ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысей  Федерацэм  и  Правительствэм  Къэбэрдей-Балъкъэрым  сом  мелуани  159-рэ  къыхуиутIыпщынущ  щIыналъэр  псыкIэ  къызэгъэпэщыным  къыхуагъэсэбэпыну

2020-06-27

  • Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин М. В. Iэ щIидзащ 2020, 2021 — 2022 гъэхэм цIыхухэр зэфэну псыкIэ къызэгъэпэщыным хыхьэ объектхэр зэгъэпэщыжыным, ахэр егъэфIэкIуэным хухаха субсидиехэр зэрытрагуашэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа унафэм.

  • Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы дызэрыт илъэсым   УФ-м и федеральнэ бюджетым щыщу сом мелуани 159,1-рэ къратынущ. Ахъшэр трагъэкIуэдэнущ республикэм и жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа гугъуехьхэр дэгъэкIыным.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.