ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкупсэ  нэс  Абеикъуэ  Шухьэиб

2020-06-27

  • Адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэм ящыщ, Бахъсэн къалэм щыпсэу Абеикъуэ Шухьэиб Мизан и къуэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 84-рэ ирикъуащ.

  • Илъэс 48-рэ мэхъу ар адэжь щIыналъэм къызэрыIэпхъуэжри, Хэкум къэзышэж гъуэгум къызэрытехьэжам щымыгуфIыкIыу зы махуи псэуакъым. И адэшхуэр зыдэкIа Ислъэмей къуажэм пэмыжыжьэу зэрыщетIысэхыжам и лъэр нэхъри жан ищIу, адыгэ щIыналъэм и хьэуам и гум щызу ирибауэу, зыхэт цIыхубэм яхуэбзэIэфIу, лъэпкъым хъуэхъур хуиIэту мэпсэу Шухьэиб. Хэкупсэ нэс зыхужаIэхэр абы хуэдэхэращ — и псэр, и гур хэкум епхащ, Iэмалу иIэмкIи ар егъэлъапIэ.
  • И насып кърихьэкIри, гъащIэм и фIыгъуэ куэд илъэгъуащ Абеикъуэм. Абыхэм я нэхъыфIхэм ящыщщ Шухьэиб и бынхэм, абыхэм я щIэблэхэм я быныжхэр зэрилъэгъуар, адыгэм и щIыхьыр яIэту ахэр гъащIэм зэрыхэтыр.
  • Дызэрыгушхуэ, пщIэшхуэ зыхуэтщI нэхъыжь Iумахуэм ди гуапэу дохъуэхъу дяпэкIи узыншэу и унагъуэм ящхьэщытыну, и гур хэзыгъэхъуэн гуфIэгъуэ куэд зыхищIэу псэуну.
  • СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.