ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2020

КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр узыфэ зэрыцIалэм  зэрыщахъумэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщыным иджыри сом мелуан тIощIым щIигъу хухех

2020-06-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. епсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Сабийхэм  яхуоупсэ

2020-06-04

  • Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Парламентым и депутатхэм гулъытэ хуащIащ гъащIэм щытыкIэ гугъу щихуа ныбжьыщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-06-04

  • Мэкъуауэгъуэм и 4, махуэку
  • Бийр къащытеуам хэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ
  • Ингуш Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
  • Хьэлъэ къызэраIэт краным ирилажьэм и махуэщ
  • Къэзахъстан Республикэм и къэрал дамыгъэхэм я махуэщ
  • Эстонием щагъэлъапIэ я къэрал ныпым и махуэр
  • Финляндием зыхъумэжынымкIэ и къарухэм я махуэщ
  • Молдавием и банк лэжьакIуэм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын и фэеплъ махуэм

2020-06-04

  • Мэкъуауэгъуэм и 4-м илъэс 35-рэ ирокъу КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын дунейм зэрехыжрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iэ  тедзэгъуэр  йокIуэкI

2020-06-04

  • Мэлыжьыхьым и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

2020-06-04

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр Умэ С. А. фIэщыным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  • Илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ
  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын Умэ Светланэ Абдул и пхъум — «Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ сабий фонд» щIыналъэ жылагъуэ псапащIэ фондым и унафэщIым.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • Iэтащхьэ                                       КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм накъыгъэм и 29-м
  • №62-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

Лэжьыгъэм хуэжыджэр  Нартокъуэ СулътIан

2020-06-04

  • Нартокъуэ СулътIан Хьэмзэт и къуэр 1955 гъэм мэкъуауэгъуэм 3-м КъШР-м и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм хыхьэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм къыщалъхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Эверест и лъагагъыр къапщыжын мурадкIэ

2020-06-04

  • Китайм щыщ альпинист гуп иджыблагъэ дэкIащ дунейм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм — Эверест (Джомолунгмэ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Домбеякъ лIэщIыгъуэм  и  лъэужь

2020-06-04

  • Бахъсэн щIыналъэм щыIэ «Къубэ-Тэбэ-2» кхъэлъахэм щокIуэкI археологие къэлъыхъуэныгъэхэр. Гупыр щылажьэ щIыпIэм кIуэри, Iуэхур зэрекIуэкIыр зригъэлъэгъуащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

2020-06-04

Къардэн лъэпкъым къыбгъэдэкIыу сурэтыщI цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтхэм я лауреат Шемякин Михаил адыгэш екIу тыгъэ хуащIащ.1992 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-06-04

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39,  41 — 48, 50 — 51,  54 — 57, 62, 64-хэм итщ).
  • — Мыдэ, Ашабэ Миншакъ и жыIауэ, иджыри къэс кърым хъаным и щыб-лэм дыщыфIэпсэуакIэ, адэкIэ гъуэгъуэнухэм зыгуэру дакъелынщ. Къеблагъэ, Iэта-Ильяс. Уэрщи, Нэкъар, дяпэкIэ усакъмэ нэхъыфIщ: зэжетIам урищыхьэтщ, щыхьэтым и Iыхьэми уэ езыр ущыгъуазэу къыщIэкIынщ, — мэгушыIэ кIэмыргуеипщыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

 Шэрджэсейм  щыIэ  епцIыжакIуэ

2020-06-04

  • Маркс Карл
  • Маркс Карл и IэдакъэщIэкIхэм адыгэхэм ятеухуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Зи гугъу тщIыр абы «Шэрджэсей» фIэщыгъэр хэту газетхэм къытрыригъэдза тхыгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, «Шэрджэсейм щыIэ епцIыжакIуэ» («A Traitor in Circassia») фIэщыгъэм щIэту нобэ адыгэбзэкIэ къэдгъэнаIуэ лэжьыгъэр Маркс и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса 12-нэ томым къыщывгъуэтыфынущ. Редакторым и псалъэ зыбжанэ дэщIыгъуу, ар 1857 гъэм, адыгэ ныпыр езым къигупсысауэ къэзылъытэж инджылыз лIыкIуэ Уркварт Дэвид (Даут-бей) къыдигъэкIыу щыта «The Free Press» газетым и 34-нэ номерым мэлыжьыхьым и 1-м къытехуауэ щытащ.
  •  «Шэрджэсейм щыIэ штаб-квартирэ,
  • ТIуапсы, мазаем и 26.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъуазджэм и лэжьакIуэхэр

2020-06-04

Композитор цIэрыIуэ Жырыкъ Заур и уэрэд дахэхэр куэдым фIыуэ ялъагъу.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

КъБР-м  уимыкIыу  тенджыз ФIыцIэр  плъагъурэ?

2020-06-04

  • ФIы дыдэхэм ящымыщми, Идар хуэмыхуу еджэркъым. Псом хуэмыдэу географиемкIэ хэти пеуэфынущ. ЕпщIанэ классым щIэсхэр хьэгъуни къыдигъэплъыркъым. Ауэ зы хьэл гъэщIэгъуэн хэлъщ Идар: зыгуэрхэм баз япихьэну зыпищI щыIэкъым.
  • Махуэ гуэрым классым щIэс щIалэ цIыкIухэр уэршэру здэщытым Идар жиIащ:
  • — Хэт къызжиIэфын, Къэбэрдей-Балъкъэрым уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр къыпхуэлъагъуну?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

ДжэдыгущIэм и уасэр

2020-06-04

  • ЩIалэр и къэшэным и адэм йопсалъэ:
  • — Уи пхъур иджыпсту арэзы хъуащ къыздэкIуэну.
  • — Пхуэфащэщ! Пщыхьэщхьэ къэс емынэм укъихурэт-тIэ мыбы?!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше