ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-03-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • МахуэшхуэмкIэ — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм мыхьэнэ хэха щызиIэ а пIалъэр пэжымрэ захуагъэмрэ я дамыгъэу уващ. Республикэм и дежкIэ лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а махуэм дэ балъкъэр лъэпкъым социально-экономикэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ зыужьыныгъэм и лъэныкъуэкIэ къихьа ехъулIэныгъэхэм, абы и гурыщIэ лъагэмрэ зэфIэкIышхуэмрэ дрогушхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэрыщыту Урысейм ис адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу ар пщэдейрей махуэм фIыкIэ хоплъэ икIи мамырыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэ я гъуэгум тету тегушхуауэ япэкIэ макIуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм

2019-03-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урыс географие зэгухьэныгъэм и япэ вице-президент, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Урысейм и ЛIыхъужь Чилингаров Артуррэ Iэ традзащ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КъэкIуэнум хуоплъэ

2019-03-28

  • Илъэс 20-м щIигъуауэ (1995 гъэ лъандэрэ) гъатхэпэм и 28-р ди республикэм щыдогъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу. А лъэпкъым ехьэлIауэ захуагъэр тепщэ щыхъужа а махуэшхуэр гъэувыным лъабжьэ хуэхъуащ 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIауэ щыта Унафэр. Абы ипкъ иткIэ къащтащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» республикэ хабзэр. Апхуэдэу зэфIагъэувэжащ Балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ШэсыпIэ ирехъу!

2019-03-28

  • Ди къуэш, ди шыпхъу лъапIэхэ!
  • ПIалъэ гъуэзэджэмкIэ — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэмкIэ — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ сынывохъуэхъу!
  • Нобэ КъБР-м и лъэпкъ гуфIэгъуэр — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэр егъэлъапIэ. Абы балъкъэрхэр щрагъэкIам яшэча бэлыхьри, адэжь щIыналъэм къызэрагъэзэжам къахуихьа гуфIэгъуэри къызэщIэзыубыдэ мыхьэнэ иIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

2019-03-28

«Балкария» къэрал къэфакIуэ гупым и зэфIэкIыр инщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэнатIэ гугъу

2019-03-28

  • Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей я лэжьыгъэм щигъэгъуэзащ журналистхэр. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат УФ-м и Лъэпкъ гвардием и махуэм ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

МэшбащIэ Исхьэкъ: «Уи блэкIам зыщыбгъэгъуазэмэ, ипэкIэ уегъаплъэ икIи уегъэкIуатэ»

2019-03-28

  • Зэманымрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ кууэ къыщыгъэлъэгъуэжа «Ажал гъуэгу» тхыдэ романыр иджыблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ. Ар тхакIуэм и тхыдэ роман тIощIрэ езанэщ. Тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуащ 1708 гъэм адыгэхэм текIуэныгъэ ин къыщахьа Къэнжал зауэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ем пэувыфу щыта Бэрбэч Зубер

2019-03-28

  • Зэпымыууэ пIейтейуэ пытащ Бэрбэч Зубер и псэр, и пIэм иримыгъэзагъэрэ дуней зытетми тримыгъэзагъэ жыхуаIэм хуэдэу. Гушхуи кIуэцIылъащ, зылъэмыIэсрэ къылъэмыIэсрэ щымыIэу, Iуэху ехьэжьахэм сыт щыгъуи яхуэпабгъэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-03-28

  • Гъатхэпэм и 28,  махуэку
  • Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ. 1957 гъэм гъатхэпэм и 28-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым Указ къыдигъэкIащ балъкъэр лъэпкъыр зрагъэкIа щIыналъэм къэкIуэжыну хуит щIыным теухуауэ. КъБР-м и Президентым1994 гъэм гъатхэпэм и 25-м Iэ зыщIидза унафэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 28-р республикэм щагъэлъапIэ.
  • Азербайджаным лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-03-28

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 1
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ)
  • 6.40 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.10 «КъБР-м и Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ»
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

2019-03-28

  • Щэнхабзэ
  • Кулиев Къайсын  и дуней
  • Шэджэм щыщ уэрэдус — арат зэрызэджэжыр балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, къэралым я усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын. Ар къыщалъхуат Шэджэм къуэладжэм — ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым. Къайсын и дежкIэ и унэр, и лъахэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, творчествэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэу бгырысхэм я уардагъымрэ? Хэт къэзыгъэлъэгъуэфар и лъэпкъым хэлъа бэшэчыгъэр, быдагъэр, къарур?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сыт къыхилъхьэр Жириновскэм?

2019-03-28

  • Дэтхэнэ политикми езым и шыфэлIыфэ иIэжщ адрейхэм къахригъэщхьэхукIыу. Абы и лъэныкъуэкIэ къытекIуэн щыIэкъым Жириновский Владимир. Ар газетхэмкIэ поджэж сыт хуэдэ Iуэхуми. ЛДПР-м (Урысейм и Либерал-демократие парт) и унафэщIыр сыт щыгъуи щIэгъэщхъуауэ мэпсалъэ. Зэман кIыхькIэ ар ягу ирихьу щытащ цIыхухэм: «Флъэгъуа, яхурикъуа?!» «Флъэгъуа жызыIэфа?!» — ягъэщIагъуэрт абы едаIуэхэм дэтхэнэ и къэпсэлъэныгъэри. Мыбдежым мыхьэнэшхуэ щиIэтэкъым а жиIэхэм я мыхьэнэм: цIыхухэр властхэм яхуэарызытэкъыми абыхэм егупсысыхэртэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, игъащIэкIэ мыхъун къызэрыхилъхьэри. Ауэрэ политикэ гъащIэр нэхъ лIыпIэ иува иужь, къагурыIуэу хуежьащ къэралым и гъащIэм псори зэпэшэчауэ щыщытын зэрыхуейр. Иджы Жириновскэм къыхилъхьэхэр яфIэдыхьэшхэнт. Апхуэдэурэ къекIуэкIащ. Иджы зэгуигъэп хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

2019-03-28

Илъэс куэдкIэ Инджылызым и колониеу щыта Гонконг (Сянган) 1997 гъэм Китайм ей хъужа пэтми, и теплъэми и псэукIэми зыкIи зихъуэжакъым. Ар цIыху куэд дыдэ Iуву щызэхэс щIыналъэщ — километр зэбгъузэнатIэ 1104-р я унапIэщ цIыху мелуани 7-рэ мин 200-м. Процент 95-р китай лъэпкъым щыщщ. Мыр къалэ — къэрал телъыджэ дыдэщ. Абы ущрихьэлIэнукъым къат 30-у зэтет псэуалъэхэм нэхърэ нэхъ лъахъшэ. Ауэ иIэщ щIыпIэ телъыджэхэри: мэзылъэхэр, бгыхэр, псы дэжыпIэхэр. Ахэращ зи нэгу зезыгъэужьхэр нэхъ дэзыхьэхыр.

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Зымыдэхэри щыIэщ

2019-03-28

  • Къэзахъстаным и Iэтащхьэ Токаев Къасым-Жомарт Iэ тридзащ Астана и цIэр Нур-СулътIан къалэу зэхъуэкIыным теухуа унафэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Ирагъэлей. Абыи къыщынэркъым

2019-03-28

  • ЦIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэхуэдэми, щIат уасэхэр щIыналъэхэм хуабжьу щызэщхьэщокI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

« Раньше