ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм йопсалъэ

2019-03-02

  • Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щахуэзащ къэралым IэщIэлъ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ, искусствовед Мосс Жаклин Дианэрэ

2019-03-02

  • КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щахуэзащ КъБР-м и художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ, искусствовед Мосс Жаклин Дианэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2019-03-02

  • Проценти 4,5-кIэ хагъахъуэ
  • Адыгей.Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зэрыжиIамкIэ, Адыгейм нэгъуэщI щIыпIэхэм иригъашэ мэкъумэшхэкIым проценти 4,5-рэ хагъэхъуэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Депутатхэр къалэм и къэкIуэнум топсэлъыхь

2019-03-02

  • Бахъсэн къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и сессием иджыблагъэ къыщапщытэжащ 2018 гъэм щIыналъэ администрацэмрэ депутатхэмрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

УсакIуэхэр, очеркистхэр, романистхэр

2019-03-02

  • ТхакIуэм и дунейпсо махуэр 1986 гъэм ПЕН-клубым и 48-нэ конгрессым щаубзыхуащ. Езы ПЕН-клубыр 1921 гъэм Лондон къыщыунэхуат. Инджылызыбзэ хьэрфхэм я абривиатурэр зэбдзэкIмэ, усакIуэхэр — очеркистхэр — романистхэр — къикIыу аращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ PEN псалъэм иджылызыбзэкIэ — къалэм мыхьэнэ иIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-03-02

  • Гъатхэпэм и 2, щэбэт
  • МафIэдзым и дунейпсо махуэщ
  • Индием щагъэлъапIэ гъатхэмрэ плъыфэ зэмыфэгъухэмрэ я махуэр
  • 1796 гъэм Бонапарт Наполеон франджы армэм и унафэщIу ягъэуващ.
  • 1855 гъэм Урысейм и император хъуащ Александр ЕтIуанэр.
  • 1911 гъэм Пятницкий Митрофан къызэригъэпэща урыс цIыхубэ хорыр япэу утыку къихьащ — Москва концерт щитащ. Иджыпсту ар Пятницкэм и цIэр зезыхьэ къэрал академическэ урыс цIыхубэ хорщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Анэдэлъхубзэм и махуэм

2019-03-02

  • ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэм хабзэ дахэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ махуэшхуэхэм теухуа зэхыхьэ гуапэхэр. Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу абы иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ «Наши истоки. Читаем фольклор» I дунейпсо зэIущIэ щхьэпэр. Ар и жэрдэмщ тхылъхэм дахьэх сабийхэм ядэIэпыкъунымкIэ Ульяновск щыIэ фондым, Президент грантхэмкIэ фондыр и щIэгъэкъуэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Къамбий Лианэ: Си IэщIагъэр егъэлеяуэ фIыуэ солъагъу

2019-03-02

  • «Альма-Дент» стоматологие клиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Къамбий Лианэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, гукIи псэкIи и IэнатIэм етауэ лажьэ цIыху емызэшщ. Абы зыпэрыт Iуэхум зэфIэкI лъагэхэр зэрыщиIэм и щыхьэтщ клиникэм и цIэр фIыкIэ зэрыIуар. Шэч хэмылъуи, дохутырым ар къыщIехъулIэр и пщэ къыдэхуэмкIэ ихь жэуаплыныгъэр нэсу зэрызыхищIэрщ, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къызэрыхуигъуэтыфырщ, ар и нэIэм щIэт гупрауи ирехъу е зи дзэм езыгъэплъыну къакIуэхэрауи щрет. И IэщIагъэм щытепсэлъыхькIэ, клиникэм щекIуэкI лэжьыгъэр уи нэгу щыщIэкIкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым а бзылъхугъэ цIыкIум хузэфIэкIыр зыхуэдизыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

ЗэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ

2019-03-02

  • Бакулев А. Н. и цIэр зезыхьэ Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэ щыIащ икIи сымаджэхэм я щытыкIэр къапщытащ. ФIагъ лъагэ зиIэ технологие IэзэкIэр зи лъабжьэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуэу цIыху 40 къагъэлъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-03-02

  • Шхыныгъуэхэр
  • КIэртIоф хьэнтхъупс
  • Шыуаным тхъу иралъхьэри, мафIэ щабэм тету ягъэткIу. Абы зэпэплIимэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр хьэжа хакIутэ, зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыбжьэ. Абы псывэ къагъэхьэзырам щыщ бэлагъкIэ зэIащIэурэ щIакIэ, зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету дакъикъитI-щыкIэ къагъэкъуалъэ. Абы халъхьэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф. Псывэ къэнар щIакIэжри шыгъу хадзэ, зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэри, хьэзыр хъуху мафIэ щабэкIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахри джэдгын, бурш хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри дакъикъитхукIэ щагъэт. Пщтыру фалъэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Шати хэзыкIэ щыIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис