|
Июнь, 2020
2020-06-06
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэм и Iэмалхэр къигъэсэбэпри, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэсанэ Ислъам зэIущIэ дригъэкIуэкIащ.
-
- Республикэм и Iэтащхьэр едэIуащ спортым зиужьынымкIэ КъБР-м иджыпсту щыщыIэ щытыкIэмрэ «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэ «Спортыр — гъащIэм и мардэщ» щIыналъэ проектыр гъэзэщIа зэрыхъумрэ.
- Къапщтэмэ, Хьэсанэ Ислъам жиIащ «Демография» лъэпкъ проектым и щIыналъэ Iыхьэм ипкъ иткIэ объект 33-рэ (физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексу 5-рэ губгъуэ ухуэныгъэхэу 28-рэ) яухуэн, спорт инвентархэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къащэхун папщIэ зэгурыIуэныгъэу 3 аргуэру зэрызэращIылIар. Къэралым къиутIыпщ мылъкур трагуэшащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм, республикэм и муниципалитетхэм ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- 2020 гъэм и пэщIэдзэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьащ УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейуэ. Абы щытепсэлъыхьащ къэралым и хэгъэгу псоми, къэрал къулыкъущIэхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри яхэту. Арыншауи хъунутэкъым, ар тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэщ.
-
- Ягъэхьэзыра зэхъуэкIыныгъэхэм къыщалъытащ цIыхубэм я еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ. Абыхэм къыхалъхьахэр гу зылъытапхъэ защIэщ: сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ яхуэсакъын, псоми я зэхуэдэ, фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ, пщIэ зиIэ лэжьыгъэ IэнатIэ, къэралыгъуэ лъэщ, псэукIэ зэгъэпэща къызэгъэпэщын, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 6-м ягъэлъапIэ Пушкиным и урысейпсо махуэр. Абы къэрал мыхьэнэ етыным ехьэлIа унафэр Урысей Федерацэм къыщащтауэ щытащ 1997 гъэм, усакIуэшхуэр къызэралъхурэ илъэс 200 щрикъум ипэ къихуэу. УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ, 2011 гъэм щегъэжьауэ илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 6-м ягъэлъапIэ Урысыбзэм и махуэри.
- Совет зэманым щыгъуэ зэрыхабзэу щытауэ, абы ирихьэлIэу цIыхушхуэ щызэхуос Пушкиныр къыщалъхуа Михайловскэ къуажэм, абы и цIэр зезыхьэ Iуащхьэхэм деж, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм къызэреджэм едэIуэн папщIэ. Апхуэдэуи дэнэ щIыпIи щокIуэкI усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, урысыбзэм, урыс литературэм теухуа пшыхьхэр, щэнхабзэ зэIущIэхэр. Абыхэм хэтщ музыкант, актёр цIэрыIуэхэр, усыгъэм дихьэх нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр, школакIуэхэр.
- Урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ Пушкин Александр и творчествэр, жыпIэнурамэ, дэтхэнэми къыддогъуэгурыкIуэ. Я ныбжь, зэрыт дин, къызыхэкIа лъэпкъ емылъытауэ псоми къызэдащтэ, ягу ирохь абы и усэхэр, куэдым гукIэ зрагъащIэ. ЗэбдзэкIыну зэрыгугъум емылъытауэ, а Iуэхум зезыпщытхэр дуней псом и дэнэ щIыпIи щыбгъуэтынущ. Бзэ пщIы бжыгъэхэм ирагъэзэгъащ Пушкиным и усэхэм ящыщ куэд, нобэми абыхэм елэжьхэр щыIэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къанокъуэ Арсен нэхъыжьхэр егъэгуфIэ
2020-06-06
- КъБР-м къыбгъэдэкIыу УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ Къано-къуэ Арсен и мылъкум къыхэкIыу яхуэупсащ Хэку зауэшхуэм хэтауэ ди республикэм исхэм. Фронтым Iута нэхъыжь 91-м, хэкIуэдахэм я щхьэгъусэу 3-м ахъшэ сом мин 50 зырызрэ ерыскъырэ Iэрагъэхьащ. Апхуэдэуи зауэм къикIыжауэ дунейм ехыжа ветеранхэм я щхьэгъусэхэми ерыскъыхэр хуашащ.
- Унагъуэ 300-м яIэрыхьащ хьэжыгъэ килограмми 10, фошыгъу килограмми 5, прунж, хугу, крупа, дагъэ, макарон, шей, шыгъу зэрылъ ашыкыр.
- Къанокъуэм и тыгъэхэр зыхухэхахэм Iэрагъэхьэжащ «Черкесы доброй воли», «Волонтёры-медики» псапащIэ зэщIэхъееныгъэхэм хэт ныбжьыщIэ-хэм.
- Къэбарт Мирэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- «Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2020 гъэм и етIуанэ номерыр — дунейм къытехьащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпсту дызэрыт щытыкIэ гугъум къыхэкIыу, Iэ щIэзыдза псоми ар яIэрыхьакъым. Абы еджэну зэкIэ Iэмал зиIэр пощткIэ къызыхуахьхэрщ, редакцэм къыщызыщтэжхэмрэ зыхуашэж IуэхущIапIэхэмрэ иджыри лъагъэIэсыжыфакъым.
- Журналым и жьантIэр хуэфащэ дыдэу лъысащ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ — ар къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 90 ирикъуащ. «Адыгэ литературэм и классик» фIэщыгъэм щIэт, тхакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа тхыгъэ купщIафIэр и къалэмыпэ къыщIэкIащ Исхьэкъ фIыуэ зыцIыху, абы и творчествэм дихьэх, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэ. Абы къыкIэлъокIуэ МэшбащIэм и ныбжьэгъухэу БакIуу Хъанджэрий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Елгъэр Кашиф сымэ тхакIуэм хуагъэза я тхыгъэхэр, нэгъуэщIхэми абы хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэр. Журналым и напэкIуэцI тIощIым щIигъур езы Исхьэкъ и IэдакъэщIэкIхэм лъысащ — «Хэхэсхэр» роман цIэрыIуэм къыхэха пычыгъуэхэмрэ и гукъэкIыжхэм ящыщу Кастрэ Фидель зэрыхуэзамрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Ацкъан Руслан и тхылъыщIэ, «Пшэм хэт унэ» зыфIищар. Абы щызэхуэхьэсащ усэхэр, поэмэхэр, новеллэхэр.
- Тхылъыр къызэтезмых щIыкIэ абы и жинтым тет сурэтыр куэдрэ зэпэсплъыхьащ. Сыту куэдым уригъэгупсысрэ абы. Щхьэгъубжэ къэпщIэнтIар къислъэщIыкIауэ сыкIуэцIрыплъ къысщыхъуат. Жэщ пшагъуэм къыхэщ щиху уардэхэр, къыхэцIуукI нэху гуэрхэр, бгым тетрэ пшэми щыпэкIу унэр — а псори сыт щыгъуи си нэгу щIэта хуэдэт. Пшэм хэт унэм сыщыхьэщIэу фIэкIа пщIэнтэкъым.
- Мис а гупсысэхэм сыхэту къызэтесхащ тхылъыр икIи занщIэу сыхэхуащ дуней гъэщIэгъуэныщэм. Усэ къэс зы гъащIэ псо хъу хуэдэт — гурыгъури, гурыщIэри, псэр зыгъэнщI гуфIэгъуэри щызэхэтт абы. Пэжыгъэмрэ цIыхугъэмрэ нэхъ IуагъэкIуэт щыхъуа мы зэманым умыгъэщIагъуэу къанэркъым Ацкъан Руслан и тхыгъэхэм хэухуэна гупцIанагъэмрэ къабзагъэмрэ. Ахэр уи гущIэм къонэ, нобэ щыщIэдзауэ гуапагъэ пщIэу упсэуну гукъыдэж къуат. Дахагъэ иджыри зэрыщыIэр уи фIэщ мэхъу.
- Сэ куэд щIауэ фIыуэ солъагъу Ацкъан Руслан и усэхэр, ауэ мы тхылъым ихуа тхыгъэхэр куууэ къэспщытэну, зэпкърысхын схузэфIэкIыну хъункъым, ар зылъэкIынур литературэмкIэ критикхэрщ. Согугъэ гупсысэ нэхукIэ гъэнщIа мы тхылъым ущIызыIэпишэ щхьэусыгъуэр сэри зыхэсщIауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Мэкъуауэгъуэм и 6,
- щэбэт
-
- Гуэлхэр, псыхэр гъэкъэбзэным и дунейпсо махуэщ
- Урысыбзэм и махуэщ. Ар ООН-м Жылагъуэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и департаментым и жэрдэмкIэ ягъэуващ 2010 гъэм, УФ-м щагъэлъапIэ 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ. Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм нэхъ къигъэсэбэп бзихым ящыщщ урысыбзэр, инджылызыбзэм, хьэрыпыбзэм, испаныбзэм, китаибзэм, франджыбзэм яхуэдэ дыдэу.
- Пушкиным и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ. 1799 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, тхакIуэ щэджащэ Пушкин Александр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 8
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Классикэр псоми папщIэ» (12+)
- 6.55 «Нарт хъыбархэр». ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.20 «Теплъэбэ Урысей». Къэзан къалэ (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 8
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБКъУ-м и япэ ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ (12+)
- 7.25 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ ирокъу. «Налшык лIыхъужьыгъэм и къалэщ» (12+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.17 Кавказ Ищхъэрэм и пшынауэхэм я зэпеуэ. Япэ Iыхьэ (12+)
- 17.00 Чехов А. «Загадочная натура». Горькэм и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и спектакль (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 8
- Сыхьэт 12 пщIондэ лажьэркъым
- 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 18.30 Иджырей гуманитар академие (12+)
- 18.55 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ ирокъу. Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм ятеухуа тхылъ (12+)
- 19.35 «Хъыбар къызэрыгуэкI» (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 8
- 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
- 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.00 — «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
- 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
- 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 8
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
- 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
- 8.10 — 8.35 «Литературэм и дунейм». Елгъэр Кашиф (адыгэбзэкIэ)
- 8.35 — 9.00 «Зэчийм и лъэныкъуэ куэд». Гуртуев Елдар и творчествэр (балъкъэрыбзэкIэ)
- 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
- 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуабэм»
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- Лукьяновэ (ШэджыхьэщIэ) Татьянэ и гукъэкIыжхэр
- Хэку зауэшхуэр гъэунэхуныгъэ ин дыдэу щытащ СССР къэралыгъуэмрэ совет цIыхухэмрэ я дежкIэ. Ар зэриухынум елъытат Хэкум и къэкIуэнури цIыхум яIэну псэукIэри. А псор фIыуэ къызыгурыIуэ совет цIыхухэр зауэм хэтащ я гуащIи я гъащIи щымысхьыжу. ТекIуэныгъэм мылъкурэ цIыху гъащIэу халъхьари, жыпIэ пэтми, пхуэмыIуэтэжыным хуэдиз мэхъу.
- Зауэ гущIэгъуншэм цIыхубэм къыщихьа ТекIуэныгъэм и гугъу щыпщIкIэ плъэкIкъым зи сабиигъуэ, зи къэжэпхъыгъуэ а зэман бзаджэм хиубыдахэм я гукъэкIыжхэр гулъытэншэу къэбгъэнэн. НыбжьыщIэ мелуанхэм я сабиигъуэ дахэр къызэпиудащ, куэд зеиншэу, унагъуэ насыпыр зыхэзыщIэну хунэмыса цIыхубз щIалэхэр фызабэу къигъэнащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-06-06
- ШыуанкIэ тхъу ягъэплъ, абы халъхьэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта бжьыныщхьэ, зэIащIэурэ шыбжий хаудэри, мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъэлыбжьэ. Абы кIэртIоф укъэбзар халъхьэ, псывэ щIакIэ, шыгъу тIэкIу хадзэри шыуаныщхьэр тепIауэ хьэзыр хъуху ягъавэ. Шыуаныр пэшхьэкум къытрамыхыу мафIэр ягъэункIыфIри, кIэртIофыр пщтыр щIыкIэ, къыркуэ хэмылъу яуб.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|