Хъыбар нэпцIхэм ятеухуауэ
2020-06-27
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм «Зи щхьэ хущыт жылагъуэ мониторинг» зэгухьэныгъэр и гъусэу видеоконференц жыпхъэм иту иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуа IэIэтым ехьэлIауэ зэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
- А Iуэхум кърагъэблэгъат щIыналъэм и Жылагъуэ палатэм хэтхэр, профсоюз зэгухьэныгъэхэмрэ политикэ партхэмрэ я лIыкIуэхэр, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщIыр, волонтёрхэр, журналистхэр.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий жиIащ: «УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм икъукIэ гулъытэшхуэ щигъуэтащ Урысейм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм. Ауэ абы къыщыгъэлъэгъуахэм я сэбэпынагъым мыхьэнэ зэриIэм зэрытепсэлъыхьым къыдэкIуэу, хъыбар нэпцI куэди зэбграгъэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэр Iуэхум и пэжыпIэм зэрыщымыгъуазэрщ, языныкъуэхэм дежи зэрыщIауфэрщ», — жиIащ Бердым.
- «Жылагъуэ мониторинг щхьэхуит» зэгухьэныгъэм и унафэщI Лукаш Антон тепсэлъыхьащ нэхъыбэрэ зэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм. Абыхэм ящыщщ IэIэтыр зэIухауэ ирамыгъэкIуэкIын мурад яIэу къэрал унафэщIхэм цIыхухэм я хуитыныгъэхэр ягъэмащIэ хуэдэу зэрагъэIур. Апхуэдэ хьэгъэщагъэхэм я лъабжьэр УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIагъыр цIыхум я фIэщ ирамыгъэщIынырщ. Къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэм гулъытэ ин щызыгъуэт лъапIэныгъэхэр — цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуным, унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ абы къыщыгъэлъэгъуахэр — лъэныкъуэ ирагъэзри, зи гугъу ящIыр президентыр тетыну щыхуит пIалъэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэну иужь зэрит закъуэрщ. Апхуэдэ хъыбар нэпцIхэр зэбгрызыгъэкI гуп щхьэхуэ къэунэхуащ — Урысейр пандемием пэмылъэщыну, абы къыхэкIыу IэIэтыр шынагъуэншэу къызэрамыгъэпэщыфын хуэдэу къэрал псом хэIущIыIу щащIыныр я щхьэусыгъуэу. А псори зыхуэунэтIар IэIэтыр щекIуэкI махуэхэм цIыхухэм я узыншагъэр хъума хъуным шэч къытрырагъэхьэнырщ.
- — Апхуэдэ хъыбар нэпцIхэм мызэ-мытIэу дрихьэлIащ икIи хъыбарегъащIэм епхауэ лажьэ ди IэщIагъэлIхэр щхьэхуэу хуеджащ абы зэрыпэщIэтыну Iэмалхэм. УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ мэкъуауэгъуэм и 25-м къыщыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIыну урысейпсо IэIэтым зыри зэран хуэмыхъун щхьэкIэ жылагъуэ IуэхущIапIэ псори дызэкъуэувэн хуейщ, — жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщыкъуэ ФатIимэт.
- «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Токъу Руслан къыхигъэщащ зэхъуэкIыныгъэ 40-м хуэдиз къагъэлъэгъуауэ зэрыщытар, абы щыщу 13-р къызэращтар. «Мы Iуэхум и мыхьэнэр зыхэтщIэу лэжьыгъэм дэри дыкъыхыхьащ. Иджы ди къалэныр жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр къызэдгъэпэщынырщ», — жиIащ абы.
- «КъБР-м волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь щIыналъэ центр» зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Алексейчик Татьянэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр жыджэру зэрыхэтыр «Конституцэм и волонтёрхэр» урысейпсо хъыбарегъащIэ Iуэхум. Ахэр хущIокъу Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэм цIыхухэр нэхъ куууэ хагъэгъуэзэну.
- ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Берд Хьэзрэталий къыхигъэщащ цIыхухэр хъыбар нэпцIхэм щахъумэн папщIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ социальнэ сетхэмрэ къагъэсэбэпын зэрыхуейр, республикэм щызэхэт политикэ партхэм, жылагъуэ, профсоюз IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ абы и лъэныкъуэкIэ бэм зэрадэлэжьапхъэр.
- — УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуа IэIэтыр политикэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэщ, къэкIуэну зэманым къэралым игъуэтыну псэукIэр зыхуэдэр и лъабжьэу, — дыщIигъуащ Бердым.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.