Алыхьым къигъэщIа псори (цIыхухэри, жинхэри, псэущхьэхэри, жьыбгъэхэри, псыхэри, къищынэмыщIауэ, а ЛIыкIуэм ищIэрт цIыхуми, жинми, псэущхьэми я бзэхэр). ЛIыкIуэм псори зэхуишэсырти, дэтхэнэ зыми и гукъеуэм едаIуэрт, защIигъакъуэрт.
  • Махуэ гуэрым зы лIы тхьэмыщкIэм и гукъеуэр Сулеймэн лIыкIуэ лъапIэм хуиIуатэу здэщысым, лIы дахэшхуэ гупым къахыхьащ. Гукъеуэр зыIуатэм лIышхуэр апхуэдизкIэ еплъати, тхьэмыщкIэм и фэр шэхум хуэдэу пыкIащ. Ар егъэлеяуэ шынати, зэщIэкIэзызэрт. ИужькIэ, ерагъыу къыдришейри, лIыкIуэм щэхуу еупщIащ: «Уа, Сулеймэн, хэт мы лIышхуэр? Апхуэдизу щхьэ сэ къызэплърэ?» «Ар ХьэзрэIил мелыIычырщ, си деж хьэщIапIэ къэкIуауэ аращ», — жэуап итащ Сулеймэн. Ар щызэхихым, нэхъ Iеижу шынащ тхьэмыщкIэр. ХьэзрэIили щтэIэщтаблэу абы еплъырт.
  • ТхьэмыщкIэр Сулеймэн елъэIуащ: «ЛIыкIуэ лъапIэ, Алыхь IэмыркIэ уэ уи жыIэм щIэтщ Тхьэм къигъэщIа псори. СынолъэIу, жьыбгъэм Iэмыр хуэщIи, сыIуегъэх нэхъ жыжьэу. Индием сегъэхь, ХьэзрэIил нэхъ щыхъума сыхъунщ».
  • Шынауэ кIэзыз тхьэмыщкIэр фIэгуэныхь хъури, и лъэIур хуищIащ — Сулеймэн и IэмыркIэ, жьыбгъэм ар нигъэсащ Индием. ИтIанэ Сулеймэн мелыIычым еупщIащ: «Уа, ХьэзрэIил, сыт а тхьэмыщкIэм апхуэдизу нэщхъкIэ ущIеплъар? Хуабжьу бгъэшынащ». «Уа, лIыкIуэ лъапIэ, Сэ абы нэщхъкIэ сеплъауэ аракъым. АтIэ, си нэкIэ слъагъур си фIэщ схуэмыгъэхъуу арат, абы сыщIеплъыр. Сэ Алыхьым Iэмыр сщищIащ а лIым и псэр нобэ Индием щыхэсхыну. Ауэ а къэралым сыкIуэн и пэ къихуэу уи деж сыкъыщIыхьащ сэлам уэсхыну. Индием зи псэр щыхэсхын хуей лIыр уи деж щIэсу щыслъагъум, щтэIэщтаблэ сыкъэхъуауэ арат. Ауэ, жьыбгъэм Iэмыр щыхуэпщIым, псори къызгурыIуащ», — жэуап итащ ХьэзрэIил мелыIычым.
  • Аращи, Алыхь Iэмырым фIэкIыни, ажалым IэщIэкIыни щыIэкъым. Дэнэ дыщымыIэми, дыкъигъуэтынущ ХьэзрэIил мелыIыч лъапIэм.
  • УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
  1. Къэдэр жэщым зи лъэIур къабыл мыхъу цIыху щыIэ?
  • Псоми я лъэIур къабыл мэхъу, цIыхуиплIым къищынэмыщIа: чэфым, адэ-анэм емыдаIуэхэм, Iыхьлыр зыбгынэхэм, махуищ нэхърэ нэхъыбэкIэ цIыхум ебийм.
  1. Нобэ къекIуэкI узы-фэ зэрыцIалэм ислъам диныр зэреплъыр дауэ?
  • Зэманыр кIуэ щхьэкIэ къэмынэу, сыт хуэдэ упщIэми и жэуапыр щыбгъуэтынущ КъурIэн лъапIэми хьэдисхэми. Уз зэрыцIалэр игъащIэ лъандэрэ щыIэщ. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ сыт хуэдэ узыфэми и хущхъуэгъуэ къызэригъэщIар. КъищынэмыщIауэ, узыфэр езыр-езыру зэрыцIалэу аракъым. Алыхьыр зыхуейм ар ирегъэуалIэ, зыхуейр абы щехъумэ. Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Узыфэ зэрыцIалэ здэщыIэ къэралым фимыхьэ. Фыщыпсэу щIыпIэм узыфэ зэрыцIалэ щыIэмэ, фыкъимыкI». Аращи, Алыхьым къимыхъумэр зыми къихъумэнукъым, ауэ щыхъукIи, дэри дысакъын зэрыхуейри хьэдисым щынаIуэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Алыхь Iэмырыншэу зыри къэхъунукъым, ауэ щыхъукIи, узыфэ зэрыцIалэ къыщекIуэкIым деж, къэралхэм уихьэнри уикIынри къезэгъыркъым. Абу Хьурейрэ къиIуэтэжауэ мыпхуэдэ хьэдиси щыIэщ: «ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Гузэвэ- гъуэ къэхъуми, гуфIэгъуэ къэхъуми къэрал унафэр зыIэщIэлъхэм я жыIэм фыщIэтыну фи къалэнщ. А унафэр фигу ирихьми иримыхьми емылъытауэ». Аращи, хьэдисхэми щы-жеIэ, къэралми и унафэщ уз зэрыцIалэр кIащхъэ хъуху зэхэзекIуэныр гъэмэщIэн зэрыхуейр.
  1. Сыт хуэдэ удз гъэгъа нэхъ фIэфIу щытар Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм?
  • Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) псом хуэмыдэу фIэфIу щытащ (роза) удз гъэгъар. Абы теухуауэ мыпхуэдэ хьэдис щыIэщ: «Алий ибн Абу ТIалиб къиIуэтэжащ: «Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Хьэршым сыщыдрашея жэщым си пщIэнтIэпс къыпыткIури, щIым теткIуащ. Ар зытеткIуа щIыпIэм деж гуащэнапщIэ къыщыкIащ. Фэ фщыщу сэ си мэ къызыщIихьэну хуейр фепэм гуащэнапщIэм».
  • Фи лъэIукIэ
  • Июль (бадзэуэгъуэ) мазэм и нэмэз щIыгъуэхэр