Къэпщытэныгъэхэм хуэхьэзырщ
2020-06-27
- Мы гъэм курыт школхэр къэзыух ныбжьыщIэхэм ящыщу еджэным адэкIи пызыщэнухэм я закъуэщ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр (ЕГЭ) зытынур. Къэпщытэныгъэхэм хуэзыгъэхьэзыр лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щызэфIах дэнэкIи. Къэпщытэныгъэхэр щекIуэкIыну махуэхэр мэкъуауэгъуэм и 17-м иубзыхуащ УФ-м и Правительствэм. Абыхэм ятеухуа унафэ къыщащтащ УФ-м и Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ, «Роспотребнадзор»-мрэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ.
- Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр 2020 гъэм тIууэ зэщхьэщыхауэ екIуэкIынущ: пIалъэ нэхъыщхьэм ятхэр, нэхъыщхьэм дыщIагъуу ятхэр. ПIалъэ нэхъыщхьэм къызэщIеубыдэ бадзэуэгъуэм и 3-м къыщыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 25-м нэс яку дэлъ зэманыр. Илъэс блэкIахэми хуэдэу, 2020 гъэм ятыну къэрал къэпщытэныгъэхэм я пIалъэр щаубзыхум, дэфтэрым хагъэхьащ ныбжьыщIэхэр щхьэусыгъуэ хэхакIэ зримыхьэлIэфа экзамен гуэрхэр щатыжыфыну махуэхэри. Нэхъыщхьэм дыщIагъуу ятыну а экзаменхэр шыщхьэуIум и 3 — 8-хэм къриубыдэу зэфIэкIынущ.
- Бадзэуэгъуэм и 3-м ныбжьыщIэхэм япэу ятынущ географиемкIэ, литературэмкIэ, информатикэмрэ ИКТ-мкIэ экзаменхэр. Абыхэм къакIэлъыкIуэнущ урысыбзэмкIэ (бадзэуэгъуэм и 6 — 7-хэм), математикэмкIэ (бадзэуэгъуэм и 10-м), тхыдэмрэ физикэмкIэ (бадзэуэгъуэм и 13-м), обществознаниемрэ химиемкIэ (бадзэуэгъуэм и 16-м), хамэ къэралыбзэхэмкIэ: инджылызыбзэмкIэ, франджыбзэмкIэ, нэмыцэбзэмкIэ, испаныбзэмкIэ, китаибзэмкIэ (зэщхьэщыхауэ: тхэныр — бадзэуэгъуэм и 20-м, жьэрыIуатэр — бадзэуэгъуэм и 22 — 23-хэм), биологиемкIэ (бадзэуэгъуэм и 20-м) экзаменхэр.
- УФ-м и щIыналъэ псоми яIэрыхьакIэщ къэпщытэныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ ятеухуа чэнджэщхэр зэрыт тхылъхэр. «Роспотребнадзор»-м зэригъэув хабзэм тету, экзаменхэр къэралым и щIыналъэ псоми зы махуэм щекIуэкIынущ. А хабзэхэм япкъ иткIэ, экзаменхэр щекIуэкIыну пэшхэм иджы нэхъ мащIэщ школакIуэу щIэсынур, ягъэува санитар мардэхэм изагъэу. Къапщтэмэ, ди республикэм къыщызэрагъэпэщакIэщ экзаменхэм хэтыну ныбжьыщIэхэм иратыну къэзыхъумэ хьэпшыпхэр (нэкIуIупхъуэхэр, Iэлъэхэр, н. къ.). А Iуэхугъуэм щытепсэлъыхьым, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор жиIащ псом нэхърэ нэхъыщхьэ дыдэу мы зэманым къалъытэр цIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр зэрыарар. Абы ехьэлIа лэжьыгъэхэм ящыщщ ЕГЭ-р къызэзыгъэпэщынухэр, пэшхэм щIэтынухэм я узыншагъэр къызэрапщытар, экзаменхэр щекIуэкIыну щIыпIэхэр къызыхуэтыншэу Iуэхум зэрыхуагъэхьэзырар.
- Ди республикэм ЕГЭ-р щекIуэкIынущ щIыпIэ 27-м. Псори зэхэту къэпщытэныгъэхэм хэтынущ ныбжьыщIэ 3045-рэ. НыбжьыщIэхэр нэхъыбэ дыдэу зэкIуэлIэну урысыбзэмкIэ экзаменыр махуитIкIэ зэщхьэщыхауэ ятыну хуит къызэращIам папщIэ, къэпщытэныгъэхэр щекIуэкIыну пунктыщIэхэр къызэIуамыхми хъуну къалъытащ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.