ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

ЦIыхухэр зытегузэвыхь Iуэху хьэлъэхэм ящыщ зы

2019-03-21

  • Наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэблагъэкIым щытепсэлъыхьащ КъБР-м Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Угъурлыуэ Тхьэм къытхущIигъэкI

2019-03-21

  • Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъы-фэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэурэ, дунейм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ хищIыкI хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зиузэщIащ лIэщIыгъуэкIэрэ. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дуней къэхъукъащIэхэрат. Дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм я гъащIэр мэкъумэш щIэным, Iэщ зехуэным теухуауэ щытти, абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэужьырт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэзахъстан: зэблэкIыгъуэхэм я лъэхъэнэ

2019-03-21

  • Дызыпэмыплъа хъыбарыщIэ къытIэрыхьащ — псори дызэсэжа Назарбаев НурсулътIан вэсэмахуэ Къэзахъстаным и президентыгъэр зыщхьэщихащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар а къэралым 1989 гъэм и мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ и Iэтащхьэт (нэгъуэщIу жыпIэмэ, илъэс 30-м нэблэгъауэ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

Ахъуэхъу Аслъэнбэч и зэфIэкIыр

2019-03-21

  • Зи ныбжьыр илъэс 60 ирикъу Ахъуэхъу Аслъэнбэч Чэлимэт и къуэр гъащIэм и курыкупсэм хэт цIыхущ, лэжьакIуэ къэмылэнджэжщ. Ар Транспортым и IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэщ, Урысей Федерацэм 2-нэ класс зиIэ и действительнэ къэрал чэнджэщэгъущ, УФ-м и транспорт IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Къэбэрдей  таурыхъхэр

2019-03-21

  • «Сказки кабардинского народа» фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэн дунейм къыщытехьащ. «Кавказ» серием и 26-нэ томщ иджырейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Студент  нэхъыфIхэм  хабжэ

2019-03-21

  • Къаскъул Iэминэ Бахъсэн къалэ дэт 3-нэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым агрономиемкIэ и факультетым щIэтIысхьауэ иджыпсту 4-нэ курсым щоджэ. Пщащэм и мурадхэр дахэщ, ахэр зэрызыIэригъэхьэну Iэмалхэр иубзыхуащ, зригъэгъуэт щIэныгъэм епха гугъапIэхэр и мащIэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-03-21

  • Усыгъэм и дунейпсо махуэщ
  •  Мэзхэм я дунейпсо махуэщ
  •  Лъэпкъ зэхэгъэж зэращIым ебэныным и дунейпсо махуэщ
  •  Гуащэ зыщIым и дунейпсо махуэщ
  •  Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ
  •  Даун узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ
  •  КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр
  •  Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ лъагъуэжьхэр

2019-03-21

  • ЩIыпIэцIэхэр
  • Лабэ
  • Псыжь (Кубань) хэхуэж и къуэпсхэм я нэхъ ин дыдэщ ар. Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIуу бгы лъабжьэхэм къыщожьэ. ТIуми Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и мылылъэхэр я къежьапIэщ. Лабэшхуэ и къыщIэдзапIэр а цIэ дыдэр зезыхьэ щхьэдэхыпIэрщ (метр 2539-рэ и лъагагъщ). Лабэ ЦIыкIу Аищхьэ бгым ищхъэрэкIэ гъэза и «куэщIхэм» зыкъыщызэщIекъуэ. Зэрыщыту къатщтэмэ, псым километр 341-рэ и кIыхьагъщ, Лабэшхуэ къыщыунэхухэм къыщыщIэдзауэ Псыжь щыхэлъэдэжхэм нэсыху къэдбжмэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-03-21

2019 гъэ, гъатхэпэ мазэм и 20. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЕджапIэхэр яхурикъуркъым

2019-03-21

  • «ЩIэныгъэ етын» лъэпкъ проектым хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэм щаухуэнущ курыт еджапIэу тхущI: 19-р Дагъыстэным, апхуэдиз дыдэ — Шэшэным, 12 — Ингушым. Федеральнэ бюджетым щыщу мы Iуэхум щхьэкIэ республикищым кърат сом мелард 24,4-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Дунейгъэдахэщ мимозэ  дахэр

2019-03-21

  • Гъатхэпэм и 8-м ирихьэлIэу Урысейм кърашащ Абхъаз щIыналъэр зыгъэдахэ мимозэр. Зэи къэмыхъуауэ, мы гъэм тонни 140-рэ гъунапкъэм къызэпрашащ (нэгъабэ тонн 90). ЗэрыгурыIуэгъуэщи, удзыр Краснодар щIыналъэм къыщыувыIэркъым, ар щIыпIэ жыжьэхэм нос, псалъэм папщIэ, Налшык и удз щапIэ псоми щIэлъщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Нэхъ кIасэу щIэзыдзэжхэм   я зэIущIэ

2019-03-21

  • Фызэрыщыдгъэгъуэзащи, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хэт командэхэм щэбэт кIуам щIадзэжащ 2018 — 2019 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм. А махуэм зызыгъэпсэхуа «Спартак-Налшыкымрэ» зи зэIущIэр ягъэIэпхъуа Астрахань и «Волгарь»-мрэ къахудэхуа зэманыр пщIэншэу ягъэкIуэдакъым. Нартсанэ (Кисловодск) къалэм абыхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ щрагъэкIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

КъБР-м и ТВ

2019-03-21

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 25
  • 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.41, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
  • 11.25 — 11.45 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ)
  • 14.25 — 14.45, 17.00 — 17.25, 20.45 — 21.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

КъБР-м и радио

2019-03-21

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 25
  • «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
  • 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
  • 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
  • 8.10 — 8.35 «Iуащхьэмахуэ и махуэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 8.35 — 9.00 «Си хэку, си уэрэд». Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу (балъкъэрыбзэкIэ)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр