ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2020

Зыми хуэмыдэ лъапIэныгъэ

2020-06-26

  • 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м, Москва и Утыку Плъыжьым ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIауэ щытащ, нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр Хэкум ирахужу совет лъэпкъыр Хэку зауэшхуэм зэрыщытекIуам и щIыхькIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

КъБР-м и Iэтащхьэм удз гъэгъахэр трилъхьащ «ЩIыхьым и МафIэ мыужьых»  фэеплъым

2020-06-26

  • Мэкъуауэгъуэм и 24-м, 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ ТекIуэныгъэм и Парадыр щрагъэкIуэкI махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, цIыхубэм я щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм пщIэшхуэ зэрахуищIыр къигъэлъагъуэу, удз гъэгъахэр трилъхьащ «ЩIыхьым и МафIэ мыужьых» фэеплъу Налшык къалэм дэтым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2020-06-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ
  • туризмэмкIэ и министрым теухуауэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и Iэтащхьэм и Указ
  1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министру гъэувын ЩоджэнцIыкIу Мурат Лиуан и къуэр.
  2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
  •             Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •             и Iэтащхьэ              КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м
  • №71-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

КIуэкIуэ Казбек еплъащ Налшык къалэм Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ и уэрамым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым

2020-06-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 24-м зригъэлъэгъуащ Налшык къалэм Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ и уэрамым и Iыхьэхэр — Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ ЩоджэнцIыкIум и уэрамым нэсу — сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр. Ахэр ирагъэкIуэкI «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ТекIуэныгъэм и парадыр — 2020 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 24-м

2020-06-26

  • Катюшэ
  •  («Катюша».
  • Псалъэхэр Исаковский Михаил,
  • макъамэр Блантер Матвей яйщ, 1938 гъ.)
  • Къэгъэгъахэщ мыIэрыси кхъужьи,
  • Пшагъуэ Iувхэр псым къыщхьэщыхьащ.
  • Пщащэ закъуэ къыпхуолъагъур жыжьэу:
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Нобэ

2020-06-26

  •  Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ
  •  Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
  •  Азербайджаным IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ
  •  Беларусь Республикэм, Туркменистаным я прокуратурэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м коронавирусым кIэлъыплъынымкIэ и Оперативнэ штабым къет

2020-06-26

  • 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м ирихьэлIэу
  • Узыр япкърытрэ япкърымытрэ къахутэну тест зрагъэтахэм я бжыгъэр — 82.246-рэ
  • Сымаджэ хъуауэ ятхахэр — 4.726-рэ
  • Иужьрей жэщ-махуэм къриубыдэу къахутахэр — 0-рэ
  • Сымаджэщхэм щIэлъхэр — 1374-рэ
  • Реанимацэм щIэлъхэр — 57-рэ
  • Хъужахэр — 2945-рэ
  • Вирусым и зэранкIэ дунейм ехыжахэр — 49-рэ
  • Я унэхэм щIэсу зыкIэлъыплъхэр — 1610-рэ
  • Амбулаторнэу ягъэхъужхэр — 1562-рэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЕхъулIэныгъэр я плъапIэу

2020-06-26

  • Иджыблагъэ дэ дыщыIащ Къущхьэхъу хъупIэхэм языхэз Хьэма-щэ щIыпIэм къегъэщIылIа хэщIапIэ нэхъыщхьэм. Абдежым дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыщыхуэдгъэзащ республикэм и бгыщхьэ тафэхэм щыIэ штабхэм я Iэтащхьэ, КъБР-м и Iэщ дохутырхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Иуан Аскэрбий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэмахуэ

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-06-26

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  •  Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72 -хэм итщ).
  • «Акъыл зиIэр си щIыб ису къезыухьэкI» — жиIащ пасэрейм. ЛIыжьыгъэ — щIалагъэкъым цIыхупсэм и Iущыр. Илъэс тIощIрэ тхурэ фIэкIа къимыгъэщIарэ пэт, Къэзанокъуэ Жэбагъы емычэнджэщрэ абы и жыIэм зыдэзымыгъэшрэ яхэттэкъым къэбэрдей адыгэхэм. Езы Къэзанокъуэр-щэ? Адыгэхэм ящыщу хэту пIэрэт а щIалэм езым и акъыл пщалъэр? Иджыпсту Къэбэрдейр зыIухьэну зауэ шынагъуэм егупсысурэ Жэбагъы игъэщIагъуэрт и лъэпкъэгъухэм я хьэл-щэн зэхуэмыдэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нарт лIыхъужьхэм хуагъадэрт

2020-06-26

  • БлагъагъэкIи дызэрыубыду икIи дызэныбжьэгъуу гъэ кIуам щIалиплI Абхъаз щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ дыкIуат. ДыкъыщыувыIа унагъуэм сэ япэу сихьэу арат, ауэ си гъусэхэм ар илъэс зыбжанэ хъуауэ я бысымт. Унагъуэм и тхьэмадэ Сакание Славэ я щIыпIэм и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ, жыпIэмэ ущыуэнутэкъым. Абхъазым щIыхь зиIэ и журналистщ. Куржы-абхъаз зауэр щекIуэкIым зи лъэпкъым и хуитыныгъэм щIэзэуахэм яхэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Джатэрывэр, Мэкъуауэр, Багъэтырыр…

2020-06-26

  • Ди республикэм и щIыхьыр къэралпсо утыкум илъэс зыбжанэкIэ щызыIэтахэу Джатэрывэ Къазбэч, Мэкъуауэ Залым, Пащты Руслан, Багъэтыр Альберт, Гугуев Магомед сымэ «Спартак-Налшыкым» къагъэзэжащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм ахэр хэтынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Археологиемрэ физикэмрэ

2020-06-26

  • Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Хеопс и пирамидэр. Ар илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ