ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2019

МэшбащIэ Исхьэкъ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ  и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ

2019-04-30

  • Мэлыжьыхьым и 29-м Кремлым щекIуэкIащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIа зэхыхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу

2019-04-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • А махуэшхуэр и дамыгъэщ зи ныбжькIи зэтемыхуэ, зи IэщIагъэкIи зэмыщхь цIыхухэр зэрызэрыIыгъым, бэм я зэкъуэтыныгъэм, абы зэрешалIэ зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ зылъагъухэр, республикэ зыужьыныгъэм, ди къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гъэкъэси, сыт щыгъуи

2019-04-30

  • Щхьэусыгъуэ зимыIэ щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэщ мы зэманым Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я гуфIэгъуэу дгъэлъапIэ Накъыгъэм и 1-р. Зэуэ жытIэнщи, абы и лъабжьэхэр куущ. Накъыгъэ гуфIэгъуэхэр ягъэ лъапIэу щытащ Пасэрей Римым и зэманми. Тхьэ гуащэ Майя и щIыхькIэ ирахьэжьэ а Iуэхур хэIэ тыкIауэ  къекIуэкIащ. Накъыгъэм и япэ махуэм гъатхэм и  гуфIэгъуэу, щIыуэпсым и къэщIэрэщIэжыгъуэу  Урысейм щагъэуващ Пётр Езанэм и тетыгъуэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-04-30

  • Мэлыжьыхьым и 30, гъубж
  •  Джазым и дунейпсо махуэщ
  • Ветеринархэм я дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и МафIэсгъэункIыфIхэм я махуэщ
  • Мексикэм щагъэлъапIэ Сабийм и махуэр
  • Вьетнамым и къэрал гуфIэгъуэщ — я текIуэныгъэм и махуэщ
  • Швецием щагъэлъапIэ я пащтыхьым и махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Урысейм и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ

2019-04-30

  • Апхуэдэ диIэкъым
  • Дэнэ щIыпIэ дыкъыщыхутами, дэ къэтлъыхъуэр 1763 — 1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ зи лъахэр къэзыбгынэу хэхэс псэукIэ бзаджэр зыгъэва ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэрат. ИкIи къэдгъуэтырт апхуэдэхэр. Ауэ…ИЛЪЭС куэд щIащ сэ МэшбащIэ Исхьэкъ ныбжьэгъу сызэрыхуэхъурэ. ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым жыхуаIэу, си напщIэм телъ а ныбжьэгъугъэр къыздисхауэ щытар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щызэпысча гъуэгуанэхэрат: 1969 гъэм туристхэм срагъусэу Сириемрэ Ливанымрэ сыкIуат. Абы щыгъуэ сэ илъэс тIощIрэ щырэ сыхъуу арат, а зекIуэм и фIыгъэкIэ къэзгъуэта си ныб-жьэгъур сэ нэхърэ илъэс 16-кIэ нэхъыжьт. Ауэ, нэхъыжьыфIти, сигъэныбжьэгъуу, сигъэгушхуэу сызригъэгъусащ. Апхуэдэу щIэхъуар зыкъомкIэ елъытагъэнт ди Iуэху еплъыкIэхэр зэрызэтехуэм, хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм ехьэлIауэ къыдэфыкI узхэмкIи дызэрызэщхьым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щэнхабзэм и лэжьакIуэ емызэшыж

2019-04-30

  • Тхьэзэплъыж Ислъам и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу
  • ЕгъэджакIуэ-гъэсакIуэ гумызагъэ
  • Тхьэзэплъыж Ислъам Мамсыр и къуэр 1944 гъэм Лашынкъей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Москва ЩэнхабзэмкIэ и къэрал институтым. Ар къиухщ, 1971 гъэм къигъэзэжри, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. ИлъэситхукIэ абы щыIауэ, Ислъам КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ягъэкIуащ. абы зэрыщыIа илъэс 28-м къриубыдэу инспектору, IэщIагъэлI нэхъыжьу, къудамэм и унафэщIу, министрым щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэщIагъэлIхэм ядэлэжьэнымкIэ и къуэдзэу (илъэс 15-кIэ) щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Лъэпкъ пшыналъэм и хъумакIуэ

2019-04-30

  • КъБР-м и цIыхубэ артист, «Макъамэ» сабий пшынауэ ансамблым и художественнэ унафэщI, пшынауэ Iэзэ Къуэдз Iэбубэчыр къызэралъхурэ мэлыжьыхьым и 25-м илъэс 75-рэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

«Вагъуэшэсхэм» я зэфIэкIыр

2019-04-30

  • Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Вагъуэшэсхэр» джэгурэш-зэпеуэр. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм пэщIэдзэ классхэмкIэ и методист АфэщIагъуэ Маритэщ. Зэхьэзэхуэм хэтащ районым и еджапIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТекIуэныгъэмрэ ЩIыхьымрэ я лъэс лъагъуэ

2019-04-30

  • Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей жылэм иджыблагъэ псэкупсэ гъэсэныгъэ Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ. Къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор и жэрдэмкIэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ зэрырикъум хуэгъэпсауэ «ТекIуэныгъэмрэ ЩIыхьымрэ я лъэс лъагъуэ» къызэрагъэпэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу

2019-04-30

  • «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Спартак-Налшык» (Налшык) – 0:3 (0:0). Прогресс. «Биолог» стадион. Мэлыжьыхьым и 27-м. ЦIыху 200 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Унагъуэ 65312-м яIэрохьэ

2019-04-30

  • Анэм сабий етIуанэм щхьэкIэ ират яхъшэм теухуа программэр къызэращтэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэ 65312-м яIэрыхьащ а сертификатыр. абыхэм ящыщу процент 66,2-м ахъшэр нэсу къагъэсэбэпащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Урысейм и Президент Путин Владимир и УказкIэ МэшбащIэ Исхьэкъ къыфIащащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэм ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек

2019-04-27

  • Урысейм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ къыдигъэкIа УказымкIэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ къыфIащащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Къэрал къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь

2019-04-27

  • УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъуасэ Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь цIэр фIэщыным теухуауэ» унафэм. ЦIэ лъапIэр зыфIаща цIыхуи 5-м яхэтщ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

2019-04-27

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
  • и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
  • IутIыж махуэ лъапIэм и щIыхькIэ цIыхухэм
  • ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис православнэ чыристанхэм си гуапэу сохъуэхъу IутIыж махуэ лъапIэмкIэ. А махуэшхуэр гъащIэм, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ я дамыгъэщ, дин зезыхьэхэм ягухэм къыщегъэуш гурыщIэ дахэхэмрэ мурадыфIхэмрэ, абыхэм IуэхуфIхэр ящIэным трегъэгушхуэ, и лъабжьэу щыт псэкупсэ къулеигъэ мыкIуэдыжынухэм цIыхухэр зэкъуагъэувэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Республикэм зыхуегъэхьэзыр ТекIуэныгъэм и Махуэр гъэлъэпIэным

2019-04-27

  • ТекIуэныгъэ Иным и махуэр дгъэлъэпIэным къэнэжар тхьэмахуитIщ. Ипэ илъэсхэми хуэдэу, республикэм абы ирихьэлIэу Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIынущ. Абыхэм щытепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэм и Махуэр гъэлъэпIэным теухуа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэныр и пщэ дэлъу ягъэпса къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэм, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат иджыблагъэ иригъэкIуэкIам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

« Раньше