КIуэкIуэ К. В. хэтащ Балъкъэр Ипщэ ГЭС мыиныр Шэрэдж щIыналъэм къызэрыщызэIуахым теухуауэ екIуэкIа зэхыхьэм
2020-06-27
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Шэрэдж щIыналъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м щызэхэтащ мегаватти 10 зи лъэщагъ Балъкъэр Ипщэ ГЭС мыиныр лажьэу утIыпщы-ным теухуа зэIущIэ. ГуфIэгъуэ зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «РусГидро» компанием и Правленэм и унафэщI — и генеральнэ директор Шульгинов Николай (ВКС мардэм тету), «РусГидро»-м и генеральнэ директорым ухуэныгъэмкIэ и къуэдзэ Карпухин Николай, КъБР-м и Правительствэм, «РусГидро»-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм, Шэрэдж щIыналъэм и администрацэм я унафэщIхэр.
- «Балъкъэр Ипщэ ГЭС мыиныр лажьэу зэрыдутIыпщым и фIыгъэкIэ дэ диIэнущ электрокъару къэзылэжь IэнатIэщIэ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. — Станцыр дыкъэзыухъуреихь дунейм зэран хуэхъуркъым. Абы къыдэкIуэу, ГЭС-р цIыхухэм лэжьапIэ яхуэхъунущ икIи налогхэр зэпIэзэрыту къэзытыну IуэхущIапIэщ». Республикэм и Iэтащхьэм «РусГидро»-м и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ генерацэ мыиным и объектхэм щIыналъэм зыщегъэужьыным зэгъусэу зэрелэжьам папщIэ икIи а Iуэхум къыхэжаныкIахэм къэрал дамыгъэхэр яритащ.
- «Балъкъэр Ипщэ ГЭС мыиныр зэредгъажьэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр электрокъарукIэ къызэгъэпэщыным, ар зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпыным хэлъхьэныгъэфI хуэхъунущ, — жиIащ Шульгинов Николай. — СтанцыщIэм электрокъару къабзэ къилэжьынущ икIи республикэм сэбэп хуэхъунущ абы и лъэныкъуэкIэ зыхущыщIэхэр, нэгъуэщI щIыналъэхэм къратхэр игъэмэщIэнымкIэ».
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и гидроэнергетикэ IэнатIэм зегъэужьыным хуащIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ Шульгинов Н. Г., Карпухин Н. И. сымэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ. Борисовэ Т. И. «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ», Хузмиев А. А. «КъБР-м щIыхь зиIэ и энергетик» цIэ лъапIэхэр фIащащ. КъБР-м и Iэтащхьэм ФIыщIэ яхуищIащ Ашев Р. А., Миронов Б. В., Шерварли Е. И. сымэ.
- Балъкъэр Ипщэ МГЭС-р гидроэнергетикэм и ухуэныгъэщ. Ар адрейхэм къащхьэщокI дыкъэзыухъуреихь дунейм зэремыгуауэмкIэ. ГЭС-р тращIыхьащ Шэрэдж щIыналъэм иIэ Балъкъэр Шэрэдж псым. Станцым епха ухуэныгъэхэр щIыпIэм хъарзынэу йозагъэ — абы и зэранкIэ псыр тафэтесхэм ящIэуэнукъым, ГЭС-м и ухуэныгъэм псым и жапIэр зыкIи ихъуэжыркъым. И щытыкIэкIэ ухуэныгъэр деривационнэ гидроэлектростанц жыхуаIэхэм хуэдэщ — абы и турбинэхэм ягъуэт псыр псыIущIэкIэ хуаутIыпщу аракъым, атIэ псыежэхым щыщ бжьамийкIэ ирашэлIауэ аращ. Апхуэдэу зэращIам Iэмал къитащ псыIущIэ лъаги псы хъумапIи ямыщIу турбинэхэр тэмэму лэжьэн папщIэ зыхуеину псым хуэдиз абыхэм ягъуэтынымкIэ. МГЭС-р къызэгъэпэщащ иджырей оборудованэ лъэщхэмкIэ, ахэр метр миным щIигъу лъагапIэм къыщежьэу къех къуршыпсым щылэжьэныр къэлъытауэ, абы тещIы- хьауэ зэпкъралъхьащ. Балъкъэр Ипщэ МГЭС-м илъэсым ику иту электрокъарууэ къилэжьынущ киловатт-сыхьэт мелуан 60.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.