ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

2020-07-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ!
  • Ар ислъам диным и махуэ нэхъ лъапIэхэм икIи пщIэ зыхуащIхэм ящыщщ, гумащIагъэм, пщIэ зэхуэщIыным, гущIэгъум я дамыгъэщ, мамырыгъэм и лъапIагъыр, хьэлэлыгъэр и лъабжьэщ, цIыхухэр фIы щIэным хуегъэуш.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

«Адыгэ  псалъэр» къезыгъэхьхэм  захудогъазэ

2020-07-30

  • 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ — фокIадэм (сентябрым) щыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 4-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 464-рэ кIэпIейкIи 2-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

АдэцIэр зэхагъэгъуащэри…

2020-07-30

  • 2004 гъэм, ТекIуэныгъэм и махуэм и пэ къихуэу, «Аргументы и факты» газетым тхыгъэ кIэщI къытрадзауэ щытащ. Абы итт Малэ Къэрэшей районым щыщ Первомайск (Абыкъухьэблэжь) къуажэм щыщ адыгэ щIалэ Тамбий Владимир Леонтий и къуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIауэ зэрыщытар. АрщхьэкIэ а цIэ лъапIэр зыфIащам къылъэIэсыжакъым, и адэцIэр зэхагъэгъуащэу Леонтийм и пIэкIэ Леонид жиIэу ятхауэ къыщIэкIри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Безенги аузым щекIуэкIынущ спорт лIэужьыгъуэ нэхъ гугъухэмкIэ фестиваль

2020-07-30

  • КъБР-м и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ «Безенги» альплагерым бадзэуэгъуэм и 29 — шыщхьэуIум и 2-хэм къриубыдэу щызэхэтынущ «Outdoor Festival Alpindustria Bezengi» фестивалыр, спорт лIэужьыгъуэ нэхъ гугъухэм хабжэхэмкIэ щызэпеуэнур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-07-30

  • Бадзэуэгъуэм и 30, махуэку
  • ЦIыхукIэ сату щIыным ебэныным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI.
  • Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ
  • Арэфэ махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сыгъэр щхьэхуитщ, уэгу псор гу абгъуэу

2020-07-30

  • Гугъуэт  Заремэ  и  усэщIэхэр
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, зи хъэтI зиIэж усакIуэу зэфIэува Гугъуэт Заремэ и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ усэхэм ягъэдахэ нобэрей ди къыдэкIыгъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-30

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72, 74, 77, 79, 81 — 83, 85 — 86-хэм итщ).
  • XXXVI
  • Къуэ куу зэпэзэвым щежэх Тамбиипсым и хъушашэр бжьэпэтес-хэм зэхах къудейщ. Иналыбгыр щымщ. Нэщхъейщ фокIадэ ды-гъэм и уафэ гъуэгуанэр. Ешауэ тонэцIыхь дыгъэшхуэр. Гупсысэхщ абы къыпэплъэ Iуащхьэмахуэ и набжьэ тхъугъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iуащхьэмахуэ  лъапэ туристхэр  ирегъэблагъэ

2020-07-30

  • Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм — Iуащхьэмахуэ — и зыгъэпсэхупIэхэм лэжьэн щIадзэжауэ хьэщIэхэр къахуокIуэ. Пандемием и зэранкIэ зэхуэщIауэ щыта хьэщIэщхэр къызэIуахыжащ, кIапсэ гъуэгухэри бадзэуэгъуэм и 10-м щегъэжьауэ яутIыпщыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Вести  FM»  радиостанцым Налшык  лэжьэн  щыщIедзэ

2020-07-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм радио-теленэтынхэр къэзыт и центрым цIыхухэм хъыбар ярегъащIэ «Вести FM» урысей радиостанцым 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м щегъэжьауэ Налшык къалэм лэжьэн зэрыщыщIидзэмкIэ. Нэтынхэр екIуэкIынущ 96,6 Мгц частотам тету.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

КIуэкIуэ  Казбек  я  щхьэIуэхукIэ къыхуэкIуахэм  яIуощIэ

2020-07-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Республикэм и Унэм бадзэуэгъуэм и 25-м щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-07-28

  • Бадзэуэгъуэм и 28, гъубж
  • Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и PR-IэщIагъэлIым и махуэщ
  • 1586 гъэм Европэм япэ дыдэу кIэртIоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкIыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къалэ администрацэм щыхэплъэнущ  налшыкдэсхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэм

2020-07-28

  • Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз къалэдэсхэм иджыблагъэ захуигъэзащ щыхьэрыр егъэфIэкIуэным сэбэп хуэхъуну къалъытэ жэрдэмхэр къыхалъхьэну икIи ахэр я IуэхущIапIэм къыхуагъэхьыну. Абы теухуа хъыбар зэбгригъэхащ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсхэр

2020-07-28

  • 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр дунейпсо тхыдэм къыщалъытэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэу, цIыху гъащIэ нэхъыбэ дыдэ зыхьауэ. Ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ абы хэкIуэда совет цIыхухэр мелуан бжыгъэ мэхъу. Ди республикэм икIауэ зауэм дэкIащ цIыху мин 60-м щIигъу, абыхэм ящыщу мин 40-м щIигъур абы хэкIуэдащ е хъыбарыншэ хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГЕРГОКОВЭ Тамарэ Хьэрун и пхъур

2020-07-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м и ныбжьыр илъэс 82-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Гергоковэ (Созаевэ) Тамарэ Хьэрун и пхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2020-07-28

  • Уаз
  • Гъэр и кIэм ноблагъэ
  • Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ мухьэрэм мазэр илъэсым и япэ мазэщ (илъэсыщIэр къохьэ). Ар Алыхьым нэхъ лъапIэ дыдэу къигъэщIа мазиплIым ящыщ зыщ. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ Iэятхэр, хьэдисхэри щыIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху