ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛэжьапIэншэхэм  зэрызыщIагъакъуэр

2020-06-27

  • КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм цIыхухэм яхуеIуатэ Урысей Федерацэм и Правительствэм 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа «УФ-м и Правительствэм лэжьапIэншэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ и акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» унафэм ипкъ иткIэ цIыхухэм зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэр.

  • Апхуэдэу 2020 гъэм и накъыгъэ — бадзэуэгъуэ мазэхэм зэрылэжьапIэншэм щхьэкIэ цIыхум хуагъэувауэ ират сом мини 4-рэ 500-м нэс.
  • Псалъэм папщIэ, 2020 гъэм гъатхэпэм и 10-м цIыхур лэжьапIэншэу къалъытэри, мазэм сом 1500-кIэ зыщIагъэкъуэну хуатхащ (гъатхэпэм и 10-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 9 пщIондэ). УФ-м и Правительствэм и унафэ №844-м къару игъуэтмэ, лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ IуэхущIапIэм лэжьапIэншэм зэрызыщIигъакъуэ ахъшэр накъыгъэм и 1-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 9-м нэс сом 4500-рэ хуагъэувынущ. ЩIэрыщIэу къабжыжынущ нэхъ и пэкIэ ята ахъшэр.
  • Гъатхэпэм и 1-м и ужькIэ зи лэжьыгъэр къэзыгъэувыIа хьэрычэтыщIэхэм зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр зытращIыхь пIалъэм къриубыдэу сом 12130-рэ мэхъу.
  • Псалъэм папщIэ, хьэрычэтыщIэр лэжьапIэншэ зэрыхъуар 2020 гъэм гъатхэпэм и 10-м къалъытащ икIи гъатхэпэм и 10-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 9 пщIондэ мазэ къэс сом 1500-рэ иратыну хуагъэуващ. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, УФ-м и Правительствэм и унафэ №844-м къару игъуэтмэ, мэкъуауэгъуэм и 13-м щегъэжьауэ абы зэрыдэIэпыкъуну пIалъэм мази 3 хущIагъунущ, мазэм сом мин 4500-рэ хуэзэу ирату.
  • ХьэрычэтыщIэр зэрылэжьапIэншэр 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м ятхамэ, мэкъуауэгъуэм и 13-м щегъэжьауэ бадзэуэгъуэм и 3 пщIондэ абы сом 12130-кIэ зыщIагъэкъуэнущ. ДэIэпыкъуныгъэр зэрат пIалъэр нэхъ кIыхь ящIынущ бадзэуэгъуэм и 4-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ.
  • Мэкъуауэгъуэм щегъэжьауэ шыщхьэуIу пщIондэ сом мини 3 зыхагъэхъуа социальнэ дэIэпыкъуныгъэр зыгъуэтыну лэжьапIэншэхэм хиубыдэхэр нэхъыбэ ящIащ. Апхуэдэ ахъшэр яIэрыхьэнущ хабзэм тету лэжьапIэншэу къалъыта, илъэс 18 мыхъуа сабий зиIэхэм. Абы хиубыдэр зэгурыIуэныгъэкIэ IэнатIэ Iутахэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэщ. Илъэс 18 мыхъуа сабий яIэу я IэнатIэм гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ IуагъэкIахэм мэ-къуауэгъуэ мазэм ейуэ а дэIэпыкъуныгъэр зэ иратынущ.
  • ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэу защIэгъэкъуэнымкIэ IуэхущIапIэм и учетым щыт лэжьапIэншэхэм зэрызыщIагъакъуэ я пIалъэр гъатхэпэм и 1-м и ужькIэ иухамэ, УФ-м и Правительствэм и унафэ №844-м къару щигъуэта махуэм щегъэжьауэ абыхэм щIэрыщIэу аргуэру мазищ (2020 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м нэхърэ мынэхъ кIасэу) хущIагъу.
  • Псалъэм папщIэ, цIыхур лэжьапIэншэу къалъытащ 2020 гъэм гъатхэпэм и 10-м (гъатхэпэм и 1-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэ пщIондэ зы мазэм сом 1500-рэ ирату). ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа унафэм къару игъуэта нэужь, лэжьапIэншэм зэрызыщIагъакъуэ а ахъшэр накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 9 пщIондэ сом 4500-рэ хъуауэ иратыпхъэщ.
  • ХьэрычэтыщIэр лэжьапIэншэу накъыгъэм и 10-м къалъытамэ (мазэм сом 1500-рэ къихьу), УФ-м и Правительствэм и унафэм къару игъуэтмэ, накъыгъэм и 10-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 12-м нэсыху абы иратынущ сом 4500-рэ, мэкъуауэгъуэм и 13-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и   9 пщIондэ — сом 12130-рэ. Сом мин 12130-рэ хъу дэIэпыкъуныгъэр зэратыну пIалъэм пащэ шыщхьэуIум и 10-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ.