|
Май, 2020
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыбгъэдэкI телеграммэ
2020-05-30
- Мейкъуапэ къалэ, Пионерскэ уэрам, 199
- Адыгэ Республикэм и Администрацэ
-
- Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат Къэралбий и къуэм деж,
- Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм Iэригъэхьэжын папщIэ
-
- ПщIэ зыхуэсщI Исхьэкъ Шумахуэ и къуэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынохъуэхъу илъэс 90 узэрырикъуамкIэ.
- ТхакIуэ, усакIуэ икIи узэщIакIуэ щэджащэ, псэ къабзэ икIи зэчиифIэ, цIыху къызэрымыкIуэ икIи хэкупсэ нэс уэ уи творчествэ куумкIэ лъагэу пIэтащ укъыщалъхуа Адыгейм и щIыхьыр, хэлъхьэныгъэшхуэ хуэпщIащ къэралым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэу лъэпкъ куэдым зэдайм и хабзэфIхэр гъэбэгъуэным.
- Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ жыджэру узыхэт жылагъуэ лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ зэриIэр, щIэблэщIэ зэчиифIэхэр унэтIыным гулъытэ хэха зэрыхуэпщIыр.
- Сынохъуэхъу ужану, уузыншэу упсэуну, фIыуэ щыIэр къохъулIэну.
-
- ПУТИН Владимир.
- Москва къалэ,
- 2020 гъэм накъыгъэм и 28-м
-
-
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Зыхуэзгъадэ щымыІэ шынэхъыжь!
-
- Адыгейми, КъБР-ми, КъШР-ми я цІыхубэ тхакІуэ цІэ лъапІэхэр зезыхьэ, СССР-м, Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм я Къэрал саугъэтхэр, Шолохов Михаил и цІэкІэ щыІэ, ДАХ-м я дунейпсо саугъэтхэм, Островскэ Николай и цІэкІэ щыІэ саугъэтхэр зыхуагъэфэща, зэрыадыгэ дунейуэ зэрыгушхуэ тхакІуэшхуэм нобэ уи ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур богъэлъапІэ. Сыхуейт мы махуэм и цІэкІэ гум къыбгъэдэкІыу хъуэхъукІэ зыпхуэзгъэзэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Щхьэгуэшым защIегъакъуэ
2020-05-30
- УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий ахъшэкIэ защIигъэкъуащ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыпсэу унагъуи 10-м.
-
- Интернет Iэмалыр къигъэсэбэпу, иджыблагъэ депутатыр цIыхухэм я гукъеуэхэм щедаIуэм, коронавирус узыфэр щекIуэкI зэманым щытыкIэ гугъу зэрихуар къыхагъэщу абы зыхуагъэзащ зи гугъу тщIа къуажэм дэс унагъуэ зыбжанэм.
- Щхьэгуэшым абыхэм яхухихащ езым и ахъшэу сом мин тхурытху. ДэIэпыкъуныгъэр къуажэм дэс нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм Iэрагъэхьэри, зратахэм лъагъэIэсыжащ.
-
- ПЕЧОНОВ Владилен.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Ирепсэу ди Хэкур!
-
- Сытым щыгъуи къытхуэгуапэу,
- КъытлъэIэсу псоми япэ,
- НэхъыфI дыдэу хэт дэ тлъагъур?
- — Ар ди мамэщ!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ дунейпсо академием и академик, ЩIДАА-м и член-корреспондент, КъБР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор ШэджыхьэщIэ Юрий Ахъмэтхъан и къуэр и IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди республикэм и мызакъуэу, Урысейм и щIыналъэ куэдым къыщацIыху.
- Юрий Тэрч щIыналъэм хыхьэ Урожайнэ къуажэм 1961 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБР-м щыIэ агромелиоративнэ институтым мэкъумэш хозяйствэр механизацэ щIынымкIэ и къудамэм. Еджэным ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа, щхьэх имыщIэу, жэуаплыныгъэ хэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуа щIалэщIэр еджапIэр къиуха нэужь лэжьыгъэншэу куэдрэ щысакъым — ар уващ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием.
- И щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ хигъахъуэ зэпыту, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри иригъэкIуэкIыу къокIуэкI ШэджыхьэщIэр.
- Мэкъумэш хозяйствэм къыщагъэсэбэп технологиехэмрэ Iэмалхэмрэ унэтIыныгъэмкIэ абы Владикавказ дэт къэрал мэкъумэш университетым 1995 гъэм щыпхигъэкIащ и кандидат лэжьыгъэр. Ар теухуауэ щытащ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгхэм я щIагъым къыщыкI удзхэр къызэрахыну Iэмэпсымэ зэпкърылъхьэным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу Кърым Иринэ и уэрэдхэр, и макъ дахэр. Ар Музыкэ театрым щолажьэ, КъБР-ми Ингушми щIыхь зиIэ я артисткэщ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- «ТекІуэныгъэр илъэс 75-рэ ирокъу! ЛІыгъэмрэ щІыхьымрэ!» — арат ТекІуэныгъэм и фэеплъыр щІэблэм зэрахъумэр икІи зэрызыхащІэр утыку щІыным хуэунэтІауэ «ЩІэныгъэм и гъуэгу» щІэныгъэ-узэщІакІуэ Центрым иджыблагъэ иригъэкІуэкІа дунейпсо зэхьэзэхуэм зэреджэр.
-
Зауэжь блэкІар зи нэгу щІэмыкІа щІалэгъуалэм апхуэдэ нэщІэбжьэ ямылъагъуным, ТекІуэныгъэр къыдэзыхахэм я фІыщІэр къэІэтыным зэпеуэр хуэгъэзат. Абы къыдэкІуэу, апхуэдэ гупсысэр и лъабжьэу ныбжьыщІэхэм я ІэдакъэщІэкІхэм, тхыгъэхэм, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм нэхъыфІыр къыхэгъэщынми, ахэр дунейпсо утыку ихьэнми зэхьэзэхуэр хуэгъэпсат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
Фронтым и псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэхэм Iута Сыжажэ Талий и зауэ гъуэгуанэр къызэрекIуэкIа щIыкIэр гъэщIэгъуэнщ. КъБР-м и фэеплъ тхылъым зэрыратхамкIэ, ар 1942 гъэм хэкIуэдащ. Ауэ, и насыпти, къелащ а мафIэ лыгъэм.
-
- 1914 гъэм ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм (Зеикъуэ) къыщалъхуащ Талий. 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м дашри, хагъэхьащ 115-нэ шу дивизэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, бадзэуэгъуэ мазэм ар хэтащ Ростов щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм. 1942 гъэм бжьыхьэпэ мазэм 115-нэ шу дивизэм и штабым щагъэхьэзыра тхылъымпIэм зэритымкIэ, а дивизэм хиубыдэ 278-нэ полкым щыщ зауэлI Сыжажэ Талий уIэгъэ хъуащ. Абы иратхащ хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэри. Абыхэм хабжащ Зеикъуэ щыщ адыгэ щIалэри. 2015 гъэм къыдэкIа «КъБР-м и Фэеплъ тхылъми щыуагъэкIэ иратхащ фронтым и псэр щитауэ: «Сыжажэ Талий Къасым и къуэр 1941 гъэм Бахъсэн район военкоматым совет армэм ириджащ. Сэлэтщ. 1942 гъэм хэкIуэдащ».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 1
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.35 «КъэкIуэнур зейхэр». Бгылъэ щIыпIэхэр джынымкIэ институтым, Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэм, и щIэныгъэрылажьэ КIарэ Галинэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 7.05 «Классикэр псоми папщIэ» (12+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 1
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». УФ-м и МВД-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Канунников Анатолий (12+)
- 7.05 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». ГъукIэ Цунаев Сергей (12+)
- 7.25 «Мамырыгъэм — дахагъэкIэ». Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ СтIащ Юрэ (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 1
- 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
- 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.00 — «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
- 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 1
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ,
- урысыбзэкIэ):
- 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
- 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
- 8.10 — 8.35 «Илъэс щэщI зи кIыхьагъ гъуэгуанэ». Токъуий Хъусен (адыгэбзэкIэ)
- 8.35 — 9.00 «Си гъащIэ». Кулиев Къайсын (балъкъэрыбзэкIэ)
- 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
- 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуабэм»
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Дунейр щыкъутэжынум и нэщэнэхэр КъурIэн лъапIэми хьэдисми къыщыкIуащ.
- Ауэ а махуэр къыщысынур зыми ищIэркъым — Езы Алыхь закъуэм фIэкIа. ЛIыкIуэхэм ящыщуи зыри щыгъуазэ ищIакъым а Iуэхум.
- А нэщэнэхэр тIууэ егуэш: нэщэнэшхуэхэмрэ нэщэнэ цIыкIухэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Метр 55-рэ зи лъагагъ
2020-05-30
Тыркумэнбаши Рухьы и цIэр зезыхьэ мэжджытышхуэр иригъэщIащ Тыркумэнистаным и япэ президенту щыта Сапармурат Тыркумэнбаши. Мэжджытыр 2004 гъэм къызэIуахащ. Абы ахъшэу текIуэ- дащ доллар мелуани 100-м щIигъу. И пкъыр мрамор хужькIэ дращIеящ, и лъагагъыр метр 55-рэ мэхъу. Азан джапIэхэм я лъагагъщ метр 91-рэ. Абы зэуэ цIыху минипщIым нэмэз щащIыфынущ. Мэжджы- тым и лъэгур бгъэплъ хъууэ ящIащ. Абы пэгъунэгъуу щIы щIагъым щащIащ машинэ 500 зыщIэхуэ увыпIэхэр.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-30
- Япэм фыкъызэрыдгъэгугъащи, нобэ дытетхыхьынущ «Сэращ Алыхьыр» жызыIэу щыта Нэмруз бзаджащIэм и кIуэдыжыкIэ хъуам.
-
- ИпэкIи зэрыщыжытIащи, абы нэхърэ нэхъ лъы фIей щыIакъым, цIыхубэр псори зыхуигъэпщылIырт. Езым Алыхьу зибжыжырти, зыри пэщIэувэну хуиттэкъым, занщIэу иукIырт.
- Ибрэхьим бегъымбарыр зыхадза мафIэм и зэран лъэпкъи абы емыкIыу, псэууэ, узыншэу къызэрыхэкIыжар и нэгу щIэкIа пэтми, Iиман лъэпкъ къихьатэкъым Нэмруз, атIэ, уеблэмэ, нэхъ ерыщ екIуауэ, лей нэхъыбэ зэрихьэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|